Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир: Дызэлэжьын хуейуэ куэд къытпэщылъщ
2019-12-21
- УФ-м и Президент Путин Владимир иджы 15-нэу иригъэкIуэкIащ пресс-конференц ин. Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэрал куэдым ящыщ журналист 1895-рэ хэтащ абы. Сыхьэти 4-рэ дакъикъэ 20-кIэ екIуэкIа пресс-конференцым упщIэ 77-рэ абыхэм я жэуапхэмрэ къыщыIуащ. ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Путиныр, зэрихабзэу, къэралым и социально-экономикэ щытыкIэм къытеувыIакъым, атIэ упщIэ нэхъыбэм жэуап яритмэ нэхъ къищтэу, занщIэу журналистхэм псалъэ яритащ. Абыхэм я упщIэм и нэхъыбэр зытеухуауэ щытар къэрал кIуэцIым щыщыIэ гугъуехьхэрщ, абы хохьэ экономикэр, мэкъумэш IэнатIэр, транспортыр, пенсэ Iуэхур, медицинэр, нэгъуэщIхэри.
- Медицинэ IэнатIэм иджыри зрагъэужьынущ
- Медицинэм теухуа упщIэ зыбжанэм язт дохутырхэм я улахуэр зэрымащIэр, дохутыр нэхъыщхьэм сом минищэ зыбжанэ къихьу, хирургым ейр сом мин 50 фIэкIа мыхъуу щIыналъэхэм узэрыщрихьэлIэр. Ар гъэзэкIуэжыным псом япэу зэрегугъупхъэр жиIащ къэрал Iэтащхьэм икIи улахуэм и лъабжьэ сом бжыгъэр — сом мин 35-м щыщIэдзауэ сом мин 50-м зэрынэсыр жиIащ, апхуэдэ дыдэу улахуэм дыщIагъу ахъшэм и бжыгъэри зэхуэдэ щIыным иужь зэритын хуейр къыхигъэщащ УнафэщIым.
- Абы къыдэкIуэу махуэшхуэхэм, жэщхэм зэрылажьэм техуэ ахъшэ-ри гъэбелджылыпхъэщ. Президентым жиIащ а псори зэрымыкуэдыр, экономикэм и зыужьыныгъэм и гъусэу социальнэ IэнатIэхэм щылажьэхэм я улахуэри хэгъэхъуэн зэрыхуейр.
- Къэрал Iэтащхьэм и унафэкIэ, медицинэм и япэрей звенор дяпэкIэ къагъэщIэрэщIэнущ. Языныкъуэхэм сымаджэм деж япэу нэс фельдшерым и зэфIэкIырщ узыр къызэIэм и гъащIэр зэлъытар. Ауэ дохутырыр сымаджэм деж нэзыгъэс техникэм куэд щощIэ, зи машинэхэр жьы хъуаи зимыIэххи щыIэщ.
- — Мис ахэр зэгъэпэща хъун щхьэкIэ, зи гугъу тщIы IэнатIэм иджыри ахъшэ хухэтхынущ, „Узыншагъэр хъумэн“ лъэпкъ проектым хэтлъхьэнури нэхъыбэ тщIынущ. КъэкIуэну зэманым иджыри сом мелард 550-рэ хэтлъхьэнущ медицинэ зыужьыныгъэм, — игъэбелджылащ Путин Владимир.
- КIэрыху-бжьэрыхухэм теухуа зэхъуэкIыныгъэм кърикIуар
- Ленинград областым щыщ журналистым жиIащ кIэрыхубжьэрыхухэм къэралым зэрыщелэжьым цIыхухэр арэзы зэримыщIыр.
- — Къэрал псор къапщтэмэ, зы илъэсым къриу-быдэу кIэрыхубжьэрыху тонн мелуан 77-рэ зэрагъэзахуэ. Ар куэд, куэд дыдэ мэхъу, — жиIащ къэрал УнафэщIым. — ПхъэнкIийр зэгъэзэхуэн къалэн зэи зыми и пщэ дилъхьэжакъым Совет Союз лъэхъэнэми иджырей Урысейми. Дэ ар къэдублауэ аращ. Дэ иджыпсту дызыхущыщIэу къэслъытэр цIыхухэм дазэре-мыпсалъэрщ. Абыхэм къагурыгъэIуэн хуейщ мы IэнатIэр зэрылажьэр, пхъэнкIийр пIалъэкIэ щIыпIэ гуэр деж зэрагъэтIылъыр, абы щелэжьыну щIыпIэхэр къызэрызэрагъэпэщыр, нэгъуэщIхэри. КIэрыхубжьэрыхухэр зэрыIуашым щхьэкIэ зэи ямыта ахъшэр иджы яхэщIу хуежьащ, уеблэмэ а ахъшэр зыбжанэрэ хэхъуащ.
