Сытым щыгъуэ, мынобэмэ…
2021-06-24
- Бзэхэм гъащIэ яIэщ, цIыхум хуэдэ къабзэу. ЦIыхур и узыншагъэм здихьым нэс, бзэр зей лъэпкъым Iурылъыху мэпсэу. КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыщхьэщыт бзэуэ дунейм тетым я атлас зэхигъэуващ ЮНЕСКО-м. Абы бзэр щыхупIэм зэрыхуэблагъэ лъэбакъуэхэр 6 хъууэ къихутащ:
-
— зыкIи къыхэмыщтыкIми хъунущ нэхъыжьым яIурылъ бзэр нэхъыщIэми ящIэу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэр; - — щIэблэм я нэхъыбэр ирипсалъэу, ауэ унагъуэхэм фIэкIа къыщамыгъэсэбэпмэ, бзэм и Iуэхур къэтIасхъэу хуежьащ;
- — кIуэдыжын гъуэгум теувауэ аращ еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щамыджмэ;
- — шынагъуэм нэсащ адэ-анэм ящIэу, ауэ я быным иремыпсалъэмэ;
- — мэкIуэдыжыпэ, нэхъыжьхэм фIэкIа, нэхъыщIэхэм бзэр зыIурылъ яхэмытмэ;
- — бзэр щыIэжкъым, ирипсалъэ цIыху щыщымыIэжым.
- Дуней псом бзэуэ миних-минибл тетщи (хъыбарегъащIэ зэщымыщхэм зэтемыхуэу къызэратымкIэ), илъэсищэ къэкIуэнум и кIуэцIкIэ зэхуэдитIыр щымыIэжыну тражыIыкI. Урысейм лъэпкъыбзэу 174-рэ щызекIуэрти, 20-р кIуэдыжащ, 136-р мэкIуэдыжри гъуэгу тетщ. Франджым щызекIуэ бзэхэм ящыщу 26-р, Германием — 7-р кIуэдыжым хабжащ. Австралием лъэпкъыбзэу 250-рэ щызекIуэу щытати, нобэм къэсар 40-щ. Щапхъэхэр узыщIэзыгъэгупсысыжщ. НтIэ, дыгупсысэххэнумэ, Кавказым ис лъэпкъхэм я бзэм кIуэдыжыныр зыхуамыгъэфащэ яхэткъым. Бзэм и узыншагъэр здынэсыр къызэрапщыр ирипсалъэм и бжыгъэм, щIэблэм зэрырагъащIэм, къэралымрэ жылэмрэ а бзэм хуаIэ щытыкIэм, бзэр зэрадж тхылъ щыIэ-щымыIэм елъытауэщ.
- Шэч хэлъкъым сыт хуэдэ бзэри зей лъэпкъым дежкIэ зэрылъапIэм, нэхъыфIрэ нэхъ IейкIэ зэхагъэкIым ар зэрыщымыщым. ГурыIуэгъуэ дыдэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэми я хабзэми пщIэ хуэщIын зэрыхуейр. Ауэ насыпыншэщ, унэхъуащ нэгъуэщIыбзэкIэ анэдэлъхубзэр зыхъуэжыр. НэгъуэщIыбзэр — нэгъуэщI гупсысэкIэщ, нэгъуэщI гурыIуэкIэщ, нэгъуэщI хэплъэкIэщ, нэгъуэщI щыIэкIэщ, а псом къыпкърокIыж нэгъуэщI зэхущытыкIэ. Уи бзэр пфIэкIуэдамэ е бгъэкIуэдамэ, псэ хьэху къэпщтащи, къыпхуищI уи унафэщ, абы узэрыщигъэтщ, узэригъэпсэущ. УзищIысам урищIысыжкъым, узыпыхьами нэгъэса ущыхъуркъым. Къыпхуигъэфэща лъэпкъ гупсысэкIэм, лъэпкъ хьэл-щэным, цIыхукIэм, гущхьэгъэсэкIэм утекIрэ нэгъуэщIым хуиуха щыIэкIэм зеппщытмэ, апхуэдэ псэр Тхьэшхуэми зригъэкIуэлIэжыну пIэрэ? Имыгъэкъуэншэну пIэрэ езым къыхуигъэфэща бзэр быным езымыпэсыжар?
- Бзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ зэдокIуэд. Ар зы махуэм къэхъу Iуэхукъым. НэгъуэщIыбзэр къыхэпшахъуэ зэпытмэ, ауэрэ бзитIри зэдагъэIэпыкъуурэ псалъэу хуежьэмэ, кIуатэурэ ямыбзэмкIэ нэхъыбэрэ зэпсалъэ хъумэ, икIэм анэдэлъхубзэм жыжьэ имыхьыныр дагъуэ хуащIрэ, IэщIыб ящIыжмэ, лъэпкъгъэкIуэдыр езы лъэпкъым зрищIылIэжауэ аращ. Апхуэдэ къэхъуа нэужь, къуаншэр къэбгъуэту уешхыдэкIэ зэпэщыжын Iуэхукъым, абы нэгъэсын хуэмейуэ аращ. Ди нобэм еджапIэхэращ анэдэлъхубзэм пщIэ гуэр щигъуэтыжри, жыIапхъэщ адыгэбзэкIэ гущэкъу уэрэд зыжрамыIа, таурыхъ щIамыгъэдэIуа, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр нэхъыжьым я бзэм къыщагъэсэбэпу зэхэзымыха сабийм и анэдэлъхубзэм хуэгущIыIэу егъэджакIуэм зэрыIэрыхьэр. Сыту пщэрылъ гугъущэ апхуэдэм и бзэм лъагъуныгъэ хуебгъэщIыжу ар куууэ иджыным епшэлIэныр. Абы щыгъуэми адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм я пэшыр къызэрызэгъэпэщамрэ тхылъхэр теплъэкIи итымкIи зэман екIуэкIым зэрыхуэхъумрэ адрей предметхэм фIыуэ къакIэрыхуу.
- Бзэм и хъумакIуэр ар зей лъэпкъыращ, зыIурылъ цIыхуращ. ЦIыху пIэщIэукIэмэ, хабзэ ткIийм урашэлIэнущ. Уи бзэр букIыжкIэ, хабзэм укъилъыхъуэнукъым, ауэ абы нэхърэ нэхъ шынагъуэ щыIэщ: а бзэр ди деж къэзыхьэса, къытхуэзыгъэна нэхъыжь димыIэжхэм я псэ къытхуэмыарэзымрэ етщIар къагурыIуэпа нэужь нэлат къыдэзыхыну щIэблэмрэ.
- ЦIыхум и анэдэлъхубзэм хуиIэ лъагъуныгъэр, пэжагъыр къэзыгъэлъагъуэр ар щыIэн, зиужьын папщIэ хуищIыф хэлъхьэныгъэмкIэщ. А гупсысэращ адыгэбзэр, адыгэ щIэнхабзэр хъума хъуным, зиужьыным телэжьэн «Адыгэ дуней» лъэпкъ фонд диIэн хуейуэ дезышэлIар. Апхуэдэ зы хэкIыпIэ къэгъэхъун зэрыхуейм лъэпкъ Iуэхум иригузавэхэр тепсэлъыхь зэпытти, и пIалъэр къыщысар иджыуэ къыщIэкIынт, псалъэм дыпыкIри, Iуэхум дыпыхьащ.
- «Адыгэ дуней» фондыр зэрыщыIэрэ илъэситI мэхъу. Ар къызэзыгъэпэщахэр дегупсысащ, «дызищIысыр фымыщIэми, фыкъыткъуэувэ» жыдмыIэу, япэщIыкIэ дгъэнэхъапэмрэ дызэлIэлIэнумрэ гурыIуэгъуэ зыщI лэжьыгъэ къэдгъэлъэгъуэн-щи нэхъыфIщ, жытIэу. Дунейм къытедгъэхьащ Еуаз Зубер и «Адыгэ-абазэ пшыналъэхэр» шыкIэпшынэм папщIэ тхылъыр, мы сатырхэр зытхым и «Шу закъуэ хуэрзалэр» (ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыналъэхэм ятеухуауэ), Еуаз Зубер и шыкIэпшынэ бзихми бзэ пщыкIухми, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ «Кавказ» зыфIаща проектым ипкъ иткIэ къыдагъэкIа тхылъ том тIощI хъухэми лъэтеувэ яхуэтщIащ, цIыхум къедгъэцIыхуащ. Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм щIэныгъэ-узэщIакIуэ центр къыщызэIутхащ «Нало-Центр» фIэщыгъэр иIэу, Нало лъэпкъым къахэкIа цIыху телъыджэхэу Жансэхъу, Заур, Ахьмэдхъан, Евгение сымэ я цIэр зэрихьэу. Абы щекIуэкIынущ адыгэгу, адыгэпсэ зиIэ щIэблэ къытщIэувэным телажьэ Iуэхухэр: щIыналъэм ит еджакIуэхэр щызэхуэзэнущ, я къэухьым зиужьыным папщIэ, тхылъхэм еджэурэ къыщыIэта Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьынущ, тхакIуэ-усакIуэхэм щахуэзэнущ, зэхуэс, зэпеуэхэр щекIуэкIынущ. Псори зытещIыхьауэ щытынур ди быным я анэбзэр фIыуэ ялъагъуныр, ирипсэлъэныр аращ. Апхуэдэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ центрхэр къыщызэIутхынущ адыгэ щыпсэу щIыналъэ къэс.
