|
Зытеухуар 'Малъхъэдис'
2021-09-11
- Жыгым и пщIащэр и фащэщ
- Дзыгъуэ цIыкIурэ пэт Iэтэшхуэм ипIытIыркъым.
- Дзыхь зыхуумыщI щыкъур мэкъутэ.
- Езэшыр пшынэ йоуэ.
- Ем «сынокIуэ» жиIэркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-09-04
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
- Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ. Гуэгушылми, и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым и щхьэфэм шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри хьэкулъэкIэ ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри, шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ. Лы жьар тебэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ. Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6-7-кIэ къагъавэ. Тебэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри бжьыныху лыбжьэ тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-08-28
- Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым
- Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ. Псалъэр псынщIэу хэIущIыIу зэрыхъум теухуащ.
- Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу. Зым Iыхьэ Iэджэ лъос, зы Iыхьи ялъыскъым Iэджэм.
- Зы сампIэм ситI зэдихуэркъым. Пашэныгъэр, бжьыпэр, тетыгъуэр убыдыным зэхуэдэу хущIэкъухэр зэгъусэу зэдекIуэкIыфыркъым.
- Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ. Унафи хабзи яIэжкъым: зым зыр кърехуэкI — я Iуэху зэIумыбзщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-08-21
-
Лэгъунэ мафIэпэ
- НысащIэр пщэфIэным, Iуэху щIэным япэу щрашалIэм деж бзылъхугъэ нэхъыжьыр хуэлъаIуэрт, жьэгум зэи мафIэр щымыкIуэсэну, къэкIымрэ къалъхумрэ Тхьэм щимыгъэщIэну.
- Бзылъхугъэм я нэхъыфIым нысащIэу къызэрашэ лъандэрэ лэгъунэ мафIэу хузэщIагъэнар имыгъэкIуасэу зэрихьэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-08-14
- Хъэуан фо
- Хъэуаныр фIыуэ хъуауэ къыхах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан гъущэкIэ ялъэщIыж, тIууэ зэгуаупщIыкI, жылэр кърахри яупщIатэ, и фэр трагъэж, хъэуаныку къэнам псыр къыщIаху. Абы щхьэкIэ псыщIэху, лыхьэж къагъэсэбэп, е бинтым кIуэцIалъхьэри къыщIакъузыкI. Хъэуаныпсыр кхъузанэ щабэкIэ язри, кIэструлкIэ мафIэм трагъэувэ. МафIэр ин ящIри, и щхьэр темыпIауэ къагъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Ар зэ къызэрытекъуалъэу зэIащIэ, къимыкIын щхьэкIэ. Къытекъуэлъар дакъикъи 5 — 6 дэкIмэ къикIыжынукъым, къэкъуалъэу тетынущ. ЩIимысыкIын щхьэкIэ, хъэуаныпсыр бэлагъкIэ зэIащIэ. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар Iув хъууэ хуожьэ. МафIэ мыгуащIэм тету дакъикъэ 48-кIэ къавэмэ, хъэуаныпсым и пщтырагъыр градуси 105 — 106-рэ мэхъу. Мис абы и ужькIэ фор хьэзырщ. Ар гъуэжь-фIыцIафэу, Iуву, зэпышу щытщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-08-07
- Хабзэм щыщщ
- Насыпыр фызым къыдокIуэ
- «Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», — жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: Бжэгъу закъуэ хэси, фызыфIым уигъэунэнщ. ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ. ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ. Насыпыр фызым къыдокIуэ. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызырщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-07-31
- Гупсысэ кIэщIхэр
- ЕхъулIэныгъэр уафэм къехуэхыркъым
- ГурыщIэр — гушыIэжьейкъым, дыхьэшхэн ухъуну ухуэмеймэ, псоми яхуумыIуатэ. УусакIуэмэ — ар нэгъуэщI Iуэхущ: цIыхур уи гу пцIанагъэм есэжащи, къыпхупыгуфIыкI мыхъумэ, къыпщыдыхьэшхыжыркъым (гущIэгъу къыпхуещI).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-07-24
- ТхьэкIумэкIыхь
- Шынэкъэрабгъэ
- Таурыхъ
- Псей жыгым и лъэдийм кIэрыгъэщIауэ жей Мыщэр гъы макъым къигъэушащ. Ар едэIуапэри, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур зэщыджэрт.
