ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыкIураш

2021-10-19

  • Кърухэм я шыпхъу
  • ЦIыкIураш, Нало Заур и тхыгъэхэр пцIыхурэ? ШыпсэкIэ, хъыбаркIэ, усэ цIыкIухэмкIэ къулейщ Нало дадэ… И бжьыхьэр дыщафэу, и уэшхыр нэжэгужэу, и дыгъэр гуапэу, и уафэр къабзэу, и псыIэрышэр псалъэу, и бзухэм уэрэд кърашу! ЦIыкIухэм къыфхуэупсащ и гумрэ и псэмрэ къыIэпыкIа хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. И тхыгъэхэм фагъэсэнущ, фи гум дахагъэ къыщагъэушынущ, фи гукъыдэжыр къаIэтынущ, фагъэгушхуэнущ. Дыкъевгъаджэ Нало Заур и зы хъыбар.

  • Зузэхэ я гъунэгъур щакIуэт. Абы и хабзэт фоч иIыгъыу дэкIрэ махуэ псокIэ къэту. КъэкIуэжа нэужь, хьэблэ цIыкIур зэхуишэст аби, къущхьэмышх тIыгъуа яригъэшхырт, псысэ телъыджэхэр къажриIэрт.
  • Зузэ фIыуэ илъагъурт я гъунэгъур…
  • Йоуэри, зы пщэдджыжь гуэрым Зузэр жьыуэ къагъэуш.
  • — Нажэ псынщIэу, — жи мамэ, — кърухэр мэлъэтэж.
  • Зузэ ищIэртэкъым къру жыхуаIэр. ИгъащIэм илъэгъуатэкъым. ИтIани, щIож. ЦIыхухэр къыщIэкIауэ хэт пщIантIэм дэту, хэти уэрамым тету уафэмкIэ доплъей.
  • Зузи доплъей, илъагъунур сытми имыщIэу. Уафэ джабэм кIэрыту къуалэбзу кIапсэшхуэ къуршымкIэ макIуэ. Уафэр къащхъуэщ, кIапсэр фIыцIэщ. «Уарэ, мыхэра хъунщ кърукIэ зэджэр!» — жи хъыджэбз цIыкIум игукIэ. Ахэр кIапитI зэгуэту макIуэ, щэнауэхэурэ. «Уарэ, арэфым ещхьу увахэщ»,- жи Зузэ игукIэ: къру пашэм и дамэшхуэхэр ищIурэ йоIэ къуршымкIэ. Абы и бгъуитIымкIэ къру зырыз кIэлъокIуэ. Зым яужьым, заукъуэдияуэ, къру кIапсэшхуэ итщ. Адрейм яужь итхэр къру кIапсэ кIагуэщ — зытхух фIэкIа хъуркъым.
  • Кърухэр зэблэпсэлъыкIыурэ уэрэд жаIэ: «къру-къру, къру-къру, къру-къру…»
  • Зузэ игу ирохь кърум я уэрэдыр. Дунейр нэхъ дахэ, нэхъ бзыгъэ мэхъу, дыгъэри нэхъ хуабэу къопс, мами нэхъ дахэж мэхъу.Езы цIыкIуми игукIэ жеIэ а уэрэдыр: «къру-къру, къру-къру…»
  • Псори мэгуфIэ. ЩIалэжь цIыкIухэм къажыхьурэ кърухэм уэрэдкIэ йоджэ:
  • Къру-къру, дэмокъуэ,
  • КIапсэшхуэ!
  • Къру-къру дэмокъуэ,
  • КIапсэшхуэ!..
  • Пщыхьэщхьэм хъыбар къоIу: щакIуэм къру къихьащ, жаIэри. Зузи мажэ абы еплъыну. Здэжам… кърур унэкум илъщ, зэпкърылэла мыгъуэу, и бгъэгур лъым ириIауэ.
  • Зузэ ар и жагъуащэ мэхъури, щIыбкIэ къикIуэтурэ, къыщIокIыж.
  • Абы иужькIэ, ар щакIуэм и псыси яхуедэIуэжакъым, къущхьэмышх къыхуишиякIи къыIихыжакъым.
  • Мис абдеж Зузэм «кърушыпхъу» къыфIащащ.
