ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-10-02

  • Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым
  • Ажэр мэлым я пашэщ.
  • Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ.
  • Ахъмэт и фо изщ, улъэмыIэсмэ, сыт и сэбэп.
  • Ахъшэр псым хуэдэщ.
  • Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.

  • Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.
  • Бжэн къуий бжьакъуэ лъыхъуэ ежьэри, и тхьэкIумэ хилъхьащ.
  • Бжьахъуэм и фор зэбграхырти, езыми зы фо IэмыщIэ къыхихыжащ.
  • Бжьэ матэ зи куэдым и жьантIэ дегъэувэ.
  • Бжьэхуцым мафIэ пхухэгъэпщкIуэнкъым.
  • Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ IэфIщ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ.
  • Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
  • Гуэным имылъмэ, Iэнэми телъкъым.
  • Гугъуехь зымышэчар лIым хабжэркъым.
  •  
  • «НакIуэ, си хъыджэбз…»
  • Бжьыхьэ жэщ щIыIэт, жьапщэ дыджу.
  • Ныжэбэ нэху дыкъыщевгъэкIтэмэ, жаIэу щылъаIуэм, факъыритIыр къыщIагъэхьэри, я бжэр ягъэбыдэжащ.
  • Еплъмэ, цIыхубз щIалэрэ хъыджэбз цIыкIу зи хэхъуэгъуэрэт — зэанэзэпхъуу къыщIэкIынт.
  • Бысымыр унагъуэ лъэрымыхьи хуэдэтэкъым, ауэ…
  • … нэхъыжьыр ящхьэщыту – нэхъыщIэхэр щыст…
  • … адэ-анэм жаIэр быным яфIэдыхьэшхэнт…
  • … зыр щыпсалъэкIэ – адрейм IупщIэ ищIырт…
  • … зыр гуфIэмэ – адрейр нэщхъейт…
  • … зым илэжьыр – адрейм фIэауант…
  • … щызэблэкIкIэ – зэдэмэпкъауэрт…
  • … тхьэкIумэIупсыр ирачу кIийхэрт, зэрапэсри псалъэ гуауэт…
  • А псор зи нэгу щIэкIа цIыхубзыр, хэплъэщ-хэплъэри, къэтэджыжащ. И гъусэми зыхуигъазэри:
  • — НакIуэ, си хъыджэбз. НакIуэ, дежьэжынщ…
  • ИкIи зэанэзэпхъум, замыгъэгувэу зыкъащтэри, жьапщэ дыджым ягъэзэжащ.
  • Къэжэр Хьэмид.
  • Джэш хьэнтхъупс, хугу хэлъу
  • Джэш лъэсар псы щIыIэм халъхьэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр техауэ дакъикъэ 25-30-кIэ ягъавэ. А псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, псывэ щIакIэжри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтитI-тIурэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Вэным дакъикъэ 15-20 иIэжу шыгъу хадзэ.
  • Джэшыр зыхэвыкIа псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщIри, джэшыр иракIутэж. Абы шэ гъэпщта щIакIэ, зэ къытрагъэкъуалъэри, хугу лъэса халъхьэ, зэIащIэри шыуаныщхьэр трапIэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15 хуэдэ-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ фалъэм иту, шатэпс текIауэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш плъыжьу — г 50, хугуу — г 20, япэу зэрагъавэ псыуэ — г 1000, етIуанэу зэрагъавэ псыуэ — г 1000, шэуэ — г 400, шатэпсу — г 40, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ — г 30, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым къитхыжащ.
  • Апхуэдэр езыр къыпхуейщ
  • Зыгуэр фыз къишэну мурад ищIри, ежьащ. Зыкъомрэ кIуауэ, игу къэкIыжащ: «Фызышэ сежьащ, ауэ хэт къэсшэнур? АбыкIэ зыми сеупщIакъым», — жиIэри. «Япэ сызыхуэзэм сеупщIынщ, абы жыхуиIэм хуэдэ къэсшэнщ», — жери, ар и мураду кIуэурэ, къуажэм щыдыхьэм, къуажэбгъум щIалэ цIыкIухэр щыджэгуу яхуэзащ. Жэбагъы чышым тесу, чылъахъстэныр и щIопщу, псоми къахэжаныкIауэ, абы япэ IущIащ. Жэбагъы шур щилъагъум, сэмэгурабгъумкIэ бгъурыхьэри, абы сэлам ирихащ.
  • — Еблагъэ, угъуэгурыкIуэщ, зодгъэгъэпсэхунщ, — жиIащ Жэбагъы.
  • ЩIалэ цIыкIур игу ирихьри:
  • — ФIым дыхуиблагъэ! Себлэгъэнутэкъым. ЗыгуэркIэ сыноупщIынущи, къызжыIэ, — жиIащ шум.
  • — Уэ ухьэщIэщ, сэ срыуиIуэхутхьэбзащIэщ, — жиIащ Жэбагъы.
  • — Фыз къэзышэнум сыт хуэдэ фыз къишэмэ, нэхъыфI? Хэтхэ я лъэпкъ фи къуажэ нэхъ цIэрыIуэу, фызыфI къыхэкIыу дэс? Пщым щыщ нэхъыфI? Хьэмэ уэркъым щыщ? Хьэмэ лъхукъуэлIым щыщ? — жиIэри еупщIащ.
