Дигухэм ущопсэу
2021-01-16
- Гугъущ фIыуэ плъагъу цIыхум, – ар уи Iыхьлыуи, уи ныбжьэгъууи, уи лэжьэгъууи щрырет, – блэкIа зэманым иту утепсэлъыхьыну. Гугъущ узэсэжауэ махуэ къэс къыупсэлъу щыта абы и цIэм «щыIэжкъым» псалъэр пыбгъэувэну. Гуауэшхуэщ цIыхур игъуэ нэмысу дунейм щехыжыр. Апхуэдэ дыдэу гуауэщ цIыху нэсыр, цIыху пэжыр, ар сыт хуэдэ ныбжьым имытми, игъащIэ псокIэ къимыгъэзэжыну щыпIэщIэкIым деж. Дэ фIыуэ тлъагъухэр игъащIэкIи дгъэпсэунут. АрщхьэкIэ гъащIэм езым и хабзэ ткIийхэр иIэжщ. И натIэ къритхам IэщIэкIыфаи мы дунейм къытехъуакъым. Пэ зиIэм кIэ иIэщи, гъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ. ИщхьэмкIэ щащIа унафэм дэ тхухэлъхьэни, тхухэхыни щыIэкъым. Къэнэжыр дунейм ехыжам ди гум плIанэпэ щыхухэтхыу, абы хуэфащэу адэкIи дыпсэунырщ, ди IуэхуфIхэмкIэ, ди ехъулIэныгъэхэмкIэ и псэр дгъэгуфIэнырщ.
- Махуэ бжыгъэ хъуа къудейщ сэ зи гугъу ныфхуэсщIыну цIыхубзыр дунейм зэрехыжрэ. Ар си анэ дэлъху Бицу Георгий (Жорэ) и щхьэгъусэ Щэрдан Хужьпагуэщ (ЖенякIи деджэрт). Нобэ хуэдэу сощIэж ар ди анэм и деж нрахьэлIауэ зэрыщытар, нысащIэу ди пэш блыным щыкIэрытар. Абы щыгъуэ сэ сыщIалэ цIыкIут. (Псы куэд ежэхащ алъандэрэ). А зэманхэм къыщыщIэдзауэ гъэфIэгъыбзэу къысфIищауэ щыта цIэмкIэ къызэджэу, гулъытэ лей къысхуищIу, адрейхэм сакъыхигъэщхьэхукIыу и гъащIэр ирихьэкIащ Женя. Сэри апхуэдэ гулъытэм гуапагъэкIэ сыпэджэжырт.
- Иджыпсту, мы сатырхэр щыстх дакъикъэхэм, си гум нэпс нэрымылъагъухэр къыIэпоху. АрщхьэкIэ а бзылъхугъэ щыпкъэр нэхъыбэм къезгъэцIыхуну сыхуейщи, си тхыгъэм адэкIи къыпызощэ.
- Женя, уэ пхуэдэр зырызыххэт. Анэ гумащIэу, щхьэгъусэ пэжу, шыпхъу гуапэу, сыткIи уи дзыхь зэбгъэз хъуну цIыху щэджащэу дунейм утетащ. ЦIыхугъэ, лIыгъэ, шыIэныгъэ, щIыхь, нэмыс, гущIэгъу, гуапагъэ – цIыхупсэм лъабжьэ хуэхъуж а хьэл-щэныфI псори уи деж щызэхуэхьэсат. УзэпIэзэрытт, уIэдэбт, унэмысыфIэт, псалъитI я щхьэ зэтепчыртэкъым, уи жагъуэ къащIакIи, псалъэ дыдж цIыхум жепIэну уи щхьэ хуэбгъэфащэртэкъым. Уи дуней тетыкIэкIи, уи дуней еплъыкIэкIи, уи зыIыгъыкIэкIи щапхъэ зытрахым ухуэдэт. Уэ щапхъэм уращапхъэжт, Женя. Сыт хуэдэ Iуэхуми акъыл гъэтIысакIэ убгъэдыхьэрт. НэхъыщIэми нэхъыжьми уи чэнджэщ щхьэпэхэр я гъащIэ гъуазэт. Дахагъэм уи гур хузэIухат, псэр зыIэпызышэ гуапагъэ мыухыж уи нэгум кърихырт.