- Сыту сынасыпыншэ сэ! Сыту сытхьэмыщкIэ сэ! Сэр фIэкIа яшхын щхьэ ямыгъуэтрэ къашыргъэми, дыгъужьми, бажэми. Сэри абыхэм сащошынэри, къызэрыслъагъуу зызогъэпщкIу. Апхуэдизу щхьэ сышынэкъэрабгъэ? — зиухыжыпэрт псэущхьэ цIыкIум.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-07-17
- Прозэу тха усэ
- Телъыджалъэ
- Гупсысэ инхэр игъащIэми къахуогъэIурыщIэ, ауэ щхьэм IурыщIэ щыхъуа гупсысэ дэтхэнэми игъуэ- тыркъым ахэр зэрыхуэн псалъэрэ псэлъафэрэ. Яхуэфащэ жыIэкIэрэ ухуэкIэрэ. Бзэм и пкъыр зыгъуэта гупсысэхэмрэ ар ямыгъуэту бзэхыжахэмрэ зэпэплъытмэ, зыгъуэтар — зы ткIуэпсым хуэдэщи, зымыгъуэтар — тенджызым хуэдизщ. АтIэми, щыIэу къыщIэкIынукъым илъэс мин бжыгъэкIэ лъэпкъыр зыщIэпсэукIа бзэм пхуимыгъэзэгъэн гупсысэ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-07-10
- ГъэщIэгъуэнщ
-
Бзэ дапщэ зригъэщIэфыну цIыхум?
-
Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик 2003 гъэм и жэпуэгъуэм упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».
- «Си адэшхуэрагъэнщ!», — къыхуитхыжащ абы США-м щыпсэу зы щIалэм, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-07-03
- Фи лъэIукIэ
- Иджыблагъэ редакцэм къэпсэлъащ «Адыгэ псалъэм» куэд щIауэ и щIэджыкIакIуэ, Нарткъалэ щыщ Тохъу Мухьэмэд. НэхъыжьыфIым зыкъытхуигъазэрт ПащIэ Ахьмэд игъэзащIэ «Анэ» уэрэдым и псалъэхэмрэ и хъыбарымрэ газетым къытеддзэну. «УэрэдыфIыр зэи жьы хъуркъым, купщIэ хэлърэ псалъэхэмрэ макъамэмрэ зэщIэжьыуэмэ, ар гум псэхугъуэ езытщ. ГъащIэ зиIэхэм ящыщщ «Анэ» уэрэдыр. Адыгэхэм я гуфIэгъуэ Iэнэхэм сытым дежи щыIурт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр. Апхуэдэу зэныбжьэгъухэр дыщызэхыхьэ гуфIэгъуэ зэхуэсхэм мы уэрэдри щыжытIэну дыхуейт», — жиIащ Мухьэмэд.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-06-26
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- ДзасэкIэ гъэжьа мэлыл
- Мэлылыр яупщIатэ г 30 — 35-рэ я хьэлъагъыурэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, дзэху тепщэчым иралъхьэ, яшыу, шыбжий хаудэ, бжьын ущэба халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. Абы, зэIэщIэурэ, къундэпсо щIыIэ щIакIэ, и щхьэр трапIэж, щIыIэпIэ ягъэуври, нэху кърагъэкI. А зэманым лыр зэ-тIэу зэIащIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-06-19
- ЖыIэгъуэхэр
- УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ
- Псалъэ пэжым гъащIэшхуэ иIэщ.
- ПIащIэу уи унэм къыщIыхьами, узыхуэмей псори елъагъу.
- Лъагъуныгъэр гъащIитI зэпыщIэщ.
- ПасэIуэу къалъхуаи щыIэкъым, кIасэIуэу лIэжаи щыIэкъым.
- Хьэ къобэнырейм ущымышынэ, узыщышынэнур зыри жимыIэурэ и кIэр пхуэзыгъэджэгуращ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-06-11
- Гупсысэр – псалъэкIэ
- Насып гъуэгу
- Щэхуу, бзыщIауэ зэрыщытынуми уемылIэлIэжу, уи гурылъхэмрэ уи нитIым я хъуаскIэхэмрэ къызэбутIыпщрей хъуащ. Си ныбжьым укъыздытридзэу, си макъым уриджэрпэджэжу си гъащIэм укъыхэбэкъуэну ухэтщ. ЩIэчэ имыIэуи жыIэщIэ, дэубзэ укъысхуэхъуну узэрыщIэхъуэпсри убзыщIыну уигу къэбгъэкIыххэркъым. СыткIи уи деж къыщызлэжьа езэш уимыIэу къысхуэбгъаблэ уэздыгъэм къыпих нур гуакIуэр, щысхьырабгъу лъэпкъ хэмылъу къысхуупхъ псалъэ хэщыпыхьахэр?.. ПщIэрэ, уигурэ уилрэ къысщIэузу къысщагъэхъу къудейщ абыхэм, къэуат гуэри зыхэсщIэркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2021-06-05
- Фэ фщIэрэ?
- ТхылъымпIэр къыщагупсысар
-
- 1962 гъэм ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэса студентхэм я бжыгъэр плIыкIэ нэхъыбэт, Инджылызым, Италием, ФРГ-м зэгъусэу щеджэм нэхърэ. А лъэхъэнэм ди хэкум исхэм ящыщу цIыхуиплIым я зыр еджэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
|