УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, цIыхубэм и артист щэджащэ
2021-10-02
- Тут Заур и ныбжьыр нобэ илъэс 70 ирокъу
-
Ди лъахэгъу Тут Заур къэрал псом къыщацIыху эстрадэ икIи академическэ уэрэджыIакIуэу, а IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр хуэзыгъасэ егъэджакIуэ гумызагъэу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу. Ар цIыхубэм игу дыхьащ игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэхэмкIэ, и макъ лъэщымкIэ, и утыку итыкIэ екIумкIэ, и цIыху хэтыкIэ IэсэмкIэ. Тухманов Давид и «Вечная весна», КIыщокъуэ Алим и псалъэхэр зыщIэлъ «На мою ладонь садитесь птицы» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри мыхъур зыхуэхъуауэ жыпIэкIэ ущымыуэну артистым утыкушхуэм щигъэзэщIащ икIи щыжеIэ цIыхухэр хьэщыкъ зыщIа макъамэ IэдакъэщIэкI куэд.
-
Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным я цIыхубэ артистщ Тут Заур. А гулъытэхэм зэрагъэиным хуэдиз дыдэ къалэнуи и пщэ къызэрыдалъхьэр фIы дыдэу къыгуроIуэ абы, аращ еш имыщIэу лъэпкъ гъуазджэм щIыхуэлажьэр, и щIэныгъэр щIэблэм ябгъэдилъхьэным щIыхущIэкъур, и лъахэгъухэри дзыхь къезыгъэза дэтхэнэ зыри игъащIэми щIимыгъэщIэхъуар.
- Тут Заур Бахъсэн (жьымкIэ Старэ Крепость) къыщалъхуащ 1951 гъэм жэпуэгъуэм и 2-м. И адэр мэшинэ зэжьэхэуэм гуузу хэкIуадэри, и анэ ФатIимэ сабиитIыр — Зауррэ абы и шыпхъу Татьянэрэ — и закъуэу къыхуэнат. ЦIыхухъу зыщхьэщымытыж унагъуэр хуэщIауэ пхужыIэнутэкъым, аращ ебланэ классым щIэсу Заур лэжьыгъэ хьэлъэм щIыпэрыувар — унэ зыщI къуажэ ухуакIуэм и Iэпыдзлъэпыдзт. Къилэжьыр и анэм иритырт, зыхуей-зыхуэфIхэм къадэкIуэуи, куэд щIауэ зэхъуапсэ лъакъуэрыгъажэри къищэхун хузэфIэкIат.
- Класс нэхъыжьхэм щеджэу Заур и макъ дахэ лъэщым гу лъитащ абы музыкэмкIэ и егъэджакIуэм икIи Налшык къалэ дэт Музыкэ училищэм щIэтIысхьэну чэнджэщ иритащ. Музыкальнэ школ зэрыщемыджами, нотэм зэрыщымыгъуазэми къигъэувыIакъым зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэр. Зыми ямыщIэу Налшык кIуэри училищэр къигъуэтащ, абы и унафэщI Хьэсанэ Мусэ хуэзэри къедэIуащ. Магомаевым и уэрэдхэм щыщ жиIащ, адыгэ уэрэди игъэзэщIащ Тутым, занщIэуи еджапIэм къащтащ. Курс ещанэм щынэсам уэрэд жыIэным и щэхухэм хэгъуэза къудейтэкъым, фортепианэми мыIейуэ еуэрт.
- 1971 гъэм Тутыр дзэм ираджащ. ИлъэситIкIэ къулыкъу ищIэу къигъэзэжа иужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и солисту лэжьэн щIидзащ. ЗанщIэуи цIэрыIуэ хъуащ ар: а гъэ дыдэм совет уэрэдхэр зыгъэзащIэхэм я Урысейпсо зэхьэзэхуэу Минск щекIуэкIам етIуанэ увыпIэр къыщихьщ, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестиваль Берлин щызэхэтам и лауреат хъури. 1976 гъэм Москва кIуащ, Москонцертымрэ Росконцертымрэ я солистуи лэжьэу хуежьащ. И щIэныгъэм хигъэхъуэн папщIэ ар Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ музыкэ еджапIэ нэхъыщхьэм (иджыпсту МузыкэмкIэ Урысей академиещ) щIэтIысхьэри 1986 гъэм къиухащ.
