ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Насып  вагъуэ

2021-08-19

  • Си къуэрылъхум ипхъу цIыкIу Амал дунейм къыщытехьам икъукIэ абы щыгуфIыкIа сабийхэм ятеухуа мы сатырхэр сыхуейт тыгъэ яхуэсщIыну ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ, лъэпкъыр бэкIэ зыщыгугъ Адыгэбзэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэу, узэщIакIуэхэу Табыщ Мурат, ХьэцIыкIу Рае, Къып Гупсэ сымэ. Абыхэм я псэ къабзэм и къарури, я щIэныгъэ куури, я зэфIэкIхэри зыхуэгъэпсар ди лъэпкъым и быным зеиншафэ къытезыгъэуэнкIэ хъуну Iуэхугъуэ гуэри зэи къэмыгъэхъунырщ, ди щIэблэм и лъым, и пкъынэ-лъынэм хэту къыдалъхуа анэдэлъхубзэр Iурылъ къудей мыхъуу, абы бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхищIэу, жьабзэми тхыбзэми къыщигъэсэбэпыфу Iэмал имыIэу зригъэхъулIэн зэрыхуейр и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр лъэпкъым и цIыхум къыгурагъэIуэнырщ.

  • КъехъулIам игъэгуфIэу, абы игъэгушхуэу, а зыгъэгушхуэм нэхъ гугъуу къыщыхъум тригъэгушхуэжурэ зе-ужь цIыхумрэ абы и анэдэлъхубзэмрэ яку дэлъ зэхущытыкIэм. Хамэбзэри нэхъ тынш мэхъу къэбгъэIурыщIэну, абы щыдихьэхри мащIэкъым. Ауэ анэм и Iэпэр иIыгъыу япэ дыдэу ду-нейм къытехьэ сабийм зыхихри, илъагъури, зыхищIэри и псэмрэ и зыхэщIыкIымрэ щынэсыр и анэбзэр Iурылъу, ар и гъуэгугъэлъагъуэу япэ лъэбакъуэхэр щичырщ.
  • Мыбдеж, гугъущ жыпIэу, сабийм и бзэр къыIурыпчрэ хамэбзэкIэ зэпхъуэкIмэ, ар къэзылъхуахэми, къыдалъхуахэми, и лъэпкъэгъухэми, адыгэбзэми зэрыхущытын хуейуэ къыщыхъунур сыт хуэдэ къупхъэм пхуигъэзэгъэну? Езыми сыт хуэдэфэ къы-
  • теуэну? Егупсысыпхъэщ. Сыту пIэрэт щIыжиIар ди лъэпкъ усакIуэшхуэм: «Адыгэбзэр сэ сымыщIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым»?
  • 1
  • Щымщ дунейр. Махуэшхуэм и кIэщ.
  • Джэдкъаз, Iэщхэр зэгъэжащ.
  • Ди хьэ МотIи зигъэнщIыхукIэ
  • Джэгури и гъуэм ипщхьэжащ.
  • Мэпырхъыж. Зимыгъэхъей,
  • Езэшащи джэгурейр.
  • ЦIыхухэр, гъуэлъыжыгъуэ хъуами,
  • ПIэм екIуэну зи хуэмей:
  • ЯIэщ зымыгъэжеину
  • Щхьэусыгъуэ дахэкIей.
  • Дамир къекIуэкI псалъэмакъым
  • Щыщ зи кIапэ зэхихам
  • И жей IэфIыр дэнэ щыIэм
  • ИмыщIэжу щхьэщихащ.
  • ГуфIэщау долъей — допкIей,
  • ПкIэлъей задэмкIэ дожей,
  • Щхьэгъубжэшхуэр зэIуидзауэ
  • Вагъуэхэм яхудоплъей.
  • (И анэм ещхьщ: абыи фIэфIщ,
  • Вагъуэ бынхэм кIэлъыплъын,
  • Ахэм теуэршэрыхьын).
  • Жэщ дахащэщ. Гъатхэ мазэщ.
  • Уафэр къабзэщ, вагъуэр изщ.
  • Зи тетыгъуэу къэса мазэр
  • Зигъэзыжу тахътэм исщ.
  • Уарэ! Сыт Дамир илъагъур?
  • Е къыфIэщIрэ? Е ар пщIыхь?
  • Мазэм и пэгъунэгъу дыдэу,
  • Дыщэ кIанэу зэщIэлыдэу,
  • Вагъуэ шыр къыщыунэхуащ,
  • Пшэ гуэрэнри трихуащ.
  • «УхокIыж, Дыщэнэ, ей!
  • Къажэ псынщIэу! Умыжей!»
  • НапIэзыпIэм къыщолъэтри,
  • Шыпхъур нос и дэлъхум дей.
