Малъхъэдис
2020-12-31
- ГуфIэгъуэ Iэнэм
- Гуэгушыл гъэва
- Мы ерыскъыгъуэр щапщIэфIыр щIымахуэрщ. ФIыуэ гъэкъэбза, тхьэщIа гуэгушыр шыуаным иралъхьэ, щIигъанэу псы хуабэ щIакIэ, пэшхьэкум трагъэувэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр чымчыркIэ къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр цIыкIу ящI, шыгъу хадзэри, шыуаныщхьэр тепIауэ ягъавэ, ныкъуэвэфI хъухукIэ. АдэкIэ тIууэ зэгуэупщIыкIа бжьыныщхьэ укъэбза, шыбжий сыр халъхьэри хьэзыр хъуху ягъавэ. Шыуаныр хьэкум къытрахыжри, гуэгушыл вар дакъикъэ 15 — 20-кIэ лэпсым хагъэлъ. ИтIанэ лэпсым къыхах, хьэкъущыкъу лам иралъхьэ, шыгъу трагъэщэщэж, и щхьэр трапIэри, щIыIапIэ ягъэуври ягъэдий. Гуэгуш лэпсыр къагъэсэбэп шыпс, хьэнтхъупс иращIыну. Гуэгушыл дияр зэпкърахри, тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. Бжьыныху-шыгъу дытрагъэувэ. ПIастэ щIыIэ дашх.
- Къаз гъэжьа, мыIэрысэ илъу
- Къаз укIар ягъэкъабзэ, и кIуэцIыр кърах, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI, и пщэ пытыпIэр е зэгуадэ е папхыкI. Нэгэгъури тхьэмщIыгъури ятхьэщI. МыIэрысэхэр мыин дыдэурэ къыхащыпыкIри, ягъэкъабзэ: якIхэр кърач, я нэбжьыц цIыкIухэр пач, псы щIыIэкIэ ятхьэщI. МыIэрысэхэр зыупщIати щыIэщ, ауэ япэм адыгэхэм апхуэдэу ящIу щытакъым, щыжьэкIэ и псыр къыщIэмыжын щхьэкIэ. Къаз гъэкъэбзам шыгъу фIыуэ щахуэ, Iэмал зэриIэкIэ и фэр уIэн хуейкъым. Абы и кIуэцIым нэгэгъур, тхьэмщIыгъур, мыIэрысэр иралъхьэ, псы щIыIэ иракIэри мастэ-IуданэкIэ зэгуадэж. И щIыбыр егъэзыхауэ ар тебэ куум иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, мафIэ мыгуащIэкIэ сыхьэт 1,5 — 2-м нэскIэ ягъажьэ тхъуэплъ хъуху. ЩыжьэкIэ и фэр тримысыкIын щхьэкIэ зэзэмызэ псывэ текIэн хуейщ. Езым къыщIэж псыр е дагъэр текIами хъунущ. Къазылыр жьамэ, и куэпкъым гуахъуэ е сапэ хэпIумэ, щабэу хыхьэнущ. Ар хьэкулъэм кърахыжри, и щIыбыр егъэзыхауэ тепщэчышхуэм иралъхьэ, Iуданэхэр къыхахыж, и кIуэцIым илъхэри кърахыж. Къазыр Iыхьэ-Iыхьэу зэпкърах. Iэнэм щытрагъэувэкIэ мыIэрысэр яупщIатэ, абы и щIыIум къазыл Iыхьэхэр тралъхьэ, къыщIэжа псыри дагъэри тракIэж. ЩIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх. Мы ерыскъыр Аруан, Джылахъстэней щIыналъэхэм хуабжьу щыцIэрыIуэщ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
- Къазу — 1
- МыIэрысэу — грамм 1500-рэ
- Къаз кIуэцIым иракIэ псыуэ — грамм 460-рэ
- ЩыжьэкIэ тракIэ псыуэ — грамм 200
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Вы Хужьым и илъэс
- 2021 гъэм ЩIыр Вы хужьым и жьауэм щIэувэнущ. Выр хьэлкIэ зэпIэзэрытщ, Iущщ, псэ быдэщ. МыпIащIэу, тегушхуауэ и мурадым хуэкIуэ псэущхьэщ. 2020 гъэм Дзыгъуэм хузэфIэкIыр щызэхищIыхьами, дунейр и щхьэр и лъабжьэу зэригъэдзэкIами, Вым псори пIалъэ кIэщIкIэ и пIэ иригъэувэжынущ, мылъкукIи, псэкIи, узыншагъэкIи гугъу ехьахэм яригъэIуэтэжынущ.
