Къэбэрдей ущиякIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы
2020-12-01
- Лъэужьхэр
- IуэрыIуатэм, тхыдэм я акъужь гуа-пэр зыщIихуа щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэд иIэщ ХьэтIохъущыкъуеищIым. Хьэрэкхъуэрэ щIыбкIэ укъекIуэкIа нэужь, хуэзэпэхъурей защIэу мывэ джафэ-шхуэхэр щызэбгрыдза хуеишхуэм уохьэ. ЗэраIуэтэжымкIэ, мы щIыпIэр нарт щIалэхэм я кIэн джэгупIэу щытащ. КIэныр ядзрэ яIэщIэхуамэ, ар зытехуа щIылъэр игъэщэIурт, жаIэж, лIыжьхэм. Нарт щауэхэм я хьэкъувэкъум едаIуэу Сэтэней-гуащэр къызыпыпщэфIыкIыу щыта хьэкури Дыгъэмыхъуэ и зы лъагапIэм ноби тету щыплъагъунущ. Гундэ Елэн и мэзыжьыр здитам деж къыщолъагэ Лъэпщ и кIыщкIэ зэджэ Iуащхьэри. Абы къыщIихуу щыта Iугъуэрауэ яIуэтэж Бэдыдж нэс екIуэкI къурш тхыцIэр зыгъэуфIыцIар. КIыщым пэжыжьэкъым Сэтэнеикъуэ цIыкIумрэ Сэтэнеикъуэшхуэмрэ. Нартхэ я гуащэм и хэщIапIэр мыбдежт. Урдыкъуэ дыхьэпIэ дыдэм щытщ Мырамысэ Iуащхьэр. Лъэпщ и кIыщым къыщIэIукI уадауэ макъым игъащтэу игъэлъэпэрэпа Сэтэней-гуащэ тепщэчыр IэщIэхури, мырамысэ къищэтар Iуащхьэу абдеж щызэтриупцIауэ щытауэ жаIэж. Ар гущIыхьэ зыщыхъуа гуащэр бгат мырамысэр мывэсэхуу жыну. Зи хъуэхъуфи зи гыбзафи къызыдэхъу бзылъхугъэм и псалъэр асыхьэтым Тхьэм къыхуищIат…
- ФIыуэ ди нобэхэмкIэ укъэIэбэмэ, пщы Жансэхъухэ зыдэса Iуащхьэ быдапIэжьыр Бахъсэныжь и ижьыра- бгъумкIэ, Жанхъуэтыкъуэм Къущхьэ ЖьанэмкIэ щриIуэнтIэкIым деж, тIэкIу пыIудзауэ Iуту урихьэлIэнущ. И щIыбыр зэфэзэщу мэзщ, лъапсэрыхыр къызыхуэкIуа пщы лъэпкъым и цIэр зэрихьэу. Мэз пхащIэм къыдэт къыр дзакIэ задэу дэкIуейм удэплъеймэ, Жанборимэсрэ Жанборисхъанрэ зэрыса бгъуэнщIагъыр къэплъагъунущ. Псым укъызэпрыплъмэ, МывэпкIэлъейм уIуоплъэ. Бгы кIуэцIым езым къыхэкIыж дэкIуеипIэхэмкIэ удокIуейри, гъэзапIи псэупIи хъуну пщыпIэм укъохьэ. Сытым хуэдэу плъырыпIэ гъуэзэджэ хъурэт ар!.. КъыдэплъыпIэ иIэти, бийр къызэрыкIуэ гъуэгум хуэплъэрт. МащIэ цIыхуи къримыгъэларэ а бгы унэм… Бруужьым, КъэнжалкIэ кIуэну еIэ кърым-тэтэрыдзэр япэ щызэтрагъэувыIа къуэ цIыкIум, пэжыжьэкъым Щоджэнокъуэхэ я губгъуэжьри. КъащIэнар я цIэмрэ я чэщанэжьымрэщ… Нэхъ ищхъэрэIуэкIэ укъехмэ, Шужьей и лъэгум ухуэкIуэнущ. Мыбдежщ пелуан зэпхъурылъхуэгъуитIыр — Къуалэ и къуэ Созэрыхьэрэ Хъусин Лъэгубгъуэрэ — щызэбэнар.
- МащIэ уэрэди хузэхалъхьакъым, мащIэ хъыбари трагъэIукIакъым пасэрей гъащIэм хьэтIохъущыкъуей дадэхэм. ИпэжыпIэкIэ, зэрыгушхуэныр я куэдт. Ауэ, зыми хуэмыдэжу, хьэтIохъущыкъуейхэм я напщIэм телът лIыгъэр IэпщэкIэ мыхъуу, акъылкIэ къыдэзыхыфа я жылэгъу цIэрыIуэр. ХьэтIохъущыкъуейхэм илъэсым тIо тхьэлъэIу зэхыхьэ ящIырт: накъыгъэ тхьэлъэIумрэ тхьэгупэ тхьэлъэIумрэ. Гъэр къызэщIэущкъулэу фIыгъуэрэ бэврэ къахуихьыну, дуней къэщIэрэщIэжым къыхыхьэж хьэдэпсэхэри арэзы къахуэхъуну лъаIуэрт накъыгъэ тхьэлъэIум. Тхьэгупэ тхьэлъэIур щызэхыхьэр бжьыхьэкIэрати, гъэм къарита хэхъуэм папщIэ Тхьэм фIыщIэ хуащIу, ягъэину, яIэту цIыху цIыкIур лъаIуэрт. Мис мыбдежт гъэщIэгъуэнхэр щаIуатэу щызэхэпхынури.
