Адэжь хэкум къыхуопабгъэ
2021-11-03
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ. Ар иджы Мейкъуапэ и «Зэкъошныгъэ» («Дружба») футбол гупым и тренер нэхъыщхьэщ. Биберт Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми къыщацIыху футболист цIэрыIуэщ. Нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м, Краснодар и «Колос»-м щыджэгуащ.
- ЩIалэр США-м и Паттерсон къалэм (Нью-Джерси штатым хохьэ) къыщалъхуащ. Къыщыхъуар адыгэ унагъуэщ. Чэгъэду Диабрэ Пщымахуэ Хьичмэтрэ щIалиплI яIэщ, зэчий зырызыххэ ябгъэдэлърэ адыгэбзэр екIуу ягъэшэрыуэу. Америкэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIухэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэтэджын папщIэ, Чэгъэдухэ я унагъуэр Иорданием Iэпхъуащ Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зэрихьэу Амман дэт адыгэ школыр кърагъэухыну. Абы илъэс зыхыблкIэ щыпсэуа нэужь Штат Зэгуэтхэм ягъэзэжащ. ЩIэныгъэ зырыз яIэрэ гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэIущу къэхъуащ щIалэхэр икIи хэкужьыр я псэм зэрыхэлъыр нэрылъагъуу щIэх-щIэхыурэ къокIуэж, пIалъэкIэ щопсэу, щолажьэ. ЩIалэхэм я нэхъыжь Нарт юристщ, Жэбагъы сурэтыщIщ, Бэрзэджи арт-гъуазджэм дехьэх, иджыблагъэ Налшык гъэлъэгъуэныгъэ щиIауэ щытащ, Биберт футболист лъэрызехьэщ.
- «Адыгэу дыкъызэрызэтенар, адыгэбзэр зэрытIурылъыр, Тхьэм иужь зи фIыщIэр ди адэ-анэрщ. Ди адэшхуэ-анэшхуэри тлъэгъуащ, абыхэми адыгэбзэкIэ дагъэпсалъэрт, хабзэми дыщIапIыкIырт. Ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа адыгэ хабзэм дызэтриIыгъэщ, шыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ дытригъэтщ», — жаIэ щIалэхэм.
- Биберт футбол джэгуным щыхиша гъуэгур университетым къыщыщIидзащ, абы щIэсыху еджапIэ нэхъыщхьэм и гупым хэтащ. ИтIанэ Иорданием и гуп къыхэхам хэту Урысейми, хамэ къэрал куэд-ми щыджэгуащ. 2008 гъэ лъандэрэ тренеру мэлажьэ. Америкэм и футбол лигэм и тренеру щытащ, итIанэ Футбол академием и техническэ директору лэжьащ.
- — Сэ пасэу футбол джэгун щIэздзащ. Иджыри дысабийуэ гуп зэхуэсшэсурэ згъэджэгурт. Илъэситху ныбжьым щегъэжьауэ, «ин ухъумэ, сыт узэрыхъунур?» — жаIэу къызэупщIыху, футболист сызэрыхъунур яжесIэрт, — игу къегъэкIыж Биберт.
- Чэгъэдухэ лъэпкъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, Аруан щIыналъэм хиубыдэ Анзорей, Урыху къуажэхэм дэсхэщ. Я адэжь хэкум быдэу къыпыщIа щIалэхэм зыщагъэгъущэркъым я къежьапIэр. Абы и щыхьэтщ ахэр щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэжыр. КъэкIуэжым и мызакъуэу, Биберд жиIэ зэпытщ: «Си хэкум си фIыгъэ езгъэкIыну сыхуейщ». Мис апхуэдэ гурыщIэщ ар иджыпсту Адыгэ Республикэм къэзышэжари. ЩIалэр мазитI лъандэрэ тренер нэхъыщхьэу мэлажьэ.
- — Сэ сыкъызэрыкIуэрэ «Зэкъошныгъэр» зытхухрэ ихьащ футбол губгъуэм. КъыщыттекIуаи дащытекIуаи къэхъуащ, ауэ футболистхэм я джэгукIэр зэредгъэфIэкIуэным иужь дитщ. Нэхъапэм 17-нэ увыпIэм щытамэ, иджы 12-нэм нэс дэкIуеящ. Сигу ирохь гупым хэтхэр. ФIэщхъуныгъэ яхэлъу мэджэгу, текIуэныгъэ зыIэрыбгъэхьэнымкIэ аращ нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, къыдэплъыну, къыддэщIыну къакIуэхэм къару къытхалъхьэ. Ахэр я тIысыпIэхэм щысу къэгуоун щIадзэмэ, футболистыр куэдкIэ нэхъ тогушхуэ», — жеIэ Биберт.
- Мейкъуапэ лэжьэн зэрыщыщIидзэу, футбол гупыр нэгъуэщI командэ лъэрызехьэ-хэм дэджэгун хуей хъуащ. Абы нэхъ псынщIэу лэжьыгъэм хишауэ жыпIэ хъунущ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, футболист 24-рэ мэхъу иджыпсту и командэр. Езыр къызэрыкIуэрэ цIыхуи 10 хуэдиз къыхишащ. Абыхэм фIыкIэ щогугъ, ауэ командэм хэта зыбжанэми лъэщу зыкъагъэлъагъуэри, абы игу игъэкIуэдыркъым. ДяпэкIэ тренеровкэхэм нэхъ и нэIэ тригъэтыну и мурадщ Чэгъэдум, апхуэдэуи гупым адыгэ щIалэ нэхъыбэ къыхишэну и хъуэпсапIэщ.
- — Къэралыгъуэ жыжьэм сыкъыщыхъуами, си унагъуэр, си ныбжьэгъухэр Америкэм щыIэми, нобэ си хэку сыкъэкIуэжауэ, си унэ сыщIэсу къысщыхъуу сыщыIэщ Мейкъуапэ. Си хэкум зыгуэркIэ сыкъыхуэсэбэпыныр сэркIэ насыпщ. Сыкъезыгъэблэгъахэм фIыщIэ яхузощI. «Зэкъошныгъэр» гуп лъэщ хъуным Iэмалрэ зэфIэкIыу сиIэр есхьэлIэнущ, — жеIэ Америкэм къыщалъхуа адыгэ футболистым.
- НэщIэпыджэ Замирэ.