- Астрологхэм зэрыжаIэмкIэ, дызытехьэну илъэсыщIэр гупсэхугъуэрэ зэ-пIэзэрытыныгъэкIэ гъэнщIауэ щытынущ. Абы папщIэ Выр екIурэ-ещхьу къегъэблэгъэн хуейуэ аращ.
- И хьэлкIэ мы псэущхьэр хуэмщ, кIыхьлIыхьщ, ауэ ищIа мурадыр зэзыгъэхъулIэщ, къыпэщылъ Iуэхум и зэфIэхыкIэ хъунур и кIэм нэс зэзыгъэзахуэщ. Ар къэгубжьрэ и хъуреягъыр зэтрикъутэн щIидзэмэ, абы фIэкIыпIэ зимыIэ щхьэусыгъуэ гуэр иIэу аращ. Абы и гурылъ, гукъыдэж игъэлъагъуэу и хабзэкъым, и гум тенджыз къыщыукъубеяуэ щытми.
- Выр пэжагъ зыхэлъ псэущхьэщ, фэрыщIкъым. И гум илъыр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къеIуатэ. Абы и Iущагъымрэ зэпIэзэрытагъымрэ гулъытэ хэха хуэфщIрэ 2021 гъэм абы фытетыфмэ, Iуэху мыщхьэпэ куэдым пэIэщIэ фыхъунущ.
- ИлъэсыщIэр къыщихьэ пщыхьэщхьэм унэр къабзэу зэлъыIухауэ щытын хуейщ, фызыхуэмеиж, къэвмыгъэсэбэпыж унэлъащIэ фиIэмэ, хыфIэвдзэ, щыгъын фхуэмыхъужхэр фтыж, унэм леи зыри щIэвмыгъэлъ. А пщыхьэщхьэм гъэ къакIуэм и жьантIэдэс хъунум пщIэ зэриIэр вгъэлъэгъуэн хуейщ. Вы теплъэ зиIэ дамыгъэ цIыкIухэмкIэ унэр, псейр вгъэщIэращIэ хъунущ. Фи IэкIэ фщIыжа хьэпшыпхэри игу дыхьэнущ.
- Лэжьыгъэм сытым дежи епха Вым фэри зыкъызэревгъэлъагъунур апхуэдэущ. Абы щхьэхынэхэр фIэфIкъым. Губгъуэм сыт щыгъуи ит псэущхьэ пIащэр шхэнуи фIэфIщ. Илъэсы-щIэ пщыхьэщхьэми Iэнэ узэдам щыгуфIыкIынущ. Ауэ фIэмыфIрэ имыцIыху-рэ тефлъхьэну иужь фимыхьэ. КIэртIофымрэ хадэхэкIым къыхэщIыкIа салатымрэ зыщывмыгъащIэ. Пхъэщхьэмыщхьэ тепщэкI Iэнэкум ивгъэувэ. КъищынэмыщIауэ, мыр IэфIыкIэ зыфIэфI «тхьэмадэщ», кIэнфет, фо, дэ, чыщмыщ, кхъуейлъалъэ хуэдэхэр гурыхь щыхъунущ.
- Вым уи IэкIэ пщIыжа сыт хуэдэ хьэпшыпри фIэхьэлэмэтынущ. Абы къыхэкIыу, илъэсыщIэ пшыхьым фщыгъыну бостейр фэ вдыжауэ щытмэ, нэхъ нэ лейкIэ къывэплъыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Ауэ абы плъыжь зэрыфIэмыфIыр зыщывмыгъэгъупщэ, а плъыфэм псэущхьэр хуабжьу къегъэгубжь, и пIэми къришу жыпIэ хъунущ.