  • МыIэрысэ
  • ЦIыкIухэ, мыIэрысэм теухуауэ гъэщIэгъуэнхэр вжетIэнущи, фигу ивубыдэ. МыIэрысэ фшхырей: ар IэфIщ, узыншагъэмкIи сэбэпышхуэщ.
  •  — КъэхутакIуэхэм жаIэ мыIэрысейр ди эрэм и пэкIэ илъэси 6500-кIэ узэIэбэкIыжмэ къагъэкIыу щытауэ.
  • — ИнджылызыбзэкIэ мыIэ-
  • рысэм зэреджэр «apple»-щ. Ар Аполлон и цIэм къытекIащ. Абы и щхьэусы-              гъуэщ пасэрей алыджхэм мыIэрысейр Аполлон и тхьэ жыгыу къалъытэу зэрыщытар.
  • — МыIэрысэ лIэужьыгъуэу дунейм 7000 къыщабж. А бжыгъэм зэпымыууэ хохъуэ, мыIэрысэ лIэужьыгъуэхэр зыбжанэу зэдэзыгъакIэ жыггъэкIхэм я фIыгъэкIэ.
  • — Гу лъыфтакъэ: мыIэрысэр псым хэхуэмэ, щIигъэтIысыкIыркъым. И Iыхьэ плIанэр хьэуа защIэщ…
  • — Узыншагъэм сэбэп хуэхъу витаминхэр мыIэрысафэм и лъабжьэм щызэхуэхьэсащ. МыIэрысафэр трагъэжурэ къыватмэ, яхуэвмыдэ — и фэр телъу фшхыи, узыншагъэщ.
  • — ГъэщIэгъуэнкъэ: мыIэрысэм и плъыфэми мыхьэнэ иIэщ. Удзыфэм дзэмрэ дзэлымрэ егъэбыдэ, гъуэжьыр иммунитетымкIэ сэбэпщ, плъыжьым гур фIыуэ егъэлажьэ.
  • — МыIэрысэм я нэхъ IэфIыр, къэуат нэхъыбэ зыщIэлъыр зэгуэбгъэжа нэужь нэхъ щIэх дыдэ гъуабжэ къызыщIыхьэрщ.
  • Иджыри… МыIэрысэр щIэныгъэми «хэлэжьыхьащ». Хъыбар щыIэщ 17-нэ лIэщIыгъуэм псэуа инджылыз щIэныгъэлI Ньютон Исаак и къэхутэныгъэ цIэрыIуэм мыIэрысэр сэбэп къыщыхуэхъуауэ. Жыг щIагъ зыщIэсым мыIэрысэ къыпыхури, удзыпцIэм хэхуат. Асыхьэтым Ньютон егупсысащ: «Ар щIехуэхым сыт и щхьэусыгъуэ?!» Абы и сэбэпкIэ, «зэзышалIэ къарум» и щэхур къихутащ.
  •  НАФIЭДЗ  Заремэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ ейщ.
  • Зыри зимыIэм выжьитI иIэт…
  • Еуэрэ-еуэрэт, жи. Зыри зимыIэм выжьитI иIэти, хьэмэшыпхэмкIэ кърихуэкIым-кърихуэкIыурэ, джалэри, и нэм хъуаскIибл къыщIипхъри, плIанэпиблым дипхъащ. Къыщылъэтыжри:
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, мыл? — жиIащ, жи.
  • — Сэ сылъэщмэ, дыгъэм сегъэври.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, дыгъэ?
  • -Сэ сылъэщмэ, пшэм сыкъуелъафэри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, пшэ?
  • — Сэ сылъэщмэ, жьым сызэрехуэри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, жьы?
  • — Сэ сылъэщмэ, уэшх къысфIошхри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, уэшх?
  • — Сэ сылъэщмэ, щIым срефри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, щIы?
  • — Сэ сылъэщмэ, удз къыстокIэри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, удз?
  • — Сэ сылъэщмэ, мэлхэм сашхри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, мэл?
  • — Сэ сылъэщмэ, пщыжь-уэркъыжьхэм сашхри?
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, пщыжь-уэркъыжь?
