ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Афганистаным  щызэуахэр   ягу  къагъэкIыж

2021-02-18

  • Совет зауэлIхэр къызэрырашыжрэ илъэс 32-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Афганистаным щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым и деж пэкIу щекIуэкIащ. Дунейр зэрыщIыIэм щхьэкIэ къэмынэу абы цIыху куэд къекIуэлIат.

  • Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур пэкIур къыщызэIуихам жиIащ:
  • — 1979 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м зауэм щыщIидзащ Афганистаным. Илъэсибгъурэ мазитIкIэ ар екIуэкIащ. 2010 гъэм мазаем и 15-р Урысейм щагъэуващ хамэщIым терроризмым щыпэщIэта зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъ махуэу. Ар икIи махуэ лъапIэу къыдолъытэ, сыту жыпIэмэ абы щыгъуэ зауэр иухат, лъыгъажэр къэувыIат.
  • Нобэ афган зауэм щыIахэр ди республикэм и дежкIэ пщIэ зиIэ, IуэхукIэ сытым дежи укъэзыгъэпэжхэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ цIыху 1800-рэ абы хэтащ. Афганистаным ди щIалэ 54-рэ щыхэкIуэдащ, 300-м щIигъур, къагъэзэжа нэужь, зауэм хаха фэбжьым илIыкIащ. Я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къыпэкIуэу куэдым къратащ орденхэмрэ медалхэмрэ. Ди гум къоуэ хэкIуэда ди зауэлIхэр икIи я фэеплъыр тхъумэн, ди щIэблэм ялъэдгъэIэсын хуейщ.
  • Республикэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ Афганистаным щызэуахэм папщIэ къызэрагъэпэщ дэтхэнэ Iуэхури лIыхъужьхэм яхуэфэщэну зэрекIуэкIыр икIи абы хилъхьэ жэуаплыныгъэ иным папщIэ Тхьэгъэлэдж Тимур фIыщIэ хуищIащ.
  • — Нобэ махуэшхуэщ, ТекIуэныгъэм и махуэщ. Фи къалэныр щIыхь пылъу вгъэзащIэри, фыкъекIуэлIэжащ. ХэкIуэдахэр ди гум илъщ. Мис мыпхуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ ди щIэблэм щапхъэу едгъэлъагъун хуейщ дэ абыхэм я пщIэр зэрыдмыгъэкIуэдыр. Афганистаным и ветеранхэр зыгуэрым ирагъэцIыхумэ, япэу жаIэ: «Афганистаным щызэуащ». А псалъэхэм и ужькIэ, хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ ар зыхужаIам зэи укъызэримыгъэщIэхъунур. Мис апхуэдэхэращ ди нэхъыщIэхэм щапхъэу яхуэдгъэлъэгъуэн хуейри, — жиIащ Шыхъуэбахъуэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артёми и къэпсэлъэны-гъэм къыхигъэщащ Афганистаным щызэуахэм я лIыхъужьыгъэм ди щIэблэр щIэтпIыкIын хуейуэ къызэрилъытэр. Ар зауэлIхэм ехъуэ-
  • хъуащ, фIыщIи яхуищIащ.
  • — Илъэс къэс мы фэеплъым и деж дыщыту дигу къыдогъэкIыж лIыгъэ яIэу зи псэ зытахэр. Си гуапэщ ныбжьыщIэхэр мы Iуэхум зэрыхэтыр, сыту жыпIэмэ, Iэмал имыIэу абыхэм яIэн хуейщ щапхъэ. Иджыпстущ цIыкIухэм я гупсысэр щызэрыубыдыр, емрэ фIымрэ зэхагъэкIыу зыщагъасэр, — жиIащ Афганистаным и ветеран Аттоев Борис.
  • ЩIэблэу къытщIэхъуэм зауэ ямылъагъуну хъуэхъуащ КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзэсэжь Хьэзрэтэлий. Абы къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIащ хэкIуэдахэм папщIэ.
  • Архиепископ Феофилакт жиIащ нобэрей махуэр пэжыгъэмрэ цIыхугъэмрэ я махуэуи къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ апхуэдэу къабзэщ Афганистаным щызэуахэм ягухэр.
  • ПэкIум хэта кадетхэмрэ школакIуэхэмрэ зауэлI хэкIуэдахэм япэбжу шар хужь 54-рэ уафэм драутIыпщхьеящ. Къызэхуэсахэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  • Гугъуэт  Заремэ.