ЩIалэгъуалэ
2019-01-31
- ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу
- «Гуащэнэ. Пащтыхь Гуащэм къикIуа гъуэгуанэр» фильм кIэщIыр 2018 гъэм дунейм къытехьащ. Ар зи IэдакъэщIэкIыр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым хореографиемкIэ и къудамэм и студент, режиссурэм дихьэх, 2018 гъэм екIуэкIа «Королева Кавказа» зэпе-уэм и къызэгъэпэщакIуэ Къамбий Амирщ. Ар фильмым и продюсерщ, сценаристщ икIи режиссёрщ.
- Къамбийм а фильмыр трихыну игу къыщыкIам иджыри школым щеджэрт. Абы щыгъуэм ар и хъуэпсапIэхэм ящыщу арат, зэгуэр къехъулIэнкIэ хъунуи и пщIыхьэпIэ къэмыкIыу. 11-нэ классым щIэсу абы лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн къратат — къэралхэм я тхыдэр ирагъэджын папщIэ инджылызыбзэмкIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэтын хуейт. Амир куэдрэ мыгупсысэу, Идар Темрыкъуэ ипхъу Мариерэ Инджылызым и япэ пащтыхь гуащэ Тюдор Мариерэ щызэригъапщэ спектакль игъэуващ. МазищкIэ зызыхуагъэхьэзыра а лэжьыгъэм зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьат. А текIуэныгъэм щIалэр нэхъри тригъэгушхуащ Гуащэнэ теухуа фильм щхьэхуэ трихыным.
- — А спектаклым и ужькIэ, абы фильм къызэрытесщIыкIынум сегупсысу щIэздзащ, — жеIэ Къамбийм. — Сценарийр стхащ. Си мурадым пыухыкIауэ иужь сыщихьар ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и 2-нэ курсым сыщеджэущ. Сценарийм и япэ лIэужьыгъуэм япэу къезгъэджар 2017 гъэм «Адыгэ пщащэ» зэхьэзэхуэм щытекIуа Хьэмгъуокъу Элинэщ. Фильмым и зы Iыхьэм (Iыхьи 3 мэхъу) щыджэгуну ар къыщезгъэблагъэм, и гуапэ хъуат а бзылъхугъэ цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгуанэр къигъэлъэгъуэну Iэмал зэриIэнур. Фильмым ди щIыналъэм и дахагъэмрэ къулеягъэмрэ къыхэщыну сыщIэхъуэпсырти, Тырныауз, Былым щIыпIэхэм щытетха пычыгъуэхэри абы хэзгъэхьащ.
- Iуэхум иужь щихьэм, Къамбийм, дауи, тхыдэр щIиджыкIыжащ. Абы къегъэлъагъуэ Гуащэнэ и сабиигъуэм щегъэжьауэ Грозный Иван щрата махуэм нэс.
- Къамбийм и фильмым роль нэхъыщхьэр щигъэзэщIащ езым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Битокъу Оксанэ. ЩIалэм жеIэ и япэ лэжьыгъэм и егъэджакIуэр зэрыхэтам зэрыригушхуэр, хэта къудей мыхъуу, чэнджэщакIуэ зэрыхуэхъуар. ЦIыхубз роль нэхъыщхьэр ягъэзэщIащ (ныбжькIэ елъытауэ) «Адыгэ пщащэ — 2017 гъэ» зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Хьэмгъуокъу Элинэрэ япэ классым щIэс ЗэшэкIуий Маизэрэ. Идар Темрыкъуэ и ролыр игъэзэщIащ Жылау Мурат. Режиссёр щIалэм къыхегъэщ Жылаур актёр IэщIагъэм хуемыджами, пащтыхьым и ролыр къызэрымыкIуэу абы къызэрехъулIар, и джэгукIэр куэдым я гум зэрыдыхьар. Гуащэнэ и анэм и ролыр игъэзэщIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Багъ Иннэ.
- Фильмым и операторыр Къуэкъуей Ислъамщ, фащэхэр зыгъэхьэзырар Накуэ Аслъэнщ, лIыхъужьхэм я теплъэм елэжьар Абазэ Бэллэщ.
- — Фильмыр япэ дыдэу щыдгъэлъэгъуащ Налшык къалэм дэт «Берег» шхапIэм. Си дежкIэ гуапэ дыдэт, апхуэдэуи сызыпэмыплъат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм тетхар ирагъэлъагъуну зэрыхуейр къыщызжаIам. 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Нью-Йорк ар утыку къыщитхьащ икIи къазэрыщыхъуар, ягу зэрырихьар къызыхэщ тхыгъэхэр къысIэрагъэхьэжащ. Гуащэнэ, адыгэ лъэпкъым и тхыдэ къулейм пищащ, арат апхуэдизу абы теухуа лэжьыгъэ сщIыну сыщIыщIэхъуэпсар, — жеIэ Амир.