- Тхьэгупэ мэз жыхуаIэр ХьэжыпащхьэкIэ зэджэ щIыпIэм и лъащIэкIэ щыкI мэзыжьырщ. Чы зыхамыбзэ, илъэсым тIо фIэкIа ухыхьэну узыхуимыт а мэзыр Тхьэм и тIысыпIэу ялъытэу щытащ. А мэзыжьым къыпхрож Бахъсэныжь хэлъэдэж псыежэхищыр — Аргъеикъуэ, Щтаучыкъуэ, Къэзанокъуей.
-
Къэзанокъуей псы цIыкIум и Iуфэм Iусащ Къэзанокъуей къуажэр, нобэ адыгэр зэрыгушхуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы щалъхуа жылэр. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, иджырей Зеикъуэ къуажапщэм ущыту Бахъсэныжь адрыщIкIэ узэпрыплъмэ, къэлъагъуэ бгыщхьэращ Къэзанокъуей бжьэпэр зыхуэзэр. Абы и щIыб къыдэлъ, нобэ мэкъупIэу зэрахьэ щIыпIэр Къэзанокъуей кумб жыхуаIэращ. ХэплъагъукIыжыр мащIэми, КъэзанокъуейкIэ зэджэм ита унэ лъабжьэжьхэр ди нобэхэм къэсащ, кхъэлъахэхэри къыхэплъагъукIыну щытщ. Iэхэлъахэм зэрыщыту Къэзанокъуей хэкужькIэ йоджэ. Къэзанокъуей псыежэхыр Къэзанокъуэхэ я псынэм къыщожьэ. Абы нэс мэкъуауэ дэкIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыхуэлIэр ибгъэкIын щхьэкIэ а псынэм щыщ зы Iубыгъуэ нэхъыбэ ухуейкъым, апхуэдизкIэ ар IэфIщ, гури щыз ещIри. Къэзанокъуей къуажэр здэщысам пэжыжьэкъым, Къэзанокъуей къуэ кIуэцIым къыдэплъэу къыщхьэщытщ, къызэрыгуэхуар къыумыщIэнкIэ Iэмал зимыIэ Бгы гъуэжьыжьри. ЛъапIэныгъэ зрат мэзымрэ Къэзанокъуэр щалъхуа къуажэмрэ зы Iэхэлъахэм зэритрагъэнт, тхьэлъэIум хэт лIыжьхэм зэпадзыжырт: дэ ТхьэгупэкIэ зыдогъазэри долъаIуэ, езы Жэбагъы Тхьэм и пащхьэ иту къэхъуащ, Iущ мыхъунрэт, лIыфI къыхэмыкIынрэт, хьэжы къимыщIыкIынрэт, жаIэри.
- ЛъабжьэфI уиIэмэ, щхьэкIэри бы- дэ мэхъу, жаIэ. Къэзанокъуэ Жэба-гъы щалъхуа щIыпIэр тхьэзэрыт лъахэу, и хъуреягъкIэ къекIуэкIар лIыгъэщIагъэ защIэу, къызыхэхъукIар адыгагъэрэ хабзэ зэтемыкIти, лъэхъэнэр сыт хуэдизу мыткIиями, абыи хуэфащэу, щхьэрэ пщIэрэ щиIэу, нобэми и акъылрэ IущыгъэкIэ къэIэбэфу псэуащ. Лъэужь дахэ, лIэужьыфI къэзыгъэна Къэзанокъуэ Жэбагъы зи напщIэ телъыр зеикъуэдэсхэм я закъуэкъым, ар нэгъэсауэ лъэпкъылIщ, адыгэ дунейми и джакIуэщ.
- Хъуэхъу едзыгъуитI, Iущ хъыбарибл, щыхьэт из
-
«Адыгэ Iэнэрэ хьэтIохъущыкъуей хъуэхъуэкIэрэ», жаIэ игъащIэми. ЕдзыгъуитI къудейщ абы хьэтIохъущыкъуейхэм унейуэ халъхьар зэрыхъур, ауэ хъуэхъуэкIэр зыми хэмыгъуащэу гъунэгъу жылэхэм зэлъащIысащ. УнагъуэщIэ зыухуэхэм щехъуэхъукIэ, «УнэщIэм лIыбэр иралъхуэрэ, къалъхуу хъугъэр Жэбагъы хуэдэ хъуну» жаIэрти, псалъэхэр хузэкIэлъагъакIуэрт. Къуажэ лIыжьхэр хъуахъуэу мы псалъэхэр хэзымылъхьэ щIагъуэ бгъуэтынутэкъым, апхуэдизкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэмрэ и щхьэмрэ пщIэ иIэти.
- «Iэнэр нэхъыжьщ», жаIэ. Нэхъы-жьыгъэр зратыр Iэнэм къытехьэ шхынымрэ Тхьэм и цIэр зыхалъхьэ хъуэхъубзэмрэщ. Аращ абы щIыбкIэ зыхуэбгъазэу, хъуэхъубзэр из мыхъуауэ укъыIукIыу щIамыдэр. Ауэ, гъэщIэгъуэнращи, хабзэ къекIуэкIым хьэтIохъущыкъуейхэр мащIэ тIэкIукIэ зэрытекIын къагъуэтат: Жэбагъы и цIэр къыщраIуэкIэ, нэхъыжьым къищынэмыщIауэ, щысыр псори хузэщIэтаджэрт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ лIы цIэрыIуэм и пщIэр къыдэкIуэтей щIэблэм деж нагъэсырт. Зы Iэнэ зэхэкIыжыртэкъым Iэнэгум Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуауэ уэршэр къытемыхьэу, Iущ хъыбариблкIэ зэджэри щызэкIэлъамыгъэкIуэу.
