ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мулай Алихъан: ГъащIэр  зыгъэдахэр IуэхущIафэрщ

2021-11-13

  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэу илъэс куэдкIэ щыта, иужьрей илъэс 30-м «Шэ-джэм псыкъелъэхэр» ансамблым и художественнэ унафэщI Мулай Алихъан и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу нобэ.

  • Лэжьыгъэр фIыуэ зы- лъагъу, зыпэрыт IэнатIэр езыгъэфIакIуэ цIыхум сыт зэмани пщIэ хэха хуащIу къокIуэкI. Апхуэдэу пщIэ къалэжь зи зэфIэкIым хэзыгъахъуэу псэухэми. Мулайм къикIуа гъуэгуанэм, абы и творческэ лъэужьым ириплъэ дэтхэнэми ар ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм зэращыщыр тыншу къыгурыIуэнущ. Ауэ ар абы тыншу хуэкIуауэ жыIэгъуейщ.
  • Ди лIыхъужьым лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэм пасэу гу хуищIати, къэжэпхъмэ, нэхъ куууэ абы зритын мурад иIэт. АрщхьэкIэ… Илъэс 12-м иту абы и адэр дунейм ехыжри, унагъуэм я бын пажэ Алихъан нэхъыжь къалэнри унагъуэ зехьэнри и пщэ къыдэхуащ. И анэм гугъуехьыр дигъэпсынщIэну 8-нэ классым къыщIэкIат ар. ИужькIэ, и адэм и лъэужьым тетын мурад иIэу, КъалэкIыхьым (Прохладнэ) дэт ветеринарнэ техникумым щIэтIысхьати, а IэщIагъэм игури и псэри щыхэмыхьэм, къигъэнэжащ. Я гъунэгъу щIалэр щеджэ ГПТУ №2-м, Налшык дэтым, къафэмкIэ къыщызэра-гъэпэща гупжьейм Алихъан щригъэблагъэм, куэдрэ мыгупсысэу кIуат. А гупжьейм ПрофтехегъэджэныгъэмкIэ управленэм и балетмейстер нэхъыщхьэ Къудей Мухътар зэгуэрым кIуауэ щIалэщIэм и зэфIэкIым гу лъитэри, «Кабардинка» ансамблым иригъэблэгъащ. Абы щыгъуэ ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэр Ульбашев Мутайт. А лъэхъэнэр Алихъан игу къыщигъэкIыж-кIэ, игу зэрыхэхъуэр нэры- лъагъущ.
  • «ЩIэрыщIэу сыкъалъхужам хуэдэт. ХъуэпсапIэу сиIэр къафэм ехьэлIауэ щытати, гъащIэм апхуэдэ Iэмал къыщызитым, гъуэгу захуэм сызэрытетыр къызгурыIуащ», — игу къегъэкIыж абы.
  • «Кабардинка» ансамблым хэту Мулайм дунейр къызэхикIухьащ. Зи утыку итыкIэм куэд итхьэкъу къэфакIуэ Iэ- зэм чэнджэщэгъурэ гъэса- кIуэу иIар РСФСР-м щIыхь зи- Iэ и артист Алэкъей Мухьэ-мэдщ. Алихъан и псалъэхэм къазэрыхэщымкIэ, ар куэдым тезыгъэгушхуари, къэфакIуэ Iэзэ къыхэкIыну и фIэщ зыщIари Мухьэмэдщ.
  • Дуней зылъэгъуам жиIэжын и мащIэ?! Алихъан къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщыIам, зэрагъэхьэщIам, ансамблым хуаIэта Iэгуауэ инхэм, тыгъэ лъапIэхэм ятеухуа хъыбар дахэ и куэдщ, дауи! Абыхэм ящыщщ Иорданием зыкъыщагъэлъэгъуа иужькIэ, къэралыгъуэм и пащтыхь Хъусейн гупым я зэфIэкI лъагэм апхуэдизкIэ итхьэкъуати, «Хьэшимит пащтыхь къэралыгъуэм и медаль» дамыгъэ лъапIэр къахуигъэфэщауэ зэрыщытар.
