Ислъамым и нур
2019-05-25
- Уаз
- Хьид махуэ лъапIэр
- Муслъымэн псоми ди зэхуэдэу дгъэлъапIэ хьид махуэшхуэм и къежьапIэ хъуар 624 гъэращ. А илъэсым ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Мединэм щыIэу, япэ дыдэу Рэмэдан мазэм нэщI иIыгъри, хьид махуэри игъэлъэпIауэ щытащ. Хьид махуэр зэрагъэлъапIэ щIыкIэр Бегъымбарым и щапхъэм къегъэлъагъуэ:
- А махуэм хьид нэмэз ящI. Хьид нэмэзыр фарзкъым икIи суннэткъым. Ар уаджибщ («къалэн» жиIэу аращ «уаджибым» и мыхьэнэр). Уаджибыр фарзымрэ суннэтымрэ я зэхуаку дэту аращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, фарзыр — ар дымыгъэзащIэмэ къытхуэмыгъуну Iуэхугъуэхэращ; суннэтыр дгъэзащIэми дымыгъэзащIэми хъунущ, ауэ дгъэзащIэмэ, дэркIэ нэхъыфIщ; уаджибыр Iэмал имыIэу гъэзэщIапхъэщ, ауэ щыхъукIи, щхьэусыгъуэ гуэркIэ дымыгъэзащIэми, жыхьэнмэ къэдлэжьыну щыткъым.
- Хьид махуэм псэри Iэпкълъэпкъри гъэкъэбзэн хуейщ. Хьид нэмэзым кIуэн и пэ къихуэу зыгъэпскIыныр, мэ дахэ зыщыгъэуныр суннэтщ. КъинэмыщIауэ, щыгъыным я нэхъыфIыр щытIэгъэныр, адэ-анэм гулъытэ яхуэщIыныр, быным щыгъыныщIэ къахуэщэхуныр, хьэщIапIэ кIуэныр, уи деж хьэщIэ къебгъэблэгъэныр, благъэхэм, Iыхьлыхэм, гъунэгъухэм, ныбжьэгъухэм якIэлъыкIуэныр, ерыскъы щIэщыгъуэ пщэфIыныр суннэтщ. Хьид нэмэзым и пэ къихуэу бытырыр птауэ щытын хуейщ.
- Мы гъэм бытырыр зыхуэдизыр
- КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы гъэм бытыру цIыху къэс тумэнибл итын хуейщ (ар нэхъ мащIэ дыдэу). Абы нэхърэ нэхъ мащIэ ит хъунукъым, ауэ нэхъыбэ итми хъунущ. Бытырыр унагъуэм щIэсу хъуам папщIэ тын хуейщ, дэтхэнэми тумэнибл хуэзэу. Ар етыпхъэщ хуэмыщIахэм, тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм. Уэ уи Iыхьлыхэмрэ гъунэгъухэмрэ апхуэдэ яхэтмэ, ахэращ япэу зэтыпхъэр. Ауэ ууейхэм апхуэдэ яхэмытмэ, итIанэ нэгъуэщIхэм епт хъунущ. Бытырыр хьид нэмэзым и пэ къихуэу тын хуейщ, ауэ Рэмэдан мазэм къриубыдэу птыми хъунущ. Бытырри, къинэмыщIауэ, сыт хуэдэ сэдэкъэри щэхуу, хэIущIыIу мыщIауэ тыныр нэхъыфIщ.
- Ислъам динымрэ гъунэгъум и хьэкъымрэ
- Гъунэгъум и хьэкъыр апхуэдизкIэ гуащIэщи, Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Алыхьым щхьэщэ хуэфщI. Абы зыри гъусэ хуэвмыщI. Пэжу фабгъэдэт адэ-анэм, Iыхьлыхэм, зеиншэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгу тету фи деж ныдыхьахэм, гъунэгъухэм».
- ЛIыкIуэ лъапIэр и гъунэгъухэм гуапэу яхущыту, пщIэ яхуищIу щытащ, абыхэм зэрахьэ диным емылъытауэ.
- Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Я зэран къекIынкIэ зыщышынэ гъунэгъур зэи жэнэтым кIуэнукъым». Уеблэмэ, уи гъунэгъур зэрымэжалIэр пщIэуэ угъуэлъыжыну ислъам диным къезэгъыркъым. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисыр. ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «И гъунэгъур мэжалIэу зэрыгъуэлъыжыр зыщIэу зи ныбэ изу шхэуэ гъуэлъыжхэр муслъы-
- мэным хибжэркъым».
- Iэбу Хьэнифэрэ и гъунэгъу журтымрэ
- Iимам Iэбу Хьэнифэ и гъунэгъу журтым зэрыхущытар псоми щапхъэ нэс тхуэхъуну къыщIэкIынщ. Iэбу Хьэнифэ журт гъунэгъу иIэу щытащ. Журтым и псыунэр Iимамым и бжыхь дыдэм кIэрытти, абы къриххэр Iэбу Хьэнифэ и пщIантIэм дэлъадэрт, ауэ гъунэгъур абы щыгъуазэтэкъым. Iэбу Хьэнифэ и гъунэгъур имыгъэукIытэн папщIэ зыкъримыгъащIэу махуэ къэс езым фIейр игъэкъэбзэжырт. Мис апхуэдэурэ илъэс 40-кIэ екIуэкIащ. Ар дунейм ехыжа нэужь, журтыр щыгъуазэ хъуащ Iуэхур зыIутам икIи щIэупщIащ: «Сыт апхуэдизрэ зыкъызимыгъащIэу сыщIишэчар?» — жиIэри. «Алыхьым и псалъэр игъэпэжащи, ЛIыкIуэм и щапхъэм тетащи аращ ущIишэчар». А псалъэхэр зэхэзыха журтыр ислъам диным къихьэри, дунейм тетыхукIэ муслъымэн щыпкъэу псэуащ.
- ГъащIэм щыщ теплъэгъуэ
- ФIы пщIэмэ, Iей ухуэзэнкъым
- Пшапэри зэхэуауэ, зи машинэри ункIыфIауэ гъуэгубгъум деж щыт муслъымэн бзылъхугъэр щилъагъум, Ахьмэд къэувыIащ абы дэIэпыкъуну. Бзылъхугъэм ар щилъагъум, и гур къызэрыгъуэтыжащ.
- — Гъуэгуанэ кIыхь къызэпысчащ, си Iыхьлыхэри жыжьэ щыIэщ, дэIэпыкъуэгъу сымыгъуэту сыкъытенащ, согузавэ, — жиIащ цIыхубзым.
- КъызэрыщIэкIамкIэ, машинэм лажьэшхуэ иIэтэкъыми, Ахьмэд хузэфIэкIащ ар зэригъэпэщыжыну. Бзылъхугъэр зыхуей зэрыхуэзэр и теплъэм къигъэлъагъуэрт. Ахьмэд хуэмыщIауэ псэурт, ахъши хуабжьу хуэныкъуэт. ЦIыхубзыр гурэ псэкIэ арэзыуэ ахъшэ къыхуишиящ, сэбэп къызэрыхуэхъуам папщIэ фIыщIэ къыхуищIу. АрщхьэкIэ, Ахьмэд дапхуэдизу хуэмыныкъуами, ахъшэр къищтэн идакъым. Абы жиIащ: «Ар сэ щIэсщIар Алыхьыращ, зыри къыпIысхынукъым, сыхьэтыфIым Тхьэм ухуишэ», — жиIэри, Ахьмэд адэкIэ и гъуэгуанэм пищащ.
- Бзылъхугъэри тIэкIу едзэкъэну шхапIэ гуэрым щIыхьащ. Абы гуапэу сэлам кърихри, шхын къыхутригъэуващ цIыхубз уэндэгъум. Ишхам и уасэу къритам къигъэзэжыр хъыджэбзым къыхуихьыжыху, бзылъхугъэр щIэкIыжащ, ауэ ар здэщыса Iэнэм ахъшэрэ тхыгъэ кIэщI цIыкIурэ телът.