- Дунейм зэрехыжрэ куэд мыщIа Дэгу Мыцэ къиIуэтэжу зэрыщытамкIэ, «Iущ хъыбарибл» жаIа щхьэкIэ, лIыжьхэр а бжыгъэм теттэкъым: зым ар бгъум нигъэсырт, нэгъуэщI гуэрым нэхъыбэ хигъэхъуэнкIэ хъурт, нэху щыху Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр жызыIэфи щыIэт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, псысэныбэ цIэрыIуэу къуажэм дэса Унэж Амдулыхь. Къэзанокъуэ Жэбагъы и гугъур къэхъеямэ, и хъыбаркIэ ущIиуфэнут, къиIуэтэжри къыщыхъуар мыбдежщ жиIэурэ щIыпIэхэри уигъэлъагъуфынут.
- Iущ хъыбариблыр, къыбгурыIуэ зэрыхъунумкIэ, укъызэбэкъуэх мыхъун пщалъэщ. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм зэгуэр жылэ тхьэмадэу дэсащ Джэдгъэф Мыхьэмэт жыхуаIэр. Мыхьэмэт къуажэм унафэ щызэрихьэхункIэ, зэраIуэтэжымкIэ, цIыху Iэбэу имей къищтакъым, апхуэдизкIэ фIэлIыкI иIэти. АтIэ, ныбжьыщIитIым я нэчыхь щитхкIэ, зэгурымыIуэхэр зэгуригъэIуэжыну хей щищIэкIэ, зыгуэрым Iуэхушхуэ пщэрылъ щищIу зыщIыпIэ щиIуэхукIэ, щыхьэту къигъэувхэм Iэмал имыIэу я адэцIиблым щIэупщIэрт, къуажэр зыгъэтIысахэм я цIэр къарыригъаIуэрт (жылэ бын хьэкъ жыхуаIэр арат), и IэщIагъэрэ и пэжыгъэкIэ здынэсыр зыхуэдизыр зригъащIэрт. Мыр Адыгэ Хабзэщ. Ауэ абыкIэ къыщызэтеувыIэртэкъым Джэдгъэфыр. Къуажэм и нэхъыжьхэм зэраIуэтэжымкIэ, дзыхь зригъэзахэм Джэдгъэфым япиубыдырт Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбариблыр яIуэтэну. Мис апхуэдэххэурэ лIы Iущым и щIыхьыр, къызэрыгуэкIыу къыпщыхъунуми, яIэщIэмыхужыну икIи ящымыгъупщэжыну цIыхум я щхьэ нэхъыжьхэм иралъхьэу щытащ. ЗыпцI хэлъкъым, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр хъарпшэру мыхъуу, зэрыщыIамкIэ, зэрыпсэуамкIэ фIэщхъуныгъэ быдэ яIэу ди нобэхэм къызэрысам нэхъыжьхэм я фIыщIэ мыухыж зэрыхэлъым.
- Си щхьэкIэ срихьэлIауэ зы Iуэхугъуэ цIыкIу къэсIуэтэжынут. Си анэшхуэм КъурIэн сригъэджати, и еджэкIэм духьэшыхэр езгъэдэIуэнщ, жиIэри мэжджытым сишэгъат. Сыкъезыгъэджэнур Шорэ Кашиф тхьэмыщкIэрати, щIэзмыдзэ щIыкIэ си адэрэ си анэкIэ адэцIибл сщIэрэ сымыщIэ-рэ къыщIэупщIащ. Сэри жэуап щестыжым, арэзы хъуа духьэшым КъурIэныр къызэгуэсхыу сыкъеджэну унафэ къысхуищIащ. АрщхьэкIэ, зи ныбжьыр илъэсищэм щхьэдэхыху псэуа Къуэдзокъуэ ХьэтIым щысти, ар къыхигъэщащ: «Сыт, Кашиф, Iущ хъыбариблыр къебгъэIуэтэнукъэ, зи мыхъуми и щыхьэтыгъэр из хъунт», жиIэри. Си анэшхуэр къыскIэщIэрыIэри, куэди жысIагъэнкъым, ауэ Къэзанокъуэм и хъыбар къезгъажьэу щызукъуэдийм, куэд дыдэрэ къыпыгуфIыкIыу умылъагъуну ХьэтIым-дадэм и пащIэкIэр игъэджэгугъат…
- Уэркъ халъхуэ
- Щхьэ щIэлъэныкъуэр щакъутэкIэ, зэныкъуэкъу къыхэмыкIыу зэхэкIыжа адыгэ Iэнэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ХьэтIохъущыкъуей Iэнэм а зэныкъуэкъур тIуащIэ щыхъурт. Щхьэ щIэлъэныкъуэм и Iуэхум Къэзанокъуэ Жэбагъы къызыхэкIам теухуа псалъэмакъри къыхыхьэжырт. Зым жиIэрт Къэзанокъуэ Жэбагъы нэчыхьыншэу къалъхуауэ, бацэм кIуэцIашыхьу лэгъуп иралъхьа щIалэ цIыкIур иужьым пщыIэ гуэрым къытранэу абдеж къыщагъуэтауэ. Адрейми, ар имыдэу, Къэзанокъуэ Жэбагъы уэркъ халъхуэщ, армырмэ апхуэдиз фIэлIыкIыр лъэпкъкIэ дэнэ кърихынт, жиIэрти иукъуэдийрт. ЛъэныкъуитIми ядэп- щтэну хьэлъэ дыдэ хъуат. ЩIалэ цIыкIу къагъуэтам и хъыбарыр куэдым яхэIуати, нэхъыбэр зыщыгъуазэм текIуэгъуейт. Лъэпкъ къыхэкIащ жызыIэхэми пцIы яшэщIу жыпIэфынутэкъым — зэгуэр къуажэм дэсащ Къугъуэ- лъыкъуэхэ ящыщу зы унагъуэ, Къэзанокъуэхэ я лъэпкъыр абыхэм япыщIауэ, я зэхуаку благъагъэ илъу щытауэ яIуэтэжырт. ЛIакъуэлIэш лъэпкъым ирамыпэсу арат «къагъуэта» Iуэхур. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Къугъуэлъыкъуэхэ я лъапсэр Пырхъышхэ къахуэнэри, ахэри щагъэкIуэдым, щIапIэр ХьэвцIыкIухэ къахуэнауэ, нобэ абдеж щопсэу.
