ЩыIэнущ ехъулIэныгъэхэри
2020-08-18
- «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:0. Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 15-м. ЦIыху 300 еплъащ.
- Судьяхэр: Смирнов (Кисловодск), Егоров (Дон Iус Ростов), Харченкэ (Астрахань).
- «Спартак-Налшык»: Антипов, Мэкъуауэ, Шумахуэ, КIэдыкIуей, Ольмезов, Ашу (Бахъсэнокъуэ, 78), Хьэшыр, Джатэрывэ, Клышэ (Дэхъу, 72), Iэпщацэ (Уэрэзей, 90+), Гугуев (Бацэ, 77).
- «Легион Динамо»: Магомедов Ал., Меджидов, Гамзатов (Панаев, 63), Дубухов, Гасанов, Идрисов, Омаров (Муртазалиев, 90+), Удунян, Шалбузов, Саадуев (Шихаев, 78), Магомедов Р. (Кадиев, 86).
- Дагъуэ къыхуащIащ: Омаровым, Джатэрывэм, Гамзатовым, Шалбузовым, Гасановым, Магомедовым.
- — Нобэ зыIэрыдгъэхьа зы очкор щым и уасэщ, — жиIащ зэIущIэ нэужьым «Легион Динамо»-м и тренер нэхъыщхьэ Избулатов Ренат. — «Спартак-Налшыкым» щызэхуашэсащ Iэзагъ лъагэ зиIэ футболистхэр икIи абыхэм уапэщIэтыну хуабжьу хьэлъэщ.
- Дагъыстэным къикIахэм я пашэм и псалъэхэм къыхощ ди щIалэхэм хьэщIэхэр икъукIэ гугъу зэрырагъэхьар. ЗэIущIэм еплъахэри абы щыхьэт техъуэфынущ.
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020 — 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм Дон Iус Ростов щыIэу щIыпIэ СКА-м 0:1-уэ къызэрыщыхигъэщIам «Спартак-Налшыкым» къыхуигъэувырт я зи чэзу хьэрхуэрэгъухэм Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ. Ди щIалэхэм абы и лъэныкъуэкIэ я лъэкI къагъэнауи пхужыIэнукъым. Ахэр зэуа топым гъуэм кIуэуэ гъуащхьэхъумэхэм къыщрагъэгъэзэжаи, пкъом техуэу къыщигъэлъеижаи, гъуащхьауэр зы мэскъалкIэ щыблэукIаи къэхъуащ. ФIы дыдэу зыкъигъэлъэгъуащ «Легион Динамо»-м и гъуащхьэтет Магомедовми.
- «Спартак-Налшыкым» хуабжьу зэрыхуэныкъуэр нэрылъагъут абы и капитан Пащты Руслан. ЗэIущIэм и пэ къихуэу а гъуащхьэхъумэныкъуэм и лъакъуэр къэузащ икIи тренерхэм джэгум хагъэхьэн дзыхь ящIакъым. Хэт ищIэн, пщэдей Ставрополь щыIэну Урысей Федерацэм и кубокым ехьэлIа зэпэщIэтыныгъэ гугъум хуахъумагъэнкIи хъунщ?!
- Сытми, «Спартак-Налшыкымрэ» «Легион Динамо»-мрэ щэбэт кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ икIи бжыгъэр къызэIуамыхауэ зэфIэкIащ, хуабжьу хьэлэмэту щытами. Абы арэзы къызэримыщIар гурыIуэгъуэщ хэгъэрейхэр, арщхьэкIэ я гум щIыхьэщауи фэ ятетакъым. КъагурыIуэ хуэдэт гупыр кIуэ пэтми зэрызэфIэувэр икIи, апхуэдэу екIуэкIмэ, мыгувэу ехъулIэныгъэхэр къазэрыпэплъэр. Дэри абы дызэрыщыгугъым шэч хэлъкъым.
- ЗэкIэ зэпеуэм бжьыпэр щаубыдащ пэщIэдзэ джэгугъуитIми бжыгъэшхуэкIэ щытекIуа Краснодар и «Кубань»-мрэ а щIыпIэ дыдэм щыщ «Кубань-Холдинг»-мрэ. Абыхэм закъыкIэригъэхуркъым Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м. Япэ ищахэм ялъэщIыхьэжын папщIэ «Спартак-Налшыкым» икIэщIыпIэкIэ текIуэныгъэхэр зыIэригъэхьэу щIидзэн хуейщ.
- КIэух увыпIэм къыщыхутащ ди къуэш Адыгейм и «Дружба»-р. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мейкъуапэдэсхэм пэщIэдзэ зэIущIитI- ри бжыгъэшхуэкIэ ирагъэхьащ.
- Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ иужьу зэхэта джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) — «Форте» (Таганрог) — 1:0, «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — СКА (Дон Iус Ростов) — 1:0, «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Кубань-Холдинг» (Крснодар) — 2:4, «Интер» (Черкесск) — «ТIуапсы» (ТIуапсы) — 3:2, «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 3:0, «Кубань» (Краснодар) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 4:1, «Черноморец» (Новороссийск) — «Краснодар-3» (Краснодар) — 1:0.
- КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуитIыр «Спартак-Налшыкым» нэгъуэщI стадионхэм щригъэкIуэкIынущ. Пщэдей, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэм и 1/128-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэр Ставрополь къалэм щапэщIэтынущ щIыпIэ «Динамо»-м. Абы иужькIэ, етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр шыщхьэуIум и 23-м щрагъэкIуэкIынущ. А махуэм «Краснодар-3»-м дэджэгунущ.
- Жыласэ Заурбэч.