- ЦIыхубзым къищта тхыгъэм итт: «Сэ нобэ си машинэр къутауэ, сыгузавэу гъуэгу сытету зы щIалэщIэ цIыкIу сыхуэзэри, Алыхьым папщIэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ. Сэри сыхуейщ щIалэм къысхуищIа Iуэхутхьэбзэм хуэдэ Алыхьым папщIэ зыгуэрым хуэсщIэну. Аращ ахъшэр къыщIыпхутезнар».
- ХуэмыщIауэ псэу цIыхубз цIыкIум и нэпсхэр къежэхащ. Унэм кIуэжри, Iуэхур зыIутыр и щхьэгъусэм жриIэжащ. Зи машинэр къута бзылъхугъэм дэIэпыкъуа щIалэрат абы и щхьэгъусэр. Аращи, Алыхьым папщIэ блэжьа фIыр зэи кIуэдынукъым, абы сыт щыгъуи уи деж къигъэзэжынущ.
- Сабий зеиншэм и псалъэхэр
- Зэгуэрым Iимам ибн Сирин мэжджытым щIыхьауэ илъэгъуащ нэмэз зыщI щIалэ цIыкIур. ИлъэсипщIым иту арат ар.
- Апхуэдиз фIэкIа зи мыныбжь сабийм и гум хыхьэу нэмэз зэрищIыр щилъагъум, Iимамыр адэкIэ тIысри, абы кIэлъыплъащ. Нэмэзыр иухыу, духьэ къихьыжа нэужь, Iимамыр абы еджэри зыбгъэдишащ.
- — Хэт урикъуэ уэ цIыкIур? — жиIэу щыщIэупщIэм:
- — Сэ сызеиншэщ, ади ани сиIэкъым, — жэуап къитащ сабийм.
- — АтIэ уарэзы сэ бын усщIу успIыну? — щIэупщIащ ибн Сирин.
- — Сыарэзыщ, къалэнитху уи пщэ дэслъхьэнущи, пхуэгъэзэщIэнумэ, — жиIащ сабийм. Ар хуабжьу телъыджэ щыхъуащ Iимамым.
- — СынодаIуэ, жыIэ къалэн сщыпщIхэр.
- — СымэжалIэмэ, сыбгъэшхэну?
- — Ар Iуэху, уи ныбэ изу узгъэшхэнущ.
- — Псы схуэлIэмэ, себгъэфэну?
- — Уезгъэфэнущ.
- — Сыпхуэпэну?
- — Дауи, усхуэпэнущ.
- — Сымаджэсыхъумэ, сыбгъэхъужыну?
- Къулейсызым телъ щIыхуэмрэ пщIыхьэпIэмрэ
- Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Алыхьыр зи фIэщ хъухэм хъыбарыфI едгъэщIэнущ дунеягъэкIи ахърэткIи. Ар Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхум и нэгу щIэдгъэкI пщIыхьэпIэхэращ».
- Хьэдисми къыщыкIуащ Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ цIыхум къэхъуну-къэщIэнухэр и пщIыхьэпIэхэмкIэ Алыхьым къызэрыригъащIэр. НэгъуэщI хьэдисым жеIэ: «Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Сэ пщIыхьэпIэкIэ сыкъэзылъагъум, сыкъилъагъупауэ аращ, сыту жыпIэмэ, шейтIаныр сэ си сэфэтым ихьэфынукъым».
- Хъалифатхэм я зэманым къэхъуа мы хъыбар кIэщI цIыкIури абы и щыхьэтщ. Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ зы лIы къулейсыз гуэрым IэмалыншагъэкIэ щIыхуэ къищтэурэ и бынунагъуэр игъашхэрт. Къилэжьыр хурикъуртэкъым, тхьэмыщкIэ дыдэт. Зым зы динар, адрейм динаритху, ещанэми динар плIыщI къыIихыурэ, и щIыхуэр динар 500-м нэсащ. ЩIыхуэ къызыIихахэр къакIуэу щIадзащ, ахъшэр къыдэтыж жаIэурэ. ЛIым и псэм гузэвэгъур телът, ищIэнур ищIэртэкъым, жэщ-махуэ имыIэу лажьэми, бынунагъуэшхуэр игъэшхэф къудейт, щIыхуэри Iуэхум къыхыхьэу. ХэкIыпIэ зыри щимыгъуэтым, тыкуэнышхуэ зыгъэлажьэ лIы къулейм и деж кIуэри елъэIуащ динар 500 къритыну. Къулейм динар 500 къритри, къулейсызым и щIыхуэр ипшыныжащ.