- ГурыIуэгъуэщ, илъэсищэкIэ екIуэкIа джаур зауэжьми, иужькIэ хэгъэгур зыхэта жылэ зэпэщIэтми, Iуэхур зыIут дыдэр е, нэгъуэщI мыхъуми, абы пэгъунэгъу пэжыр жызыIэжыфын куэд зэрыхэкIуэдар. Щхьэлажьэ хъуа цIыхуми Къэзанокъуэ Жэбагъы тэлай гуэркIэ яIэщIэхури, и цIэр ящIэжми, и IуэхущIафэхэм псысафэ трагъауэу хуежьат. IурыIуатэм хилъэсэпа лIым и цIэм хуэфащэ увыпIэр тхыдэм щегъэгъуэтыжыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ адыгэ щIэныгъэлэжьхэм ирагъэкIуэкIащ, дэри ахэращ зытетщIыхьыр.
- Къэзанокъуэ Жэбагъы къыщалъхуа илъэсыр тхьэ щIэпIукIыжу букъуэдиину нахуэу щымытми, нобэкIэ щIэныгъэр къызытеувыIар 1685 илъэсращ, къыщалъхуари, ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, Бахъсэныжь и Iуфэм Iуса Къэзанокъуей къуажэращ. Къэзанокъуэхэ пщы Къетыкъуэхэ я уэркът, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, Жэбагъы Къетыкъуэ Аслъэнбэч и уэркъыу, и чэнджэщэгъуу щытащ. Иужьрей илъэс-хэм къыкъуэкIа архив тхылъымпIэхэр абы и щыхьэтщ: щIэныгъэлэжьхэм къахутащ Къэзанокъуэ Жэбагъы уэркъыцIэ зэрихьэу зэрыщытар, зи гугъу тщIы къуажэри а зэманым зэхагъэувауэ щыта картэхэм зэрытетыр. Хэбгъэзыхьмэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуэш Ахьмэдхъан и цIэри архивхэм къыхощ. Кърымым къикIыж сатушыхэр Бжьэдыгъу щIыналъэм къыщихьэм, къатеуэри яхъунщIащ, зэхэуэ къыхэкIами щIалэщIэр хэкIуэдауэ щытащ. Дунейпсо къайгъэ къызыхэкI пэта лъыгъажэм и IуэхукIэ пщэдэкIыж зыми имыхьами, пщы Къетыкъуэхэ уэркъ щIалэм и лъыр ирагъэпшыныну бжьэдыгъухэм деж лIыкIуэ ягъэкIуат. Къэзанокъуэхэ ныбжьрей уэркъыу зэрыщытым щыхьэт тохъуэ Жэбагъы и адэ къуэшым и къуэ Бэчтыгъуэн и цIэр архивхэм къызэрыхэщми. Абы къикIыр аращи, Жэбагъы и адэшхуэм уэркъ хьэкъ иIэу, Къетыкъуэхэ къадэгъуэгурыкIуэу къекIуэкIащ.
- Къэзанокъуэ Жэбагъы и кхъащхьэдэсэм тет дамыгъэмрэ бжьэдыгъу уэркъышхуэ Къэзанокъуэхэ я дамыгъэмрэ зэтохуэ. Мыбдеж гъэщIэгъуэн хъунт Къэзанокъуэхэ я дамыгъэм теухуауэ зы псалъэ къыхэт- лъхьэмэ. Къэзанокъуей къуэ кIуэцIым Къэзанокъуэхэ я чэтыжькIэ еджэу зы щIыпIэ иIэщ. Дауи, абдеж чэт нобэ итыжкъым, ауэ, ар щIыжытIэращи, Iэщышхуэ зэрызэрахуэу щытам щIыпIэм и цIэр и щыхьэтыгъэу къызэрынар къыхэдгъэщу аращ. ТхьэбзэтещIэ е цыщ хъуамэ, хъушэм хэт мэл бжыгъэншэм кърихьэлIахэм «узыпэрытыр хэт и хъушэ, тепщIэр Къэзанокъуэхэ я тхьэбзэкъым» жаIэрт. Къэзанокъуэхэ я дамыгъэр яцIыхуу, Iэщышхуэ зэраIам и хъыбар кIапэлъапэр ящIэжу зэрыщытар абы къеIуатэ.
- Дуней лъэужь, гъащIэ Iэужь
- Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Жэбагъы зэрыцIыкIурэ, и зэхэщIыкIыр лъагэу, акъылышхуэрэ гулъытэшхуэрэ бгъэдэлъу, сытми хуэнабдзэгубдза- плъэу къекIуэкIащ. Псоми дощIэж Жэбагъы иджыри сабийуэ хей зэрищIауэ щытам и хъыбарыр. Ар куэду зэщымыщу зэтраIуэтыкI, ауэ дэ нэхъ гукъинэ тщыхъуа зы хъыбар кIэщIу къэтхьынт.