- Фи благъэхэм, Iыхьлыхэм илъэсыщIэ саугъэтхэр щахуэвгъэхьэзыркIэ, Выми и гуапэ хъунымрэ жагъуэ щыхъунымрэ къэфлъытэ. Псэущхьэ гуэрым и фэм къыхэщIыкIа хьэпшып унэм щызевмыхьэ, ар абы игу ирихьынукъым. Ауэ езым и сурэт зытет, и плъыфэр къэзыгъэлъагъуэ хьэпшыпхэр идэнущ, саугъэту зэфтми зытригъэгусэнукъым. Къапщтэмэ, 2021 илъэсым и Iэтащхьэм саугъэтхэр, тыгъэ цIыкIуфэкIухэр фIэфIщ, ауэ ахъшэшхуэ зытекIуадэ, тыгъэ лъапIэхэр игу ирихьыщэркъым. Ар къэзылэжьыр зи унагъуэ изыгъэкIуэдэж, ахъшэ зэбгрызымыпхъ псэуакIуэшхуэщ.
- Псом нэхърэ нэхъыщхьэр Вым унагъуэм пщIэ зэрыхуищIырщ. Абы къыхэкIыу унагъуэм ис псори фызэхуэсыжрэ зы Iэнэ фыпэрытIысхьэмэ нэхъыфIщ. ФызэгурыIуэрэ фызэдэIуэжу, фызэдэгушхуэрэ фызэдэгушыIэу илъэсыщIэр къивгъэхьэмэ, Вым и нэфI къыфщыхуэнурэ 2021 гъэр насыпыфIэу, узыншэу, мамыру ефхьэкIынущ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- ГушыIэхэр
- Нэгъабэрей мафIэгу
- — Папэ, къащIэт, сыт хуэдэ мафIэгура псоми къакIэрыхур?
- — Сыт хуэдэ, си къуэ цIыкIу?
- — Нэгъабэ илъэсыщIэм тыгъэ къысхуэпщIыну сыкъызэрыбгъэгугъар.
- Ди деж япэ кърес
- Дыгъэгъазэм и 31-м щIалэ цIыкIур и анэм бгъэдохьэри жреIэ:
- — Мамэ, сыхьэтыр 12-м и ныкъуэ хъумэ, ину: «ИлъэсыщIэ! ИлъэсыщIэ!» — жыдгъэIэ.
- — Ар сыт щхьэкIэ?
- — Ди гъунэгъухэм ирагугъэ илъэсыщIэр ди деж япэ къэсауэ.
- ТIу сиIэнущ
- ИлъэсыщIэр къихьэным махуитI иIэжу анэшхуэм и къуэрылъхур къыхуашащ. Гъуэгум иригъэзэша сабийр куэд дэмыкIыу жеящ. Къэуша нэужь сабийм гъын щIидзащ. Анэшхуэр абы бгъэдыхьэри:
- — Умыгъмэ, Уае Дадэм машинэ тыгъэ къыпхуищIынущ, — жриIащ.
- — Пэжуи?! — къэгуфIащ сабийр. — ИтIанэ машинитI сиIэнущ.
- — Дэнэ тIу къыздикIынур? — игъэщIэгъуащ анэшхуэм.
- — ЕтIуанэр уи гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIэлъу къэзгъуэтащ.
- МафIэс
- ИлъэсыщIэм къахуеблэгъа хьэщIэхэм ежьэжын Iуэху зэрахуэртэкъым, загъэгувэрт. Унэгуащэр езэшати, и хьэщIэхэр кIуэжмэ, нэхъ къищтэрт. Ауэ сыт ищIэнт, ирихужьэжынт — хабзэм зригъэхьу ябгъэдэст. Абы хэту телефоныр къеуащ. Унэгуащэр Iэнэм къыпэрыкIри, телефоныр къытрихащ. Псэлъэн иухауэ къыщигъэзэжым, зэуэ игу къэкIри:
- — МафIэс! МафIэс къэхъуащ! — жиIэу кIиящ.