  • Ансамблыр гуапэ дыдэу щрагъэблэгъат Доминикан Республикэми. А лъэхъэнэм абыхэм Совет Союзым иджыри дипломатие зэпыщIэныгъэ къыхуаIэтэкъым. Къэралым и Президент Карлос Хосе «Кабардинка»-р и деж ири-гъэблагъэри игъэхьэщIауэ щытащ.
  • Экваторыр 4 зэпиупщIащ Мулайм. Абы ансамблым и ежьэгъуэ дэтхэнэри ещIэж. ЦIыхур къыщыпцIыхур гъуэгурауэ жаIэри, Мулайр апхуэдизрэ зи гъусэу ежьа гупым ятеухуа псалъэ гуапэхэм щысхьыркъым. Дунейр зылъэгъуа, щэнхабзэ куэдым я фIагъ хэплъа ди лъэпкъэгъум жеIэ, адыгэм хуэдэу щэнхабзэ бей зиIэ зыщIыпIи щимылъэгъуауэ.
  • УэрэджыIакIуэ, артист пажэхэу Къуныжь Хьэждал, Нэхущ Чэрим, Лосэн Тимур, ГъукIэлI Исуф, Блашэ Владимир, Хьэщхъуэт Анжелэ сымэ хэту 1992 гъэм Алихъан къызэрегъэпэщ «Шабзэ» ансамбль лъэщ. Абыхэм пасэрей уэрэдхэри иджырейхэри ягъэзащIэ. Ауэ, 1995 гъэм ансамблым сомкIэ къадэIэпыкъун зэрамыIэм къыхэкIыу, зэбгрыкIыжын хуей хъуащ.
  • Алихъан къыщалъхуа къуажэм игъэзэжри, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным и гуащIэ хилъхьэу лэжьащ. Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщI Ахъуэхъу Къанщобий ар иригъэблагъэри, ныбжьыщIэ гупым я балетмейстеру лэжьащ. Къуажэм дэт Щэнхабзэм и унэм и балетмейстер ящI куэд мыщIэу. А зэманым Мулайм хузэфIэкIащ ныбжьыщIэ куэд къафэм дригъэхьэхын, лъэпкъ щэнхабзэм и IэфIагъыр къагуригъэIуэн.
  • ЩIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Къуэныкъуей Борис 1995 гъэм Алихъан «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и балетмейстеру ирегъэблагъэ. Абы щылэжьэн щIидза нэужь илъэсищт дэ- кIар ансамблыр Голландием щекIуэкIа фестиваль иным зыкъыщигъэлъагъуэу, япэ увыпIэмрэ дыщэ медалымрэ къыщыхуагъэфэщам.
  • 1997 гъэр хуэфIащ ди лIыхъужьым. Пасэрей уэрэдыжьхэр щагъэзащIэу Къуныжь Хьэждал и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэм Алихъан япэ увыпIэр къыщихьат.
  • 1999 гъэм Мулайм къафэ гупыр къигъанэри, уэрэджыIакIуэ гупым яхыхьащ.
  • Мулайм и гъуэгуанэм уриплъэжмэ, абы къиIуэтэж хъыбархэм уащIэдэIумэ, зыхыбощIэ ар и лъэпкъым гурэ псэкIэ зэрыхуэлэжьар. ЦIыхум зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ илъагъур пэжмэ, езым и щапхъэкIэ абы нэгъуэщIхэри дрегъэхьэхыф, а IэщIагъэр фIыуэ ирегъэлъагъуф. Алихъан и гъэсэнхэм, абы и утыку итыкIэр зылъэгъуахэм ящыщу лъэпкъ щэнхабзэм зи лъагъуэ щыхэзышахэр мащIэкъым.