- КIэн джэгум здыхэтым, Жэбагъы зыдэджэгу сабийхэм кIэныр къафIихьати, ар трахыжыну иужь къы-щихьэм, имыдэу мыр Уэрий и Iуэху щIэкIэщ, жиIащ. Шу блэкIым ар щызэхихым, игъэщIагъуэри, Уэрий и Iуэху щIэкIэр зыхуэдэм къыщIэупщIащ. «Псор хей ищIри, мафIэм иса бжьаIуэр лIам къригъэпшынащ», — жиIащ Жэбагъы. Шур ягъэпшынэрауэ къыщIэкIати, щIалэр уэчыл къыхуэхъуну елъэIуащ, Жэбагъыи «хьэуэ» къыхигъэкIакъым. Хея- щIэм деж къыщысым, лIым къигъэлъэгъуа уэчылым иридыхьэш-хащ, ауэ мыхъун къыхигъэкIакъым, Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ къеупщIащ.
- «ИлъэсипщIымрэ илъэс тIощIымрэ яку дэт щIалэр сыт зыхуэдэр?» — жиIащ Уэрий. «Бгъэм хуэдэу сэри дамэ стету уэгум ситакIэщэрэт, жеIэ. ЩIым къызэрыщикIухьыр фIэмащIэщ», — жиIащ Жэбагъы. Ар Уэрий игу ирихьащ. «Илъэс тIощIым щегъэжьауэ плIыщIым нэсым итыр сыт зыхуэдэр?» — еупщIащ абы етIуанэу Уэрий. «Дыгъужь хьэл мэхъу, зэIэр къыгуетхъ, зыщыгугъ и щхьэм фIэкIа зыри щыIэкъым», — жиIащ щIалэщIэм. Абыи арэзы техъуащ лIыжьыр. «Илъэс плIыщIымрэ хыщIымрэ яку итыр сыт зэщхьыр-тIэ?» — щIэупщIащ хеящIэр. «Дунейм хуэIэзэ хъуауэ, псори ищIэу, гупсысэрэ щхьэпэрэ фIэкIа зыхэлъ нэгъуэщI имылэжьу мэхъу», — жиIащ Къэзанокъуэм. Ари гурыхь щыхъуащ Уэрий. «Илъэс хыщIымрэ илъэс пщIеймрэ яку итыр сыт зыхуэдэр?» — увыIэркъым хеящIэр. «Пэщащэу къонэ, унафэ щIын тIэкIур имыжагъуэу, къемыдаIуэмэ, щхьэжагъуэ хъурэ зигъэгусэу», — жиIащ Жэбагъы. «Илъэсищэ хъуар дауэ къыпщыхъурэ?» — щIэупщIащ Уэрий-дадэ. «Ар джэдыкIищэм хуэдэщ — джэламэ къутэну, лIэн и гугъэу гужьейуэ», — иритащ хеящIэм а жэуапри Жэбагъы. «Илъэсищэм фIэкIар зыхуэдэр къызжеIэжи, афэрым бжесIэнщ», — жиIащ щIимычэххэу Уэрий. ЖимыIэну хэта щхьэкIэ идакъым, щыхигъэзыхьыпэм: «Илъэсищэм фIэкIар джэдкъуртым джэджьейр къришу ежьэжа нэужь, абгъуэм шкIумпIу къинэ джэдыкIэжьым, абгъуэринэ ящIым, хуэдэ мэхъу. Къалъхур къытралъхуэу, езыри а зэрыщытым фIэмыкIыу…», — жиIащ щIалэ цIыкIум.
- ХеящIэм зилъагъужа щхьэкIэ, щхьэкIуэр иришэхри еупщIащ: «Дауэт-тIэ бжьэ исам и унафэр зэрыпщIынур?» — жиIэри. «Псом къезмыгъэпшыну лIам къезгъэпшынынутэкъым. МафIэ къыщыщIэнэм, чыцI щIэпхъуар бжьаIуэмкIэ зыхьар лъакъуэ къутаракъым, атIэ лъакъуэ псэухэрат. Пшынэн хуейри лъакъуэ псэухэр зейхэращ». Iуэхур зэрыщытымкIэ, адэм къыщIэна мылъкур зэшхэм щаугуэшыжым, чыцIри гуэшын хуейм яхэхуащ. ЗэрызэгурыIуари лъакъуэ зырызыр зэтраугуэшэныр арати, чыцIым мафIэ къыщыщIэнэм, къутауэ ирихьэлIар нэхъыщIэм къылъыса лъакъуэрат. Арыххэуи, нэхъыщIэм и дэуакIуэу къэува нэхъыжьхэр пшынэн хуей хъуащ. Хей щIэкIэмкIэ арэзы хъуа Уэрий-дадэ жылэ зэхэтым дяпэкIэ хеящIэу зэрыщымытыжынур яжриIащ, ар зыхуэфащэр мыращ, жиIэри, Къэзанокъуэ ЖэбагъыкIэ и Iэр игъэлъэгъуащ.
- Хъыбарым хэлъ пэжымрэ пцIымрэ зэхэгъэкIыжыгъуейуэ къыщIэкIынщ нобэкIэ, ауэ, къаIуэтэж псом ухэплъэмэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы пасэу и IущагъкIэ жылэм яхэIуа цIыхуу зэрыщытым зы гурыщхъуэ хэлъкъым. Пэжым и телъхьэу, захуагъэм щIэкъуу, цIыхур, къызыхэкIам емылъытауэ, зэхуэдэу игъэуву къызэрекIуэкIрагъэнт абы цIыхубэм я фIыщIэр къыщIилэжьыфар, я нэхъ Iуэху цIыкIури бгъэдалъхьэрэ унафэ трырагъэ- щIыхьмэ я гуапэу щIыщытар.
