ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пащты Герман и ехъулIэныгъэщIэ

2019-08-14

  • УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и тхылъыщIэм иджыблагъэ лъэтеувэ щыхуащIащ Налшык дэт «Акрополь» хэщIапIэм.

  • Красноярск и «Поликор» тхылъ тедзапIэм экземпляр 300 хъууэ дунейм къыщытехьа тхылъ телъыджэм Пащтым и школым къежьапIэ хуэхъуам, ксилографием и щхьэхуэныгъэхэм, а унэтIыныгъэм ди къэралым щигъуэта зыужьыныгъэм щытопсэлъыхь. Альбом жыпхъэм ит а къыдэкIыгъуэм дуней псом къыщацIыху сурэтыщIхэм къищынэмыщIауэ, а IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъагъуэ ныбжьыщIэхэми уащрихьэлIэнущ. Пащтым и еджапIэм и щхьэхуэныгъэхэм нэIуасэ ухуещI тхылъым. Альбомыр къахуэсэбэпынущ сурэтыщI Iэзэхэм, а IэнатIэм хуеджэхэм, ксилографием дихьэххэм.
  • «Школа ксилографии Германа Паштова» фIэщыгъэм щIэт Iуэху дахэм иращIэкIа дауэдапщэм кърихьэлIат КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Зумакулов Борис, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, скульптор цIэрыIуэ ТхьэкIумашэ Михаил, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид, сурэтыщI IэщIагъэм хуеджэ ныбжьыщIэхэр, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр, нэгъуэщIхэри.
  • КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алим зэIущIэм и пэщIэдзэм «Акрополь» уардэунэр зей Къардэн Хьэсэн, сыт щыгъуи хуэдэу, я Iуэхухэр къызэрыдиIыгъам папщIэ, фIыщIэ псалъэ жриIащ. Ар тепсэлъыхьащ Пащты Герман зи унафэщI, илъэс 20 ипэкIэ къызэрагъэпэща еджапIэм ехъулIэныгъэ зэрибэм. Къыхэгъэщыпхъэщ а зым фIэкIа ди къэралым апхуэдэ школ нэгъуэщI зэрыщымы-Iэр.
  • — Пащты Герман зымыцIыху, абы и IэдакъэщIэкI дахэхэр зымылъэгъуа къыфхэту къыщIэкIынкъым, — захуигъэзащ Къумахуэ Мухьэдин къызэхуэсахэм. — Къэбэрдей-Балъкъэрым щилэжь IуэхуфIхэм папщIэ Герман фIыщIэ лей хуэфащэщ. НэхъыжьыфI и хьэлу ар сыт щыгъуи хущIокъу езыр зыхэт гъуазджэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ зэрыдригъэхьэхыным, абы хуэIэижь щIыным. Уеблэмэ, гъуазджэм гъуэгу дахэ зыхупхишари мащIэкъым. Хуабжьу си гуапэу сыкIэлъоплъ и ехъулIэныгъэхэм, дэтхэнэми къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щхьэр лъагэу щIиIэтын и мащIэкъым, Пащты Герман апхуэдэхэм зэращыщыр шэч къызытумыхьэжынщ. Иджыри куэдрэ узыншэу тхуэлэжьэну, и IэрыкI телъыджэхэмкIэ дигъэгуфIэну дыщогугъ.
  • Гъуазджэм хуиIэ фIылъагъуныгъэм, Пащты Герман хуищI пщIэ лъагэмкIэ къыщIидзащ Зумакулов Борис и къэпсэлъэныгъэр.
  • — Пащтым и творческэ гъуэгуанэм щыщIидзар сощIэж. А цIыху гуащIафIэм хузэфIэкIащ ди щIыналъэм и мызакъуэу нэгъуэщI щIыпIэхэми и зэфIэкIыр къащригъэщIэн, езым и гъуэгу бгъуфIэ гъуазджэм щыпхи-шын. Герман гулъытэ ин зиIэ цIыхущ, ар и хъуреягъым ялъэIэс, защIэзыгъакъуэщ. «Фи лъахэгъу — Пащты Герман ди деж къызэрымыкIуэу пщIэшхуэ щыхуащI», — жеIэри Красноярск щыщ си цIыхугъэ гуэрым къызжиIати, хуабжьу си гуапэ хъуащ. Герман и къуэ Алими лъагапIэ инхэр зыIэригъэхьащ, и адэм и Iуэхум пызыщэ щIалэр дунейм и щIыпIэ куэдым къыщацIыху, и IэдакъэщIэкIхэр хуэсакъыу яхъумэ. Тхьэм фригъэфIакIуэ!
  • АдэкIэ пшыхьым щагъэлъэгъуащ «Двадцать мгновений вечности» фIэщыгъэм щIэт фильм. Ар теухуат Красноярск КсилографиемкIэ дэт школым и тхыдэм, ар зэрызэфIэувам, абы и лэжьыгъэмрэ къалэну зыхуигъэувыжхэмрэ.
  • Я лэжьыгъэ къалъытэу, пщIэ къыхуащIу къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ Пащты Герман.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.