КъБР-р щIыналъэ нэхъ къабзэхэм хохьэ
2020-08-18
- «Зелёный патруль» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Лъэпкъ экологиер зыхуэдэ щытыкIэр къэпщытэным ехьэлIауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэжащ. Абы къигъэлъэгъуащ 2020 гъэм и гъатхэм Лъэпкъ къабзагъэмкIэ рейтингым япэ увыпIэр щызыIыгъ щIыналъэ 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэращыщыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр 17-нэ увыпIэм щытщ, абы зымащIэкIэ къыкIэроху 19-нэ хъуа Шэшэн Республикэр. Къэрэшей-Шэрджэсыр 26-нэ, Дагъыстэныр 33-нэ увыпIэхэм щытщ. Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэмрэ Ставрополь краймрэ рейтингым и увыпIэ нэхъ лъахъшэхэр зыхуагъэфэщахэм ящыщщ.
- «Зелёный патруль» зэгухьэныгъэм и къэпщытэныгъэм къыщагъэлъэгъуа бжыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ унэтIыныгъищымкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэхэщ щIыналъэхэм щIыуэпсыр зэрыщахъумэр, промышленно-экологие, социально-экологие щытыкIэхэр зыхуэдэр.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.