КIуэрыкIуэ сурэт джэгу
2021-02-18
- «КIуэрыкIуэ сурэт джэгу» — аращ зэреджэр мы махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкI сурэт гъэлъэгъуэныгъэм. Абы и утыкум кърахьэнущ иужьрей илъэс тIощIырыпщIым сурэт щIыным къыщыунэхуа унэтIыныгъэщIэхэм тету лажьэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
- Кавказым и иджырей сурэт гъуазджэм щытепщэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ ахэр къызэраIуатэ щIыкIэхэмрэ зыхуэдэр зрагъэщIэну налшыкдэсхэмрэ къалэм хьэщIапIэ къэкIуахэмрэ Iэмал яIэнущ гъуэгум здыте- тым, кIуэрыкIуэу… Сурэтхэм гъэлъэгъуапIэу яIэнур Налшык къалэ цIыхухэр нэхъыбэу щызэхэзекIуэ щIыпIэхэрщ — Ленинымрэ ЩоджэнцIыкIумрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам бгъуфIэшхуэхэрщ. Уэрамхэм я кIыхьагъкIэ тет къэувыIэпIэ абджыпсхэм къищу ягъэлъэгъуэнущ ди хэгъэгумрэ хамэ щIыналъэхэмрэ щыщ сурэтыщIхэм я IэщIагъэхэр. Дэтхэнэ зы сурэтми QR-IункIыбзэ тетынущ, къызэIупхмэ, ар зи Iэдакъэ къыщIэкIамрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ теухуа хъыбарылъэм ухыхьэнущ.
- Жыпхъэ гъэщIэгъуэным иту екIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм и жэрдэмщIакIуэр «Арт-зыужьыпIэ» зи фIэщыгъэ, Налшык къалэ зиужьынымкIэ щыIэ институтымрэ Кавказ Ищхъэрэм и сурэт гъуазджэ гъэлъэгъуапIэхэм я зэгухьэныгъэмрэщ. СурэтыщIхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм, Мэзкуу, Бытырбыху къалэхэм, США-м щыщхэр. Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм я IэдакъэщIэкIхэр Мэзкуу бжьыхьэм къыщызэрагъэпэщыну «КIуэрыкIуэ джэгум» и утыкум иджыри зэ ирахьэжынущ.
- КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, дуней псом зыщызыубгъуа мыпхуэдэ арт-гъэлъэгъуэныгъэхэм я мыхьэнэр уеплъу ублэкIын къудейм и закъуэкъым, атIэ ягъэлъагъуэ гъуазджэ лIэужьыгъуэм хэлъ хьэлэмэтхэр зэбгъэщIэным ухущIигъэкъун, дахагъэм ухуигъэушын къару зэриIэрщ. Кавказыр лъэпкъ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэблэкI щIыпIэщ. А щэнхабзэхэр псэущ, цIыхум и гъащIэм хэпщащ, гуэх имыIэуи хэтщ. Ауэ абы зэрызиужьыр, зиужьыну Iэмал зэрыщыIэр, къигъэщI макъамэри жыжьэ Iуну зэрыщытыр псом япэ езы лъэпкъхэм ягурыгъэIуэн, зыхегъэщIэн хуейщи, арт-гъэлъэгъуэныгъэр дунейм щыIэ щытыкIэм ухуэзышэ лъэбакъуэщ.
- ШУРДЫМ Динэ.