ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2021-11-03

  • ПщIэ зыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэ!
  • ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
  • Урысейм и гъащIэм и псэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэхэм ящыщ зым епха мы махуэшхуэм, зи щхьэ хущытыж икIи зыми и унафэ щIэмыт къэралыгъуэу адэкIэ зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIам, дыхуеунэтI тхыдэм и дерс щхьэпэхэм, лIэщIыгъуэкIэрэ къыддегуэкI хэкупсэм и хабзэхэр дигу къегъэкIыж, хуэпэжу Хэкум хуэлэжьэным, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, къэралым и нобэмрэ къэкIуэнумкIэ жэуап зэрытхьым я нэщэнэщ.

  • Лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ псэкупсэ лъапIагъэхэмрэ хабзэхэмрэ иджыри я шэсыпIэу щытщ къэралым ехъулIэныгъэкIэ зиужьынымрэ дэтхэнэ зы цIыхуми и зэIузэпэщыныгъэмрэ. ГъащIэм иджыпсту дызэригъэувэ щытыкIэ гугъухэм я пащхьэм дыщиткIэ ди къалэнщ — Хэкум и щIэин къулейхэр сыт и лъэныкъуэкIи тхъумэну, зэманым декIу, Урысей зэщIэгъагъэ лъэщ ухуэным хуэтщI хэлъхьэныгъэм хэдгъэхъуэну.
  • Си фIэщ мэхъу, зэкъуэтыныгъэмрэ зэщIэгъэкъуэныгъэмрэ тхъумэкIэрэ, дэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэдгъэхъулIэфыну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди зэхуэдэ Хэкумрэ я къэкIуэну дахэм папщIэ. 
  • Си гуи си пси къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ фиIэну.