ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къызытехьэлъэ  яхэт?

2021-02-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и етIуанэ Iыхьэм щIидзащ. Командэхэм къапэщылъыжыр иджыри къэс ирагъэкIуэкIам нэхърэ нэхъ мащIэщ.

  • Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ мазэрэ ныкъуэрэ дэкIауэ арами, ар къызытехьэлъэ хъуа командэхэм яхэту къыпщохъу. Армырамэ, дауэ къызэрыбгурыIуэнур щэбэт кIуам екIуэкIа зи чэзу джэгугъуэм Налшык и «Маисэмрэ» Къэ-бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэмрэ къызэрыримыхьэлIар. Я хьэрхуэрэгъуу щытын хуея «Тэрчымрэ» «Ислъэмеймрэ» елъытауэ, абыхэм гъуэгуанэ лей зэпачынутэкъым ди республикэм и къалащхьэм и къыдэлъэдапIэм деж щыIэ «ДыгъафIэ къалэ» еджапIэм и стадионым къэсын папщIэ. ЗэIущIэм къызэрымыкIуам къыхэкIыу ахэр 0:3-уэ къыхагъэщIауэ къалъытащ икIи я Iуэхухэр турнир таблицэм нэхъыкIэж щыхъуащ.
  • «Маисэмрэ» «КъБКъУ»-мрэ кIэух увыпIэхэр дэзыгуэш Налшык и «Ансар»-мрэ «Спартак-Д»-мрэ абы щыгъуэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. ЗэкIэ ехъулIэныгъэ-      хэр  яIакъым, топ зырызкIэ «Шэджэм-2»-мрэ «Мурбек»-мрэ къапикIуэтри, ауэ гува-щIэхами я ерыщагъым фIы гуэрхэр къахуихьын хуейщ.
  • Зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэри текIуэныгъэкIэ иригъэжьащ Бахъсэн и «Автозапчасть»-м. «Бабугент»-м бжы-гъэшхуэкIэ ефIэкIри, абы и пашэныгъэр нэхъри игъэбыдащ.
  • Бахъсэндэсхэм къакIэлъеIэ «Мурбек»-ри текIуащ. АрщхьэкIэ ар пашэм къызэрыкIэрыхур зэрыочкоиплIу къэнэжащ.
  • Ещанэ увыпIэр зэриIыгъщ «Малка»-м. Абы и пашэ ШащIэ Беслъэн иужь зэIущIэм Къэрэгъэш и «Иналым» топитI щыхудигъэкIащ икIи гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм ар 6 къыщыхэжаныкIащ. ШащIэм зы топкIэ къыкIэроху иджыри къэс пашэныгъэр зыIэщIэлъа «Ансар»-м и гъуащхьауэ Тамаев Аланрэ «Бабугент»-м щыджэгу Глашев Алимрэ.
  • Аргуэру и очко бжыгъэм зэрыхэхъуам и фIыгъэкIэ тур-нир таблицэм увыпIищкIэ зэуэ зыщиIэтащ «Тэрчым». Зэхьэзэхуэр гугъуу езыгъэжьа джылахъстэнейдэсхэр, илъэс къэси хуэдэу, медалхэм иджыри зэрыщIэбэнынум шэч хэлъкъым.
  • Фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и щIымахуэ чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Маисэ» (Налшык) — 3:0, «Кэнжэ» (Кэнжэ) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 4:1, «Тэрч» (Тэрч) — «КъБКъУ» (Налшык) — 3:0, «Мурбек» (Налшык) — «Спартак-Д» (Налшык) — 2:1, «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «Бабугент» (Бабугент) — 4:0, «Инал» (Къэрэгъэш) — «Малка» (Малкэ) — 2:4, «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Ансар» (Налшык) — 1:0, «Шэрэдж» (Старэ Шэрэдж) — «Шагъдий» (Зеикъуэ) — 1:1.
  • КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэм «ДыгъафIэ къалэм» и ста-дионым щызэIущIэнущ: щэбэтым — «Маисэ» — «Шэрэдж», «КъБКъУ» -«Шэджэм-2», «Бабугент» — «Кэнжэ», «Шагъдий» — «Автозапчасть», «ХьэтIохъущыкъуей» — «Мурбек»; тхьэмахуэм — «Ансар» — «Инал», «Спартак-Д» — «Тэрч», «Малка» — «Ислъэмей» командэхэр.
  • Хьэтау  Ислъам.