  • — Сэ сылъэщмэ, си                    къамышы Iэпэпс дзыгъуэм пешхыкIри.
  • -Уэ улъэщ-улъэщ, дзыгъуэ?
  • — Сэ сылъэщмэ, наужьым сешхри.
  • — Уэ улъэщ-улъэщ, наужь?
  • — Ахьай сылъэщ! Сэ сымылъэщмэ, хэт лъэщ? Зэгъунэгъуибгъум я шэ пэгунибгъум сыкъыхофри, гуащэм и щхьэнтэ кIапэм «пыху» жезгъэIэу сожейри, сытелъщ! — щыжиIэм, лIыр къыхуилъащ, жи:
  • — ХьэдрэтыпцI ухъуи ар! Тыхъ! — жиIэри.
  • Наужьыр щтэри, щхьэгъубжэмкIэ дэлъащ; щхьэгъубжэ лъабжьэм деж дыгъэм зригъэууэ зы хьэпшыр цIыкIу щылъти, ар щилъагъум, нэхъ Iеижу щтэри, дэшхуеижьым дэжеящ. Жэщ хъуху къемыхыжыфу тесащ, жи, «нау, нау» — жиIэу пщIэууэ. Жэщ хъури, хьэпшырыр Iуахыжа нэужьщ къыщехыжыфар.
  • Iэбэдзыуэ
  • Мыбы сабий зыбжанэ ириджэгу мэхъу, ауэ тIу нэхъ мащIэр джэгуфынукъым. Зым и IэщIыр адрейм IэпхъуамбитIкIэ еубыд, фэр иIыгъыу, ещанэми етIуанэм ейр, еплIанэми ещанэм ейр еубыдри, Iэ зэрыубыдахэр ягъэуфафэ, мыхэр жаIэурэ:
  • Iэбэдзыуэ дзыуэ- дзыуэ,
  • Iэбэдзыуэ дзыуэ-дзыуэ,
  • Iэбэдзыуэ дзыуэ-дзыуэ!
  • Апхуэдэурэ джэгухэр бэлэрыгъа нэужь, мыбэлэрыгъа зым, «Тр-р-р!» жеIэри, бзу нэхъей, и Iэхэр егъэлъэтэж, езым «къылэ-къылэ» жиIэурэ бэлэрыгъахэр егъэкIыл, псори апхуэдэурэ зэрогъэдыхьэшх.
  • Аргуэру къыщIадзэжурэ джэгу мэхъу зэрыхуейм хуэдизрэ.
  • ХьэпIацIэ
  • нокIуэрэ
  • Iэпхъуамбэхэр хуэмурэ ягъэбакъуэурэ, сабийм и лъакъуэм е и Iэм деж къыщрагъажьэри, и пщэм нэс драгъэкIуей, мы усэ цIыкIур жаIэурэ:
  • ХьэпIацIэ нокIуэрэ, нокIуэрэ,
  • ХьэпIацIэ нопщрэ, нопщрэ,
  • ХьэпIацIэ уи пщэм
  • Ныдопщхьэрэ, ныдопщхьэрэ —
  • Къылэ-къылэ-къылэ! — жаIэри, сабийм и пщэр ягъэтхытх хуэдэу ящIурэ, ягъэдыхьэшх.
  • ЯпэщIыкIэ сабийхэр шынэ хуэдэу мэхъури, кIийуэ щIопхъуэ, итIанэ йосэжри, мэдыхьэшх, ауэрэ езыхэми хьэпIацIэ къыпхуагъакIуэурэ къыбдоджэгу, езыхэри зэдэджэгужу щIадзэ.
  • Хьэх  Сэфарбий
  • Щыхьым и жыг
  • Хьэмид и адэр бжьахъуэт. Губгъуэм ист зэзэмызэ фIэкIа къыдэмыхьэжу. Зы пщэдджыжь ар пIащIэу къэкIуэжащ.
  • — КIуэ, тIасэ, пщыIэм дэкI. Ашыкхэм зэран яхуэхъуIамэ, жызоIэри, согузавэ, — зыхуигъэзащ абы Хьэмид.- Сэри зызгъэгувэнкъым, иджыпсту сыныдэкIыжынщ.
