Ислъамым и нур
2020-04-28
- Уаз
- НэщIыр къабыл хъун папщIэ
- НэщIыр къабыл хъун папщIэ абы къытхуигъэув къалэнхэр фигу къэдгъэкIыжынщ.
- Бытырыр
- Бытырыр умытынкIэ Iэмал зимыIэщ. Ар Алыхьым къалэн тщищIащ. Бытырыр дымытмэ, мазэ псом къэднэщIам мыхьэнэ иIэнукъым. Абы теухуауэ Мухьэмэд Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Рэмэдан мазэм къэвнэщIар уафэхэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум дэтынущ, быты-рыр фтыху. Ар щыфтам дежщ фи нэ-щIыр Алыхьым и пащхьэм щынэсынур». Ди нэщIыр къабыл хъунуми мыхъунуми елъытащ бытырым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэмэзым щыуагъэ гуэр хэтщIыхьмэ, ар зэрыдгъэзэкIуэжыр сэдждэ рэкхьэтыращ. НэщIым хэтщIыхь щыуагъэр зыгъэзэхуэжыр бытырыращ.
- Бытырыр итыну къытохуэ дэтхэнэ зы муслъымэнми, абы и щхьэ, и унагъуэ зыхуей зэрыхуигъэзэн мылъку (зы жэщ-зы махуэм къриубыдэу) иIэмэ. Бытырыр унагъуэм балигъ мыхъуа сабийуэ исым папщIи тын хуейщ. Языныкъуэхэр хамэ къуажэхэм кIуэурэ абы щат бытырыр, ауэ диным къезэгъыркъым уэ ущыпсэу щIыпIэм ис хуэныкъуэхэм уаблэкIыу нэгъуэщI щIыпIэм ар щыптыныр. Уи жылэм бытырыр зытехуэ дэмысмэ, итIанэщ нэгъуэщI щIыпIэм исхэм епт щыхъунур. Бытырыр зэптыну нэхъыфI-хэр псом япэ уи Iыхьлыхэм хуэныкъуэ яхэтмэ, ахэращ, апхуэдэ уимыIэмэ, итIанэщ адрейхэм щетыпхъэр. Ар птыну зэманкIэ нэхъыфI дыдэу ибжыр хьид нэмэзым ипэ къихуэущ, ауэ Рэмэдан мазэм щыщу дэтхэ-нэ махуэми пты хъунущ. Хьид нэмэзым и ужькIэ бытырыр птыну фIыкъым, ауэ икIи хьэрэмкъым. Абы щыгъуэми щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэр уимыIэу бытырыр хьид нэмэзым и ужькIэ птыну хьэрэмщ.
- Хьид нэмэзыр
- Хьид нэмэз щащIыр нэщIикIыж хьидымрэ къурмэн хьидымрэщ. Ар фарзкъым, ауэ гъэзэщIэн хуей суннэтщ. ЛIыкIуэ лъапIэм зэи блигъэкIыу щытакъым хьид нэмэзхэр. Дэри Iэмал зэриIэкIэ блэдгъэкI хъунукъым. Ар мэжджытым щыпщIыныр суннэтщ, ауэ унэми щыпщI хъунущ. Хьид нэмэзым и уахътыщ дыгъэр къыщыщIэкIым щегъэжьауэ шэджагъуэ хъуху. Ар рэкхьэтитI мэхъу. Мухьэмэд Бегъымбарым (Алыхьым и нэфІыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Хьид нэмэзыр щызэфIэкIам деж ар зыщIахэм яхэт мелыIычхэм ящыщ зым жеIэ: «ИрыращIэ псоми, Алыхьым гущIэгъу къыфхуищIу, фи гуэныхьхэр къызэрыфхуигъэгъуар. ФекIуэлIэж фи унэхэм фыгуфIэу. Нобэ влэжьам къыпэкIуэ фIыгъуэ щыфхуатх махуэщ».
- Хьидыр шэууал мазэм и япэ махуэращ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэ махуитIри лъапIэщ.