- «А-продакшн» IуэхущIапIэр къызэригъэпэщауэ, Къамбий Амир щэнхабзэм теухуауэ мэлажьэ, и ныбжькIэ щIалэми, абы куэдкIэ узыщегъэгугъ.
- Джылахъстэн Синэмис.
- Къантемыр и мурадхэр
- «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIэблэщIэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Тэтэр Къантемыр (Кэнжэ къуажэ) республикэм и щIалэгъуалэ жыджэрхэм ящыщщ.
- Пятигорск къэрал университетым «Политикэ IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ иджырей менеджментымкIэ школ нэхъыщхьэ» и факультетым и бакалавриатыр 2016 гъэм къиуха нэужь, а еджапIэ дыдэм и магистратурэм Тэтэрым и щIэныгъэм щыпищащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къантемыр университетым и студент нэхъыфI дыдэхэм хабжэу зэрыщытар, абы и щыхьэтщ 2012 гъэм ар «Илъэ-сым и студент» зэрыхъуар.
- — Ди зэманым щIалэгъуалэм зрагъэгъуэта щIэныгъэм хуэфащэ IэнатIэ щамыгъуэтыр нэхъыбэщ, Къантемыр. Уэ университетым къыщIэпха щIэныгъэр къыпхуэщхьэпа, къыпхуэгъэсэбэпа?
- — Сыт и лъэныкъуэкIи къысхуэщхьэпауэ схужыIэнущ. Абы си къэухьым щыхэзгъэхъуащ, зыщызужьащ. ЕджапIэм сыщIэсыхукIэ, Урысейм и студентхэм я спорт клубхэм я зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту университетым щылажьэ спорт IуэхущIапIэм и унафэщIу сыщытащ. Къапщтэмэ, жылагъуэ Iуэхухэм куэд щIащ сызэрыдахьэхрэ: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу сыщытащ, мы зэманым «ЩIэблэщIэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэр си нэIэм щIэтщ. Пэжыр жыпIэмэ, сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт политик сыхъуну, цIыхум сэбэп яхуэхъун Iуэху гуэр зесхуэну. Абы и лъэныкъуэкIэ «ЩIэблэщIэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм икъукIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIыу къызолъытэ икIи ахэр сыт щыгъуи зытеухуар цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI щIынырщ, щIалэгъуалэр зыIууэ гугъуехьхэр яхузэхэгъэкIынырщ. Абы си къару гуэр зэрысхухэлъхьэм сегъэгушхуэ, ар и фIыгъэщ университетым къыщIэсха щIэныгъэм.
- — Сыт хуэдэ лэжьыгъэ евгъэкIуэкIрэ?
- — Иужьрейхэм я гугъу пщIымэ, ар «Урысей зэкъуэт» политикэ пар-тым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм щедгъэкIуэкIа «стIол хъурейрщ». ЩIалэгъуалэм (50-м нэблагъэ къедгъэблэгъащ) нобэрей гъащIэм теухуауэ яIэ гупсысэм, я Iуэху еплъыкIэм зыщыдгъэгъуэзэнрат ар зытедухуар. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм ягъуэт гулъытэм хуэдиз колледжхэм щеджэхэм зэрамыIэр къэтлъытэри, абы къетшэлIат Налшык къалэм дэт автодорожнэ, юридическэ колледжхэм щеджэхэр. Къапщтэмэ, нэхъыбэу дызыдэлэжьэну дызыхущIэкъур школакIуэхэмрэ курыт IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтхэмрэщ.
- КъищынэмыщIауэ, «ЩIэблэщIэ гвардием» и Налшык къалэ щIыпIэ къудамэмрэ «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу долэжь щIалэгъуалэр экстремизмэм пэIэщIэ щIыным. НыбжьыщIэхэм даIуощIэ, гъуэгу захуэм зэрытетыным къыхудоджэ.
- Апхуэдэуи и гугъу сщIыну сыхуейт «ЩIэблэщIэ гвардие-м и Штаб нэхъыщхьэм и лэжьакIуэ Цхорвебовэ Аланэ триха «Не время для героизма» фильмым. Ар Канны щекIуэкIа 71-нэ кинофестивалым щагъэлъэгъуащ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэсхэр (студент 400 хуэдиз) иджыблагъэ абы едгъэплъащ. Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу ягъэлъэгъуа фильмым къыхощ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ныбжьыщIи 7-м зэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуа хъыбархэр. Псым, мафIэсым, нэгъуэщI къэхъукъащIэ шынагъуэхэми псэзэпылъхьэпIэ хэхуахэр кърагъэлыну зыхузэфIэкIа апхуэдэ лIыхъужьхэр ди республикэми зэриIэм шэч хэлъкъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр тцIыхуркъым. Абы къыхэкIыу, мы проектым дэри пытщэну ди мурадщ, лIыгъэщIапIэ ихуа ныбжьыщIэхэм къалъыкъуэкIа лIыхъужьыгъэр къэрал псом ящIэну яхуэфащэщи.
