ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэпыщIэныгъэ щхьэпэ

2021-10-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ щызэгурыIуа зэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ щыпсэу лъэпкъхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ зэныбжьэгъугъэ быдэ яку дэлъу къогъуэгурыкIуэ икIи ноби ар зэрытхъумэнымрэ абы зэрызедгъэужьынымрэ иужь дитщ.

  • Ди щIыналъэм къыщыунэхуауэ жыджэру щолажьэ белорусхэм я «За единение — «Сябры» жылагъуэ зэгухьэныгъэр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Беларусь, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм куэд щIауэ зэпызыщIэ зэныбжьэгъугъэмрэ зыр адрейм дэIэпыкъуным ехьэлIа ди хабзэ дахэхэмрэ къадэкIуэу, экономикэ IуэхухэмкIи дызэрызэлъэIэсым. Абыи нэхъри зедгъэужьыну ди мурадщ. «Быдэу си фIэщ мэхъу, ди хьэщIэ лъапIэхэм я фIыгъэкIэ, дызэрызэдэлэжьэнум зэрызытхуегъэубгъунур, ди лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ нэхъри зэрытхуэгъэбыдэнур, Урысей, Беларусь къэралхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ зэрытхуэщIынур, зэрытхуегъэфIэкIуэнур», — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
  • Перцов Владимир псалъэ щратым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр иригъэблэгъащ «БелАГРО» выставкэм зыщаплъыхьыну. «Ди къэралхэм я сату зэхущытыкIэхэр щIышылэ — шыщхьэуIу мазэхэм къриубыдэу процент 15,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Абы, дауи, гурыIуэгъуэщ пандемиер зэран зэрыхуэхъуар. Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIыу Беларусь Республикэм къаша ерыскъыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ процент 30,1-кIэ хэхъуащ икIи Белоруссиеми Iэмал диIэу къызолъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуэныкъуэхэмкIэ къытхузэгъэпэщыну», — жиIащ абы.
  • Рахаев Борис и псалъэм къыхигъэщащ 2020 гъэм къриубыдэу Беларусым дащIа сату Iуэхум проценти 8,8-кIэ зэрыхэхъуар. Иужьрей илъэсхэм а республикэм едгъашэ, къитш ерыскъыпхъэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар щыхьэт тохъуэ лъэныкъуитIым ди зэдэлэжьэныгъэм дяпэкIи зедгъэужьыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Къэбэрдей-Балкъэрым икIыу Беларусь Республикэм яшэ гъавэр, кIэртIоф крахмалыр, IэфIыкIэхэр, фIэIугъэхэр, промышленнэ хьэпшыпхэр, абджыбз Iэмэпсымэхэр, кабелхэр, нэгъуэщIхэр. Беларусием къикIыу ди щIыналъэм къашэ пластмассхэмрэ абы къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ, алэрыбгъухэр, тхылъымпIэхэр, фэилъхьэгъуэхэр. Белорус Хьэпшыпхэр щащэ бэзэрхэр щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ. «Кавказ Ищхъэрэм и курорт Iэмалхэр Беларусым къигъэсэбэпыну щимурадкIэ, Налшыкрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ гулъытэншэ зэримыщIынум шэч къытесхьэркъым», — жиIащ Тимохин Денис. Абы и псалъэм щIигъужащ иджыблагъэ Белару-
  • сым къикI авиарейс занщIэ Минвод къызэрыщызэIуахар.
  • КъыкIэлъыкIуэу Iэ щIадзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Беларусь Республикэм и Правительствэмрэ 2022 — 2023 гъэхэм зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм. Абы Iуэхугъуэ 14 къызэщIеубыдэ: сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ-щэнхабзэ унэтIыныгъэхэр хыхьэу.
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэта хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щепсалъэм къыхигъэщащ Iэ зыщIадза тхылъыр лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным и хэлъхьэныгъэу зэрыщытыр: «Си щхьэкIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэм дызэрыхуэкIуэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Ар, дауи, я фIыгъэщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ Беларусь Республикэм и Президент Лукашенкэ Александррэ. Iуэхугъуэ куэдым дытепсэлъыхьу ди къарухэр мэкъумэш IэнатIэм, туризмым, щIэныгъэм, нэгъуэщIхэми хузэщIэдгъэуIуэну ди мурадщ. Быдэу си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэрызэдэлэжьэнум хьэрычэт Iуэхум зиужьынымкIи Iэмал куэд къыдитыну. ЕхъулIэныгъэщ ди гъавэр белорусхэм зэрахуедгъашэр, белорусхэм я мэкъумэш техникэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэредгъашэр. А Iуэхухэм зедгъэубгъуну ди мурадщ».
  • Беларусь Республикэм и лIыкIуэхэм зыщаплъыхьащ «Севкаврентген-Д» заводым, «Отбор» инновацэ-производственнэ агрофирмэм. Апхуэдэу зыхагъэгъуэзащ «Безопасная республика» системэм, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» къудамэм я лэжьыгъэхэм. ХьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ зэпсэлъащ социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ зэрызэдэлэжьэнум.
  • Апхуэдэу, Беларусым и лIыкIуэхэр щыIащ Шэджэм районым, Шэджэм къалэм «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу щаухуа школым. КIуэкIуэ Казбекрэ Перцов Владимиррэ удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм Шэджэм къалэм щыхуагъэува «ЩIыхьым и мыужьыхыж мафIэ» фэеплъым.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.