- Шэууал мазэм щыщу махуихыр
- Рэмэданым и ужькIэ къакIуэ шэууал мазэм и япэ махуихым нэщIыныр суннэтщ, абы псапэшхуэ пылъщ. Ар суннэту аращ, Iэмал имыIэу къэднэщIын хуейуэ щыткъым, атIэ, псапэу аращ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ мыпхуэдэу: «Рэмэдан мазэр къэзынэщIу, абы къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщу махуих къэзынэщIыжыр хуэдэщ илъэс псом нэщIам». НэгъуэщI хьэдисым щыжеIэ: «НэщI мазэр къэзынэщIу, абы къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщуи махуих нэщIам къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ и гуэныхьыр къыхуэгъунущ».
- Гу лъытапхъэщ: хьид махуэм нэщI яIыгъкъым. Хьид нэужьыращ ущынэщIын хуейр. Шэууалым щыщу махуихым зэкIэлъыпыту унэщIми хъунущ, апхуэдэу зы- хузэфIэмыкIыр, хэчыхьауэ нэщIми хъунущ.
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- Филиппинхэм щыIэ мэжджыт тхьэмбылыфэр дуней псом щынэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Абы и теплъэ гъуэзэджэр зрагъэлъагъун къудей щхьэкIэ турист куэд макIуэ а щIыпIэм. Телъыджэращи, дуней псом а зы мэжджыт закъуэращ тхьэмбылыфэу тетыр. Пэжщ, Малайзиеми щыIэщ «Мэжджыт Путра», къищынэмыщIауэ, «Насир ал-Мулк» мэжджыту Ираным щыIэми ущеплъкIэ, къыпфIощI ахэри тхьэмбылыфэу, ауэ абыхэм мащIэ дыдэу къащIэлъадэу аращ тхьэмбылыфэ.
- Филиппинхэм щыIэ зи гугъу тщIы мэжджыт тхьэмбылыфэм ар езыгъэщIа Шэмсуддин Димаукъ и цIэр фIащыжащ. Тхьэм и унэр апхуэдэу ин дыдэкъым, хьид махуэхэм деж абы екIуалIэ псори зэрыщIэмыхуэм къыхэкIыу, нэмэзыр пщIантIэм щащI. Муслъымэнхэм къищынэмыщIа, мыбы щIагъэхьэ нэгъуэщI дин зезыхьэхэри. Ауэ щыхъукIи, абыхэм ягъэзэщIэн хуейщ мардэ пыухыкIахэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, вакъэр ялъымыгъыу, бзылъхугъэхэм я щхьэм IэлъэщI телъу фIэкIа щIагъэхьэнукъым.
- Мэжджытыр яухуащ 2014 гъэм. Абы елэжьа лэжьакIуэхэм псоми чыристан динщ зэрахьэр.
- Хьэдис лъапIэхэр
- Тхьэр арэзы зыхуэхъуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Адэ-анэм я гуфIэгъуэр Алыхьым и гуфIэгъуэщ».
- Къулейсызыр илъэс 500-кIэ нэхъ пасэу жэнэтым кIуэнущ, къулейм нэхърэ.
- Зи Iиманыр нэхъ быдэ дыдэр фэ фщыщу зи щытыкIэр дахэращ. Фэ фщыщу нэхъыфIыр — зи щхьэгъусэм фIыуэ хущытращ.
- «Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ- ра псом нэхърэ нэхъыфIыр?» — жаIэу ЛIыкIуэ лъапIэм зыщыхуагъазэм, жэуапу зэхахащ: «И чэзум нэмэзыр пщIынырщ». «ИтIанэ-щэ?» «Адэ-анэм фIыуэ уахущытынращ».
- АдэкIэ Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) къыпищащ: «IуэхугъуэфIхэм я нэхъыфIщ уи адэм и ныбжьэгъухэр умыбгынэныр».
- ЛIыкIуэхэм я гъащIэр (гъэкIэщIауэ)
- Ибрэхьим бегъымбарым и гъащIэм щыщ пычыгъуэ
- ЯпэщIыкIэ сытепсэлъыхьыну сыхуейщ Нэмруз.
- Хэт Нэмрузыр?
- Ар дунейм тетащ цIыху мыхъумыщIэу, лъы фIейуэ, Iейуэ щыIэм я нэхъ Iейуэ. Япэ дыдэу дунейм «сэращ Алыхьыр» жызыIар аращ. А лъы фIейм «сэращ Алыхьыр, сэращ фыкъэзыгъэщIар», — жиIэурэ цIыхубэр зыхуигъэпщылIырт, абыхэм лей ярихырт, псори игъэшынэрт.
- Кэнхьан къуэ къыщыхуалъхуам, Алыхь IэмыркIэ лIы Iущым зыхищIат и къуэм игъащIэкIэ цIыху тэмэм къызэрыхэмыкIынур. Адэм къыгурыIуат щIалэ цIыкIур Алыхьым и бий зэрыхъунур, хьэбыршыбыру дунейм зэрытетынур. Абы зыри фIэкIыпIэ иIэнутэкъым, гъэсэныгъи пхухэлъхьэнутэкъым, сыту жыпIэмэ, ар апхуэдэу Тхьэм къигъэщIат. (Тхьэм ищIэр Езым ещIэж). Апхуэдэу щыхъум, и щхьэгъусэмрэ езымрэ зэчэнджэщри, мурад ящIащ Алыхьым пэщIэувэну сабийр IэщIыб ящIыну. Анэм ар ихьащ цIыху щымыпсэу губгъуэм, арщхьэкIэ, и бынти, хуэукIыжакъым, атIэ, псэууэ губгъуэм къринащ. А сабийр зылъагъу хьэкIэ- кхъуэкIэ нэгъунэ шынэурэ абы пэIэщIэ защIырт, сыту жыпIэмэ, сабийм и натIэм тетт жыхьэнмэ мафIэм и дамыгъэр.
- ИужькIэ анэм и быныр къищтэжри, псы ежэхым хидзащ. Тэлай дэкIри, сабийр псы Iуфэм къыIуидзэжащ. Ар цIыхухэм къагъуэтри, япIащ, Нэмруз фIащащ.
- Балигъ хъуа щIалэм зэрихьэ лейр псалъэ къудейкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизт. Ар щалъагъукIэ цIыхубэм я щIыфэр тхытхырт, апхуэдизкIэ абы щышынэхэрти. Дауи, Кэнхьани илъагъурт апхуэдиз лей зезыхьэ щIалэр. Ауэ абы ищIэртэкъым ар езым и къуэр зэрыарар. Кэнхьан мурад ищIащ и дзэр зэхуишэсу Нэмруз лейзехьэр яукIыну. Нэмрузи зэхихащ Кэнхьан и мурадхэр. ТIуми я дзэхэр зыщIагъури, зэадэзэкъуэр зэпэщIэуващ. Абы щыгъуэм лъыуэ ягъэжар щIэныгъэлI тхыдэтххэм я тхылъым кIыхьу къыщокIуэ. Кэнхьан и дзэр зэтраукIащ. ИужькIэ, зэадэзэкъуэр утыку ихьащ я къару закъуэкIэ зэзэуэну. Нэмруз бзаджащIэм и адэр иукIыжащ.
- Нэмруз и пщIыхьэпIэр
- Зыми щымышынэ Нэмруз лъы фIейм и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм хуабжьу игъэпIейтеящ. ПщIыхьэпIэхэм я мыхьэнэр къызыгурыIуэхэм щахуиIуатэм, къыжраIащ: «Уи пщIыхьэпIэм и мыхьэнэр мыращ: мы дунейм мыгувэу щIалэ цIыкIу къытехьэнущи, аращ узытекIуэдэжынур». Ар зэхэзыха лIыр губжьри, унафэ ищIащ щIалэ цIыкIуу къалъхуу хъуар яукIыну. А унафэр ягъэзащIэрт, арщхьэкIэ, Алыхьым иухам фIэкIыфа щыIэ?!