- Мин плIыщIым щхьэдэхыу 1708 гъэм Къэбэрдейм къизэрыхьа кърым-тэтэрыдзэр Къэнжалыщхьэ деж щекIуэкIа зауэм щIыщыхагъэщIэфар Къэзанокъуэ Жэбагъы и губзыгъагъымрэ гулъытэмрэ хуахь. Къэбэрдейм и пщышхуэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Iуэхур зэтес ищIын гуращэкIэ хъаным деж кIуа щхьэкIэ, хуэмыфащэ къызэрырипэсам, арыншами кърах лейр яхуешэхыртэкъым, цIыху цIыкIур къызэщIиIэтащ. Абы акъылрэ Iэмалрэ хыумылъхьэмэ, лIыгъэ къудейкIэ узэрыфIэмыкIыфынури къагурыIуащ. Абы щыгъуэщ мэзышым хэлъэфа жыг пхъафэ пхырыр шищэм кIэращIэу, мафIи щIадзыжу кърым-тэтэрыдзэр зытес дзэ пщыIэм щытраутIыпщхьауэ щытар. (IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, хьэуазэ пхырыр шыдым трапхэри, мафIэ щIэдзам игъэгъуахъуэу дзэ пщыIэм телъэдауэ щытащ). Биидзэ щтар зыкъэщIэжыгъуэ имыхуэ щIыкIэ ХьэтIохъущокъуэм и дзэр яхэлъадэри, джатэщхьэщIэкI ящIащ. Апхуэдэу Къэбэрдейр бийм щахъума хъуащ. Къэзанокъуэм Iуэхум хилъхьар зыхуэдиз дыдэр жыпIэну тынш дыдэкъым, ауэ цIэрэ щхьэрэ зыгъуэта лIым абы и IыхьэфI зэрыхэлъыр хъыбархэм псоми зэдыщIэкIыу жаIэри, уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Къэзанокъуэ Жэбагъы Бахъсэн псыхъуэ щигъэщIа дунейм Къэнжал зауэм лъэужь къыхинащ, иужькIэ икIуа гъуэгури а гъащIэм и Iэужь хъуащ.
- Шэрэджыжьри и зы унапIэжьти, и зы зыгъэзэгъуэт
- Къэбэрдеипщхэм зэгурымыIуэ ин я зэхуакум къыдэхъуэри, зэкIэщIэкIащ. Мысостхэрэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэч ягъэкIуэдыну унафэ зэраIэр къыщIэщащ. Арых-хэуи, Къетыкъуэхэрэ Бэчмырзэхэрэ заIэтри, Шэрэдж псыхъуэкIэ куэшащ. Мыр къыщыхъуар 1720 гъэрщ. Пщыр здэкIуэм уэркъри кIуэн хуейти, Къэзанокъуэ Жэбагъыи Къетыкъуэ Аслъэнбэч и ужьым иту Бахъсэн псыхъуэ дэкIащ. ЩIэныгъэлэжьхэм зэратхымкIэ, Жамботейр щыдэкIым (Къетыкъуэхэрэ Бэчмырзэхэрэ пщы Жамботышхуэм и бынщ), псори зэхэту цIыху мин 20-м нэблагъэ зыдэс къуажэ 21-м заIэтауэ щытащ. Къэзанокъуейри яхэтт абы. Иджырей Дыгъужьыкъуей къуажэм и Iэнэгъунэм ноби ущыхуэзэнущ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэм епха щIыпIэхэм: Къэзанокъуей джабэ, Къэзанокъуэм и псынэ, Къэзанокъуей кIуэцI, жыхуаIэхэр. Къэбэрдей пщыхэр лъэныкъуитI зэрыгъэхъуащ: бахъсэней гупрэ (ХьэтIохъущокъуэхэрэ Мысостхэрэ зэгъусэу) къэщкъэтау гупрэ (Къетыкъуэхэрэ Бэчмырзэхэрэ зэгъусэу).
- Зэгуэрым Къэзанокъуэ Жэбагъы къеупщIауэ жаIэ Къетыкъуэхэ я лъэныкъуэр къыщIыхихам и щхьэусыгъуэмкIэ. Яритыжа жэуапри дахэщ: «Къетыкъуэхэ яIэр мащIэми, яшхыр IэфIу яшх. Бий ящIыр ныбжьрей бийуэ яIэщ, я бийри ныбжьэгъу къащIыркъым. Бэчмырзэхэ ныбжьэгъур ягъэбий, бийр ягъэныбжьэгъу. Мысостхэ я цIыхубзыр я чэнджэщэгъущ. Къетыкъуэхэ сыкIуэмэ, нэхъыфIу къыщIэкIынщ».
- Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Къетыкъуэпщыр Къэзанокъуэм иджыри зытIэкIурэ къеплъэкIуащ. Дунейм ехыжмэ, щыщIалъхьэну чэщанэр яригъэщIауэ Къетыкъуэпщым жылэр зэрихуэрт абы иригъэхъуэхъуну. ИпэкIэ чэщанэм ехъуэхъуу зыми зэхихатэкъым, жаIэнури ящIэртэкъыми, цIыхур гупсысэгъуэ хэхауэ бэлыхь хэтт. Къэзанокъуэ Жэбагъы гъуэгу жыжьэ тетауэ къыздэкIуэжым, абы кърихьэлIащ. Мор къыщалъагъум, псори гуфIащ, чэщанэми «псалъэ дахэ» хужиIэнуи къелъэIуащ. Жэбагъы жиIэнур и хьэзырти, «Мы чэщанэжьым и щIыбыр щIэращIэрэ и кIуэцIыр нэщIу бэрэ щрет!» — жиIэри блэкIащ. Къетыкъуэпщым хъуэхъур лъэIэсыжа нэужь, къыгурыIуащ Жэбагъы гъунэгъу зыхуищIмэ зэрынэхъыфIыр. Щхьэусыгъуэр — чэщанэм зэрехъуэхъуфаракъым, атIэ кIуэрыкIуэм тету хэкIыпIэ къызэригъуэтаращ, езыри зэримыгъэпударащ пщIэ зыхуищIар. Хъыбарым щыхьэт техъуэн щыIэжу къыщIэкIынкъым, ауэ, и пэжыр аращи, Къетыкъуэм и гъусэу Шэрэдж щыкIуа лъэхъэнэхэращ Жэбагъы жылагъуэ гъащIэм нэхъ хэпщIа щыхъуар, гупсысакIуэ цIэрыIуэу и цIэр щызэлъащIысар.
