Полицейхэм я тыгъэхэр
2017-06-10
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысей МВД-м и «Аруан» къудамэм и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Налшык къалэм дэт Сабий унэм и гъэсэн цIыкIухэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы IуэхущIапIэм зыужьыныгъэ щхьэхуэ зиIэ сабийхэр, адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэнахэри яхэту, щаIыгъщ илъэсищ ныбжьым нэсыху.
- Полицейхэм цIыкIухэм хуашащ Iэмал имыIэу зыхуеину хьэпшыпхэр. Сабий унэм и лэжьакIуэхэм абыхэм фIыщIэ хуащIащ балигъхэм къащыгугъ ныбжьыщIэхэм сыт щыгъуи я нэIэ къызэрытрагъэтым папщIэ.
- Бахъсэн Ланэ.