- Путиным жиIащ мы IэнатIэри жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэ щIагъэувэн зэрыхуейр, щхьэхуещагъэ мы Iуэхум хэмылъын папщIэ.
- Пенсэм еIусэнукъым
- IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щащIым, пенсэ реформэри лъэныкъуэкIэ къэнакъым. Апхуэдэ зыгуэр иджыри къэхъункIэ хъунрэ-мыхъунрэ щыщIэупщIэм, Президентым жиIащ пенсэм ехьэлIауэ ящIэну зыхуей псори зэрызэфIэкIар.
- — Пенсэм теухуа унафэхэр къатщтэри законкIэ щIэдгъэбыдэжащ, щIэуэ афIэкIа зыри хэтлъхьэнукъым, — жиIащ къэрал УнафэщIым. — Минфиным къыхилъхьэхэм я гугъу пщIымэ, ар зытеухуар пенсэ ахъшэр хъума зэрыхъунырщ, хэгъэхъуэнырщ.
- Президентым зэрыжиIамкIэ, пенсэ ныбжьым афIэкIа хэхъуэнукъым. Ауэ илъэс къакIуэ пенсэ ахъшэр проценти 6,6-кIэ хэхъуэнущ икIи сытым дежи инфляцэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ зэращIынум иужь итынущ.
- Совет Союзым и щIэин?
- Къэрал экономикэм щытепсэлъыхьым «ТВЦ» телеканалым и журналист Шестаков Матвей Президентым жриIащ иджыпсту ди къэралым иIэ куэдыр совет блэкIам и щIэину, абы щыгъуэм ящIа заводхэр, гъуэгухэр мыхъумэ, зыри димыIэу хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм жаIэу зэрызэхихыр. Абы къыхэкIыуи упщIэ иритащ иужьрей илъэси 10-м щIэуэ яухуауэ щыIэхэм тепсэлъыхьыну.
- «Псом япэрауэ, зыгуэр къыщIэзыгъэкIыу иджыпсту къэралым итым и процент 75-р щаухуар 2000 гъэм иужькIэщ. Аэропорту 3, вокзалу 12 яухуащ, федеральнэ гъуэгухэр тIукIэ нэхъыбэ хъуащ. Щапхъэ гъуэзэджэщ мэкъумэш IэнатIэм щызыIэрыдгъэхьа ехъулIэныгъэхэри. Иджыпсту гуэдзымкIэ дунейпсо сатур зыIэщIэлъыр дэращ. Дэ дыяпэщ! Америкэ Штат Зэгуэтхэми Канадэми япэ дищыжащ. Абы къыхэкIыу совет лъэхъэнэм и щIэинкIэ дыпсэууэ жызыIэхэр хуабжьу щоуэ», — итащ жэуап Путиным.
- Кадыровым къилэжьащ
- ЦIыхухэм я хуитыныгъэмкIэ советым кинорежиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александррэ Путин Владимиррэ зэрыщызэдэуам теухуа псалъэмакъ нобэми кърахьэкI. Абы теухуауэ Путиным щеупщIым, къыхигъэщащ:
- — Сэ сытепсэлъыхьащ мыбы, ауэ къытезгъэзэжынщ. Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Рамзан и адэ, Шэшэн Республикэм и япэ президенту щыта Кадыров Ахъмэт-Хьэжы езыр къысхуэкIуауэ щытащ, Урысеймрэ Шэшэнымрэ я зэхущытыкIэхэр иригъэфIэкIуэну хуейуэ. Ислъам къэралыгъуэхэм гъунэгъу зыхуащIмэ я Iуэху нэхъ дэкIыну я мурада щхьэкIэ, Урысейр зэрахущытыр нэхъ къызэрыхахыжар къызгуригъэIуэну. ФощIэ абы и щхьэ кърикIуар. Ар хэкIуэдащ Шэшэным, шэшэн лъэпкъым, Урысейм папщIэ. Иджыпсту Шэшэн Республикэм и унафэщIыр абы и къуэ, махуэ къэс апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэ ихуэ Рамзанщ. Ар езыр хэтщ зэпэщIэувэныгъэ шынагъуэхэм, щIэпхъаджащIэхэр игъэкIуэдыным псэемыблэжу иужь итщ. Абы къыхэкIыу жысIэну сыхуейщ цIэ лъапIэ фIэщыным теухуа дэфтэрхэм сегупсысауэ Iэ зэрыщIэздзыр. Грознэр зэрыщытами феплъ, зэрыхъуами феплъ. Къапщтэмэ, Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэри хуэфащэщ Кадыровым, ауэ щIалэщ иджыри, игъуэ ихуэнщ.
