ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхылъхэм я дунейм

2020-11-03

  • «Книжная среда» («Sreda book») — апхуэдэцIэ зэрехьэ нобэ фэдгъэцIыхуну ди мурад тхылъ тыкуэным. Ар илъэс ныкъуэ хъуауэ егъэлажьэ КъБР-м епха инстаграмым пщIэшхуэ щызиIэ блогер КIуэкIуэ Мурат.

  • Дызытепсэлъыхь тыкуэным и лэжьэкIэм гъэщIэгъуэну хэлъыр тхылъхэр уи унэ ущIэсу къэпщэху зэрыхъурщ. Абыхэм Мурат и инстаграм напэкIуэцIым ущеплъыфым къыщынэркъым. Тыкуэныр зейр абыхэм гупсэхуу къытхутопсэлъыхь. Абдежми къыщымыувыIэу, Мурат тхылъыр зэпха щIэныгъэ къудамэм щылъэрызехьэ псэлъэгъухэр кърегъэблагъэ. Псалъэм папщIэ, щэн-щэхуэным техуа тхъылъхэм я гугъу зы-щIыр хьэрычэтыщIэ Тэтрокъуэ Баширщ, литературэм теухуахэм — егъэджакIуэ, журналист Битокъу Маринэщ. Езы Мурат зэджахэми гунэсу щыгъуазэ дещI. Сыхьэт 15-м ипэ къихуэу къащэхуа тхылъыр Налшык кIуэцI пщIэншэу, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ маршруткэкIэ е пощт IэмалкIэ щIэупщIэм Iэрагъэхьэ.«Дэ ди плъапIэщ Налшык тхылъеджэ нэхъыбэ дыдэ зыдэс къалэ къыхэтщIыкIыну!» Жыжьэ дэIэбей а псалъэхэр Iурылъу и Iуэхур ирихьэжьащ Мурат. Иджы илъэс ныкъуэ ирикъуа абы и «Тхылъ дуней» тыкуэным («среда» урыс псалъэм щIалэм, дауи, къригъэкIыр «бэрэжьейкъым» ) зы мазэм хуэзэу тхылъ миным пэблагъэ (махуэм — 29 — 30) щащэ.
  • «Тхылъ дунейм» IуэхущIэу ди псэукIэм къыхилъхьар сыт жыпIэмэ, ар иджыри къэс ди щIыпIэм щамылъэгъуа тхылъ бэзэрхэрщ. Тхылъымрэ бэзэрымрэ мыхьэнэкIэ нэхъ зэпхыгъуей бгъуэтын? Ауэ щыхъукIэ, Мурат апхуэдэ бэзэритI зэхишакIэщ, къызэрыщIэкIымкIи, Налшык къалэр абы хуэныкъуэт.
  • ЩIалэ жыджэрым и Iуэху зехьэкIэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Мурат сабийхэми балигъхэми, хамэхэми хэгъэрейхэми нэмыс хэлъу зэрепсэлъылIэм къегъэлъагъуэ абы тхылъыфIхэр кърихьэкI къудей мыхъуу, ярытми зэреджэр, зэджэри къызэрыгурыIуэр, кIэщIу жыпIэмэ, гъэсэныгъэ дахэ зэрыбгъэдэлъыр.
  • Зи гугъу тщIы тхылъ тыкуэныр тыкуэн къудейуи щыткъым. Ар икIи тхылъ хъумапIэщ. Дэтхэнэ библиотекэми хуэдэу, абы тхылъ гуп щызэхуэхьэсащи, ахэр пщIэншэу къеIыпхыу, уеджа нэужь, ептыж мэхъу. Лей хъуа и тхылъыжьхэр тыкуэным тыгъэу къезытхэри мащIэкъым. Нэхъыщхьэращи, КIуэкIуэ Мурат нэIуасэ къыхуэхъуа и псэлъэгъухэм уахэплъа иужь, цIыхуфIхэр зэрынэхъыбэри, щIыналъэм щIэблэ хъарзынэ къызэрыщIэтаджэри уи нэкIэ уолъагъу.
  • Мы тыкуэным тхылъ игуэшкIэрэ псапэ къэзыхьыну хуейхэми Iэмал хъарзынэ ярет. Абы хуэгъэпсащ «тхылъ кIэрыщIахэр» зыфIаща гупыжыр. Щхьэж игуэшыну зыхуей тхылъхэр къещэхури, ехъуэпсам пщIэншэу къищтэн хуэдэу, тыкуэным абыхэм щыхухаха щIыпIэм деж къыщегъанэ.
  • Тхылъ дэлъхьэхэр, ди щIыпIэм и щэнхабзэр къызыхэщ открыткэхэр, къинэмыщI тхылъымпIэхэкI гурыхьхэр ядэщIыбгъу мэхъу фIыуэ плъагъухэм унэм укъыщIэмыкIыу яхуэпщIыфыну тхылъ тыгъэхэм.
  • «Къэвгъуэтащ фызэлIэлIэн», «мыхьэн зиIэ гуэр сыту фигу къэмыкIарэ» жаIэурэ, Iуэхум Iуагъэщтыну Iэджэми зыкърапщыта щхьэкIэ, тхылъ тыкуэнтетым зыкъызэриумысымкIэ, ар зыпэрыхьа Iуэхум кIуэ пэтми нэхъ дехьэх. Псом хуэмыдэу, абы и щхьэусыгъуэкIэ зыкъыпызыщIэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм. Иджы  Мурат  телеграмкIэ  зэджэ цIыхубэ  зэпыщIапIэм и тыкуэным и цIэр зезыхьэ напэкIуэцI къыщызэIуихауэ, абы Iэ щIэзыдзахэр тхылъхэм щытрегъэпсэлъыхь.
  • «Ди гуапэ мэхъу ди тыкуэныр Мэзкуу, Сочэ, Осетием, Адыгэ республикэм, КъШР-м къратхыкIыурэ зыкъызэрыхуагъазэр, — къыддогуашэ  Мурат  и ехъулIэныгъэхэмкIэ. — Щхьэхуэу дащогуфIыкI тхылъым и хьэтыр зылъагъу Бахъсэн щыщ къалэдэсхэм».
  • Дэри щIалэфIым «афэрым» жыдоIэ.
  •  
  • ХЬЭПЦIЭ Iэуес.