- — Дэнэ къыщыхъуар? — щIэупщIащ псори зыжьэу.
- — Тэмэму зэхэсхакъым, ауэ фэ гупым щыщ гуэрым и дежщ.
- ПыIэ
- ЗэныбжьэгъуитI зопсалъэ:
- — Сыт ИлъэсыщIэм тыгъэу къыпхуащIар?
- — Мо щхьэгъубжэ лъабжьэм щIэт машинэр плъагъурэ?
- — АтIэ. Машинэ дахэщ.
- — Мис абы и плъыфэм ещхьыркъэпсу пыIэ.
- ИлъэскIэ зегъэпсэху
- ЕгъэджакIуэр сабийхэм йоупщI зыщIэхъуэпс IэщIагъэмкIэ. ЦIыкIухэм зэпеуэу кърабжэкIащ IэщIагъэ зыбжанэ. Псом иужь дыдэ Инал къопсалъэри:
- — Сэ Уае Дадэ сыхъуну сыхуейт, — жеIэ.
- — Сыт щхьэкIэ? — щIоупщIэ егъэджакIуэр.
- — Абы и лэжьыгъэр сигу ирохь. Зы тхьэмахуэ мэлажьэри, илъэс псокIэ зегъэпсэху.
- ЗэзыдзэкIар
- ЩхьэщэмыщI Изэщ.
- Къуалэ
- Псом нэхърэ я нэхъ дахэ
- Дыщэджэдыр (павлин) планетэ псом щынэхъ дахэ къуалэбзущ. Абыхэм ятет цы цIуугъэнэ щхъуэкIэплъыкIэмрэ дахэу гъэщIэрэщIа я кIапэмрэ дуней псом щаIэт. Апхуэдэ дыдэу фафIэщ икIи гуакIуэщ дыщэджэд хужьри. Абыхэм я кIэр сантиметр 50 мэхъу. Я кIапэр зэрыкIыхьым къыхэкIыу щIагъуэу лъэтэфыркъым. ЗыщиIэт зэзэмызэми гугъу ехьу апхуэдэщ. Ахэр щылъатэр шынагъуэ гуэр хэхуамэщ. Пэжщ, езыми абы зыкъом егъэшынэф и кIапэ кIыхьымкIэ. А и кIэм тет «нэхэм» хьэкIэкхъуэкIэхэр щигъащтэ щыIэщ.
- Дыщэджэдхэм макъ зэмыщхьхэр яIэщ, ауэ уэрэдкIэ Iэзэкъым икIи кърашыркъым. Блэ къэубыдынымкIэ а къуалэбзухэм нэхърэ нэхъ Iэзэ щымыIэу ялъытэ. Языныкъуэ къэралхэм унэм щагъэхъу дыщэджэд- хэр икIи блэ къэубыдынымкIэ сэбэп мэхъу.
- Пщыбий СулътIан.
- Нэщэнэхэр
- Узэрыпежьэм хуэдэущ зэрекIуэкIынур
- Дыгъэгъазэм и 31-м хьэкъущыкъу пкъутэныр, унагъуэм исхэр зэфIэнэныр фIыкъым.
- Илъэсыжьым и иужьрей махуэм уи жагъуэ къэзыщIахэм яхуэбгъэгъун, уэ псоми арэзы уахуэхъун хуейщ.
- ЩIыхуэ зытелъхэм япшыныжын хуейщ щIышылэм и 1-р къэмыс щIыкIэ, армыхъумэ гъэ псор щIыхуэ къащтэу ирахьэкIыну къалъытэ.
- Дыгъэгъазэм и 31-м, жэщ ныкъуэм сыхьэт 12-р къыщеуэкIэ цIыхухэм я хъуэпсапIэхэр ягу ираубы- дэмэ, къадэхъуну ябж.