- Зэман дэкIри, къулейр абы и деж къэкIуащ «си щIыхуэр къызэтыж», — жиIэри. АрщхьэкIэ, тхьэмыщкIэм ар зэрипшыныжын зы Iэмали иIэтэкъым, Iуэхум хэкIыпIи къыхуигъуэтыфыртэкъым. АрщхьэкIэ, къулейм ар и фIэщ мыхъуу, лIыр хеящIэм деж ишащ. Судри къулейм и телъхьэ хъури, тхьэмыщкIэр ягъэтIысыну унафэ ящIащ. Iуэхур абы щынэсым, лIым хеящIэм зыхуигъазэри, елъэIуащ: «Сэ сывгъэтIысмэ, щIэхфэх си унагъуэр слъагъунукъым, сынолъэIу, нобэ сутIыпщыжи, ныжэбэризэм си бынунагъуэм сахэвгъэсыж, пщэдей сыкъэкIуэжынщи, сывгъэтIысынщ», — жиIэри. АрщхьэкIэ, хеящIэр, муслъымэнми, хабзэм ебакъуэ хъунутэкъыми, ар хуидакъым. Зыри щымыхъум, тхьэмыщкIэм жиIащ: «АтIэ, сэ укъызэрызмыгъапцIэмкIэ щыхьэту, сэркIэ жэуап ихьыну цIыху уэрэ сэрэ ди зэхуаку къыдэзгъэувэмэ, итIанэ сыбгъэкIуэжын?» «НтIэ, уэркIэ жэуап ихьыну мис апхуэдэ цIыху къэувмэ, узгъэкIуэжынщи, уи унагъуэм уахэзгъэсыжынщ ныжэбэ. УиIэ апхуэдэу къэувын цIыху?» — жиIащ хеящIэм. «СиIэщ. Дунейм ехыжами, Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр ди зэхуаку къыдызогъэувэ уэрэ сэрэ», — жиIащ лIым. Ар щызэхихым, хеящIэм, дауи, ар унэм игъэкIуэжащ.
- Iуэхур зыIутыр и щхьэгъусэм щыжриIэм (щхьэгъусэри Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэти), и лIым жэуап къритащ: «Умыгузавэ, Алыхь щыIэщ, Абы ещIэ щэхури наIуэри. Нэху щыху дымыувыIэу Тхьэм делъэIунщ, «Алахьумэ сэли хьэла сэидина Мухьэмэд» псалъэхэр жытIэнщ, Тхьэм къытхуищI ди унафэщ, дыхуэарэзыщ», — жиIащ цIыхубзым.
- А псалъэ лъапIэхэр жаIэурэ пщэдджыжь азэныр къэджэным куэд къэмынэжауэ, лIы щхьэукъуам пщIыхьэпIэу елъагъу ЛIыкIуэ лъапIэр къыхуэкIуауэ къыжриIэу: «Къэрал мылъкур зыхъумэм и деж кIуэи жеIэ: «ПщIыхьэпIэу слъэгъуащ къэрал мылъкум къыхэпхыу си щIыхуэр схуэппшыныжыну бжесIэну Мухьэмэд бегъымбарым къызжиIауэ», — жыIи». «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сэ уэ пщIыхьэпIэу услъэгъуауэ дауэ абы и фIэщ хъуну?» — пщIыхьэпIэм хэту щIоупщIэ лIыр. ЛIыкIуэм жиIащ: «Ар сыткIэ си фIэщ пщIыну, къыбжиIэмэ, уэ жеIэ: «Ар уи фIэщ зэрыхъун IуэхугъуитI бжесIэнщ. Япэр — «Алахьумэ сэли хьэла сэидина Мухьэмэд» псалъэхэр махуэ къэс минрэ къыбобж. ЕтIуанэр — дыгъуасэ къыумыбжу блэбгъэкIащ, арщхьэкIэ къэббжам хуэдэу къабыл хъуащ», — жыIи».