- Ибрэхьим бегъымбарыр дунейм къытехьащ
- Алыхьым Iэмыр ищIат Ибрэхьим бегъымбарыр къигъэщIыну. Нэмруз и унафэкIэ щIалэ цIыкIуу къалъхур зэраукIым къыхэкIыу, ЛIыкIуэр ныбэ щихъуам абы и анэ Лэусэ ибзыщIат зэрыуэндэгъур. И зэманыр щынэсым Лэусэ бгъуэнщIагъым зыщигъэп-щкIури, Алыхьыр къыхуэупсащ зи нэгум нурыр кърих щIалэ цIыкIукIэ (Ибрэхьим бегъымбарымкIэ). Анэм и гуфIэгъуэм щIэи гъуни иIэтэкъым. Сабийр Нэмруз щигъэпщкIури, езыр унэм кIуэжащ. Махуищ дэкIыу анэм бгъуэнщIагъым къыщигъэзэжым, и нэхэмкIэ илъагъур и фIэщ хуэгъэхъуртэкъым. Сабийр щIэфырт шэрэ форэ къызыщIэж и Iэпхъуамбэ цIыкIухэм. Ар псынщIэ дыдэу хэхъуэрт, махуэр мазэм хуэдэу, мазэр илъэсым хуэдэу.
- Ауэрэ, махуэ пщыкIутху дэкIри, Алыхьым ДжэбрэIил къыхуигъэкIуащ Ибрэхьим бегъымбарым, зытехьэну гъуэгур наIуэ къыхуищIри, адэ-анэм я унэ игъэкIуэжащ. Адэм щIалэ цIыкIу къызэрыхуалъхуар абы щыгъуэщ къыщищIар. Ар, дауи, куэду щыгуфIыкIащ и щIалэ цIыкIум. Ибрэхьим и адэ-анэр къыхуриджэу щIидзащ Алыхьым и закъуэныгъэм. Апхуэдэу щыхъум, адэр Нэмруз фIэлIыкIри, ибзыщIакъым къуэ зэриIэр. БзаджащIэм щышынапэурэ, щIалэр и пащхьэ иригъэувэри, жриIащ: «Уи фIэщ быдэу сыщI, къуэ къызэрысхуалъхуар сымыщIакIэ, ауэ нобэ си быныр къурмэн пхузощIри, фIэбгъэжынуми ухуитщ».
- — Хэт укъэзыгъэщIар? — щIэупщIащ Нэмруз.
- — Сэ сыкъэзыгъэщIар уафэхэри щIылъэри, абыхэм я зэхуаку дэлъхэри къэзыгъэщIа Алыхьыращ, — жэуап итащ Ибрэхьим.
- Ар бдзэжьей къупщхьэу и тэмакъым фIэнащ Нэмруз бзаджащIэм. ИкIи жиIащ: «Алыхьыр сэращ, щIалэ! Уэ фIэкIа сэ къыспэщIэува къэхъуакъым!» АдэкIэ адэм зыхуигъазэри, жриIащ: «Нобэ сукIынукъым уи щIалэр. Ауэ къалэн пщызощI уи щIалэм къыгурыбгъэIуэну Алыхьыр хэтми!»
- Ибрэхьим Алыхьым и закъуэныгъэм къыхуриджэми, и адэм Нэмрузщ Алыхьыр жиIэурэ зэманыр кIуатэрт. КъищынэмыщIауэ, Ибрэхьим и адэм тхьэнэпцIхэр мывэм къыхищIыкIыурэ ищэрт. Нэмруз я пашэу мывэкIэ гъэжа тхьэнэпцIхэр чэнджэщэгъуу гупым ябжырт.
- Ибрэхьим бегъымбарым тхьэнэпцIхэр зэрикъутар
- А гупым хабзэ яхуэхъуауэ гъавэр Iуахыжа нэужь, илъэс къэс зэ губгъуэм дэкIхэурэ махуэшхуэр ягъэлъапIэрт. А махуэр къэса нэужь, чэнджэщэгъуу ябж, мывэкIэ гъэжа я тхьэнэпцIхэм я пащхьэ гъавэ кърахьэлIэжам щыщ иралъхьэрти, итIанэт губгъуэм щыдэкIхэр. Апхуэдэ зы махуэ гуэрым гупыр губгъуэм щыIэу, Ибрэхьим бегъымбарыр тхьэнэпцIхэм яхыхьэри, ящыщу нэхъ ин дыдэ закъуэм фIэкIа къимыгъанэу адрейхэр псори зэтрикъутащ. Имыкъутэу къигъэна тхьэнэпцIым и дамэм джыдэр трилъхьэжри, езыр унэм кIуэжащ.
