Къардэн Ахьмэд быфадэ хабзэр къегъэщIэрэщIэж
2020-09-03
- Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу, тхэквондо спорт лIэужьыгъуэм сабийхэр хуэзыгъасэ Къардэн Ахьмэд пасэрей атэлыкъ (быфадэ) хабзэр къегъэщIэрэщIэж.
Къардэн Ахьмэд дзэм къулыкъу щищIэу къигъэзэжа нэужь, хабзэхъумэ IэнатIэм щылэжьэн мурад иIэу и тхылъхэр игъэхьэзырыну иужь ихьащ. Абы хэту я бжэIупэм щигъэуващ спортым зэрызыхуигъасэ Iэмэпсымэхэмрэ турникхэмрэ. ПIалъэ кIэщIым ар кIуапIэ яхуэхъуат хьэблэдэс сабийхэм. ЦIыкIухэм ящыщ зым и адэр Ахьмэд къелъэIуащ ныбжьыщIэхэм папщIэ гупжьей къызэригъэпэщу ядэлэжьэну.- — Нартан къуажэм щыщ, Москва щыпсэу Тебэрды Сулеймэн зэгуэр къызэупщIат пасэрей быфадэ хабзэр къэзгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа си еплъыкIэр зыхуэдэмкIэ. Аращ щIэдзапIэ хуэхъуари ди адэжьхэм къадекIуэкIыу щыта хабзэжьыр нобэ зэтезублэжыным. Иджы Сулеймэнрэ сэрэ дызэныб- жьэгъущ икIи и къуэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм дзыхь къысхуещI. ЩIалэ цIыкIум адыгэбзэ ищIэркъым, и анэр урысщ, — жеIэ Ахьмэд. — Дауи, ди адэжьхэм а хабзэр пасэм зэрагъэзащIэу щытам дыкъытемыкIыу (сабийр балигъыпIэ иувэху гъэсэныр) нобэ тхуэгъэзащIэркъым. Дауэ хъуми, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхум — мазэ бжыгъэкIэ сабий гъэхьэщIэным, гъэсэным сытегушхуащ, дэIэпыкъуныгъэхэр зэрызгъуэтынур (си адэ-анэмрэ си къуэшхэм-рэ сазэрыбгъэдэсым и фIыгъэкIэ), къэслъытэри. КъищынэмыщIауэ, илъэс зыбжанэкIэ цIыкIухэм садэлэжьати, бгъэдыхьэкIэ сщIэрт.
- Сулеймэн щIэхъуэпст илъэсий хъу и щIалэм адыгэбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ иригъэщIэну, ди лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм хигъэгъуэзэну, шы тесыкIэ ищIэну, спортым хуигъэсэну, езыр-езыру Iуэхухэм тегушхуэфу къэхъуну. Къардэн Ахьмэд и деж нэгъуэщI сабийхэм я гъусэу зы гъэмахуэкIэ щыIа щIалэ цIыкIур адыгэбзэкIэ псалъэ, нэмэз ищIыф, КъурIэн еджэф хъуащ, тхэквондоми зыхуегъасэ. КъищынэмыщIауэ, километри 160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ техьа шу гупым я гъусэу ар щэнейрэ зекIуэ щыIащ.
- — Ар псынщIэу есащ махуэр зэрыдубзыху щIыкIэм: дыкъоуш, ди Iэпкълъэпкъым зыдогъэукъуэдий, пщэдджыжьышхэ дощI, спортым зыхудогъасэ, шэджагъуашхэ дощI, шым дошэс, иужькIэ унэм дыщолажьэ… Ар зэпымыууэ си гъусэт, сщIэр си ужьым иту къипхъуатэу. Зэманыр щхьэпэу зэрыздэдгъэкIуар тIуми дигу ирихьащ. Аращ мы гъэмахуэми си деж къыщIытригъэзэжар. Иджыри щIалэ цIыкIуиплI си гъэсэнщ. Я адэ-анэхэм пыщIэныгъэхэр сахуиIэщ, ауэ хабзэм къызэригъэувым тету езыхэр куэдрэ зэзгъэпсалъэркъым. Сабийм зыхищIыкIыпхъэщ жэуаплыныгъэ хэлъу, езыр-езыру Iуэхум тегушхуэфу къэхъун зэрыхуейр. Иджы абы и гъуэгугъэлъагъуэр сэращ, и быфадэрщ.
- Ди щIыналъэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI республикэхэм (Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным) щыщхэу атэлыкъ хабзэр Ахьмэд къызэригъэщIэрэщIэжым теухуа хъыбар щхьэпэр зэхэзыхахэм я сабийхэри къыхуашэну зыкъыхуагъазэ, арщхьэкIэ атэлыкъыр зэкIэ хуэхьэзыркъым ныбжьыщIэ куэд игъэсэным. ЕтIанэгъэ и мурадщ псэупIэ щхьэхуэрэ шхапIэрэ иухуэу и гъэсэнхэм я бжыгъэм къахигъэхъуэну. Иджыпсту и анэмрэ и щхьэгъусэмрэ ныбжьыщIэхэм яхуопщафIэ. Сабийхэр нэхъыбэ хъумэ, ахэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэнущ.
- — Гъэмахуэ псом сабийр си деж щызгъэIэным и уасэр зэкIэ схужыIэнукъым, ауэ ар зытещIыхьауэ щытынур дэтхэнэ къызэрыгуэкI унагъуэри абы пэлъэщынырщ. ЗэкIэ ныбжьыщIэхэр зэрызгъасэм пэкIуэ пщIэр — адэ-анэхэм шэщ ухуэныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэрщ. Иджыри уасэ пыухыкIа къэдгъэлъэгъуакъым. Гъэ къакIуэ дубзыхунущ гъэ еджэгъуэм и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэхэм тещIыхьа программэр икIи зы жэщ-махуэм къриубыдэу абы хуэзэну уасэр, — къыддогуашэ Къардэныр.
- Быфадэм дзыхь къыхуащIа ныбжьыщIэхэм я зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу къахузэрегъэпэщ: щIыуэпсым, гуэлым, псыежэхым, тенджызым ешэ, шы тесыкIэ, къэжыхьыкIэ ярегъащIэ, шашкэ, шахмат, футбол егъэджэгу. Абыхэм теухуа сурэтхэмрэ видеохэмрэ интернетым щыгъунэжщ.
- КъыжыIапхъэщ, Къардэныр сабийхэм хуэгъэза псапэ Iуэхухэр лэжьыным жыджэру зэрыхэтыр. Апхуэдэщ ДЦП узыфэ зиIэ, иппотерапием екIуалIэхэм пщIэншэу зэрадэлажьэр. КъищынэмыщIауэ, курыт школым къыщыхэжаныкI сабииплIым тхьэмахуэ къэс сыхьэтитIым къриубыдэу шыкIэ пщIэншэу къарегъэжыхь, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным нэхъри тригъэгушхуэу.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.