- УкъызыхэкIар унагъуэ хуэщIати, ар къыфхуамыгъэгъуфу бэлыхь куэд фагъэшэчащ. АрщхьэкIэ, фи лъым хэлъ уэркъыгъэр фи щIэгъэкъуэну, фэ хьэзабу щыIэм фатекIуащ. ИкIи, балигъ фыхъури, гъащIэм лъэ быдэкIэ фыхэуващ. Уи дэлъхухэу Щэрданхэ Абурэ Абдулрэ республикэ псом къыщацIыху. ТIури егъэджакIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Абу филологие щIэныгъэхэм я докторт. Урысыбзэмрэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ кафедрэм и унафэщIу, филологие факультетым и декану, деканым и къуэдзэу щытащ. Абдул физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Уи дэлъху нэхъыжь Жьэхьфар адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу и гъащIэр ирихьэкIащ. Уригушхуэ, урипагэ мыхъуну зы цIыху закъуи яхэткъым уи Iыхьлыхэм.
- Уи щхьэгъусэ Жорэрэ уэрэ фи псэр зы чысэ илъу фыкъызэдекIуэкIащ. Фэ тIур фызэкIурти, дунейм и екIури фи фащэт. Ди университетым химиемрэ биологиемкIэ и факультетыр къэвухат. Уэ япэщIыкIэ КъБКъУ-м, итIанэ педучилищэм щебгъэджащ. Жорэ педучилищэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ – директорым и къуэдзэу икIи егъэджакIуэу. Фи ехъулIэныгъэфIхэм папщIэ, республикэм и дамыгъэ лъапIэхэр мызэ-мытIэу къыфхуагъэфэщащ. Фызыхэт гупхэм пщIэрэ щIыхьрэ щывиIэт. Евгъэджа куэдым ноби фIыкIэ ягу фыкъагъэкIыж.
- Быным я ехъулIэныгъэр адэ-анэм я напщIэтелъщ. Узэрыгушхуэ хъун бын хъарзынэхэр зэдэфпIащ Жорэ фэрэ. Уи къуэ Вадим къулыкъушхуэ зыбжанэ зэрихъуэкIащ – республикэм кардиологиемкIэ и центрым и дохутыр нэхъыщхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру, Московскэ областым узыншагъэр хъумэнымкIэ и щIыналъэ управленэм и унафэщIу щытащ. Мы зэманым Урысей Федерацэм и Президентым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу щыIэм и къуэдзэщ. Фипхъу Маринэ экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэщ. Фи къуэрылъху-пхъурылъхухэр дыгъэл защIэщи, цIыхур зэхъуапсэм хуэдэщ – хэти йоджэ, хэти мэлажьэ…
- … Узэрытетам хуэдабзэу, щэхуу, мамыру уехыжащ уэ мы дунейм. Уехыжащ, уэркъ бзылъхугъэм зэрыхуэфащэу, ажалым и нэгум пагэу уиплъэу. Хьэуэ, уэ укIуэдыжакъым, Женя. Ажалым уи пкъыр пIихами, уи псэр абы пIэщIихыфакъым. Уэ уи псэр Iыхьэ-Iыхьэу яхэбгуэшауэ уи бынхэм яхэлъщ. Ахэр псэуху, уэри упсэунущ. ПсэкIэ фызэрыщIэу сыт щыгъуи фыкъызэдекIуэкIынущ. ЩагуфIэгъуи щагузэвэгъуи уэ абыхэм иджыри куэдрэ зыкъыпхуагъэзэнущ, уи чэнджэщ Iущхэм хуэныкъуэу. Я гъащIэ гъуэгур яхуигъэнэхуу, уи псэм и нурыр игъащIэкIи уи щIэблэм ящхьэщытынущ.
- ГъащIэр напIэдэхьеигъуэщ, гъадэщIыдэм къыхэлыдыкI зы хъуэпскIщ. Сыт-тIэ итIани цIыхухэм гущIэгъу щIызэхуэдмыщIыр?.. Женя, уэ пхуэдэу псори щытамэ, мы дунеижьыр зэтес хъунти, зы цIыхуми абы лей къыщытехьэжынтэкъым, зы мэжэщIалIи, зы щыгъыныджи щыIэжынтэкъым. АрщхьэкIэ…
- Уи дунейр пхъуэжами, зызымыхъуэж IэфIыгъэ дигухэм къибнэну пхузэфIэкIащ. Дэ уэ зэи утщыгъупщэнукъым, Женя. Дыпхуэарэзыщ! Жэнэтыр унапIэ Тхьэм пхуищI!