  • Ар зыдэплъэмкIэ доплъей…
  • Тобэ! Сыту телъыджащэ
  • А цIыкIуитIым къалъэгъуар!
  • Мазэм игу къызэфIэнащи,
  • ГуфIэ нэпсхэр щIелъэщIыкI,
  • Вагъуэ шыр зришэлIащи,
  • IэплIэ гуапи кърешэкI.
  • Зигъэщхъауэ къоIущащэр —
  • Тхьэшхуэрщ зыщIэр къиIущэщыр.
  • 2
  • А дакъикъэм ди пэш псоми
  • Телефонхэр щызууащ.
  • КъикI макъамэхэр зырызми,
  • Псоми жаIэр мы зыращ:
  • «Къытехьащ дунейм узыншэу
  • Пщащэ цIыкIу фызыпэплъар.
  • Дывохъуэхъу! Псэ быдэ фхухъу!
  • Лъэпкъым набдзэ ар хурехъу!»
  • ЩыIэу пIэрэ нэхъ гуфIэгъуэ
  • ЦIыху унагъуэм къыпхэхъуэн?!
  • ФщIэрэ щыIэу нэгъуэщI фIыгъуэ
  • Нэхъ насыпкIэ зэджэ хъун?!
  • ХъыбарыщIэр занщIэу йожьэ —
  • Жьыр щIэмыхьэу дэни нос.
  • Хъуэхъухэми зрамыгъажьэ —
  • Псом нэхъ лъапIэр япэу къос:
  • «КъиугъащIэ гъащIэ дахэ
  • Угъурлы хъун ди шыр цIыкIум!
  • Дуней дахэм дэщIэращIэу,
  • Куэдрэ тхурепсэу а цIыкIур!
  • КIыхь ирехъу ди гуфIэгъуэшхуэр,
  • ЦIыхуфI куэдхэр игъэгушхуэу!»
  • Хъуэхъуу хэти и гум илъыр
  • И бзэгупэм къыполъэлъыр.
  • ФымыпIащIэм, фыкъедаIуэ.
  • Фи зэфIэкIхэри къэвгъэнаIуэм,
  • Къытщыхъунущ икъукIэ гуапэ:
  • — «Кърехъу а ди пщащэ цIыкIур
  • Тхуэузыншэу, цIыхуфI цIыкIуу;
  • И псэр къабзэрэ, и бзэр дахэу;
  • И анэбзэри Iурылърэ,
  • Iэзэу псалъэу, тхэуэ, еджэу;
  • Зы тхылъыфIи блимыгъэкIыу;
  • Зэджэу хъуари къемэщIэкIыу;
  • Мыщхьэхынэу, мыжейнэду;
  • Бзэрэ дэуэ, ид мытIэпIу;
  • IэпэIэсэщ къыхужаIэу;
  • Iэр зэIусэм псэ къыпыкIэу;
  • И зэфIэкIхэри гурыхьу;
  • ЦIыхухэм я гум тыншу дыхьэу,
  • МыфэрыщIу, мыщIыкIэншэу
  • Ирепсэу дунейгъэдахэу,
  • СыткIи дахэщ, къыхужаIэу»…
  • Мы ткIуанищыр щхьэ дгъэува?
  • «Хъуэхъу куэд хъурэ?» — щхьэ жаIа?
  • Лъэпкъ гупсысэрщ ар жызыIэр:
  • Хъуэхъур зи бэрщ фIыгъуэр здэкIуэр.
  • 3
  • Унэм щIэси, щIыбым дэти,
  • Жеижауэ пщIыхьым хэти —
  • Псори къызэщIэхъеящ,
  • Пэш утыкур къайзэвэкIти,
  • ПщIантIэ хуитым зэрыхьащ.
  • Нэхущи, зыкIи пщIэнкъым жэщу,
  • Епэр цIыкIухэми я дунейщ.
  • Гъатхэ мазэм уемызэшмэщ
  • Дахагъ псомкIи ущыбейр.
  • Хьэуа къабзэм жыг гъэгъахэр
  • Нэхъуеиншэу зэхежыхь.
  • И шкIур макъымкIэ дигъафIэу
  • ПсыIэрышэри йожэх.
  • КIущэ Нагъуи и шыритIыр
  • КъыщIишау удзыпцIэм хэсщ.
  • Къуэ къищIа и хьэпшыр ПIотIи
  • ТIэпIу игъэшхауэ щысщ…
  • ГъэщIэгъуэнкъэ, джэду шырхэр
  • Хьэпшыр хъыжьэм щымышынэ —
  • Ар ялъытэ къуэш ещанэу:
  • Зэдоджэгу, зобэн, зэдошхэ,
  • Зэрахабзэщи зэкъуэшхэм.
  • Гумызагъэщ икъукIэ Нагъуэ:
  • Къимылъыхъуэ зэи псэхугъуэ:
  • (Къуищ гъэсэныр тынш фи гугъэ?)
