ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэр  анэмэт  зыхуащI

2019-01-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ    и дохутыр, Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и отличник, Зеикъуэ дэт район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ КIуэкIуэ Миланэ  (Светланэ) Мухьэмэд и пхъур жылагъуэм зи пщIэр щылъагэ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Илъэс 45-м щIигъуауэ зыхэт гупми, жыпIэнурамэ, къэзыцIыху дэтхэнэми псалъэ гуапэ куэд хужаIэ абы. ЦIыхум фIыуэ укъалъагъуныр, узыхэтым уи зэфIэкIыр къалъытэныр, дауи, насыпщ. Сыт а насыпыр КIуэкIуэм къыхуэзыхьар жыпIэмэ, шэч хэмылъу, и дуней тетыкIэ дахэрщ, и лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэрщ, щхьэхрэ езэшрэ имыщIэу и мурадхэр зэрызригъэхъулIэрщ.

  • Миланэ сытым дежи нэхъыфIым хущIэкъуу, нэхъыбэ къызэрищIэным хуэпабгъэу къэхъуащ. Зэрысабийрэ доху-   тыр IэщIагъэм дихьэх хъыджэбзыр, абы и адэ шыпхъур щапхъэ хуэхъуат, курыт еджапIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. Сымаджэщым практикэ щыIа нэужь, абы хьэкъ щыхъуащ къыхиха IэщIагъэмкIэ зэрыщымыуар. Iуэхум нэхъыбэу зэрызыщигъэгъуэзэным хущIэкъуу, тхьэмахуэ махуэм щылажьэу щIидзащ Республикэ клиникэ сымаджэщым.
  • Универсиетыр къыщиухым, егъэджакIуэхэм Миланэ и щIэныгъэм адэкIи пищэну къыхураджат. АрщхьэкIэ: «Куэдщ адэ-анэр гугъу зэрезгъэхьар, иджы сэ-ращ абыхэм ядэIэпыкъун хуейр», — жиIэ- ри лэжьэну мурад ищIащ.
  • IэнатIэ нэхъыфI увыну Iэмал иIами, Бахъсэн район сымаджэщым терапевт хуейуэ къыщищIэм, абы лэжьэн щыщIидзащ КIуэкIуэм. И щIэныгъэр нэсу къигъэсэбэпу, и лэжьэгъу нэхъыжьхэм якIэлъыплъ Миланэ псынщIэ дыдэу Iуэхум хэзэгъащ. Абы куэдрэ гуапэу игу къегъэкIыж лэжьыгъэм и щэху куэд къищIэнымкIэ чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуа терапевтхэу КIэщт  Музэринрэ Бырхьэм  Анатолэрэ.
  • …НитIыр абджыпсым тодие. Узым иIыгъ цIыхупсэр мэзэхащ. Бетэмал, илъэс ипэкIэ дуней псор къыхуэгъэIурыщIэну къигъэгугъэрт. Къурш щхьэхужьхэми, дыгъэпсми, мэз лъапэ псынэхэми и псэр хэджэгухьырт. Иджы-щэ? Сымаджэ-  щыр, унэр, ахэр зэпызыщIэ гъуэгур — и дунейр зэрыхъур аращ.
  • КъеIэзэ дохутырыр цIыхугъэшхуэ зыхэлъ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щылажьэ районым и мызакъуэу, республикэ псом къыщацIыху КIуэкIуэ Миланэщ. Абы и щытхъу куэд зэрызыхихам сымаджэм гугъэ гуэрхэр кърет.
  • — Узым сыкъиутIыпщыркъым, жэщми махуэми псэхугъуэ къызитыркъым, — къыхуотхьэусыхэ дохутырым Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къикIа, зи фэм имытыж бзылъхугъэр. Дохутыри Iэзи жысIэми, куэдым сыкIуащ. ПIалъэкIэ нэхъыфI сащI мыхъумэ, узым сыIэщIэкIыркъым. Уи хъыбарыфI зэхэсхати, си щхьэр къосхьэлIащ.
  • КIуэкIуэр сымаджэм жиIам гупсэхуу щIэдэIуащ, къыхэзыгъэзыхьыр зригъащIэри, еIэзэн щIидзащ. Куэд дэмыкIыуи, уэшх хуэлIа къэкIыгъэ гъуэлам уэлбанэ нэужьым зыкъызэриужьыжым хуэдэу, сымаджэм и узыншагъэм зыкъигъэзащ.
  • «Дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтри, гур игъэзагъэу йоIэзэ Миланэ. И Iуэху зехьэкIэми, псалъэкIэми, и хьэл-щэнми къыбжаIэ ар дохутыр IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар. Узыр зэуэлIа цIыху Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым ар зэIэзэр, атIэ псэми и дохутырщ», — жаIэ КIуэкIуэм игъэхъужахэм.
  • — Зеикъуэ къуажэм дэт сымаджэщыр терапевт хуейуэ жаIэри, сэ абы сыкIуэнщ, — зыхуигъэзащ Миланэ дохутыр нэхъыщхьэ Бырхьэмым.
  • — Уэ нэхъ IэнатIэфI удгъэкIуэну ди гугъэщ, — жеIэ нэхъыщхьэм. — Абы щылэжьэни къэдгъуэтынщ.
  • АрщхьэкIэ КIуэкIуэм тригъэчыныхьри, зыхуейр пхигъэкIащ.
