ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъэкIуэжыну  хуеймэ, Iэмалхэр  щыIэщ

2021-07-31

  • Мелуаниблым зэрынэхьэсу къалъытэ адыгэ лъэпкъыр нобэ къэрал 50-м щIигъум щопсэу. Илъэси 150-м щIигъуауэ нэгъуэщIхэм яхэс ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Iэмалрэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэ я бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэным. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яхузэфIэкIащ лъэпкъ зэхэщIыкIыр ямыгъэкIуэдыну, къащIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъыр ящIэу къагъэхъуну.

  • Си псалъэхэм щыхьэт ятехъуэ куэд сыщрихьэлIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ сыздэщыIа къэрал зыбжанэм. Тыркум ис адыгэхэм ящыщу нэхъыжьхэмрэ курыт ныбжьым итхэмрэ хамэщI щыпсэууэ къыпхуэмыщIэн хуэдизу, я нэхъыбэм бзэр яIурылъщ, ахэр нэхъ хущIокъу я щIалэгъуалэр хэкум къагъэкIуэну, щрагъэджэну, щагъэпсэуну. Гур хегъахъуэ Германием ис адыгэ нэхъыжьыIуэхэми адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэ зэрахъумам, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, щIалэгъуалэм бзэр ящIэжыркъым. ГъэщIэгъуэнщ гу зылъыста зы Iуэхугъуэ: адыгэбзэкIэ мыпсалъэми, европей теплъэ яIэми, а фестивалхэм къыщызэхуэс щIалэгъуалэм яхэлъ адыгагъэм адрейхэм къащхьэщегъэкI. ИгъащIэкIэ я теплъэкIэ хуумыгъэфэщэнуми, хабзэ яхэлъу, я адыгэ унэцIэр ящIэжу апхуэдэщ нэмыцэхэм яхэс щIалэгъуалэр.
  • Адрей къэралхэм елъытауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зи Iуэху дэкIыу, зи пщIэр зыIыгъыжу лъэпкъым къытхэтыр Израилым исхэращ. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адыгэ нэсу къызэтенащ. Зы цIыху хьэрыпыбзэкIэ е журтыбзэкIэ щыпсалъэркъым абы. Сыт щхьэкIэ? Хамэбзэр зэрапэсыркъыми! Езыхэм я анэдэлъхубзэр нэхъыфIу ялъагъури! Абы къыщалъхуа адыгэм дэнэ щыIэми и бзэр ехъумэ, и щIэблэм ирегъащIэ. СыздэщыIа унагъуэм я къуэр США-м, я зы пхъур Австрием, адрейр Израилым щыпсэурти, гъэмахуэм я адэм и лъапсэм — Кфар-Камэ — щызэхуэсыжат. Илъэси 4-5 нэхъыбэ я ныбжьтэкъым а къэкIуэжа зэдэлъхузэшыпхъум я бынхэм. А цIыкIухэр псори адыгэбзэ къабзэкIэ щызэдэуэршэр пщIантIэм нурыр къыдихырт, хэкужьым и адыгэ къуажэжь ущыIэу къыпщигъэхъурт.
  • ХэкумкIэ зигу къэгъэза ди лъэпкъэгъуу зи Iуэхурэ лъапсэрэ хамэ къэралхэм щызэтезыухуахэм занщIэу зыкъащтэу къызэрымыIэпхъуэжыфынур гурыIуэгъуэщ, ауэ хэкIыпIэр гъунэжщ, адыгэу къызэтенэну хуей закъуэмэ.
  • 1990 гъэхэм къэрал гъунапкъэхэр зэIуаха нэужь, хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж хъуащ, зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэзэщIэну. Абы щыгъуэм къэIэпхъуэжыпэ-ну тегушхуахэри щыIэщ. Пэжщ, алъандэрэ къэзыгъэзэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ. Ар икъукIэ мащIэщ мелуаниблым щIигъу лъэпкъым дежкIэ.
  • ИтIани нобэ ахэр хэкурысхэм зэрахэсыхьыжамрэ езыхэм я хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр къызэIуахауэ ди къалэхэр ягъэдахэрэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ хуащIэу зэрыпсэур щыплъагъукIэ, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
  • Дауи, нэхъыбэ къэкIуэжыфынут, къэрал унафэ щыIэу, ар зи лъабжьэ программэ гуэр лажьэу щытамэ. Абы и щапхъи тлъэгъуащ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн, къэрал Iуэху ищIри, Косовэ къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэтIысыжащ. Абы иужькIэ, апхуэдэу зэрыIыгъыу къытхуэмышэжами, къэкIуэж зэрыщыIэм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыжхэр къызэрытхэтым я фIыгъэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр догъэлъапIэ.
  • Иужьрей илъэсхэм, Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкIуэжа щыIэхэщ. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Сирием къыщызэщIэплъа мафIэращ. Пэжщ, Хэкужьым щIэрыщIэу псэукIэр щызэтебухуэжыныр зэрымытыншымрэ зэрыпсэун къыщалэжьыфын IэнатIэ зэрыщымыIэмрэ къыхэкIыу, зыкъомыр Европэ къэралхэм кIуэжащ. Ауэ уимыгъэгуфIэу къанэркъым мыдрейхэр зыдэс къуажэхэм зэрахэзэгъам, лъахэм щыщыIэ псэукIэм зэресэжам. Дэ мызэ-мытIэу дыщыIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Аргудан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщI жылэхэм дэтIысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цIыхухэр гурэ псэкIэ адыгэу къыщIэкIащ икIи ди гъащIэм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужыIэнукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ цIыху щхьэхуэхэри ядэIэпыкъуащ, зыхэтIысхьахэрати, гъунэгъу гумащIэу къыщIэкIри, куэдкIэ сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэдкъазхэр ягъашхэ, хадэ ящIэ, гъавэ ягъэкI, IэнатIэ пэрытщ. Сабийхэр хъарзынэу гъэсапIэхэм, еджапIэхэм щIэзэгъащ, бзэхэр зрагъэщIащ, ныбжьэгъухэр яIэ хъуащ.
  • КъэкIуэжар мащIэми, махуэ хэха диIэщ. Ар Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, 2010 гъэ лъандэрэ егъэлъапIэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсри. НобэкIэ къапщтэу щытмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием щыщу цIыху 3000 къэкIуэжащ, Тыркум цIыху 268-рэ къикIыжащ, Иорданием щыщу 35-м къагъэзэжащ; Адыгэ Республикэм цIыху 2000-м нэблагъэ щопсэу, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм къикIыжауэ; Къэрэшей-Шэрджэсым мы илъэсхэм Сирием къикIыжри къэкIуэжащ цIыху 34-рэ.
  • Псори зэхэту къапщтэмэ, ди лъэпкъэгъу мини 5-м адэжь Хэкур зрагъэгъуэтыжащ. Абыхэм республикэм щекIуэкI гъащIэм, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэр яхэтщ.
  • Къэзыгъэзэжа адыгэ щIалэгъуалэу 100-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ. УзыщыгуфIыкIынщ ди деж къэIэпхъуэжахэм Хэкужьым къыщалъхуа щIэблэ къазэрыщIэхъуэр, ахэр курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсщ, мэлажьэ. Мы гъэм школыр ныбжьыщIипщIым къаухащ, абыхэм яхэтщ предмет зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэри.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.