Налшык къалэ хасэр зэхуос
2019-01-31
- ЩIышылэм и 29-м Печатым и унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэмрэ КъАХ-м и хасащхьэмрэ я зэIущIэ.Ар теухуауэ щытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэмрэ абы и къуэдзэмрэ хэхыным.
- ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Абы къыхилъхьэри, КъАХ-м и Налшык къудамэм и тхьэмадэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну хуагъэфэщащ НафIэдз Мухьэмэд.
- НафIэдз Мухьэмэд Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщщ. Абы къиухащ КъБКъУ-м и филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр. ТхакIуэщ, илъэс 32-рэ мэхъу. «Iуащхьэмахуэ» журналым щылэжьащ, иужьрей илъэсхэм «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондентщ.
- Налшык къудамэм и тхьэмадэм и къуэдзэу къагъэлъэлъэгъуащ Аруан щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Зыхьэ Оксанэ. Ар адыгэ Iуэхум хуэжыджэр, зи Iэр хуэпсынщIэ бзылъхугъэщ, Налшык къалэ щопсэу.
- Къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ НафIэдзымрэ Зыхьэмрэ папщIэ.
- Абы къыдэкIуэу гъатхэпэм Налшык щекIуэкIыну КъАХ-м и XI зэхуэсышхуэм кIуэну лIыкIуэхэри хахащ.
- Щомахуэ Залинэ.