  • …Илъэс 45-рэ ипэкIэ Миланэ здэкIуа сымаджэщыр щытыкIэ гугъум итт. И унэр кхъахэт, пэш зыхыбл хъууэ арат, ари фIамыщIкIэ ягъэплъу, IэщIагъэлIкIи нэсу къызэгъэпэщатэкъым. Дауэ мыхъуми, къыпикIуэтакъым гугъуехьым КIуэкIуэр. Шэч хэмылъуи, зыпэрыхьэ Iуэхур цIыхубз гуащIафIэм къыщIехъулIэр и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъурщ.
  • Дохутырым и кабинетым пIейтеягъ хэлъу къыщIыхьа цIыхубзым жеIэ: «Электрофорезыр сэмызэгъыу къысщохъури, афIэкIа сыкIуэнукъым». Сымаджэм и гукъеуэм Iэдэбу едаIуэри, Миланэ абы зыхуигъэзащ: «Сэ бжесIатэкъэ узыр занщIэу зэримыкIуэтынур? УщIэгузэвэн щыIэкъым. МахуитIкIэ зэпыгъэу электрофорезри, итIанэ зэрыбжесIам хуэдэу адэкIэ егъэкIуэкI, хущхъуэхэри зэхьэлIэ».
  • Тхьэмахуэ дэкIыу а цIыхубзым сыщрихьэлIам, абы и щытыкIэмкIэ къапщIэрт нэхъыфI зэрыхъужар.
  • — Уз зыпкърыт цIыхур тэмакъкIэщI, зыгъэгусэрей, гурыщхъуэщI мэхъу, — жеIэ КIуэкIуэм. — Абы къыхэкIыу дохутырым шыIэныгъэшхуэ хэлъыпхъэщ. Хущхъуэр ирихьэлIэн и пэкIэ, псалъэкIэ еIэзэн хуейщ ар сымаджэм. Имыгъэгужьейуэ и Iуэхур зыIутыр къыгуригъаIуэрэ гугъэ иритыжыфу.
  • Хьэл-щэн дахэ зыхэлъ бзылъхугъэ Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ КIуэкIуэ Миланэ. Зэманым дэбакъуэ цIыхущ. Сытым дежи и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъурэ, а къищIар и IэнатIэм къызэрыщигъэсэбэпыным иужь иту апхуэдэщ. Аращ и пщIэри щIэлъагэр.
  • — Уи узыншагъэр сыт хуэдэ, Мущтэфар? — йоупщI дохутырыр и деж къыщIыхьа дадэм.
  • — СыIейкъым иджыпстукIэ, си гугъакъым си лъакъуэхэр теувэжыну,- къретыж жэуап. — Уэр мыхъуамэ, Тхьэм ищIэнт си Iуэхур къызэрыщIидзынур. ГъащIэ кIыхь ухъу!
  • — Гукъыдэж сиIэу гъащIэм сыхэбгъэплъэжащ. Жьыгъэм узыфэ Iэджэ къызэрыдэкIуэр хэт зымыщIэр. Си лъэр щIэзыгъэху узыфэр сщхьэщыпхащи, сыпхуэарэзыщ. Уи IэщIагъэм и хъер Тхьэм уигъэлъагъу, — жеIэ Къулъкъужын къуажэм къикIа нанэм.
  • КIуэкIуэм и деж щIыхьэну бжэм щызэхэтыр куэд мэхъу, уахэдэIухьмэ, зэхыбох дохутырым хуэгъэзауэ жаIэ псалъэ гуапэ куэд. Апхуэдэщи, цIыху зэблэкIыр пщыхьэщхьэ хъухукIэ зэпыуркъым…
  • Миланэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ яхуохъу игъэлажьэ гупым. Абыхэм мымащIэу яхэтщ ар гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуахэр. Сымаджэщым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщI Къуныжь Джульеттэ куэдрэ игу къокIыж IэнатIэм щыпэрыувэм КIуэкIуэм къыжриIа псалъэхэр: «Уи лэжьыгъэм гукъыдэж къущитынур ар фIыуэ плъагъумэщ. АбыкIэ сэбэпынагъ цIыхухэм къащыхуэпхьынури уи щIэныгъэм, зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным ухущIэкъумэщ. ФIыуэ плъагъу IэнатIэ упэрытыным куэдкIэ елъытащ уи гъащIэр зэрыхъунури».
  • …Зи лэжьыгъэр къезыхьэлIа дохутырым унэм кIуэжыну зигъэхьэзыру телефоныр къеуащ. «ПсынщIэу ди деж укъэсыфамэ арат, ди анэм и щытыкIэр хьэлъэщ. Уэ фIэкIа зыри зригъэплъын идэркъым», — гужьеяуэ жеIэ къэпсалъэм.
  • Зэрешари щыгъупщэжауэ, Миланэ сымаджэм и деж нэсащ, икIи абы и Iуэхур тэмэм хъужыху я унэ екIуэлIэжакъым. Мис апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэриIэрщ цIыхухэм я дзыхь КIуэкIуэм щIрагъэзри, фIыуэ щIалъагъури.
  • ГъащIэр насып дахэкIэ зыхуэупсахэм ящыщщ Миланэ. И гум къыдыхьэ IэнатIэм пэрытщ, унагъуэ дахэ иIэщ, зыхэт гупым и пщIэр щылъагэщ.
  • Иджыблагъэ КIуэкIуэ Миланэ илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур игъэлъэпIащ. Дохъуэхъу бзылъхугъэ щыпкъэм гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ щымыщIэу гъащIэ дахэ адэкIи Тхьэм къыхузэпищэну.
  • Къардэн  Мухьэмэд,
  • УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт.
  • Ислъэмей къуажэ