  • Жэщи-махуи мэпIейтей,
  • НитIри зэу здимыгъэжей,
  • Зыр щыжейм деж, плъырщ адрейр.
  • Ар къыщоплъкIэ, жиIэ хуэдэщ:
  • «Си шырищри хуейщ гулъытэ».
  • ЦIыкIухэм анэм игу хуагъэфI:
  • «Дуригъусэщ. ПIы быныфI».
  • Гуапэ щохъури ахэм жаIэр,
  • Игу зэгъауэ мэгъуэлъыж.
  • Лъабэ щабэмкIэ бынищыр
  • И бгъэ хуабэм щIекъузэж.
  • Гъатхэ жэщыр ибг иуащи,
  • Дади мащIэу мэпIейтей:
  • «Куэдщ ныщхьэбэкIэ вгъэхъахэр,
  • Нэхъыбэж фщIэн хуейщ пщэдей:
  • Мазэ Нагъуи Вагъуэ Шыри
  • Хъуэхъухэр яхуэвгъэшын хуейщ.
  • Фыгъуэлъыж. Фыжей. Къыфпоплъэ
  • Телъыджащэу пщIыхь дуней.
  • Дэри пщэдейжэщ дапоплъэ
  • ХьэщIэ лъапIэу куэдыкIей».
  • Дадэ и псалъэ тIэужыIэ
  • ИрагъэщIу фэ флъэгъуа?
  • Я къалэнхэр зэфIагъэкIри,
  •  ЕпсынщIэкIхэу гъуэлъыжащ —
  • ПщIыхьхэр тIэкIу зрагъэжьами,
  • Псори арэзы хъужауэ
  • Щхьэж и Iуэхум пищэжащ.
  • 4
  • Насыпышхуэр зи Iэпэгъухэм
  • Ди гуфIэгъуэр къыддаIэту
  • Къытхуоблагъэ куэдыкIей:
  • Iыхьлы, благъэхэр, ныбжьэгъухэр,
  • Ди лэжьэгъухэр, ди гъунэгъухэр.
  • Я сабийхэри я гъусэщ,
  • Нэмыс дахэри яхэлъщи,
  • Гуапэ тщохъур Iыхьэлейу.
  • Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ
  • Нэмыс-хабзэр здэщымыIэм
  • Насып нэси щымыIэнкIэ
  • Хъуну жеIэ лъэпкъ гупсысэм.
  • Абы шэч хэт трихьэн?
  • Фегупсысыт: нэгъуэщIу хъун?
  • Нэмыс Насыпым хуэпэжщ:
  • Цырхъ зэхихмэ — нос и деж.
  • Гуапэу, екIурэ-зэкIужу
  • Яхэтщ цIыхухэм нэжэгужэу.
  • Нэр пIэпехыр и дахагъым,
  • Псэр ехьэху и щэныфIагъым.
  • Сыт и уасэ и хъуэхъубзэу,
  • Щыбзэрабзэр и анэбзэр,
  • ФIыгъуэр зи бэу адыгэбзэр?
  • БзэрэбзэхукIэ, бзэм зеужьыр,
  • Щхьэхыр текIуэмэ, мэужьых.
  • Зызыужьырщ зиIэр гъащIэ —
  • Лъэпкъ Iущыгъэм шэч хуумыщI:
  • Умыщхьэхмэщ дахэ щыпщIэр,
  • ХъугъуэфIыгъуэри щымыкIуэщIыр.
  • Псори псэкIэ зыхэзыщIэ
  • Ди Iущ цIыкIухэр къицIыхуащи,
  • Нэмыс дахэ къохъу гумащIэ,
  • Ягу хигъахъуэу къодэхащIэ,
  • Къигъэгушхуэу, къегъэпIащIэ:
  • «Маржэ, ди угъурлы цIыкIухэ!
  • Фэркъэ псори дызыпэплъэр!
  • Телъыджалъэхэр къэфтIатэт,
  • Налкъут илъхэр къэфщIт сэтей,
  • Дыхэвгъаплъэт хъуэхъу дунейм!» —
  • ЖиIа закъуэ ар Нэмыс! —
  • ЦIыкIухэм Iэджи къагупсыс.
  • ГуфIэгъуэшхуэр здэзыгуэшхэм
  • Я зэфIэкIхэри мэхъу гунэс.
  • «Акъыл Жанхэр» къызэхуэсри,
  • Гуп дыгъэлу къэтIысащи
  • Я акъылхэр щIалъыкIыж —
  • Жан-ым къикIыр ягъэпэжри,
  • Ахэр мыбэлэрыгъыжщ.
  • 5
  • Джэгу-зэпеуэр зэхаублэ:
  • ПыIибл зэуэ драдзей.
  • Намыгъэсу щIым, хуэIэзэу
  • Къаубыдыжхэр ахэр зейм.
