ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ДАХ-м щагъэлъапIэ
2021-04-24
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъур мэлыжьыхьым и 17-м щагъэлъэпIащ «Трек» рестораным. ГуфIэгъуэ пшыхьыр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къехъуэхъуну, и махуэщIыр даIэтыну гуфIэгъуэ зэIущIэм къеблэгъащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, профессор БакIуу Хъанджэрий, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэш ФатIимэ, республикэм и артист пажэхэр, и ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.
- Къызэхуэсахэр ХьэфIыцIэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи дэтхэнэ зыми къыхигъэщащ къызыхэкIа лъэпкъым ХьэфIыцIэм хуилэжьа Iуэхутхьэбзэм и инагъыр.
- — Жылагъуэ лэжьыгъэу ебгъэкIуэкIым щыгъуазэр ди щIыналъэм щыпсэухэм я закъуэкъым, ар хэIущIыIу щыхъуащ адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым. Уи цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыдэм, абы и зэфIэувэным, зыужьыныгъэм. Лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм зиубгъуным, дунейпсо адыгэ щIэжым зыкъиIэтыным, ди щэнхабзэм утыкур иубыдыным, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэку- рыс адыгэхэмрэ зэрыубыдыжыным хэплъхьа уи гуащIэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ. Уи гукъыдэжыр мыужьыхыу иджыри илъэс куэдкIэ адыгэ лъэпкъымрэ ди Хэкумрэ уахуэлажьэу, уахуэщхьэпэу упсэуну ди гуапэщ! – зи махуэр зыгъэлъапIэм гуапэу ехъуэхъуащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Апхуэдэу къызэхуэсахам ягу къагъэкIыжащ Мухьэмэд и къекIуэкIыкIам, и лэжьыгъэм ехьэлIа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. КъаIуэтэжхэр гъэнщIат абы далъэгъуа гуапагъэмрэ лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэкIэ.
- ЗыгъэлъэпIахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд икIи къыхигъэщащ и лэжьэгъухэм, къыдэгъуэгурыкIуа и ныбжьэгъуфIхэм абы и гъащIэм увыпIэ хэха зэрыщаубыдыр.
- Щоджэн Iэминэ,
- ДАХ-м и вице-президент