- Гупсысэр – псалъэкIэ
- Уэ умакъамэщ
- Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ.
- Уэ умакъамэщ. ЩIыуэпсым щэхуу ухэтIысхьащи, сыпIейтеижыркъым — сыпщIодэIу. Укъыстощащэ. Уэ умакъамэщ. Мы си Iэпкълъэпкъым лъынтхуэу ирикIуэм ухызогуашэ. Ухызогуашэри, хуиту собауэ. СыкъощIэращIэ, гъащIэм сыпохьэ, уи псэм сыIуощIэ. Зыри жумыIэу, си гум ущыIэу, уэ умакъамэщ.
- Уэ умакъамэщи, си хъуреягъыр хьэндырабгъуэ минщ. НапIэр щысIэткIэ, си Iэгу илъэтыр хьэндырабгъуэ хужьщ… Сыту ужыжьэ… сыту ухуэм… сыту усщыщ! Уэ схуэпхъумащ си гъащIэр. Уэ сыпщIэдэIуурэ, гъащIэм сыхохьэ. Си хъуреягъыр лъэс лъагъуэщ. Уэ сыпщIэдэIуурэ, си пIэм сыкъонэ, уэ сыкъыпхуонэ. Хуэму къэкIуатэ. Зыри жумыIэу, псори къызэIуэкIыж. Уэ умакъамэщ.
- Гугъуэт Заремэ.
- ЖыIэгъуэхэр
- Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым
- ФIы блэжьамэ, фIыщIэ умылъыхъуэ.
- ФIыр фIыщIэ зымыщIым фIыщIэ хуэфащэкъым.
- Хабзэм уелъэпауэмэ, уи лъапэр пиудынщ.
- ЦIыхугъэ зыхэлъым къимылэжьа щытхъур хэзагъэркъым.
- Хъуами мыхъуами, гъащIэм къытригъэзэжыркъым.
- ЦIыхуфIыр фIы ищIар зыфIэкуэдыркъым, — ищIа фIыр зыфIэмащIэрщ.
- ЦIыху нэхърэ нэхъыфIи нэхъ Iеи дунейм (псэущхьэ) теткъым: и псэри къуитыфынущ, уи псэри хихыфынущ.
- ЦIыхур цIыху зыщIыжыр напэрщ. Напэ здэщымыIэм цIыху щыIэжкъым.
- Бий наIуэм пэуви, бий щэхум зыщыхъумэ.
- Щхьэщытхъум и пщIэр жыжьэ нэсыркъым.
- Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым.
- Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ.
- Щытхъу зыхуэмыфащэр нэгъуэщIым щытхъурейкъым.
- БжэгъукIэ къозауэм IэштIымкIэ упэмыув.
- Гуауэ зыхэлъ псалъэм гушыIэ фIэпщ хъунукъым.
- Губжьыр гъэтIыси, унафэ щIы.
- Губзыгъагъэм къыхуезыджэр куэдми, губзыгъэр мащIэщ.
- Гузэвэгъуэм зыдэбгъэшыху, нэхъри уегъэш.
- Делэм уемыныкъуэкъу — губзыгъагъэ къыпыпхынукъым.
- Езым жиIэр зыфIэмызахуэ псори мызахуэм хэзыбжэр куэдрэ щоуэ.
