Къанокъуэ Руслан: «ГъащIэм ухуешэ уи гум илъым»
2019-06-07
- Къанокъуэ Башир и къуэ Руслан 1946 гъэм къыщалъхуащ КъБАССР-м и Аруан щIыналъэм хиубыдэ Шытхьэлэ къуажэм. 2014 гъэ лъандэрэ хэтщ «Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм», 2017 гъэм хагъэхьащ Урысейм и Абстракционистхэм я зэгухьэныгъэм, иджыблагъэ, 2019 гъэм гъатхэпэм и 26-м, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик цIэ лъапIэр къыфIащащ.
- ЦIыхур зыхуэIэрыхуэ, и псэм фIэIэфI лэжьыгъэм пэрымытмэ, зыгуэр хуэныкъуэу къыщыхъуу мэпсэу. Апхуэдэ IэнатIэ Iуувэну хъунт сурэтыщI Къанокъуэ Руслан, и анэм и жыIэкIэ зыщIэтIысхьа еджапIэм къыщIэнатэмэ. Абстракцэ, фантастикэ жыпхъэм иту сурэт гъэщIэгъуэнхэр къэзыгъэщI художникыр нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну дыщыхуэзэм, дыкъригъэдэIуащ хъыбар гъэщIэгъуэн.
- — Сурэт щIыным ущыдихьэхар сыт щыгъуэ, Руслан?
- — Нобэ сурэт щIыныр школ программэм хэт щхьэкIэ, сэ курыт еджапIэм сыщыщIэса зэманым дытезыгъэгушхуэн егъэджакIуэ щхьэхуэ диIэтэкъым. Черчениещ дызыхуеджар. Мис а черчением щхьэкIэ зы альбом дахэшхуэ къысхуащэхуат, тецIуукIыу. Сурэт щIыныр къызэныкъуэкъурти, къэрэндащ быдэмрэ альбом напэ щабэмрэ схузэмыгъэзэгъыу, сигъэбампIэми, кхъуэщыным удз гъэгъа иту сщIауэ щытащ. Абы щыгъуэ черчениемкIэ дезыгъаджэм жиIат: «Художник диIэщ!». Гагариныр хьэршым лъэта нэужь, лIы цIэрыIуэм и сурэтыр сщIат. Ещхь хъуауэ жаIэурэ, псори къысщытхъурти, абы нэхъри сытригъэгушхуэрт. Курыт еджапIэр къэзухри, медицинэмкIэ училищэм сыщIэтIысхьащ. Ди анэм хуабжьу фIэфIт фельдшер къысхэкIынуи, жиIэм сыфIэкIыфакъым. Мис абдеж сурэт щIыным сыхунэмысурэ, сIэщIэхуащ.
- — Дауэ укъыхуэкIуэжа — тIэ, сурэт щIыным?
- — Училищэм сыщIэсу дзэм сраджащ. Медицинэм епхауэ сэ зырат частым дэтри, узыфэхэмрэ абыхэм зэреIэзэ щIыкIэмрэ теухуауэ сурэтышхуэ сщIыну си пщэ къыщыдалъхьэм, сыхущIыхьэ-сыхущIэмыхьэми, къэрэндащыр къэсщтэжын хуей хъуащ. «УзэрысурэтыщIыр щхьэ жумыIарэт?!», — жиIэри, командирым игъэщIэгъуауэ щытащ, сурэтыр хьэзыр хъуауэ и пащхьэ щислъхьам. Сурэт гуэр щIын, пэшыр гъэщIэрэщIэн хуейми ар си пщэ къыдалъхьэурэ, нэгъуэщI IэщIагъэ сызэрыхэмызэгъэнур абдеж къыщызгурыIуащ.
- — АтIэ, сыт жыпIэу училищэр IэщIыб пщIа? Уи анэм и жагъуэ хъуатэкъэ?
