Иджыри куэдкIэ дыпщогугъ
2020-09-17
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрызэрагъэпэщрэ абы гуащIафIэу холэжьыхь зи ныбжьыр нобэ илъэс 80 ирикъу нэхъыжь Iумахуэ БакIуу Хъанджэрий Ильяс и къуэр.
- «Бзур зыIэтыр и дамэщи, цIыхур зыIэтыр и акъылщ», жеIэ адыгэ псалъэжьым. Хъанджэрий щIэныгъэм и щыгум зыIэтари, цIыхухэм я деж щиIэ Iулыджым и лъабжьэри и губзыгъагъэрщ, и гуащIэрщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик БакIуу Хъанджэрий и цIэр фIыкIэ щыIуащ Урысей Федерацэм и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хэкухэми. И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу ар мызэ-мытIэу ягъэлъэпIащ. БакIуум къыхуагъэфэщащ КъШР-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэхэр, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр, нэгъуэщI куэди.
- Хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, къытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа лъэпкъылI щыпкъэм си щхьэкIи, ЩIДАА-м хэтхэм я цIэкIи сехъуэхъуу и махуэ лъапIэм мыпхуэдэу зыхуэзгъэзэну сыхуейщ: «ПщIэ зыхуэтщI Хъанджэрий Ильяс и къуэ! Уузыншэу, IуэхуфIхэр къыбдэхъуу упсэуну, иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым ухуэлэжьэну ди гуапэщ. Уи хъуэпсапIэхэр къохъулIэну, лъагапIэщIэхэм унэсыну Тхьэм жиIэ! ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием къыбгъэдэкIыу нобэ пхуэдгъэфащэ ЩIыхь тхылъыр уи зэфIэкIым къыхуащIа къэрал гулъытэхэм, цIэ лъапIэхэм япумыдзыхыу зэрызепхьэнуми шэч къытетхьэркъым».
- КЪАНОКЪУЭ Арсен,
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президент,
- экономикэ щIэныгъэхэм я доктор.