ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АдыгэлIым и теплъэм

2019-02-12

  • «Конгрессым и библиотекэр» егъэщIэращIэ
  • Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я щыхьэр Вашингтон дэт «Конгрессым и тхылъ хъумапIэр» (Library of Сongress) дунейм библиотекэу тетхэм я нэхъ ину къалъытэ. «Адыгэхэм я щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ интернет напэкIуэцIым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, а IуэхущIапIэм и уардэуниплIым я нэхъыжь «Джефферсон Томас и ухуэныгъэм» и IуплъапIэ мывэ блыным адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэт къыщыхэIущIыкIащ.

  • Занокъуэ Сэфарбийрэ абы фэеплъ сурэтымрэ

    «Америкэм и щIэрэщIэгъуэ» зыфIаща лъэхъэнэм яухуа тхылъ хъумапIэм щIэныгъэм епха хъугъуэфIыгъуэхэр зэрыщIэлъым нэмыщI, езыри мывэхэкIым къыхэщIыкIа ухуэныгъэ къызэрымыкIуэщ. СурэтыщIхэр, скульпторхэр, щIэныгъэлIхэр зэчэнджэщыжурэ зэфIагъэува а уардэунэм и IуплъапIэм лъэпкъ 33-м я теплъэр мывэкIэ тращIыхьащ, дунейм щызекIуэ цIыху лIэужьыгъуэхэр къагъэлъэгъуэн папщIэ. «Лъэпкъыщхьэхэр» (Ethnological heads) зыфIаща а фэеплъ 33-м языхэзщ адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэтри. Шэчыншэ дыдэу щымытми, нобэкIэ утыку илъ хъыбархэм зэраIуатэмкIэ, а мывэ сурэтыр зыщIа скульпторхэу Бойд Уильямрэ Джексон Генрирэ щапхъэу яIар 1845 гъэм Келлог Кильбурн Минер ищIа, Смисониан музейм щIэлъ натыхъуеипщ Занокъуэ Сэфарбий и сурэтырщ.

  • Мывэ сурэтыр зытет «Джефферсон Томас и ухуэныгъэр» 1890-1897 гъэхэм я зэхуакум яухуа уардэунэшхуэщ. «И гупэ щIыхьэпIэм и ищхъэрэ къуапэмкIэ къыщыщIедзэри, Демосфен и фэеплъ лъабжьэм хуэзэу ирикIуэ теплъэхэм япэ итщ урыс-славяныр, — топсэлъыхь зи гугъу тщIы мывэ сурэтхэм «Конгрессым и тхылъ хъумапIэр» ди нэгум къыщIэзыгъэхьэ гъуэгугъэлъагъуэ тхылъыр. — АдэкIэ къухьэпIэмкIэ екIуэкIыу къэгъэлъэгъуащ: европей сырыху; европей къуапцIэ; иджырей алыдж; перс (иран);
  • Ипщэ джабэм: адыгэ (circassian); инд; венгр (мэжэр); семит (е журт); хьэрып (бедуин); тырку…»
  • СурэтыщIхэм щапхъэ яхуэхъуа цIыхум шэч къытепхьэ хъуну щытми, абдежым къыщыгъэлъэгъуар адыгэу зэрыщытыр тхылъ хъумапIэр уэзыгъэцIыху дэфтэр псоми итщ. Аращи, лъэпкъым хэкур фIэкIуэдын и пэкIэ адыгэлIым зэрихьэу щыта теплъэм теухуауэ дызэмыдэуэжми хъунущ.
  • «НыбжьыщIэхэм еджэн яфIэмыфIмэ, тхылъ къахуэфщэхуурэ библиотекэ цIыкIу яхузэвгъэпэщ», — къыдат чэнджэщ сабий гъэсакIуэхэм: зэшмэ, зэ епхъуэнщ, тIэу епхъуэнщ, ауэрэ дихьэхынщ. Балигъхэм еджэн яфIэмыфIмэ, сыту пIэрэ щIэн хуейр? Тхылъымрэ щIэныгъэмрэ пщIэ хуэзыщI лъэпкъ дэри Тхьэм дищI!
  •  
  • ЧЭРИМ Марианнэ.