  • ГуфIэгъуэбзэр зэролъэлъ:
  • Хъуэхъухэр пыIэхэм къолъэлъ.
  • Къоджэр хэти хуейм хуэдиз.
  • Гухэхъуэгъуэщ: къахьыр фIыщIэ изщ.
  • Я анэбзэмкIэ бзэрабзэу
  • КъэзыгъэIухэм я хъуэхъубзэр
  • ФIыщIэгуапэхэр къылъагъэс.
  • Саният псори егъэгушхуэ,
  • И гупсысэр дэни нос.
  • КъызэIуах абдеж джэгушхуэ —
  • Зэпеуэнухэри къос.
  • ЯгъэбжьыфIэу утыкушхуэр
  • Япкъ мыхъейуэ зэблосыкI.
  • АпхуэдизкIэ удахьэхри,
  • Нэр тепхыну уигу пымыкI.
  • Хэтщ абыхэм Идар цIыкIуи,
  • И шыпхъуитIыр игъэгушхуэу.
  • Гъунэгъу щIалэхэу Айдари,
  • Айдамыри, Амырхъани…
  • НыбжькIэ жыжьэ нэмысами,
  • Ахэм куэд яхузэфIокI —
  • Уемыплъын пхузэфIэмыкI:
  • Хэти жьэкIэ пшынэ йоуэ,
  • Бэрэбанэр игъэпсалъэу,
  • Хэти псалъэ емылыджхэр
  • Гугъу демыхьу егъэсэф.
  • Iэсэ хъуахэр игъэгушхуэурэ
  • Псэр дихьэхыу къепсэлъыф.
  • Къантемыр дахащэу къофэ,
  • Къыдишау Аледэ шыр.
  • Къреш Iэзэу уэрэд цIыкIухэр
  • Къуэш нэхъыщIэ Жантемыр.
  • 6
  • Дамир ешкъым — хетIэ-хесэ,
  • ЕщI Дыщэнэ ислъэмей,
  • Зэзэмызи зэпегъэури,
  • Вагъуэ Шырым худоплъей,
  • ЩогуфIыкIыр, нащхьэ хуещI.
  • Къэхъупауэ псэлъэрей,
  • Мэбзэрабзэ гуфIэрейр:
  • «Жэщ дахащэр зыгъэнэху,
  • Сыт ухуэдэ, ди Шыр Нэху?
  • ЩыщIэращIэм дунеишхуэр
  • ФыкъытхуигъэщIащ ди Тхьэшхуэм.
  • ФIыгъуэу щыIэм я дамыгъэщ
  • Къытхуалъхуа ди сабий дыгъэр.
  • Фэ цIыкIуитIыр тIури зэуэ
  • Фыкъыщытехьам дунейм,
  • Къэхъухэр къытхуэмыщIэт зыми:
  • Къытщыхъут къаблэу ЩIы Хъурейр.
  • ЗимыщIэжу жэщыбг уафэм
  • Лэгъупыкъухэри пигъэнат.
  • Телъыджащэтэкъэ ар!
  • Дызоплъыжыр, щым дыхъуау.
  • Медан докI — зыкъыдощIэжри,
  • Щхьэусыгъуэри къыдощIэж —
  • Ар дэ псоми ди зэхуэдэ
  • Насып кIуапIэ гукъыдэжщ.
  • ЦIыкIуи ини дыфхуохъуахъуэ
  • ГъащIэ дахэ къэвгъэщIэну!
  • Уафи щIылъи ФIым и Лъахэр
  • Фи нэхугъэм щымыщIэну!
  • НасыпыфIэу фыпсэуну!
  • Фыпсэуху фыузыншэну!
  • Демызэшу фхуэдгъэш хъуэхъухэр
  • Тхьэшхуэм жиIэ къабыл хъуну!»
  • 7
  • Вагъуэхэри мабзэ, мадэ.
  • Дыщэ дамэхэр традэ:
  • Пщэдей ахэм я парадщ,
  • Дэри деплъын ди мурадщ.
  • Нурыр зи бэу бын дахащэм,
  • Вагъуэ Шыру къабзэкIейм,
  • Мазэ Нагъуэ цIэ хуэфащэ
  • Насып жери къыфIищащ,
  • И щхьэцыгъуэм щыщ налъищи
  • ЦIэфIэщ джанэу щитIэгъащ.
  • НэфIэгуфIэу нэкIуху фIыгъуэр
  • Нэхъ лъэщыжу лыд къыпфIощI.
  • Пщащэ цIыкIу ди гурыфIыгъуэм,
  • Ди Тхьэ, Насып Вагъуэ хуэщI!
  • КЪУМАХУЭ Хьэлимэт.
  • Аруан (Мысостей) къуажэ
  • Stardust flowing from an open hand. Digital illustration.