Псоми зэдай адыгэбзэ
2020-10-22
- Компьютерхэмрэ жып телефонхэм- рэ къежьэу, интернетым дуней псор зэрызэпищIэрэ, лъэпкъым и къэкIуэнур къызыфIэIуэху жэрдэмщIакIуэхэр егупсыс зэпытщ а Iэмалыр ди анэдэлъхубзэм дежкIэ щхьэпагъ нэхъыбэ хэлъу къэгъэсэбэпа зэрыхъуну щIыкIэм. А мурадым хуэунэтIа гупыж гъэщIэгъуэнхэр къызыкъуихыну хунэсащ «Псоми зэдай адыгэбзэ» («Черкесский язык для всех») проектымкIэ дызэрыт илъэсым утыку къихьа бахъсэн пщащэ Хьэщэ Альбинэ.
- УзыблэмыкIыф хъугъуэфIыгъуэкIэ уеджэну яхуэфащэщ Альбинэ и Iэужь-хэм. «Сэ сыщIохъуэпс адыгэбзэм зезгъэубгъуу, абы урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ яIэ пщIэр езгъэгъуэтыну», — пщащэр и плъапIэхэмкIэ къыщыддогуа-шэ и инстаграм напэкIуэцIым. Iуэхум зэрыпэрыхьэрэ зригъэхъулIэну зыхунэсахэр щыплъагъукIэ, Хьэщэхэ я хъыджэбзыр и мурадхэм зэратеIэбэнур уи фIэщ мэхъу.
- Хэт щIэмыхъуэпсыр анэдэлъхубзэр цIыхубэ зэпыщIапIэхэм уэру къыщысэбэпу илъагъуным. Альбинэ абы хуэпабгъэрэ и Iэр зэтедзауэ пэплъэныр и гум къыхуидакъым. Инджылызыбзэр Iэзэу зыгъэшэрыуэ пщащэм лэжьыгъэр иублащ интернетым тыншу къыщыбгъэщхьэпэ хъуну адыгэбзэ-инджылыз псалъалъэмкIэ. Абы къыкIэлъыкIуащ адыгэбзэкIэ щыIэ тхылъу хъуар зригъэзэгъэну и гугъэ «Адыгэ тхылъ хъумапIэ» интернет губгъуэм къыщызэIуихын гукъыдэжыр, а мурадым хуэгъэза япэ лъэбакъуэхэри ичащ. Iуэху мыублэ къэс хэс блэм пща-щэр зэребгъэрыкIуар нэгъэсауэ игъэшэрыуэ и анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ я закъуэкъым. Абы щIэупщIэшхуэ зиIэ, хамэ къэралыбзэкIэ зекIуэ видео-нэтынхэр адыгэбзэкIэ зэредзэкIри, и тэрмэ- шыр зыхуей хуэза субтитру а теплъэгъуэхэм якIэщIетхэж. Апхуэдэ щIыкIэу Альбинэ ядоIэпыкъу инджылызыбзэ зэзыгъащIэ адыгэхэми, адыгэбзэ зрагъэщIэным щIэхъуэпсу щIыпIэ жыжьэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, адыгэбзэр «бзэ ехьэжьахэм» къакъуэзымыгъэплъ зэхьэзэ-хуэм хахуэу хэувауэ, къикIуэт зымыщIэ хъыджэбзыфIыр толажьэ ди анэдэлъхубзэм и къару гъэтIылъахэр зэманым зэрыдригъэкIуным.
- Ауэ а псори пщегъэгъупщэж бахъсэн пщащэм шыщхьэуIум и кIэм «Оазис» тыкуэным къыщызэIуиха тхылъ хъумапIэ цIыкIум. ЦIыху нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэ къалэ тыкуэным Альбинэ щIигъэуващ адыгэ щэнхабзэм ущызыгъэгъуазэ тхылъхэр зытелъ дэлъхьэпIэ.
- «Мы тхылъ дэлъхьэпIэр щIэзгъэувар фи зэманыр фымызэшу, мыхьэнэ иIэу ефхьэкIын папщIэщ, — зыкъытхуеумыс Альбинэ и гуращэхэмкIэ. — Мыбдежым къыщывгъуэтынущ адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхылъхэмрэ адыгэ щэнхабзэм щыгъуазэ узыщI лэжьыгъэхэмрэ. Тхылъхэм фахуэсакъ. Къэфхьыжыну къыщывгъэлъэгъуа махуэм фIэвмыгъэкIыу, дапхъэм къытефлъхьэж».
- ДапхъиплIым екIуу къыщегъэувэкIа тхылъхэр хэти къищтэу пщIэншэу еджэну хуитщ, Альбинэ Iэзэу «упщIалъэ» зыфIища анкетэм и цIэ-унэцIэр, и телефоныр, тхылъыр къыщихьыжыну пIалъэр иритхэмэ. УзэщIыныгъэ мурад зэригъэзащIэм ищIыIужкIэ, мы Iуэху дахэр гъэсэныгъэм, цIыхур и псалъэм тебгъуэтэжу щытын зэрыхуейм хуэзыунэтI Iэмалуи къэплъытэну хуэфащэщ.
- Тхылъ телъхьэпIэр зэрагъэуврэ мазэ етIуанэр йокIуэкIри, абы щэнхабзэ фейдэ хэзыххэм я бжыгъэм хэхъуэ фIэкIа, хэщIыркъым, уеблэмэ, нэгъуэщI тыкуэнхэм, нэгъуэщI къалэхэм, къуажэхэм апхуэдэ «дапхъэ губзыгъэхэр» къыщызэIупх зэрыхъунум йогупсыс пщащэр икIи трагъэгушхуэ. Езы Альбинэ и IэбэкIэми зихъуэжащ. «НэгъуэщIыбзэкIэ тха тхылъхэр тесхыжынурэ, тхылъу теслъхьэ псори адыгэбзэ защIэ сщIынущ», — жеIэ Iущыцэм.
- Iуэхур зылъэхъэнкIи хъуну щхьэусыгъуэхэм щымыщтэу, хъунукъым-щIэнукъым жиIэу щымысу, езым лъэкIыр зыщIэ хъыджэбзым и зэфIэкIым ущымыгуфIынкIэ Iэмал иIэкъым. Шэч закъуи къытетхьэркъым зи ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дызыгъэгуфIэ ныбжьыщIэхэр ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу къезыгъэцIыху «ЩIалэгъуэ» напэкIуэцIым Альбинэ куэд дэмыкIыу дызэрыщрихьэлIэжынум, сыту жыпIэмэ, хъуэхъуфIхэр зэзышалIэ абы и жэрдэм купщIафIэр лъапэ махуэкIэ ежьакIэщ.
- Чэрим Марианнэ.