- Лъэпкъ проектхэр мэлажьэ
- Иджыпсту къэралыр зэрылажьэ программэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунущ лъэпкъ проектхэр. Ауэ абыхэм я мыхьэнэр тIэкIу ирагъэлейуэ, езыхэр зэрагъэзащIэр кIыхьлIыхь хъуауэ къэзылъытэхэр, зэ хэплъэжын хуейуэ къызыщыхъухэр зэрыщыIэр Путиным щыжраIэм, игъэбелджылащ абы дыщIыгъужыпхъи зэхъуэкIыпхъи хэлъу зэримыбжыр.
- — Нэхъапэм зэи диIакъым апхуэдэ къалэн, Iэмал зэкIэлъыгъэкIуа, — жиIащ къэрал ЛIыщхьэм. — Нобэ лъэпкъ проектхэр дызыхуэныкъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа, ахэр зэрыдгъэзэщIэн Iэмалхэр къыщыхьа программэщ, абыхэм текIуэдэну ахъшэри и чэзум хухэтхыу.
- КIыхьлIыхь хъуа-мыхъуам и жэуапу Путиным жиIащ мы гъэм лъэпкъ проектхэмкIэ зыхуагъэувыжа къалэн 38-м щыщу 26-р зэрагъэзэщIар, 12-р къызэрынар. Абы къыдэкIуэу Президентым щапхъэу къихьащ кхъахэ хъуа унэхэм щIэсхэр гъэIэпхъуэным епха программэр ягъэзэщIа къудейм къыщымынэу, щыкIэ нэхъыбэ зэрахузэфIэкIар.
- Китаймрэ Урысеймрэ
- Китаймрэ Урысеймрэ я дипломат зэхущытыкIэхэр зэраублэрэ мы гъэм илъэс 70 зэрырикъум къыхэкIыу Китай Медиакорпорацэм и журналистыр щIэупщIащ иджыри къэс зрагъэхъулIахэмрэ дяпэкIэ а зэхущытыкIэм къыпэкIуэну зыщыгугъхэмрэ.
- — Китаймрэ Урысеймрэ зрагъэхъулIахэр зыхэплъагъуэр иджыпсту жысIэну бжыгъэхэракъым, атIэ ди къэралхэм дзыхь зыхуащIу унэтIыныгъэ куэдкIэ зэрызэдэлажьэрщ, — жиIащ Путиным. — Экономикэм ехьэлIамэ, ар сом меларди 100-м нэс и уасэ сату зэрызэдэтщIырщ, ди мурадщ ар мелард 200-м нэдгъэсыну. Хьэршым, авиастроением, транспортым, нэгъуэщI IэнатIэхэм ехьэлIа зэдэлэжьэныгъэхэм заужьынущ. КъищынэмыщIауэ, урысей-китай зэхущытыкIэр дунейпсо зэпIэзэрытыныгъэм шэсыпIэ хуохъу жысIэмэ, сыщыуэнукъым. ДяпэкIи зэгъусэу дызэлэжьын Iуэху куэд щыIэщ. Си фIэщ мэхъу ар Урысей Федерацэм и цIыхухэми Китайм щыпсэухэми зэрахуэщхьэпэнур.
- ЦIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэну?
- Зыужьыныгъэм дытепсэлъыхь зэпытми, зы Iуэхугъуэ дэхуэха мэхъу. Путин Владимир упщIэ пыухыкIауэ иратахэм ящыщ зыт мыр:
- — Владимир Владимирович, дапщэщ цIыхухэм я псэукIэр щефIэкIуэнур?
- — Сэ къызгуроIуэ зи гугъу пщIыр, иужьрей илъэсхэм гу лъыдотэ цIыхухэм я хэхъуэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам. Ар гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIын хуейхэм ящыщщ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэIутхкIэрэ, ВВП-р хэдгъахъуэкIэрэ. Нэгъабэ улахуэм мащIэу хэхъуащ. Ауэ абыкIи зэфIэкIыркъым, дэ дегугъун хуейщ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм къыщахь улахуэр нэхъыбэ щIыным. Ар япэ лъэбакъуэу щрет, дызэлэжьын хуейуэ къытпэщылъым и лъэныкъуэкIэ, — жиIащ къэрал УнафэщIым.
- НэщIэпыджэ Замирэ.