- ЛIыр щтэIэщтаблэу къэушащ. Мылъкур зыхъумэм и деж кIуэри, и пщIыхьэпIэр хуиIуэтащ. «СыткIэ си фIэщ пщIыну уэ ЛIыкIуэр пщIыхьэпIэу плъэгъуауэ?» — щIэупщIащ ар. «Мы IуэхугъуитIымкIэ уи фIэщ сщIынущ: Япэр — уэ махуэ къэс минрэ жыбоIэ «Алахьумэ сэли хьэла сэидина Мухьэмэд» псалъэхэр; ЕтIуанэр — дыгъуасэ а псалъэхэр жумыIэу блэбгъэкIащ». Пэжт, зы махуэ къэмынэу лIым къибжырт а псалъэ лъапIэхэр, ауэ ар зы цIыхуми ищIэртэкъым. КъинэмыщIауэ, дыгъуаси къимыбжу блигъэкIат. Абы зэхиха псалъэ пэжхэм и щIыфэр ягъэзджызджри, мылъкум динар 500 къыхихри, къритащ «уи щIыхуэр пшыныж», — жиIэри. КъинэмыщIауэ, езым къыбгъэдэкIыу, гурэ псэкIэ арэзыуэ, аргуэру динар 2500-рэ къритащ.
- ЛIыр гуфIэу, икIи епIэщIэкIыу хеящIэм деж кIуащ, къызэригъэгугъам тету. ЛIыр щилъагъум, хеящIэр къыщылъэтри, IэплIэ къыхуищIащ, гуапэу сэлам кърихри къыжриIащ: «Уэ уи фIыгъэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэр ныжэбэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ. ЛIыкIуэм къызжиIащ: «Уэ а тхьэмыщкIэм и щIыхуэр итыжыну удэIэпыкъумэ, сэри Къемэт махуэм сыкъыпщхьэщыжынщ» къызжиIэу сепщIыхьащ», — жиIэри, динар 500 къритащ: «Уи щIыхуэр пшыныж» жиIэри. КъинэмыщIауэ, езым къыбгъэдэкIыуи динар 500 къритащ. ТхьэмыщкIэми и нэгу щIэкIа пщыхьэпIэри, и пщIыхьэпIэм кърикIуахэри хеящIэм хуиIуатэу здэщытым, и нэр къихуу пэшым къыщIэлъэдащ тхьэмыщкIэр судым езыта къулейр. Я псэлъэмакъыр зэпиудри, гуфIэу жиIащ: «Сэ си насыпщ, ЛIыкIуэ лъапIэр ныжэбэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ. Абы къызжиIащ: «ЩIыхуэ зэптам хуэбгъэгъумэ, Къемэт махуэм уэри къыпхуагъэгъунщ», — жиIэри. Гурэ псэкIэ сыарэзыуэ пхузогъэгъу щIыхуэр», — жиIэри, езым къыбгъэдэкIыуи динар 500 тыгъэ къыхуищIащ.
- «Алахьумэ сэли хьэла сэидина Мухьэмэд» псалъэ лъапIэхэм аращ къыхуихьар щIыхуэ зытелъа лIым.
- Аращи, дунейм псэууэ тетыху и Iумэтым къытщхьэщыжащ ЛIыкIуэ лъапIэр, дунейм зэрехыжауи къытщхьэщож.
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- ЦIыху минийм нэблагъэ щIохуэ
- Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби дэт мэжджытыр а къэралым щынэхъ ин дыдэщ. А къэралым и къызэгъэпэщакIуэу икIи и япэ унафэщIу щыта шейх Зайд и цIэр зэрехьэ абы. Ар 2007 гъэм и Рэмэдан мазэм къызэIуахауэ щытащ.
- Мэжджыт Хужьым зэуэ тхьэ щелъэIуфынущ цIыху минийм нэблагъэ. Ар хабжэ дунейм щынэхъ ин дыдэ апхуэдэ ухуэныгъэхэм. И теплъэм и дахагъэм дехьэх Эмиратхэм зыплъыхьакIуэ кIуэ куэд.