- Жэбагъы дунейм тетыхукIэ кърым-тэтэр лъэныкъуэмкIэ еплъэкIхэм япэщIэту псэуащ. «Благъэ жыжьэ нэхърэ — гъунэгъуфI» псэлъафэрат и гупсысэр нэхъ зытеухуар. ТIэкIу нэхъ пасэуи, 1710-1712 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм, Кърымым теуэну къызэрагъэпэща псыжь теуэм Къэзанокъуэ Жэбагъы хэтауэ щытащ. ИужькIэ, 1720 гъэм, мин плIыщI хъу дзэр и гъусэу кърым хъан СэIэдэт-Джэрий Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм къыIухьэри, къигъэшынэну хуежьащ. ЯщIэнумкIэ унафэ ящIыну Къэбэрдей Хасэшхуэр щызэхыхьэм, зэгурыIуакъым: пщышхуэ Мысост Ислъамбэч Кърымым гурыIуэмэ нэхъ къищтащ, ар зымыда Къетыкъуэ Аслъэнбэч и цIыхур и гъусэу бгым ихьэжащ. КърымщIэплъхэм япэщIэтхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, Къэзанокъуэри яхэтт.
- Къэщкъэтау гупым я нэхъыжь Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1722 гъэм хъыспий зекIуэм хэт Пётр Езанэм IущIэну мурад ещIри, абы хуэзэу Къэбэрдейр зэрыт щытыкIэм и гугъу хуищIыну треубыдэ. А зэIущIэм хэтащ пщым и чэнджэщэгъу пашэ Къэзанокъуэ Жэбагъыи. Я зэхуаку илъа псалъэмакъым ипкъ иткIэ, пащтыхьым Къетыкъуэм дзэкIэ зыкъыщIигъэкъуэнут. А зэгурыIуэныгъэм мыхьэнэ иIэт. Тырку сулътIаным и лIыкIуэхэр Къэбэрдейм къигъэкIуауэ Кърымым хуэжыIэщIэну ткIийуэ къыпагъэувырт, щIыналъэми кърымщIэплъхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ щыхъурт. Арат пщыр зыпэщIэтыр езыр. 1723 гъэм Къетыкъуэ Аслъэнбэч щIэрыщIэу Пётр Езанэм деж Тамбий Жанмыхьэмэт, Къундет Кургъуокъуэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы зыхэт лIыкIуэ гупыр ирегъажьэ. Пащтыхьым ахэр иригъэблэгъащ, жиIам зэрытетыжымкIэ и Iэпэрэ и мыхъуррэ зыщIэлъ тхылъымпIэри къаритащ, арщхьэкIэ и псалъэ игъэпэжакъым. Утыкум къина Къейтыкъуэм нэгъуэщI зыри къыхуэгупсысакъым щIэуэ къытехьа кърым хъан Долэт-Джэрий ЕтIуанэм деж кIуэуэ гурыIуэн фIэкIа. Сыт хуэдиз Iэмал химылъхьами, Къэзанокъуэ Жэбагъы пщыр къыхуэгъэдэIуакъым, апхуэдэ лъэбакъуэ ичмэ, зэрыхущIегъуэжынури и фIэщ хуэщIакъым. Иджыри къыздэсым зэрыкIуа гъуэгум пщыщхьэр дэхами, езы Жэбагъы абы текIакъым. Къэбэрдейм къыбгъэдэкIыу Бытырбыху ягъэкIуэну лIыкIуэм и унафэр щащI хасэм, Мысост Ислъэмбэч зэхуишэсым, Къэзанокъуэ Жэбагъы хэтащ. Зыбгъэдэт пщы Къетыкъуэ Аслъэнбэчи жиIэнум, уеблэмэ илъ зэрищIэжынум пылъ шынагъэ псом къигъэувыIакъым лIы Iущыр — щхьэ Iуэхум нэхърэ, лъэпкъым, Хэкум я Iуэхур ипэ иригъэщащ.
- Пащтыхь тахътэм 1730 гъэм ирихьэлIэу теува пащтыхь гуащэ Аннэ Къэбэрдейр зэрыхуэпэжынумкIэ абы икIа лIыкIуэхэм псалъэ щратым, Къетыкъуэ Аслъэнбэч Кърымым щыIэт, щIэуэ къытеува Къаплъэн-Джэрий и дэIэпыкъуныгъэ лъыхъуэу. АрщхьэкIэ щхьэхуещэ Iуэхум, цIыхубэм ифI зыхэмылъ жэрдэмым гъуэгу игъуэтакъым — сыт щыгъуи хуэдэу кърым тэтэрхэр псалъэм ириджэгуу къыщIэкIащ.