  • Хьэмид иджыри къэтэджатэкъым. И гуапэ хъуакъым къыжраIар. Щхьэхырт, и жеини къакIуэрт. Адэр абы тIэу-щэ щхьэщыхьащ, къытригъэзэжурэ. Сытми, ерагъкIэ къыщыпщащ щIалэ цIыкIур. Хущхьэрт, щатэрт.
  • — Сэ си закъуэ сытесыфынукъым абы, — жеIэ и нэр щIиукъуанцIэу и адэм къеплъурэ, — сошынэ!
  • — Махуэ шэджагъуэм сыт шынэ, зиунагъуэрэ?.. Механизаторхэри мыжыжьащэу щовэ.
  • Хьэмид «хъунщ» жиIэртэкъым. Щыст, и Iупэр къыIуригъэпIиикIауэ.
  • Асыхьэтым гъунэгъу щIалэ цIыкIу  Щыхьым къыдыхьащ.
  • Сэ сынэкIуэнщ, Хьэмид, уи гъусэу, — жиIащ абы. — Ауэ сытми сфIэфI сэ губгъуэр!
  • КIуэурэ мэзым пыхьэж губгъуэшхуэм пхыкI гъуэгум пэмыжыжьэу щыт кхъужьейм бгъэдэт пщыIэм тесщ «бжьахъуитIыр». Хьэмид иджыри зэпимыгъэуауэ мэхущхьэ, мэщатэ, зызэфIеш. Щыхьым къыщIэкIауэ хьэмбыIуу щыс къыпфIэщI ашыкхэм яхоплъэ. ЗащигъэнщIыркъым хьэуа къабзэм, пщэдджыжь дыгъэм, бзу цIыкIухэм къраш уэрэдым.
  • Асыхьэтым Хьэмид пщыIэм къыщIокI джыдэ иIыгъыу.
  • — Си фэеплъ къэзгъэнэнущ! — жеIэ абы. — МакIуэри, куууэ хиупщIэурэ, кхъужьейм и цIэр пIащэу третхэ.
  • — ИгъащIэкIэ блэкIми къыблэкIыжми ялъагъуу тетынущ ар, — жеIэ Хьэмид, и «лэжьыгъэр» зэфIигъэкIа нэужь, гуфIэу.
  • Щыхьыми мурад ищIащ и фэеплъ гуэр къигъэнэну. Мэзым жэщ, жыгыщIэ цIыкIу къихьри, пщыIэ бжэIупэм щыхисащ.
  • … Фэбжь зыгъуэта кхъужьейр зэригъукIыжрэ незэман. Итаи имытаи. Щыхьым хиса жыгым губгъуэшхуэм лъагэу зыщиIэтащ. Абы и щхьэкIэ баринэ дахэм  пщэдджыжь-пщыхьэщхьэкIэрэ бзу цIыкIухэм уэрэд къыщраш, шэджагъуэ хуабэ хъуамэ, губгъуэм ит лэжьакIуэхэм я зыгъэпсэхупIэщ. Зэреджэри Щыхьым и жыгщ.
  • ШабзитI
  • ШабзэкIэ уэфу зызыгъасэ щIалэ цIыкIум шабзитI къищтэри, лэжьыгъэм пэрыуващ. АрщхьэкIэ, и гъэсакIуэм зы шабзэр къыIихри, лъэныкъуэкIэ Iуихащ.
  • — ЕтIуанэ шабзэр щхьэ къысIыпха? — щIоупщIэ щIалэ цIыкIур.
  • — Сэ къыпIысхар етIуанэракъым, атIэ япэ шабзэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэ шабзэр тIум щыгъуэми пхутегъэхуэнутэкъым.
  • — Сыт щхьэкIэ?
  • — Иджыри зы Iэмал узэриIэм ущыгугъыурэ, япэр къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым.
  • Къэзан ФатIимэ
  • КъебжэкI
  • — Джэдэщыбжэр уэ Iупха?
  • — Сэ Iусхащ.
  • — Джэдкъуртыжьыр
  • къыщIэпкIа?
  • — КъыщIэпкIащ.
  • — Нартыху IэгукIэ уэ епта?
  • — Сэ естащ.
  • — Псори занщIэу ищыпа?
  • — Ищыпащ.