- 2005 — 2008 гъэхэм ар лэ-жьащ КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министру, 2008 — 2010 гъэхэм Урысей Федерацэм и Президентым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу щыIэм и къуэдзэу щытащ. 2009 — 2016 гъэхэм ЩэнхабзэмкIэ къэ- рал институт Москва дэтым эстрадэ-джаз уэрэдхэр жыIэнымкIэ и кафедрэм и унафэщIщ.
- Сыт щыгъуи Тут Заур зыхуэлажьэр макъамэращ, гъуазджэ нэсыр цIыхухэм я пащхьэ ихьэнырщ. Зэман зэхуэмыдэхэм абы концертышхуэхэр щитащ Совет Союзым и республикэ псоми, апхуэдэуи Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, Италием, Польшэм, Словакием. Словением, США-м, Тыркум. Союзпсо, Урысейпсо радиохэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ абы игъэзащIэ ариехэр, цIыхубэ уэрэдхэр, романсхэр, эстрадэ макъамэхэр.
- Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, унагъуэ дахэ иIэщ Заур. И щхьэгъусэ Мадинэрэ абырэ адыгэ хабзэ екIум щIапIыкIащ къуитIрэ зыпхъурэ, икIи дэтхэнэри гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэувэн яхузэфIэкIащ. НэхъыфIу щыIэр зи махуэр нобэ зыгъэлъапIэ Заури абы и унагъуэми къалъысыну ди гуапэщ.
- Жэщ-махуэкIэ и гугъу пхуэщIынущ Тут Заур и гъащIэми, и гуащIэми, и цIыху щIыкIэми. Ауэ ар, шэч хэмылъу, дэ нэхърэ нэхъыфIу къайхъулIэнущ и ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм, и цIыхугъэхэм. Апхуэдэхэр хэмытмэ, ди тхыгъэр ныкъуэ хъуну къызэрытщыхъум къыхэкIыу зыбжанэ хэдгъэхьэмэ нэхъыфIу къэтлъытащ.
- Пахмутовэ Александрэ, композитор, СССР-м и цIыхубэ артисткэ: — ПщIэшхуэ хузощI сэ а уэрэджыIакIуэм. Ар — Тхьэм къыбгъэдэкIа цIыхущ, макъ гъуэзэджэ иIэу. Абы утыкум щищIэм, эстрадэм щыхузэфIэкIым, игъэIу макъ лъэщым сыкъызэщIеIэтэ!
- Некрасов Николай, дирижёр, Урыс макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ ВГТРК-м и оркестрым и художественнэ унафэщI: — Заур и макъыр лирикэ баритонщ, дахащэу, щабэу, тембрыфI иIэу, нэхъыщхьэращи, а макъымкIэ ар гупсэхуу топсэлъыхь уэрэдым зи гугъу щыщIам. А Iэзагъэр телъыджэу къегъэсэбэп абы, творческэ ехъулIэныгъэ зэрыхъукIэ нэхъыбэу Тхьэм кърит! Сыщогугъ дэ иджыри мызэ-мытIэу дызэхуэзэну!
- Гвердцители Тамарэ, уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ: — Заур сыт хуэдэ макъамэ игъэзэщIами, абы художественнэ лъэпIагъ иIэ мэхъу. Аращ ар цIыху мелуанхэм фIыуэ щIалъагъуу си гугъэр. Тутым и макъыр — и гъащIэщ, къыдалъхуауэ псэуху и гъусэну хъугъуэфIыгъуэщ.
- ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор, КъБР-м и цIыхубэ артист: — Илъэс 20 срикъуатэ-къым си япэ уэрэдыр щыст-хам. Ар «Си гъатхэ» уэрэдырт, Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр щIэлъу. 1994 гъэм Тут Заур Налшык зигъэпсэхуну къэкIуэжауэ щыIэт. Зы махуэ гуэр си лэжьапIэм дыщIэсу Заур жеIэ: «ДжэбрэIил, цIыхубэм къахэкIауэ зы уэрэд егъэлеяуэ сигу ирохьри, и псалъэхэр къысхуэгъуэт». Арати, дримышеищэу, «Си гъатхэ» уэрэдыпкъыр къреш. Сэри, удыгъэ хэслъхьэри, сызэрейр сыбзыщIащ, ауэ къэзгъэгугъащ уэрэдым и псалъэр къыхуэсхьыну.