- Шэрэджыжьыр унапIэ зыхуэхъуа Жэбагъы абдеж щрихьэкI дунейри и зы зыгъэзэгъуэт зэрыхъур. ЩIэ имыIэу къиIэбыкIын, жылэ унафэм хэпсэлъыхьын хуей хъурт. Къетыкъуэ Аслъэнбэч Урысейм блэплъу дапщэрэ нэгъуэщIыпIэ емыплъэкIами, IэнэщI IэщI джафэу къанэрт, апхуэдэхэм дежи ар ныджэм къытезышэжыр и уэркъ Къэзанокъуэ Жэбагъыт. Пщы зэныкъуэкъум Iэ щIыIэкIэ хамэ къэралхэр зэпымычу къызэрыхэIэбэм Къэзанокъуэр сакъ ищIагъэнт: абы фIыуэ къыгурыIуэрт гъунэгъу благъэм нэхъ егъэзыпIэфI Къэбэрдейм зэримыгъуэтынур, абы щыуагъэ IэщIэкIыным щихъумэну иужь итт. Акъыл бзыгъэрэ жыжьэрыплъагъкIэ Жэбагъы Къетыкъуэм хуилэжьар абы къилъытэфауэ фIэщхъугъуейщ, ауэ, хьэкъыр аращи, Къэбэрдейр хъума хъуным Къэзанокъуэм и гуащIи хэлъщ.
- Хэкужь гъуэгу
- Къетыкъуэ Аслъэнбэч Къэбэрдейм къигъэзэжа нэужь, 1736 гъэм щIэрыщIэу пщы уэлийуэ хах. А илъэс дыдэм ар Шэрэдж къыдокIыжри, и жылэхэр и гъусэу, Щхьэлыкъуэ псыхъуэ къоIэпхъуэж. Къэбэрдейм и картэм, Чичагов Степан 1744 гъэм ищIам, Аслъэнбэч и къуажэхэр абы къызэ- рыкIуэжар IупщIу къыщегъэлъагъуэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и къуажэри иджырей Къуэшыркъуейм и Iэгъуэблагъэм зэрыщысари къыхощ. Жылагъуэ лэжьакIуэшхуэр абдеж зэрыдэсам и фэеплъыр къуэшыркъуейдэсхэм но- би ящыгъупщакъым — и цIэр IуэрыIуатэжьхэм хэлъу зэрахьэ, уеблэмэ щыпсэуа щIыпIэхэри къагъэлъагъуэ.
- АрщхьэкIэ «хышхуитIым я кум зыпщрэ зы гуащэрэщ дэсын хуейр» псалъэхэр жызыIа Къетыкъуэ Аслъэнбэч пщыгъэр хузехьакъым, и еутэкIыным щхьэлажьэ ищIа цIыхум зыкъыщаIэтым, ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт (Бэмэт) пщы уэлий мэхъу, езыр къимыгъэзэжыну Хэкум йокI. Къэзанокъуэр, арыххэуи, ХьэтIохъущокъуэм и уэркъ мэхъу. Жэбагъ куэдрэ дэсакъым Щхьэлыкъуэ. ХьэтIохъущокъуэр 1747 гъэм Бахъсэныжь щыкIуэжым, езыри абы кIэлъыкIуэжри, и адэжь лъапсэм итIысхьэжащ. Зи ныбжьыр хэкIуэта Къэзанокъуэ Жэбагъы хьэж ищIауэ, хьэжыкIэ къеджэу щытащ. И адыгагъэм хуэдэу, и муслъымэныгъэри лъагэт, къабзэт, нэхут. Жэбагъы псэуху дэсащ щалъхуа къуажэжьым. Дунейм щехыжари щыщIалъхьэжари аращ. Къэзанокъуэ Жэбагъы 1750 гъэм дунейм ехыжащ, и акъылрэ и IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ.
- Къэзанокъуэ Жэбагъы зы къуэ иIащ, Шэхьбан и цIэу. Абы и къекIуэкIыкIам хэтщIыкIышхуэ щыIэкъым, ауэ и щIэблэр къуажэм хэкIыу хьэжрэту ежьэжауэ щытахэм яхэтащ, нобэр къыздэсми ахэр Къэрэшей-Шэрджэсым ит Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей) къуажэми щопсэу.
- Къэзанокъуэ Жэбагъырэ и щхьэгъусэмрэ я кхъащхьэм тета сынхэр кърашэхри, ХьэтIохъущокъуэ хадэм и ихьэпIэ дыдэм деж, Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ сыныр нобэ здэщытым ибгъукIэ, зэбгъурыту щагъэувауэ щытщ. Я кхъащхьэхэр мыращ жыпIэну тхьэ щIэпIукIыжыну щымытми, Къэзанокъуэ зэщхьэгъуситIыр зыщIэлъ кхъэлъахэм деж 2014 гъэм къуажэдэсхэмрэ хьэжрэт Къэзанокъуэхэмрэ я гукъэкIкIэ кхъащхьэдэситI щагъэувыжащ. ЦIыхур зэхэзекIуапIэшхуэу щымытми, щIыпIэ зэгъуэкIкъым, бгынэжа лъахэкъым. Ипэми хуэдэу, лIы Iущым и щхьэмрэ и цIэмрэ пщIэ хуащI, блэкIым дыуэ Iэбжьыб къыщехь, и хъыбархэр щаIуатэ.
- Къэзанокъуэ Жэбагъы псэуху зыхущIэкъуар Къэбэрдейм и Iуэху зэрыдэкIынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цIыхум я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. IуэрыIуатэми, иужькIэ къыкъуэкIа архив тхылъымпIэхэми къызэрыхэщыжымкIэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэп- лъыс, захуагъэм ирилажьэ цIыху губзыгъэт, жылагъуэ лэжьакIуэт, хэкумрэ лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщызыщIыжа цIыхут. Пщэрылъ зыщызыщIыжахэр абы хузэфIэмыкIатэмэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр щIэблэм деж къэсынтэкъым.
- ТАБЫЩ1бозреватель.