  • — Къуртыр абгъуэм
  •  щхьэщыкIа?
  • — ЩхьэщыкIащ.
  • — Улъэпхъащэу ежьэжа?
  • — Ежьэжащ.
  • — Нанэ хуабжьу
  •  бгъэгубжьа?
  • — Згъэгубжьащ.
  • — Къуртым лъыхъуэу
  •  къикIухьа?
  • — КъикIухьащ.
  • — Къигъуэтыжу къихужа?
  • — Къихужащ.
  • — Ар джэдэщым щIихуэжа?
  • — ЩIихуэжащ.
  • — Бжэри быдэу хуищIыжа?
  • — ХуищIыжащ.
  • — Уэри нанэ къошхыда?
  • — ТIэкIу шхыдащ.
  • — Унэм лъейуэ ущIихуа?
  • — СыщIихуащ.
  • — Къэвлэжьащи мис иджы,
  • Мис иджы
  • ТIури унэм фыщIэсынщ!
  • — ДыщIэсынщ.
  •  
  •  КIэпхъ  дывгъэщI
  • Бжьыхьэм тхьэмпэ зэмыфэгъухэр къыIэпощэщ. ЦIыкIураш сымэ яфIэфIщ ахэр къащыпурэ Iэрамэу зэхуахьэсын. Девгъауи, тхьэмпэхэм кIэпхъ сурэт къыхэдывгъэщIыкI. Сыт абы папщIэ тщIэн хуейр? Тхьэмпэм я нэхъ дахэр къыхыдощыпыкI, тхылъ зэхуакум дыдогъапщкIуэри, махуэ зытIущкIэ дыдогъэлъ, упIэщIауэ къыдэтхыжынущ. ТхылъымпIэ напэ Iув, шхэпс, къэрэндащ къыдогъэхьэзырри, кIэпхъ сурэтым зыдопщыт:
  1. Ди кIэпхъыр къызыхэтщIыкIыну тхьэпмэхэр къыхыдощыпыкI: инагъ-цIыкIуагъ, плъыфэ елъытауэ.
  2. КIэпхъым и теплъэр догъэхьэзыр: пкъыр, кIапэр, щхьэр, лъакъуэхэр, тхьэкIумэхэр. Ахэр зэпыдолъхьэ.
  • 3.Гъуэрыгъуэурэ дэтхэнэри шхэпскIэ тхылъымпIэ Iувым кIэрыдогъапщIэ. И пкъыр япэу кIэрыбгъапщIэмэ, адрейхэр нэхъ тыншу къыпыувэнущ. Къэрэндащ фIыцIэкIэ нэрэ пэрэ худощIыж.
  • Къагъырмэс  Борис
  • Цыжьбанэ
  • И джэдыгур абы банэщ,
  • Щынэхъ хуабэми ар щыгъщ.
  • Жэщым, шынэу къимыгъанэу,
  • Джэджьеихьэ макIуэ — дыгъущ.
  •  
  • Унагъуэхьэм иубыдамэ,
  • Топым хуэдэу зещI хъурей.
  • Хьэ губжьар абы епхъуамэ,
  • ЕгъэпщIэу, дрегъэлъей.
  •  
  • Мастэпэбдзу, жанщ и банэр,
  • УкъеуIэ уеIэбам.
  • И джэдыгур сыт зэманми
  • Арщ щIыщыгъыр, фымыщIам.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Гъатхэ нагъыщэ, псэущхьэфI нэщэнэ. 2. КъанитI зэрошхри, яку шхын къыдокI. 3. Жэщ уэздыгъэ, губгъуэ гъэдахэ. 4. Къадз-надзу унэм исыр зыгъашхэ. 5. Блыным зыщигъазэу, зэман пызыбжыкI. 6. Бжэным и фэ бым-бым, башым и щхьэ бым-бу.
  • Къехыу: 1. Адакъэ мыщу хьэщIэщ кIуэрей.
  • Зыгъэхьэзырар  БИЦУ  Жаннэщ.
  • Жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Щынэ; 2. Щхьэл; 3. Мазэ; 4. Кхъузанэ; 5. Сыхьэт; 6. Бэрэбан.
  • Къехыу: 1. Щхьэнтэ.