  • — Фызыр щы мэхъу. Зыр уэри къыпхуейкъым, езыми ухуейкъым. ЕтIуанэр езыр къыпхуейщ — уэ ухуейкъым. Ещанэм – уэри ухуейщ, езыри къыпхуейщ. Уэ узэгуакIуэр къэшэж, — жиIащ Жэбагъы. ЛIым къыгурыIуэртэкъыми щIигъужащ: — Япэрейр: былым куэд иIэу, езыр уэркъыпхъуу, къэпшэнщ – уезэгъынкъым, узыхуей хъункъым, и мылъкумрэ и лъэпкъымрэ ящыгугъынщ. ЕтIуанэрейр: пхъужь къэпшэнщ бын иIэуи, и быныр уигъэпIынщ. Ещанэрейр: лъхукъуэлIым къыхэкIа хъыджэбзу, езыр лэжьакIуэу, псэуну гугъэу, къэпшэнщ. Апхуэдэр езыри къыпхуейщ, уэри узыхуейщ. КъодэIуэнщ, уэ узэрыхуейуэ бгъэсэнщ. Ауэ а псом нэхъыщхьэжыр зыщ.
  • — Сыт?
  • — Фызыр зыгъэфызыр лIырщ, лIыр зыгъэлIыр фызырщ, — жиIащ Жэбагъы.
  • Дапщэщ бзылъхугъэр сэмэгурабгъумкIэ щыувыр?
  • ЦIыху гуп зэхэсым нэхъыжь къахыхьэрэ е здыблэкIым сэлам къарихамэ, псори мэтэджри, фIэхъусым и жэуапыр ятыж.
  • ГуфIэгъуэ Iэнэм бгъэдэсхэм «Гуп махуэ-апщий» жиIэу къахыхьаIамэ, Iэнэм и нэхъыжьым фIэкIа къэмынэу мыдрейхэр къотэджри, сэламыр къыIах. КъыщIыхьам гуп махуэбжьэ ират. Ар къэтэджахэм нэхърэ нэхъыжьмэ, бжьэм хэIубу е ефэу къезытам иратыжыхукIэ зыри тIысыжыркъым.
  • Нэщхъеягъуэм и деж гупым къахыхьар нэхъыжьмэ, псори мэтэдж, зыри къэмынэу. КъэкIуам нэхърэ нэхъыжь яхэсмэ, абыхэм зыкъаIэтыркъым е къэтэдж хуэдэу защIу загъэхъей.
  • Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым, нэхъыжь кIэлъыджэркъым, атIэ лъэщIохьэри, зэпэзанщIэ хъууэ гу къылъита нэужь, зыхуеймкIэ йоупщI.
  • Зэгъусэу къыщакIухькIэ, тIу фIэкIа мыхъумэ, нэхъыжьыр ижьырабгъумкIэ щытщ, ауэ щы е нэхъыбэ щыхъум деж гупым и нэхъыжьым ныбжькIэ къызэрыкIэлъыкIуэкIэ адрейхэр и сэмэгурабгъукIэ къоуври, нэхъыщIэ дыдэр нэхъыжьым и ижьырабгъум мэув.
  • Бзылъхугъэр и щхьэгъусэу щытмэ, сэмэгурабгъумкIэ мэув, мыдрейхэм сыт щыгъуи ижьырабгъур ират.
  • НэхъыщIэм и Iэр япэу ишийуэ нэхъыжьым сэлам ирахыркъым. Нэхъыжьым и Iэр къишиямэ, ар щабэу Iэдэбу иубыду аращ.
  • Хъыджэбз цIыкIухэм пэгун нэщI яIыгъыу уэрамым нэхъыжь гуэрым щахуэзамэ, ар Iубауэ ягъэув. Езыхэр зыIущIам я сэмэгурабгъур хуэгъэзауэ, я щхьэр мащIэу гъэщхъауэ мэуври, къахуэзар блэкIыху щытщ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр абы докI. 4. Гузэвэгъуэ хъыбарыр зэлъэзыгъэIэс цIыху. 8. КъБР- м щIыхь зиIэ и артист: Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ адыгэ театрым абы и цIэр зэрехьэ. 9. Къуэш … нэхърэ — ныбжьэгъуфI. 10. IэлъэщI хуабэ. 14. ЖьантIэм ущIэмыкъу, … , къыплъысынщ. 19. Шыцуэс къесу узэрысым … 21. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 22. Шым и кIуэкIэ. 23. Дагъуэ зимыIэ цIыху къызыхуэтыншэ. 24. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм, иужькIэ УФ-м и Къэзыбж палатэм я унафэщIу щыта Къэрмо-              къуэ …
  • Къехыу: 2. Бадзэ цIыкIу лъыиф. 3. Уэс зэратхъу. 5. Нартыху гъэлыгъуа хьэжыгъэ. 6. Пшынауэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ. (и цIэр). 7. Алыхь Iэмырым ерыщу тет цIыху. 11. Iэпслъэпсым щыщ. 12. Атэлыкъым игъасэ щIалэ цIыкIу. 13. ЩIы къиуда. 15. «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата зауэлI хахуэ Мусэ … 16. Къру лъэпкъым щыщ губгъуэ джэдкъаз пIащэ, лъатэу. 17. Макъ псыгъуэ зыгъэIу псэущхьэ цIыкIу. 18. … гъэхъуж. 20. Ху къызыщIаIукI къэкIыгъэ.
  •   Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • ФокIадэм и 25-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Медан. 4. Бжьыхьэ. 8. Бру. 9. ПцIым. 11. ШкIумпI. 13. Сабыр. 16. Шхуэ. 17. Джыдэ. 18. Бжьы. 22. Бжьыдзэ. 23. Бжьыгуэ.
  • Къехыу: 2. ЕкIэпцIэ. 3. Абдж. 5. Жьым. 6. ХьэлIамэ. 7. Дзэр. 10. Мастэ. 11. Шэрэдж. 12. Гъубж.14. Емынэжь. 15. Адэмыгу. 19. Жьей. 20. Къуэдз. 21. ЛIыжь.