- Уи щхьэгъусэ Жорэ, уи бынхэу Вадимрэ Маринэрэ, уэ къыпхуэщыгъуэ адрей уи Iыхьлы псоми сэбэп яхуэхъункIэ, я гуауэр, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, ящхьэщихынкIэ сыгугъэу, мы си тхыгъэ кIэщIым уситI щIызогъу. Зыр илъэс зыбжанэ ипэкIэ уэ пхуэзгъэфэщат, Женя. Уи псэр Тхьэм щигъэгуфIыкI!
- Уэркъ гуащэ
- Щэрдан Хужьпагуэ хузотх
- «Уэркъ гуащэ» жаIэу зэхэсхамэ,
- Уэращ къыщIыхьэр сэ си нэгу.
- Апхуэдэ къабзэу, услъэгъуамэ,
- «Уэркъ гуащэ» псалъэр къокIыр сигу.
- Хьэл-щэну щыIэм я нэхъ дахэр,
- Я нэхъ курыхыр зи Iэпэгъу!
- ЦIыхупсэ уардэм и зэфIэкIыр
- Уэ къытщыбощIыр нэрылъагъу.
- Дахагъэр куууэ зыхыбощIэ,
- Гуапагъэм уи псэр хуэгъэпсащ.
- Уи псалъэ къэс пэшачэу дыщэм
- IущагъкIи Тхьэр къыпхуэупсащ.
- УнэмысыфIэщ, ущIыкIафIэщ,
- Пхэлъщ шыIэныгъэ, пхэлъщ гущIэгъу.
- Иджырей куэдым я насыпти,
- ЯIатэм пхуэдэ чэнджэщэгъу.
- УигъафIэу гъащIэр екIуэкIакъым,
- Къэхъуащ ар къыщопхъэшэкIа:
- Унафэ пхэнжхэм я зэранкIэ
- Лажьэншэу уи адэр пщхьэщачат.
- Бынунагъуэшхуэр фызэщIипIэу,
- Бэлыхь фи анэр хэмыкIа.
- ЩIэныгъэр фхуищIри гъащIэ гъуазэ,
- ЦIыху нэсу фыкъигъэтэджащ.
- Зэманыжь ябгэу зэман бзаджэм
- Къыплъигъэсами и удын,
- Уэркъыгъэр уи лъым хихыфакъым,
- ЛъэкIакъым уигу ириудын.
- Дунейм темыт уэркъ хабзэм хуэдэ,
- Уэркъ хабзэрщ лъэпкъыр зыхъумар!
- ЦIыхугъэ нэсым арщ и пщалъэр, –
- Яхыбопщэж уи щIэблэм ар.
- Уэ уздэщыIэм, къуму щытми,
- КъысфIощI удз дахэ къыщыкIын.
- Уэркъ гуащэ нэсым урищапхъэщ,
- Ухъу зи лIэщIыгъуэр имыкIын!
- Аращ и хабзэр дунеижьым
- Аращ и хабзэр дунеижьым:
- Къытохьэ зыр, адрейр токIыж.
- Къытщхьэщытыжкъым ди нэхъыжьхэр,
- НэхъыщIэ куэди тхэмытыж.
- ЦIыхупсэр махэми, цIыхугум
- Къарууэ хэлъкъэ ямылей.
- НэщIыбзэ хъунти мы ди щIыгур,
- Зыр лIэм зилIэжтэмэ адрейм.
- Гуауэ архъуанэм дыщрихьэм,
- Ныбжьэгъухэр псынщIэу къытлъоIэс,
- Я гу хуабагъкIэ псэм къыдыхьэу,
- Я псалъэр тхуэхъуу хущхъуэ нэс.
- ЩызэхокIыжри пшэр ди уэгум,
- Ди нэгум дыгъэр къредзэж.
- Адэжь щIэинщи гугъэ тIэкIур–
- Гугъэн аргуэру щIыдодзэж.
- Ауэ ди махуэм я нэхъ уэфIми
- Ди лIахэм – арщ и хьэлыр псэм–
- Я гушыIэкIи я псэлъафи
- Дигу къэдгъэкIыжурэ допсэу.
- Ажалыр гъащIэм и дэуэгъуми,
- ГуфIэгъуэм гуауэр къуэш ищIащ.
- ЩIым ехыжахэр дымылъагъуми,
- ГукъэкIыж къуэпскIэ дапыщIащ.
- Сыхуейщ сыхъуну сэ гъащIафIэ,
- ЩIым тетщи фIыуэ слъагъу цIыху куэд.
- Ажалми хъунщ нэхъ IущIэгъуафIэ,
- ЩIым щIэлъщи фIыуэ слъагъу цIыху куэд.
- МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ,
- усакIуэ, «Iуащхьэмахуэ»журналым и редактор нэхъыщхьэ.