ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Налшык» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыным и хэкIыпIэхэр

2019-12-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 19-м Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ «Налшык» зыгъэпсэхупIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

  • Абы щытепсэлъыхьащ зыгъэпсэхупIэм иджыпсту щыщыIэ гугъуехьхэм, абы адэкIи зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, щIыналъэм и къалащхьэм и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэным, иджырей зэманым къигъэув пщалъэхэм изагъэу ахэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм. Щхьэ-хуэу и гугъу ящIащ Налшык и зыгъэпсэхупIэхэр зыхиубыдэ щIыпIэхэм я къабзагъэм теухуа Iуэхум.
  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм, Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм я унафэщIхэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.