- Нэмруз я пашэу губгъуэм къикIыжа гупыр кIуащ тхьэнэпцIхэм ехъуэхъуну. АрщхьэкIэ я чэнджэщэгъухэр зэхэкъутауэ щалъагъум, къуаншэр къалъыхъуэу щIадзащ. ГурыIуэгъуэт, Ибрэхьим фIэкIа апхуэдэ зыщIэфын зэрыщымыIэр. ЛIыкIуэр ираджэри, еупщIащ: «Уэра ди тхьэхэр зыкъутар?»
- — Хьэуэ, сэракъым. Мес, моращ зыкъутар, — жиIэри, и Iэпэр ишиящ имыкъутэу къигъанэу, джыдэр зи дамэм трилъхьэжа тхьэнэпцIым и дежкIэ.
- — Сэ жысIэр фи фIэщ мыхъумэ, езым феупщI, — пищащ абы .
- АрщхьэкIэ, мывэм уеупщIкIэ, жэуап къыпыпхынт?! Я щхьэр къыфIэхуауэ зэбгырыкIыжащ джаур гупыр.
- Ибрэхьим мафIэм зэрыхадзар
- Жэщ-махуэ имыIэу Ибрэхьим къыхуриджэрт Алыхьым и закъуэныгъэм. Алыхьу зызыбжыж Нэмруз ар и гум хутемыгъахуэу, мурад ищIащ ЛIыкIуэр мафIэм хидзэу игъэсыну. И блыгущIэтхэм Iэмыр яхуищIри, мазищкIэ кърахьэлIащ пхъэ гъэсынхэр. МафIэшхуэр зэщIагъанэри, Ибрэхьим кърашэлIащ. АрщхьэкIэ, мафIэр апхуэдизкIэ инт, гуащIэти, бгъэдыхьэпIэ къахуэгъуэтыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, Iиблис лIыжь сэфэтым иту къахуэкIуэри, чэнджэщ къаритащ: «Катапультэ фщIыи, абыкIэ хэвдзэ Ибрэхьим мафIэм». Апхуэдэ щIыкIэкIэ Ибрэхьим бегъымбарыр мафIэм хадзащ. Лъагэу бгым къытету мафIэм еплъ Нэмруз и гуфIэгъуэм щIэи гъуни иIэтэкъым.
- Алыхьым и гущIэгъур
- МелыIычхэр гузавэу Алыхьым елъэIурт Ибрэхьим гущIэгъу къыхуищIыну. «ЛIыкIуэр фэ къывэлъэIумэ, хуит фызощI фыдэIэпыкъуну», — жиIэу Алыхьым мелыIычхэм защыхуигъазэм, МэчрэIил Ибрэхьим жриIащ: «Уа, Ибрэхьим! Ухуеймэ мафIэм и щыгум уэшхышхуэ къыщезгъэшхынщ». Ауэ ЛIыкIуэм идакъым мелыIычыр дэIэпыкъуу. ИужькIэ, ДжэбрэIил къыхуэкIуэри, къыжриIащ: «Уа, Ибрэхьим! СыткIэ сэбэп сыхъуну, къызжеIэ закъуэ!». АрщхьэкIэ, зыри къыдэIэпыкъуу идакъым. АтIэ жиIащ: «СыкъэзыгъэщIа Алыхь закъуэм зыхещIэ сэ сызэрыт щытыкIэр. Абы нэхъ дэIэпыкъуэгъу сэ сыхуейкъым».
- Алыхьым мафIэм Iэмыр хуищIащ и зэран лъэпкъ ЛIыкIуэм иримыгъэкIыну. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «Алыхьым жиIащ: «Дэ жытIащ: «Уа, мафIэ! ЩIыIэтыIэ хъу, уи зэран иумыгъэкI Ибрэхьим!».
- Алыхь Iэмырым фIэкIыпIэ иIэтэкъыми, мафIэм и зэран лъэпкъи Ибрэхьим екIакъым, атIэ, псэууэ, узыншэу, и зы щхьэц налъи имысауэ къыхэкIыжащ.
- Ар зылъэгъуа гупым ящыщ куэдым Iиман щыпкъэ къахьащ. Ауэ Iиман къэзыхьахэм, дауи, Нэмруз ящыщакъым.
- Нэмруз джаурым и кIуэдыжыкIэ хъуар къыкIэлъыкIуэну «Ислъамым и нурым» хэтынущ, Тхьэм жиIэмэ.