- Япэ игъэщыпхъэу фондым къилъытэхэм ящыщщ сабий IыгъыпIэхэм адыгэбзэмкIэ щIэныгъэ зэпэщ щагъуэтыным хуэщIа Iэмэпсымэ яхуэгъэхьэзырыныр. ЦIыкIухэр дэзыхьэх макъ, макъамэ зыщIэт тхыпкъылъэ, щхъуэкIэплъыкIэ дахэу гъэщIэрэщIауэ дыкъэзыухъуреихь дунейр къызытещ сурэтхэр, ди IуэрыIуатэм тращIыкIа иджырей таурыхъхэр, аудио-видео материалхэр, нэгъуэщIхэри — урыс хъуа хьэзыру курыт еджапIэм къакIуэ цIыкIухэр хабзэ мыгъуэ тхуэхъуну дыхуэмейр пэжмэ, гуащIэу диIэр зэхэтлъхьэу дгъэзэщIэн хуей лэжьыгъэщ.
- Курыт еджапIэм щIэс ди быным адыгэбзэр щаджыну пэш зэгъэпэща яIэн хуейщ, адрей дерс гулъытэшхуэ зыгъуэтхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэм-рэ зэрапимыкIуэтыр я фIэщ ищIу. Апхуэдэ гупсысэм къыхэкIащ «Адыгэбзэм и пэш зэгъэпэща» проектыр. Интерактив доска, компьютер, проектор, ди сурэтыщI Iэзэхэм я IэдакъэщIэкIхэм теха репродукцэхэр, библиотекэ бей — мыбыхэм языхэзыр чэммэ, еджапIэ пэшыр екIуэкI зэманым хуэмыкIуэу аращ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ щадж пэшхэм языхэзри щIэткъым.
- Олимпиадэхэм, зэпеуэхэм адыгэбзэмкIэ щIэныгъэфI яIэу зыкъыщызыгъэлъагъуэ еджакIуэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыр егъэджакIуэхэмрэ гъэфIэн хуейщ, уи бзэр фIыуэ пщIэным пщIэ лей къызэрыпхуихьыр я нэгу щIэгъэкIыныр Iуэху щхьэпэ дыдэу доплъ. ФIыщIэ саугъэт, стипендиехэр курыт еджапIэм щызекIуапхъэщ, адыгэ IуэхумкIэ псом я лей зыхузэфIэкIар щыгуфIыкIыу. «ДифI догъэлъапIэ» проектыр зыхуэгъэзар аращ.
- Щыпсэу хэкум и даха-гъыр, гъэщIэгъуэнагъыр ебгъэцIыхуныр лъабжьэ мэхъу ар фIыуэ ялъагъунымкIэ. Абы тещIыхьащ «Си адыгэ хэку» проектым тету, еджакIуэхэри егъэджакIуэхэри зыплъыхьакIуэу къешэкIыныр хабзэ тхуэщIмэ. Заплъыхьым и мызакъуэу, щIыпIэхэм я тхыдэм щIэгъэдэIуныр, бгыхэм, псыежэххэм епха хъыбархэр егъэщIэныр Iуэхум къыхыдолъытэ. ЗызыщIэжыращ зызыхъумэжыр.
- ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм театр гъэлъэгъуэныгъэ ирегъэкIуэкI илъэс къэс. Абы хэтщ драмэ гупжьей зыгъэлажьэ курыт еджапIэхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр зэрекIуэкIа илъэс бжыгъэхэм нэрылъагъу ящIащ нэхъ цIыкIухэми нэхъ пажэхэми хуатха пьесэ ди лъэпкъ драматургием зэрыхэмытыр. ДжэгуакIуэу утыку къихьэну зыфIэфI сабийхэм ядежкIэ Iэмалыншэ мэхъу гуащэ-тхьэмадэ, зэщхьэгъусэ, зэнысэ-зэгуащэ ролхэр ягъэзэщIэныр. Я ныбжьым хуэмыкIуэ проблемэхэм хыхьэн хуейуэ, ар еплъхэм я фIэщ ящIу ягъэзэщIэну IэнатIэ гугъу Iуоувэхэр. Ар гъэзэкIуэжа хъуным пыхьащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондыр. Iуэхур ди усакIуэ, драматург лъэрызехьэ Къаныкъуэ Заринэ и пащхьэ итлъхьэри, абы зи еджапIэ къэухыгъуэхэм яхуитхащ «МафIэгу» зыфIища пьесэр. Ар гунэс ящыхъури, утыку кърахьащ Шэджэм къалэм дэт, дерс щхьэхуэхэр куууэ щрагъэджу Дэбагъуэ Бэрэсбий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м щIэс ныбжьыщIэхэм. Дэгъуэу образым ихьахэт, бзэ къабзэ яIурылът, уи фIэщ защIу джэгуфахэщ. ФIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ Бекъул Маритэ и унафэм щIэту а еджапIэм щылажьэ егъэджакIуэхэм: Къармэ Мадинэ, ХьэIупщы Маринэ, Тумэ Заретэ сымэ. Гурэ псэкIэ Iуэхум хэтащ спектаклым и режиссёр Къанкъул Ислъам. Ар Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артистщи, сабийм я утыку итыкIэмрэ спектаклым хуищIа дахагъэмрэ гурыIуэгъуэ мэхъу и IэщIагъэм куууэ зэрыхэтыр, къызэрехъулIэр. Артист ныбжьыщIэхэм я цIэ къиIуапхъэщ: Мамбэт Самир, МафIэдз Ренатэ, Жылэ Аделинэ, Алэкъей Алан, Къардэн Алан, Пекъу Ислъам, Къэжэр Элинэ, Маргъущ Темырлан.
- Ди адыгэ литературэр япэкIэ бэкъуащ Къаныкъуэ Заринэ и фIыгъэкIэ. Дыщогугъ сабийм пьесэ яхуэтхыным адэкIи и гуащIэ хилъхьэну, ар щапхъэ зыхуэхъун тхакIуэхэр къыкъуэкIыу щIэблэр дэзыхьэхын пьесэ куэд диIэ хъуну. Адыгэ дунейм къыхыхьа щIэм щыгуфIыкIыу и сценэр артист ныбжьыщIэхэм хуит къыхуэзыщIар Кэнжэ (Къуэшыркъуей) ЩэнхабзэмкIэ и унэращ. Iэмал къратащ зыщагъэсэнуи, пьесэм етщIэкIа лъэтеувэ пшы-хьым зыщагъэлъэгъуэжынуи. ФIыщIэри щытхъури яхуэфащэщ IуэхущIапIэм и унафэщI Мамий Нафисэт-рэ абы и къуэдзэ Балэ Людмилэрэ.