- ЕтIуанэ махуэр къосри, а уэрэдыр иту 1964 гъэм къыдэкIа тхылъ цIыкIур IэщIызолъхьэ. Заур плъыжь къохъури, жеIэ: «Уи фIэщ зэрыхъун, нобэр къыздэсым мыр уэ птхауэ сымыщIа!»
- Иджы мыпхуэдэу жысIэну сыхуейт: сыт насыпыр зищIысыр? Апхуэдэ упщIэм зэщхьу зыми жэуап къритыфыну-къым, сэри абы сахэту, ауэ япэ дыдэу «Си гъатхэ» уэрэдыр Заур Москва щитхыу къыщихьыжам сыгъынрэ сыгуфIэнрэ сщIэртэкъым, ауэ сынасыпыфIэ дыдэу зыкъэслъытэжат.
- А гъэм щыщIэдзауэ си уэрэд куэдым Заур псэ яхилъхьащ. Абы ей хъуахэр нэгъуэщIым игъэзэщIэну сфIэфIкъым, сыту жыпIэмэ Тутым и макъ дахэр, и уэрэд гъэпсыкIэр си тхьэкIу-мэм итурэ стхащ ахэр.
- А цIыху щыпкъэр дунейм къыщытехьам и натIэм итхагъэнт абы и пкъым хэту къэкIуа гуащIэр (энергие) егъэлеяуэ зэрыиныр. Пасэу и гуащIэм иIэта щIалэщIэр, хьэрэкъуакIэ димыдзэжу, IумпIафIэ и акъылкIэ ищIыжыфати, аращ Тут Заур Тут Заур зыщIар.
- Ацкъан Руслан, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ усакIуэ: — Тут Заур сызэриныбжьэгъур ящыщ зыщ сэ насыпыфIэу зыщIэслъытэж щхьэусыгъуэхэм. КъызэдэткIуа илъэс куэдым быдэу си фIэщ ящIащ: Заур хуэдэу псэ къабзэ гъуэтыгъуейщ. ЦIыхуфI куэд дунейм тетщ, талант ин зыбгъэдэлъи бгъуэтынущ, ауэ ди зэманым зи псэр къабзэу зыхъумэжыфар мащIэщ. Мис а тIэкIум ящыщщ Заур, аращ си псэр абы нэхъри пэгъунэгъу зыщIри.
- Сэ зэпымыууэ сыщыгуфIыкIырт абы и ехъулIэныгъэхэм. Пэжыр жысIэнщи, зэзэмызэ гукъэкI щIыIэ къысхуэкIуэрт, зи зэфIэкIым хэхъуэ щIалэм зихъуэжыну пIэрэ жысIэу. Си гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ къэхъуакъым, сыт хуэдэ лъагапIэ нэмысами, Заур а зэрыщыту, цIыху гуапэу, хабзэрэ нэмысрэ зыхэлъу къэнэжащ. Ди зэныбжьэгъугъэр абы игъэбыдащ.
- Джэрыджэ Арсен, усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ: — Заур щIэх-щIэхыурэ нэгъуэщI къэралхэм ирагъэблагъэурэ къекIуэкIащ. Урысейм и оркестр нэхъыфI дыдэхэм ящIыгъуут зэрыкIуэри. Зы адыгэ уэрэди сыт щыгъуи и репертуарым хэтт. А адыгэ уэрэдым нэхъ Iэгуауэшхуэ къыщращIэкIри мащIэтэкъым. Псом хуэмыдэу дэнэ щIыпIи цIыхухэр щызытхьэкъур Заур жиIэ неаполитан уэрэдхэрт. Тутым и итальяныбзэр апхуэдизкIэ къабзэщ ахэр щигъэзащIэкIи, а бзэр имыщIэу ягу къэмыкIыххэу, итальяныбзэкIэ къыщепсалъэ щыIэт.
