ЯщIэн папщIэ
2019-03-06
- Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм Ашэбей къуажэм дэт сату щIыпIэхэр къызэхакIухьащ, хабзэм ебакъуэу хьэпшып лIэужьыгъуэ гуэрхэр ящэмэ, тыкуэнтетым ихьыну жэуапыр ягу къагъэкIыжу.
- Псалъэм папщIэ жраIащ балигъ мыхъуахэм тутын, фадэ иращэну зэрыхуимытыр.
- Инспекторхэр тепсэлъыхьащ хабзэм къемызэгъ хьэпшыпхэр зыщэм административнэ, балигъ мыхъуахэм фадэхэкIхэр хуэзыутIыпщхэм уголовнэ жэуап зэрахьыр. Абы щымыгъуазэу жамыIэн папщIэ, а хабзэхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр иратащ тыкуэнтетхэми мы Iуэхум кърихьэлIа къуажэдэсхэми.
- Полицейхэм я мурадщ а Iуэхум пащэну.
- КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.