- ГубэщIыкI Владимир.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Ищхьэ къытет унафэщIым щытхъупс къригъэжэхым, зыхуигъэщхъым, хуэIуэхутхьэбзащIэурэ … хъарзынэ Iужажэм зыIэригъэхьащ. 3. Куэдым унэм щаIыгъ псэущхьэ: убэлэрыгъамэ, гъэшым кIэ пхуритынущ. 5. Сыти жыIи, къуэш … нэхърэ ныбжьэгъуфIыр нэхъ къыпхуэщхьэпэнущ. 6. А пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIур апхуэдизкIэ гуащIэщи, тэмакъыр щеубыдыкI, Iур зэрегъалъэ. 7. ЯхузэфIэкIами! Жэмхэми, шыхэми я фэ изых а бадзэжьхэм я нэ вагъуэр ирагъэлъагъужынт. 8. А хьэкIэкхъуэкIэм уIумыуэмэ нэхъыфIщ, фIы хэпхынукъым. Ауэ, фо фIэфI дыдэщи, зы фалъэ из хуэбгъэувмэ, укъыфIэIуэхунукъым. 10. Иджы моднэжу къамылъытэ адыгэ къэфэкIэ. 11. А пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь цIыкIунитIэм хуэдэ зы фалъэ из уетIысылIэкIи зумыгъэнщIынри хэлъщ: и купкъыр инщи, егъуи пэт, пшхын щIагъуэ кIэрылъкъым. 13. Дзэлыкъуэ щIыналъэм къыщыхъуа пелуан: зыпумышэмэ нэхъ уи фейдэщ; бэнэнымкIэ дуней псом и чемпион зыбжанэрэ хъуащ. 14. Школым щемыджэфми, еджэну хуэмейми ар хуагъэув хабзэщ. 15. Куэдым я гугъэщ узыдэмыхьа къуэладжэм … дэзу. Ауэ къопцIэхэр. 17. ЗаконкIэ ар птынуи къеIыпхынуи ухуиткъым, тутнакъ уащIынущ. Ауэ къулыкъушхуэ щIэнэцIхэмрэ зи жыпыр зэи из мыхъухэмрэ тутнакъэщми щышынэркъым, «дапэщIэхуэнкъым» жыхуаIэу. 18. А псэущхьэр нэхъапэм адыгэлIым и ныбжьэгъу пэжу щытащ. Иджы адыгэлIу зызыбжыжхэм я нэхъыбэм я ныбжьэгъу пэжыр автомашинэ екIущ. 20. Хьэрэмыл ишхыурэ езым и лым ар тез хъуащ. 21. Дзыгъуэр а нартыху хъумапIэм ихьамэ, жэнэтым и курыкупсэм къыщыхутауэ къыщохъу. 22. … щIыкIэ къыумыгъэшмэ, уэ улIщ бжэгъу хъуа иужь къэгъэшыжи. 23. … зимыIэм дзажэпкъ иIэу жаIэ. 25. АпхуэдизкIэ и мылъкум тегужьеикIащи, кIэпIейкIэм … трепIытIэ. 28. Ухуейми гъэунэху, ар пашэ пхуэхъумэ, узыхишэнур вэнвейрщ. 29. Налмэс тхьэгъу ущIэхъуэпсрэ уи лIым ухуэгъыу гущабэ къэпщIу къебгъэщэхуну ухуейрэ уи нэпсыр къыпхущIэмыгъэкIмэ, ар укъэбз, убзыти — уи мурадыр къохъулIащ. 32. ЦIыху цIыкIум зэи яхуримыкъу тхылъымпIэ: куэду зиIэм игъэбэгъуэну хущIокъу, мащIэ фIэкIа зыкъуэмылъым сыт ищIэн — зэрегъэзахуэ. 34. Дизыкъуажэ апхуэдизкIэ щхьэщытхъущ, пцIыупсщи, и шыпхэм … трипхэу зекIуэм къикIыжауэ еIуатэ. 35. ЗэрыжаIэмкIэ, насыпыншэр … тесми хьэ къодзакъэ. 36. Уи мэкъу Iэтэр тэмэму зэщIумыбгъамэ, а жьыкIэрахъуэм ипхъуэтэнщи, бгъуэтыжмэ къащтэ — губгъуэм щрикъухьынщ.