  • 2004 гъэм ар Иорданием ирагъэблагъэри, щIалэгъуалэр щызэхуэсу абы щыIэ «Нади Ахьли» клубым илъэситIкIэ щылэжьащ.
  • — «Нади Ахьли»-р, къапщтэмэ, адыгэхэм я спорт клубщ, — же- Iэ Алихъан. — Ауэ абы зыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэ-хэм я блэкIар ящIэу, я хабзэ дахэхэм хащIыкIыу къэгъэтэджыныр. Иорданием сыщыкIуам, зэуэ къалэн къысща- щIат Джэрэш и театрышхуэм щекIуэкI щэнхабзэ фестивалым ныбжьыщIэхэр хуэзгъэ-хьэзырыну. Си гуапэ зэры- хъунщи, сызыдэлэжьа гупым ехъулIэныгъэ иIэу зыкъигъэлъэгъуат. Къафэм и мызакъуэу, уэрэд жыIэнми ныбжьыщIэхэр хуэзгъэсат. Уеблэмэ, сэ зэхэзгъэува концерт программэхэмкIэ мызэ-мы- тIэу дгъэгуфIащ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр.
  • «Нади Ахьли» клубым цIыху 80-м нэблагъэ къекIуалIэрти, ахэр гупитIу згуэшауэ садэлажьэрт. Фестивалым хуэзгъэхьэзыр гупым и програм-мэр щхьэхуэт, адрейхэм къэфэкIэ езгъащIэрт. Сэ хэкум сыкъэкIуэжа иужькIи гупым щIыпIэ зыбжанэм, лIыщхьэ куэдым я пащхьэ зыкъыща-гъэлъэгъуащ. Дэтхэнэми хуэдэу, сэри си лэжьыгъэр цIыхум ягу зэрыдыхьэр щыслъагъукIэ, къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI, — жеIэ ди псэлъэгъум.
  • Творческэ цIыхухэм мымащIэу яхэтщ лэжьыгъэр япэ изыгъэщу унагъуэр лъэныкъуэ езыгъэз. Абы и лъэныкъуэкIи Алихъан дагъуэ хуэщIыгъуейщ. Мулайхэ Алихъанрэ Маринэрэ я унагъуэ дахэм мызэ-мытIэу журналистхэр тепсэлъыхьащ, щапхъэу ягъэлъагъуэу утыку кърашащ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэм хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ зэдапIащ, гъэсэныгъэ дахэ, IэщIагъэ иратащ. 2008 гъэм «Урысейм и унагъуэ» фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа творческэ зэпеуэм «Пасэрей уэрэдыжьхэр гъэ- зэщIэн» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ абыхэм.
  • УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым иужьрей зэманым щIэблэр лъэпкъ къафэм зэрыдихьэхыр щыплъагъукIэ. Лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэхэм ящыщу нэхъ пасэрейуэ къалъытэри аращ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, нэхъ псэ быдэхэми ящыщщ ар. Къафэм теухуауэ Алихъан и гупсысэр гъэщIэгъуэнщ: «Утыкум къихьэ цIыхум зыщыщ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэр къеплъхэм захригъэщIэфу щытын хуейщ. Лъэпкъхэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, я къафэхэри зэщхькъым. Къафэхэм къагъэлъагъуэ лъэпкъым и хьэл-щэныр. Утыку укъыщихьэкIэ уи псэр хэплъхьэу укъэфэн хуейщ, къэбжыхьу утемыкIыжу, Iэдэбагъ пхэлъу, уи щхьэми укъэзыухъуреихьхэми пщIэ зэрахуэпщIыр уи зыIыгъыкIэмкIэ къэбгъэлъагъуэу».
  • Алихъан и махуэ лъапIэмкIэ дохъуэхъу. Ди гуапэщ дэрэжэгъуэрэ гурыфIыгъуэрэ щымыщIэу и унагъуэм, лъэпкъ щэнхабзэм иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу яхуэлэжьэну.
  • Щомахуэ Залинэ.