ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щапхъэ  зытетхыу  щыта  нэхъыжьыфI

2019-01-31

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу» рубрикэр нобэ къызэIудох ди лъэпкъ журналистикэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэ хуэзыщIа Мырзэкъан Суфян Жамболэт и къуэм теухуа тхыгъэкIэ.

  • Ар Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хыхьэ Аруан щIыналъэм и Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм 1928 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м къыщалъхуащ.
  • ЩIэныгъэм цIыхухэр щыщIэхъуэпс лъэхъэнэт Суфян зыхалъхуар икIи бгъэщIагъуэ хъунукъым щIалэ цIыкIури а нэхугъэм хуэпабгъэу къызэрыхъуар. Къуажэ школым хъарзынэу щеджа щIалэр гугъехьышхуэ хэмылъу щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым литературэмрэ бзэмкIэ и къудамэм     икIи ар 1950 гъэм къиухащ. ФIыуэ зэреджэм, дахэу цIыхухэм зэрахэтым пщIэшхуэ хуащIу, ар а зэманым Налшык къалэ Советым и депутату хахауэ щытащ, студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я лIы-кIуэу.
  • Зэреджэм хуэдэурэ ар «Къэбэрдей пэж» газетым корректору щылажьэрт. А зэманым а курсыр зи нэIэ щIэта Къардэн Бубэ тригъэгушхуэри, Суфян адыгэбзэ, урысыбзэ къудамитIми зэуэ щеджащ. Ар тынштэкъым, дауи, ауэ щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэм факультетитIри диплом плъыжькIэ къиухащ.
  • Республикэм IэщIагъэлIхэр къыщемэщIэкI зэмант. ЕджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Суфян «Къэбэрдей пэж» газетым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу ягъэувауэ, дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Зыхэхуа гупым я нэхъыфIхэм хабжэ Мырзэкъаныр полк еджапIэм ягъэкIуащ. Сержант цIэр иIэу ар къеухри, офицерхэр псынщIэу щагъэхьэзыр еджапIэм и щIэныгъэм щыпещэ. Лейтенант цIэр къыфIащауэ дзэ къулыкъур 1954 гъэм къиухащ адыгэ щIалэм.
  • А гъэ дыдэм абы Псыгуэнсу и курыт школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъаджэу щIидзащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэщIэм Мырзэкъаным Старэ Шэрэдж егъэзэж, къуажэм дэт курыт школым и завучу. Абы куэд-рэ зыщрагъэIэжьакъым щIалэ акъылыфIэм — парт лэжьакIуэ нэс къызэрыхэкIынум  гу лъатэри, обкомым и инструктору яшащ. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэр редактор нэхъыщхьэ хуей щыхъум, партым и обкомым а къулыкъур дзыхь хуищIащ Мырзэкъаным.
  • 1955 гъэм Суфян и пщэ къыдалъхьащ школхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным епха лэжьыгъэ мытыншыр. ИлъэсищкIэ абы щылэжьауэ, 1958 гъэм партым и обкомым яшэжащ икIи 1962 гъэм «Ленин гъуэгум» (арат абы щыгъуэ адыгэ газетым зэреджэр) къагъэкIуэжащ. Газетым и бзэр узэщIын, и купщIэр егъэфIэкIуэн хуейти, а Iуэхум хуэIэ-кIуэлъакIуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа Мырзэкъаным редакторым и къуэдзэ къулыкъур дзыхь хуащIащ.
  • Газетым сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным и гуащIэ ирихьэлIащ а цIыху телъыджэм. ЛэжьакIуэ гупышхуэр игъэгушхуэу, и чэзум я ныкъусаныгъэхэр яригъэлъагъужрэ ар ягъэзэкIуэжынымкIи ядэIэпыкъуу илъэс куэдкIэ къадекIуэкIащ. Суфян сыт хуэдэ IуэхукIэ, ар лэжьыгъэм пымыщIауи щрырети, убгъэдыхьами, ущигъэуэнутэкъым, щабэу къыбгуригъаIуэрт пщIэн хуейр. Ар цIыху хэтыкIэ зыщIэ, сыткIи щапхъэ унафэщIт, Iэдэбт, пщIэ зыхуозыгъэщI нэхъыжьыфIт.
  • Ди редакцэм щыщылэжьа илъэсхэм журналист IэщIагъэм хуигъэ
  • сахэм я бжыгъэр къыпхуэлъытэнукъым — къыдэлэжьахэм яхэткъым ар зыгуэркIэ сэбэп зыхуэмыхъуа. Абыхэм ящыщхэр ноби мэлажьэ икIи куэдрэ фIыкIэ ягу къагъэкIыж я IэщIагъэм, гъащIэм къащыхуэщхьэпэн чэнджэщхэр къезыта, щапхъэ зытрахыу щыта нэхъыжьыфIыр.
  • Щхьэхуэу тепсэлъыхьын хуейщ Суфян зэдзэкIакIуэ Iэзэу зэрыщытам. Жылагъуэ, политикэ Iуэхухэм ятеухуа тхыгъэ гугъухэр абы хуэдэу тэмэму адыгэбзэм къизыгъэзагъэ а зэманым гъуэтыгъуейт.
  • Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, и лэжьыгъэр хьэлэлу, абы гурэ псэкIэ етауэ илъэс хыщIкIэ зыгъэзэщIа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа а цIыху щыпкъэм хуэфащэ пщIэи игъуэтащ. Суфян тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, къратащ Лениныр илъэси 100 щрикъум и щIыхькIэ къыдагъэкIа фэеплъ медалыр, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, саугъэт лъапIэхэмкIэ куэдрэ ягъэпэжащ.
  • Лъэпкъ журналистикэм зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, цIыху куэдым я арэзыныгъэ къэзылэжьа Мырзэкъан Суфян 2016 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м дунейм ехыжащ.