- Къехыу:1. Къэрал мылъкум щэхуу хэIэбэм, къамыщIэм, хэIэбэм, хэIэбэурэ … хъуащ. 2. АбыкIэ хьэм уеуэкIэ, хуищIэу игъэузми, гъынукъым. 3. Япэ … ущIэмынакIэ, пщэдей уэ къыпщыщIынур пщIэркъым. 4. Адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэ: нэхъыжь куэдым зэрыжаIэмкIэ, иджырей щIалэгъуалэм дежкIэ ар моднэжкъым. 7. ЗэраIуэтэжымкIэ, зи ныбжькIэ мыщIалэж цIыхубз гуэр абы иплъэри, жьыфэ къытеуауэ къыщыфIэщIым, тридзэри икъутащ. 9. Языныкъуэ цIыхухъухэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхубзым уи … епхьэлIэнкIэ Iэмал иIэкъым — уиIуэтэжынущ. 10. Зил къыпщIэмыузым, уи жьэр бгъэузу, уи … хуумыIуатэ: щай фIыцIэжьу укъридзэнукъым. 12. А тхылъымпIэ ахъшэм совет зэманым щIалэжьищ рестораным укъыщIигъэсынут. Иджы-щэ? Утемыпсэлъыхьмэ нэхъыфIщ. 13. Колхозым и … бжыгъэм фIыуэ хигъэщIамэ, лэгъупэжьым дыгъужьым трелъхьэ. 16. … бжьакъуэм тес аргъуейм, и напIэр мыхуадэу, «довэ» жиIащ. 17. Зыщышынэн имылъагъумэ, кхъуэр … докI. 18. Жэмыр бгым щыхури иукIати, ар гъуэгащ «сэ къыдызагъэлъэфыжынущ» жери. 19. Жэщым ефауэ шэдым хэукIурия лIым езым хуэдэу фIыуэ щIэзыкIа гуэр къытеувати кIэлъышхыдащ: «Узытеувэр умылъагъуу ущIефэр сыт, … узэрихуэрэ?» 22. АпхуэдизкIэ къуейщIейщи, зы медани зэгъэнукъым, дэлъей-къелъыхыныр и щIасэщ, хадэм илъадэмэ жыгыщIэ цIыкIухэр «еухъуэнщI». 24. « … нэлат, хьэрэм Алыхьым фхуищI!» и джэдкъазыр фIэзышх румынхэм ебгащ нанэр. 26. … лъакъуэ щIэмыту жаIэ, ауэ ар белджылы хъуху, ягъэпудыну хэтахэм мащIэ я фэ дэкIрэ! 27. ИлъэсыщIэ жэщым сабийхэр ягъэгуфIэн папщIэ зи гъащIэм пагъэкI жыгыщIэ цIыкIу. 30. АпхуэдизкIэ дырийпсырийщи, … тесу псым йопыдж. 31. ФызитI зэфIэнам я зыр адрейм ещащ: «Унажэ укъысхуэжауэ къыубж къо-мыр сыт? Уи … къысщыхуэ!» 32. Зигъэпагэу бжэн хъушэм хэт «начальник». 33. Дунейм и хабзэращи, … зышхар псы йофэж. Ауэ … яшхын ипэ абы емыгупсысыр гъунэжщ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Дыгъэгъазэм и 26-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 5. Ахъшэ. 6. Джэду. 7. Бжьыгуэ. 10. Къарэ. 11. IумпIэ. 12. Мел. 14. Гуанэ. 16. Церп. 19. Хьэбзэгу. 21. ТхьэлъэIу. 22. Махъшэ. 25. ЕкIэпцIэ. 27. Одессэ. 30. Хуарэ. 31. Урыху. 32. Уэм. 34. КIагуэ. 36. ПщылI. 39. КIэнтхъ. 40. Нащэ. 41. Къумыкъу.
- Къехыу: 1. Балъкъ. 2. Пшэр. 3. Лэкъум. 4. Шухьэ. 8. Жьым. 9. Гуэл. 13. Ету. 14. Гущэ. 15. Назэ. 17. Ерэн. 18. Пшэ. 20. Гуращэ. 21. Ташло. 23. Епэр. 24. Деур. 26. КIэху. 28. Сэху. 29. Бгъэ. 32. Унэ. 33.Мет. 34. КIанэ. 35. Гуащэ. 37. Щимэ. 38. ЛIакъуэ.