Сангу Эльчин: Сэ сыадыгэщ!
2020-12-01
- ЗэвгъэцIыху Тырку къэралыгъуэм щыцIэрыIуэ актрисэ, адыгэ пщащэ нэс Сангу Эльчин. Хъыджэбз тхьэIухудым иджыблагъэ ита интервьюм зэрыадыгэр щыжиIэм и мызакъуэу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэ дахэхэм, зыщIапIыкIа гъэсэныгъэм уигъэгушхуэу щытопсэлъыхь.
- «Узэрыадыгэр зэхэтхащ, иджы адыгагъэу пхэлъым тхутепсэлъыхь», — жиIэу корреспондентым зыкъыщыхуигъазэм Эльчин абы пидзыжащ: «Адыгэ хабзэм цIыхум хилъхьэ хьэл-щэн дахэ псоми къадэкIуэу, сэ зы мыгъуагъэ схэлъщ. Нэхъыжь щыту псалъэхэм, зи лъакъуэ зэтезыдзэхэм, нэхъыжь зыщIэс пэшым я щIыбагъ ягъазэу щIэкIыжхэм си нэр тедияуэ сакIэлъоплъ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сэ сызыхуагъэсам куэду пэжыжьэщ».
- «Укъыщыгубжьхэм деж, сыт хуэдэ псалъэкIэ уигу бгъэзагъэрэ, ухъуанэрэ?», — къыкIэлъыкIуэу щыщIэупщIэкIэ:
- «Сэ сыадыгэщ! Адыгэ хъыджэбз хъуанэркъым!» — ет Эльчин жэуап гугъэзагъэ.
- «Бесценное время» (2010 гъэ), «Какой размер носит любовь» (2013 гъэ), «История одной любви» (2013 гъэ), «Курт Сеит и Александра» (2014 гъэ), «Любовь моя, Алабора» (2015 гъэ), «Повергнутый любовью» (2015 гъэ), «Любовь напрокат» (2015 гъэ), «Останься со мной» (2017 гъэ), «Дело девушки» (2017 гъэ), «Время счастья» (2017 гъэ), «Безжизненные» (2018 гъэ), «Столкновение» (2018 гъэ), «И в печали, и в радости» (2020 гъэ) кинофильмхэм щигъэзэщIа ролхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа Эльчин 1985 гъэм Тыркум хыхьэ Измир къалэм къыщалъхуащ. «Класс нэхъыщIэхэм сыщIэсу арат си адэ-анэр щызэбгъэдэкIыжам. Нобэ хуэдэу сощIэж ар къызэрызэхьэлъэкIар. Си адэ-анэм анэкъилъху куэду яIэти, дыщыпсэу пщIантIэм цIыхушхуэ дэст. Къэзышэр хэкIым, яшэр дэкIыурэ, пщIантIэм си анэмрэ сэрэ ди закъуэ дыкъыдэнат. Дэ тIум ди псэр зы чысэм илъым и мызакъуэу, зэщыдбзыщI щымыIэу, зэныбжьэгъуфIым хуэдэу дыщытащ. Ар ныбжьышхуэ дызэримызэхуакур арагъэнт зи фIыгъэр. Дунейм сыкъыщытехьам, си анэр илъэс 18 хъууэ арат. Си адэ шыпхъухэри щIалэ дыдэти, сэ си закъуэу зэи къысщыхъуакъым.
- Сабиигъуэ
- Иджыри сабийуэ гурыIуэгъуэ хъуат Эльчин гъуазджэм, щэнхабзэм я цIыхуу зэрыщытыр. Ар дохутыр, е псалъэм папщIэ, инженер хъуну зэи щIэхъуэпсакъым, ауэ сурэт дахэ дыдэу ищIырт, къафэм хэтт, уэрэд жыIэныр фIэфIт. Абыхэм языхэз къыхихынри хъыджэбзым дежкIэ тыншу щытакъым. Колледжым щIэтIысхьэн хуей щыхъум, тегушхуэри, макъамэмкIэ къудамэм кIуащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, псоми ягъэщIагъуэу хъыджэбзым телъ щхьэц гъуаплъафэ дахэр зэрыримыIар. ЗэрыжаIэмкIэ, ар и адэм и лъэныкъуэкIэ кIуэжащ.