- Псоми ящIэ дэтхэнэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэми и зэма-ныр хуабжьу зэрызэпэубыдар. Апхуэдэу щытми, адыгэ Iуэхум щхьэкIэ и гур зэрыузым къыхэкIыу, Заур Москва щыIэ Хасэр илъэс зыбжанэкIэ зэрихьауэ щытащ и Iуэхум зыкъыдигъахуэурэ. Зэрихьа къудей мыхъуу, мылъкукIэ зыкъыщIэзыгъэкъуэн гуэрхэри езым къигъуэтыжурэ, къигъэщIэрэщIэжат. ИтIанэ, ди республикэм Iуэху гуэр зыщIыпIэ къыщиIэтауэ, накIуи тхухэт жраIамэ, зэи щхьэхакъым, и Iуэху къигъанэу кIуа мыхъумэ.
- Къармэ Iэсият, усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ: — Уи щхьэ зэрыкI нэхърэ, уи щхьэр зэрылъ жызыIа Iущыр арэзыуэ щIэгуфIыкIынт и пащIэкIэ. А теплъэгъуэм кърихьэлIатэмэ, жыхуэсIэщ.
- Мазэ зытIущ ипэж Заур Налшык щыIащ махуэ зыбжанэкIэ. Куэд щIауэ зэрымылъэгъуа-хэр тIуэтэжыху дыуэршэрауэ, тIэкIу сыкъигъэкIуэтэжырт. Къалэшхуэкъым ди Налшык. Псоми зэдай щхьэлажьэм гунэджыншэ ищIа къалэдэсхэр напщIэуфэу зэблоущыкI. Хьэуэ… Щытат напщIэуфэу си гъусэр хэтми къалъагъуху. Мес, зи ныбжькIэ мыщIалэж бзылъхугъэр къакIуэрэ пэт зэщIэувыIыкIащ, къэуIэбжьыжри, пIащIэу къытпежэжьащ. Къызэплъурэ (сэра хуэдэ ар зэлъытар!) зыкъысхуегъазэри: «Заурщ, пэжкъэ? КхъыIэ, сэлам зэзгъэх, Заур!»
- Бзылъхугъэмрэ ар зыпэщIэкIэрэхъуа Тутымрэ си Iуэхужтэкъым иджы: маршынэ къэувыIам къызэрикIутыкIа щIалэгъуалэр къаплъэурэ зэплъыжырти: «Заурщ-тIэ! Тут Заур!»
- Зым: «Заур? Хъуну пIэрэ дыбгъэдыхьэ? (Iэнкун сыкъохъу: сощIэ ар иджыпсту аэропортымкIэ зэрыпIащIэр. Данэ — ипхъу закъуэм — пежьэнущ). «Хъунумэ и гугъу фымыщI. МэпIащIэ», — жызоIэ.
- ЩIалэхэр щэныфIэу йокIуэтыж. ЙоувыкIри, жыжьаплъэу къыхуогуфIэ Тутым.
- МыдэкIэ и Iэхэр ищIурэ гуфIэжу къокIуэ нэгъуэщI зы цIыхубз щIалэ: «Заур! Зэ догуэт… Сэлам!»
- Арыххэу лей сыкъохъури, псалъэ дэупIи симыIэжу сыкъожьэж. ЗызоIэжьэ. СызоплъэкI. Зызоплъыхь. Абы хэту гъуэгурыкIуэ щIалэщIитI (къыткIэлъыплъагъэнт) къызбгъэдохьэри: «КхъыIэ тхужеIэж егъэлеяуэ и макъым дызэрыхуэзэшар. Зы концерт закъуэ, ярэби! ТхужеIэж фIыщэу зэрытлъагъур…»
- Къызэпежыхь иджы си гуфIэнэпсым: «Абы езым нэхъыфIыжу фыкъызэрилъа-гъум фыщыгъуазэу пIэрэ? Апхуэдизу дахащэ макъыр Уафэм зритар фщIащэрэт Фэ къызэрыфхуэныкъуэр!»
- Хьэлэмэт гуэрт а махуэр — дыгъэ нэрынэр, уафэ купраузыр, накъыгъэ щхъуантIэр. Хьэкът: дунейр цIыхуфIщ зыгъэдахэр. Абыхэм ящыщу лIыфIхэр куэд дыдэ щхьэкIэ, нэхъ лIыфI дыдэхэр зырызыххэщ. А зырызыххэхэм язщ зи бжьыхьэ 70-м нобэ хыхьа Тутыр. НтIэ, дыгъуаси, ноби, дапщэщи дынэхъуэпсэнущ: дыщэ IуэнтIагъэр зиIу илъым уи макъамэр ирехъу кIэухыншэ!
- Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.