Гукъыдэж къозыт теплъэгъуэхэр
2019-10-24
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ. Налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ мы махуэхэм зрагъэлъагъуфынущ Къанокъуэ Руслан и IэдакъэщIэкI сурэтхэр.
- Музеибжэр Iупхыу узэрыщIыхьэу нэм къыIуидзэр щхъуэкIэплъыкIагъэрэ гукъыдэжыр къозыIэт нэжэгужагъэрэщ. IуэхущIапIэм и пэшищми щыплъагъу лэжьыгъэхэр щыхьэт техъуэми ярейщ сурэтыщIым и псэ къабзагъэм, фIыр и плъапIэу, дахагъэр и щIасэу зэрыщытым. Апхуэдизу нэIурыту, уи гукъыдэжыр къиIэту IэщIагъэлIым зыгуэр къыхуэгъэщIынкIэ Iэмал иIэкъым апхуэдэм езыр емыгупсысмэ, ар и плъапIэу къэмыгъуэгурыкIуэмэ…
- IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ лэчкIэ щIахэри, къэрэндащым и къэгъэщIыгъэхэри. Дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ, нэм къимыубыд жыхуэпIэным хуэдизу зэхэджа-зэIущауэ дэтхэнэри тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнщ.
-
Къанокъуэ Руслан Башир и къуэр 1949 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Аруан районым хыхьэ Шытхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. 1976 гъэм абы къиухащ Орёл къалэм дэт художественнэ училищэр. Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, ТворчествэмкIэ Дунейпсо Академием и академикщ. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм и IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрехьэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщызэIуаххэми мызэ-мытIэу хэтащ. И щхьэ закъуэ гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ щыIащ, Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм я художникхэм я гъэлъэгъуэныгъэ («Юг России-XI», «Юг России-XII») Дон Iус Ростов 2012, 2018 гъэхэм щекIуэкIахэм и лэжьыгъэхэр хэтащ. Урысейм и Абстракционист- хэм я зэгухьэныгъэм, Сочэ, Налшык къалэхэм дэт «Radisson Blue», «Синдика» хьэщIэщхэм, Кисловодск и «Целебный нарзан» зыгъэпсэхупIэм я галереехэм, нэгъуэщIхэми я гъэтIылъыгъэщ Руслан и сурэтхэр. - СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм и унафэщI Штокалэ Иринэ къызэхуэсахэм Къанокъуэр яригъэцIыхури, гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихын папщIэ япэ псалъэр иритащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- — СурэтыщI куэд кърихьэлIащ нобэрей зэIущIэм, ахэр тепсэлъыхьынщ Руслан и Iэзагъэм. Сэ лэжьыгъэхэм къызата гурыщIэмкIэ сывдэгуэшэну аращ, — жиIащ министрым. — Щэху хэлъ гъэлъэгъуэныгъэм жыпIэмэ, шэчыншэу хэлъщ. Гукъыдэж уимыIэу Руслан къигъэсэбэпа плъыфэхэр пхузэгъэуIункIэ, пхузэхэухуэнэнкIэ Iэмал иIэкъым. И щхьэм гупсысэ хьэлъэ щызеуэмэ, и псэр уфIыцIамэ, цIыхум итхыр гур зыгъэщIыIэ гуэрщ. Сэ слъагъу плъыфэбэм къиIуатэу къысщыхъур гукъыдэжыр тIысыпIэ зыхуэхъуа псэ къабзэщ.
- Къанокъуэ Руслан и гъащIэм, и гуащIэм, и ехъулIэныгъэм тепсэлъыхьу, дяпэкIи и IэдакъэщIэкI телъыджэхэмкIэ дигъэгуфIэну зэрагуапэр къыхагъэщу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщI Пащты Борис, ди республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт, Урысейм щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт нэхъыжьыфI, скульптор цIэрыIуэ ТхьэкIумашэ Михаил, ди республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ къэпщытакIуэ-аналитикэ советым и унафэщI, РАН-м и академик, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тау Пщыкъан сымэ.
- ЗэIущIэм и кIэухыу псалъэ иратащ Къанокъуэ Руслан. Абы къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ, гъэлъэгъуэныгъэр ягу ирихьамэ, и гуапэ зэрыхъунур къыхигъэщащ.
- ИСТЭПАН Залинэ.