ТкIыбжьыгъэ зыхэлъ цIыхугъэ
2019-03-12
- ХьэтIохъущокъуэмрэ Къанокъуэмрэ зэбийт. Пщыхэм я къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм игъэнэIуэнут нэхъ лъэщыр дэтхэнэрами, ауэ гурыIуэгъуэт лъыгъажэ хэмыту Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А лъэхъэнэм Къанокъуэр хьэжрэтти, Псыжь щыпсэурт.
- Зэгуэрым ХьэтIохъущокъуэм и гупыр дэщIыгъуу зекIуэ ежьауэ беслъэнеипщым и Iэхэлъахэм ихьащ икIи, Къанокъуэр игъэунэхун мурадкIэ, хъыбар иригъэщIащ. Мыдрейми зигъэгувакъым, шу гуп зыщIигъури, къэбэрдеипщым къыпежьащ. Уанэншэу шым тесрэ и Iэщэр гъэпкIауэ псом япэ иту Къанокъуэм и щIалэ нэхъыщIэр къажэрт. ПсынщIэу къапэблагъэ шууейм игу фIы зэримылъыр игъэлъагъуэу, ХьэтIохъущокъуэм и блыгущIэтхэм я нэхъ шэрыуэм и Iэщэр щIалэщIэм тригъэпсащ. Пщым ар къыхуидакъым, «шэрэ лъырэ зэхыумыгъэлъадэ» — жиIэри (щIалэр фIэсабийт). Ауэ щыхъукIи, щIалэщIэр къэсри, ХьэтIохъущокъуэм и укIыпIэм техуэу къеуащ. А зэпэщIэувэныгъэм къэбэрдеипщымрэ Къанокъуэм и щIалитIрэ хэкIуэдащ.
- А щыми я хьэдэр Къанокъуэ жылэжьым къахьыжри, хьэщIэщым зэгъусэу щIалъхьат. Пщым и щIалитIым пщIэ хуащIу жьантIэмкIэ далъхьэри, ХьэтIохъущокъуэм ейр щIэкIыпIэ дыдэм деж ягъэтIылъат.
- Хьэдэгурышэу къыхуашэжа и къуитIыр зыщIэлъ пэшым Къанокъуэм и щхьэгъусэр щIыхьэри, и нэпс къудамэ Iэпымыхуу щIалэхэм я щхьэм Iэ дилъэри, жиIащ: «Си щIалэхэ, лIы хуэфэщэну дунейм фехыжащ. Фи гъащIэр пщIэншэу фтакъым». Бзылъхугъэм, ХьэтIохъущокъуэм и хьэдэмкIэ зыкъигъазэри, жиIащ: «Пщыр жьантIэм дэфлъхьэ. Ар ди хьэщIэщ дэ…».
- ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.