- IэщIагъэр
- Сангу Эльчин Мерсин университетым хыхьэ колледжхэм язым оперэмкIэ и къудамэр къиухащ, иужькIэ, 2000 гъэм, Йедитепе университетым изобразительнэ гъуазджэхэмкIэ и факультетым щеджащ.
- ГъащIэм и къэгъэшыпIэхэр
- «ЕджапIэр къэзуха иужькIэ, зыгуэрым зеспщытыну сытемыгушхуэу унэм сыщIэст. Шэч хэмылъу, си анэр абы иригузавэрт, Iуэху гъэщIэгъуэнхэм сыдригъэхьэхын папщIэ хузэфIэкI къигъанэртэкъым. Зэгуэрым, абы театрым теухуа тхылъ цIыкIу къысхуихьати, семыплъыххэу пэгуныжьым издзат. АрщхьэкIэ си анэр абы къигъэувыIакъым».
- Арати, Эльчин къепсэлъэну кино тезых гупым ирагъэблагъэ. Хуей-хуэмейуэрэ абы хъыджэбзыр макIуэ, икIи режиссёрым мащIэу йохъурджауэри, Iуэхур адэкIэ мыкIуатэу къонэ. Кином зи насып хэлъ Эльчин куэд дэмыкIыу «Бесценное время» фильмым ирагъэблагъэ. Ауэ ар цIэрыIуэ щыхъуар «Любовь напрокат» телесериалым хэта иужькIэщ.
- Хьэл-щэныр
- Эльчин цIыху нэфIэгуфIэу, зэхэщIыкI зыхэлъу, псори нэгъэсауэ зыщIэ хъыджэбз гумызагъэу, укIытэхыущ къэзыцIыхухэр зэрытепсэлъыхьыр.
- «Сыкъыщыгубжьхэм деж, дапщэщи сыхущIокъу псо-ри гушыIэм хуэзгъэкIуэну. Ауэ си пIэ сыкърашмэ, си гъуэгу къытехьэм сыщысхьынукъым. Сыщынэщхъейхэм деж зыри слъагъуну сыхуэмейуэ си гур зэхузощIри, япэ махуэхэм псори езыр-езыру зызогъэзахуэ. Ауэ кино щытетххэм деж апхуэдэу зысщIыркъым, абдеж си гукъыдэжри нэгъуэщIщ. ИужькIэ, унэм сыкъэкIуэжмэщ хуиту нэщхъеипIэ щызгъуэтыр. ИтIанэ, сэ гурыгъуазэ лъэщ сиIэщ: къэхъунур пщIыхьэпIэкIэ къызощIэ куэдрэ».
- Эльчин зыхэтхэм тыншу дзыхь яхуэзыщIхэм ящыщкъым, ауэ абы цIыхур гъунэгъу зыхуищIамэ, и псэм щыщ мэхъу.
- И зэфIэкI псом къищынэмыщIауэ, Эльчин икъукIэ пщафIэ Iэзэщи, зэман къыщыхудэхуэм пщэфIапIэм къыщIэкIыркъым.
- ФIэщщIыгъуейщ мы тхыгъэм Эльчин къеджэну, ауэ иджы Интернетым и Iэмалхэр инщи, пщIэну щыткъым. Зи зэфIэкIкIэ, дахагъэрэ щэныфIагъкIэ адыгэ лъэпкъым и цIэр къизыIуэ, къызыхэкIар зыщымыгъупщэу абы и пщIэр зыIэт ди шыпхъу гуащIафIэм зыхуэзгъазэу: «Эльчин, догушхуэ уэркIэ! Тхьэм уригъэфIакIуэ!» — жесIэну сыхуейт.
- Щомахуэ Залинэ.