Бахъсэн щIыналъэм мыIэрысэхэр къыщрахьэлIэж
2020-08-22
- КъБР-м и Бахъсэн щIыналъэм еужьэрэкIыу мыIэрысэхэр къыщыпачыж икIи ахэр хъумапIэхэм щIалъхьэ.
- «Бахъсэн и жыг хадэхэр» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэм иджыпсту ирагъашэ «Гала» мыIэрысэ лIэужьыгъуэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, апхуэдэу мы гъэм кърахьэлIэжынущ тонн 1800-рэ.
- Мы зэгухьэныгъэр мыIэрысэ гъэкIынымкIэ бжьы-пэр зыIыгъхэм ящыщщ. Абы ткIуэпс зырызурэ псы зыщIагъэхьэ, уэм щызыхъумэ сеткэхэр зыщхьэщыт жыг хадэр гектар 524-м щегъэкI. Мэкъумэш IуэхущIапIэшхуэм иIэщ республикэм щынэхъ ин дыдэ щIыIалъэхэр. Абыхэм зэуэ щахъумэфынущ пхъэщхьэмыщхьэ тонн 24-рэ. Мы гъэм абы щIагъэзэгъэну я мурадщ мыIэрысэ тонн 17.
- Пхъэщхьэмыщхьэ гъэтIылъыпIэм апхуэдэуи иIэщ ахэр щызэхадз комплекси.
- Къыхэдгъэщынщи, Урысей псор къапщтэмэ, Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и закъуэщ жыгыр хэсэным деж къыщыщIэдзауэ абы пыщIа адрей лэжьыгъэ псори — къэкIыгъэхэм якIэлъыплъынри, пхъэщхьэмыщхьэхэр къехьэлIэжынымрэ хъумэнымри, ахэр щэнри — зэкIэлъызыгъэкIуэф IуэхущIапIэ зиIэр.
- УЛЫМБАЩ Лерэ,
- Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ.