Илъэс 90-м щIигъуа нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ
2020-02-08
- Бахъсэн районым куэд щIауэ щызэтеува хабзэфIым тету, зи ныбжьыр илъэс 90м щIигъуа нэхъыжьыфIу 9 щагъэлъэпIащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур ялъыгъуэзащ, юбилеймкIэ ехъуэхъуащ икIи УФм и Президент Путин Владимир, КъБРм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сымэ я хъуэхъу тхылъхэмрэ Бахъсэн районым и администрацэм къыбгъэдэкI тыгъэхэмрэ яритыжащ.
- Къыщалъхуа махуэр щIышылэм и 1м игъэлъэпIащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щыщ ПщыхьэщIэ Машэ. Абы «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр, «1941 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм псэемыблэжу зэрылэжьам папщIэ медалыр, нэгъуэщI дамыгъэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. Машэ къуэрылъхупхъурылъхуу 14, абыхэм я быныжу 21рэ иIэщ.
- Илъэс 12 щыхъуам щегъэжьауэ пенсэм кIуэху БжьыхьэлI Афозэ Зеикъуэ къуажэм щыIа колхозым щылэжьащ, бынищ ипIащ. Абы къуэрылъхупхъурылъхуу 6, абыхэм я быныжу 11 иIэщ. «1941 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм псэемыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ.
- ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыщ ХьэкIашэ Лидэ зэрысабийрэ колхозым хэтащ, тылым и лэжьакIуэхэм ящыщщ.
- Гъуэгу Чазым балигъ мыхъуу щIидзэри, Зеикъуэ къуажэм щызэхэта колхозым щылэжьащ, тылым и лэжьакIуэщ. Бынищ, къуэрылъхупхъурылъхуу, абыхэм я быныжу 14 иIэщ.
- Отаров Жамал лэжьэн щыщIидзар Къэзахъстанырщ, абы къикIыжа нэужь «Эльбрусский» совхозым и Iэщыхъуэу щытащ. БыниплI, къуэрылъхупхъурылъхуу 12 иIэщ. И лэжьыгъэфIым папщIэ медаль зыбжанэ къыхуагъэфэщащ. Иджыпсту къуажэм и нэхъыжьхэм я советым хэтщ.
- Сэбан КIунэ зы щIалэ иIауэ аращ. Ар цIыху тэмэму игъэсащ. Къуэрылъхуу щы, абыхэм я быныжу щы иIэщ. Ар лэжьыгъэм и ветеранщ, юбилей медаль зыбжанэ иIэщ.
- КременчугКонстантиновскэ къуажэм щыщ Драгуновэ Елизаветтэрэ Куба къуажэм щыщ Чэтбий Зулрэ я юбилейхэр зы махуэм ягъэлъэпIащ.
- Къумыкъу Абдурэхьим Зеикъуэ къуажэм щыщщ. Ар 1954 гъэм щегъэжьауэ 1960 гъэм нэсыху Тырныауз къалэм и шахтэм щылэжьащ. ИужькIэ Пятигорск дэт мэкъумэш техникумыр къиухри, «Эльбрусский» совхозым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм 1962 гъэм щегъэжьауэ 1998 гъэм нэсыху Iутащ. ИужькIэ а совхо зым и унафэщIу щытащ, Урысейм щIыхь зиIэ и экономистщ. Абы щIалищ ипIащ, къуэрылъхуу 9 иIэщ.
- Абазэ Верэ.