Москва щызэIуощIэ
2019-01-31
- Дыгъуасэ «Урысей зэкъуэт» партым и лэжьапIэ унэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ, партым и Совет нэхъыщхьэм и секретарь Турчак Андрейрэ.
- Абыхэм я псалъэмакъыр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм социальнэ мыхьэнэ хэха зиIэ парт проектхэр щыгъэзэщIэным, КъБР-м и социально-инфраструктурэм, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм я IэнатIэхэм, псэупIэ коммунальнэ хозяйствэм, жылагъуэхэр зэпэщ щIыным я лъэныкъуэкIэ «Урысей зэкъуэт» партымрэ республикэм и къэрал властым и органхэмрэ зэрызэдэлажьэр егъэфIэкIуэным.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.