- — Армэм сыкъикIыжа нэужь, еджапIэм пысщэжыну сыхэтащ. Сыхэзагъэтэркъым. Ауэ щыхъум, си адэ-анэм яжесIащ си Iуэху зыIутыр. Пэжу ди анэм хуабжьу и жагъуэ хъуат, ауэ ди адэр къысщхьэщыжащ. «Упэрымыуэ, и псэм хэлъыр къыпхухэхынукъым», — жиIат абы. Си гур къызэрыгъуэтыжри, сурэт щIынымкIэ Орёл дэт училищэм сыщIэтIысхьащ. Ар 1976 гъэм къэзухри, сурэтыщIу илъэс 40-м нэблагъэкIэ сылэжьащ. Совет лъэхъэнэр гуащIэти, гугъут уи щхьэ Iуэху зепхуэжыну. Къэрал лIыщхьэхэм я сурэт щIыным си зэманыр зэрыщыту ихьырти, нэгъуэщIым селэжьыфыртэкъым. КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр, унэщIэхэр зэрагъэщIэращIэ гъущI псыхьахэм, дамыгъэхэм я сурэтхэр сщIыну си къалэнт.
- — Сурэт пщIахэм тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ щхьэхуэу яхэту гу лъыстащ.
- — ГъущIым, пхъэм сызэрелэжьам и Iэужь щхьэпэщ ар. Си щхьэ Iуэху зесхуэжыну Iэмал щызгъуэтар иужьрей илъэсхэращ. Си ныбжь нэсу лэжьапIэм сыIукIа нэужь, хуиту зестащ си гум къилъыхъуэм.
- — Уэ уэщхь хъужа яхэт уи щIэблэм, Руслан? СурэтыщI къахэкIа?
- — Къапщтэмэ, дэтхэнэ зы сабийми зэфIэкI бжыгъэншэхэр хэлъу дунейм къытохьэ. Жьыуэ щIэбдзэрэ удэлажьэмэ, абы къыпхуемыгъэщтэнрэ зыпэмылъэщынрэ щыIэкъым. Ауэ уэ пщIэркъым ар абы хуейрэ хуэмейрэ, и гум Iэпихрэ Iэпимыхрэ. Аращи, си бынхэр хэзгъэзыхьакъым, икIи щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ сиIэти, сурэтыщI къахэкIакъым. ИужькIэ сакIэлъыплъыжри, къызгурыIуэжащ — сыту фIыт щыцIыкIум зэрыхэзмыгъэзыхьахэри, щхьэж зыхуей и лъагъуэр езым зэрыхишыжари. Ауэ си къуэрылъху-пхъурылъхухэм сахоплъэри, сурэт щIыным дихьэх, ар къызэхъулIэ зэрахэтым гу лъызотэ. Хэт ищIэрэ, абыхэм къахэкIынкIэ хъунщ художник. Дэ сыт жытIэми, а цIыкIухэм щхьэж я насып яIэжщи, зыхуейм я Iэр техуэнущ. ГъащIэм ухуешэ хуэмурэ уи гум илъым. Ар згъэунэхуауэ, сощIэ фIыуэ!
- Гъуазджэм и лIэужьыгъуэ зыбжанэм зэхуэдэу хуэIэзэ сурэтыщIым къегъэнахуэ гъущIымрэ пхъэмрэ зэрелэжь IэмалыщIэхэр, графикэми диджитал-артми хуэIэижьщ.
- Сытым елэжьами, Къанокъуэм и Iэр кърипцIыхужу щабагъэ гуэр хэлъщ абы и сурэт телъыджэхэм. Жыгым зэщхьу тхьэмпитI зэрыпымытым хуэдэу, цIыхуитIи зэщхьу дунейм теткъым. Апхуэдэщ псэри. Руслан и IэдакъэщIэкIхэм уащыхэплъэкIэ, зыхыбощIэ ахэр гумрэ псэмрэ къызэрикIыр. Зыми емыщхь псэ дахэм и джэрпэджэжу ди пащхьэ къызэриувэр.
- Къанокъуэм и сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр мызэ-мытIэу щекIуэкIащ Налшык, Сочэ, Минеральные Воды, Грознэ къалэхэм. КъыкIэлъыкIуэр 2019 гъэм фокIадэм и етIуанэ Iыхьэм щекIуэкIынущ Налшык Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъахэхутэ музейм.
- Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.