- ЩIэблэм къегъэщIэн хуейщ зыщыщ лъэпкъым тхыдэ бей зэриIэр, цIыху телъыджэ куэд дяпэ зэритар, ноби апхуэдэхэр дызэриIэр. Абы и лъэныкъуэ-кIэ егупсысыпхъэщ уэрамхэм, тхылъ хъумапIэхэм, еджапIэхэм зи щIэныгъэкIэ, лIыгъэкIэ, IуэхущIафэ дахэкIэ ар къэзылэжьа ди лъэпкъэгъухэм я цIэ фIэщыным. Апхуэдэу, «Адыгэ дуней» фондым Iуэху ищIащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Анзорей къуажэм дэт гъуазджэмкIэ еджапIэм шыкIэпшынауэ Iэзэ Щауей Елмырзэ и цIэр зэрихьэну хуагъэфэщауэ щытами, иужьрей илъэсхэм ар я мыхъурми щIыхьэпIэм фIэлъ хъыбарегъащIэми къызэрытемыщыжыр. МыхъумыщIагъэ къэхъуар зэрагъэпэщыжыну дылъаIуэу щIыналъэм и унафэщI Инжыджокъуэ Сэфарбий и цIэкIэ яхуэттха тхылъыр жэуапыншэ хъуащ. Къытедгъэзэжри дыщIэупщIащ, абы щыгъуэми тхыгъэкIэ жэуап диIакъым, псалъэкIэ къагъэIуащ Iуэхур зэпэщыжыну. ЗэкIэ зэрыщытщ. Щауей Елмырзэ хуэдэ цIыху щэджащэ зи къуажэ къыдэкIар иригушхуэныр, ар щIэблэм щапхъэ хуащIыжыныр, апхуэдэ лъэкIыныгъэ зиIэ и лъэпкъым къызэрыхэкIам иригъэгушхуэныращ екIури щхьэпэри. Сабийм яхэтлъхьэращ къахэтхыжынур, къыддалъагъуращ ядэтлъагъужынур.
- ЗэкIэ тхузэфIэкIар егъэлеяуэ бэлыхьу щымытми, ар фондыр зыгъэлэжьэну еувэлIахэм я Iуэху еплъыкIэр, зехьэкIэр къызыхэщщ. Гупыр хьэзырщ я зэман, гуащIэ халъхьэу пщэрылъ зыщащIыжахэр ягъэзэщIэну. Ауэ ар къыщыхъунур зэрылъэпкъыу къыкъуэувэмэщ. ЩхьэзыфIэфIагъкIэ къэхъуа фондкъым мыр. Апхуэдэ диIэн зэрыхуейр цIыхубэ хъыбарегъащIэхэм мызэ-мытIэу къыщаIэтащ, щытепсэлъыхьащ, дызэкъуэувэу ди бзэм, ди хабзэм дытемылажьэмэ, лъэпкъ махэ дохъу жыхуиIэ гупсысэр фонд диIэным ирапхыжу дыкъогъуэгурыкIуэ. Иджы зэхыхьащ лэжьэн гуп, дапоплъэ лъэпкъ Iуэхум и пщIэнтIэпс хилъхьэну арэ-зы адыгэхэм. ЩхьэдэдгъэIух хъунухэм ящыщкъым и бзэр имыщIэххэу къыщытщIэувэ сабийхэр, жьыри щIэри хамэбзэкIэ щызэпсалъэ адыгэ унагъуэхэр зэрыкуэдыкIейр, сабий гъэсапIэхэм адыгэбзэр зэрыщыземыкIуэр, адыгэр нэхъыжь щыблэкIкIэ къэтэджу щытауэ зымыщIэ щIэблэ къызэрыдгъэхъур…
- Бзэмрэ хабзэмрэ зэридгъэкIуэтам едвгъэпх жьы хъуа зеиншэхэр щапIыжым адыгэ лIыжь-фызыжьхэр нэхъыбэу зэрыщыIэр (мызеиншэхэри яхэту), и унэ исыжми, бын гулъытэ зымыгъуэт жьыкIэфэкIэр зэрымымащIэр, уеблэмэ адэ-анэм зи Iэ яхуэзыIэт бын къызэрытхэкIыр, сабий ныкъуэпIыр куэд зылъэмыкIыж адэшхуэ-анэшхуэхэм къыхуагъанэурэ зи щIалэгъуэ адэ-анэхэр зэман кIыхькIэ щIыпIэ жыжьэхэм зэрыщыIэфыр, къалъхуар хыфIэзыдзэ адыгэ цIыхубз цIыкIухэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытурэ дызэрыкIуатэр, Iэджи, Iэджи…
- «Сытым щыгъуэ, мынобэмэ» жыхуиIэ лъэхъэ-нэм дитщи, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым зэфIэкI иIэным девгъэлIалIэ, сыадыгэщ жызыIэ дэтхэнэми ди лэжьыгъэм къыпэкIуэм къыхэкIыу тхузэфIэкI гуэр фондым хэдвгъалъхьэ. Нобэ дигу пыкIым пщэдей дыщыгуфIыкIыжынщ, лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ къытщIэувэнщи.
- ХЬЭЦIЫКIУ Рае,
- «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и унафэщI.