- «ЩIэблэщIэ гвардие»-м и унафэщI Абазэ Албэч игъэхьэзыра проектымкIэ къыдагъэкIащ зи ныбжьыр илъэс 35-м нэсхэм папщIэ аптекэхэм, шхапIэхэм, клиникэхэм Iуэхутхьэбзэ къыщыхуащIэм проценти 5-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэс зэрыхукIэрагъэхуну дисконтнэ картэхэр. Ахэр иратынущ нэхъ хуэмыщIахэм, фIыуэ еджэхэм, егъэджакIуэ щIалэхэм.
- Пэжыр жыпIэмэ, «ЩIэблэщIэ гвардие»-м нэгъуэщI лэжьыгъэ куэди зэфIегъэкI. Абы и къудамэхэр республикэ псом щолажьэри, махуэ къэс сэбэп зыпылъ зы Iуэху гуэр зэфIах. Сыщымыуэмэ, зэгухьэныгъэм мы зэманым цIыху мини 2-м щIигъу хэтщ.
- — Уэ езыр сыт хуэдэ Iуэху яужь уит?
- — ИлъэситI хъуауэ солэжь «КъБР-м и спорт лIыхъужьхэр» зыфIэсща Iуэхум, щIалэгъуалэр хэкупсэу дгъэсэным сыхуэщхьэпэну сыхуейуэ. Абы ипкъ иткIэ къызэдгъэпэщ Iуэхухэм ди спортсмен цIэрыIуэхэр къыдогъэблагъэ. XXIX Олимп джэгухэм я чемпион Хъущт Аслъэнбэч, Урысейм спортымкIэ и мастер Анаев Аслъэн, бэнакIуэ Бырхьэм Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми сабийхэм дерсхэр драгъэкIуэкI. Ахэр ди щIэблэм яцIыхун хуейщ, я зэфIэкIым щIыхагъэхъуэн щапхъэ ялъагъун папщIэ.
- — Илъэсым и пэм зы мурад гуэр зэбгъэхъулIэн хуейуэ уи щхьэкIэ зыхуэбгъэувыж хабзэ, Къантемыр?
- — Жылагъуэ Iуэхум мы зэманым сыдехьэхри, абы ехьэлIауэ, шэч хэмылъу, мурад куэд сиIэщи, ахэр зэзгъэхъулIэнращ мы гъэм къа- лэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувы-жыр.
- — Упсэу! Тхьэм уи мурадхэр къуигъэхъулIэ.
- Епсэлъар КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъущ.
- Пшынауэм и текIуэныгъэ
- 2018 гъэм и дыгъэгъазэм къызэщIакъуэжащ Къэжэр Альберт и цIэкIэ ят стипендиер къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм кърикIуар. Абы текIуэныгъэ къыщызыхьаитIым ящыщщ Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ Урысей Музыкэ Академием и гъэсэн Темыркъан Залымджэрий.
- ЩIалэм зэрыцIыкIурэ лъэпкъ пшынэм еуэным зыхуегъасэ. Нарткъалэ дэт сабий макъамэ еджапIэр къиухащ, иужькIэ Налшык къалэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щеджащ. Мы зэманым абы, зэрыжытIащи, и щIэныгъэм щыхегъахъуэ макъамэ гъуазджэмкIэ Урысейм увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэ щызыIыгъ академием.
- Залымджэрий къелъытэ блэкIа лIэщIыгъуэхэм яухуа щэнхабзэ куур хъумэн, тегъэщIапIэ щIын хуейуэ икIи щIохъуэпс ар дунейм и концерт гъэлъэгъуапIэ нэхъыфIхэм хэIущIыIу щищIыну. Ди гуапэщ пшынауэр и мурадхэм лъэIэсыну.
- IэпщIэлъапщIэхэм я лъагъуэкIэ
- Адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ я жыIэм щIапIыкIа сабийм и гъэсэныгъэри къэухьри Iэмал имыIэу нэхъ куу мэхъу. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ и IэщIагъэм тедгъэпсэлъыхьыну дызыIущIа дыщэкI ЦIыпIынэ Марьянэ дызыщIигъэдэIуар.
- «Гъуазджэм сыдезыгъэхьэхар, фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар дадэщ. Ар КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашифщ. Сызэрысабийрэ абы сыдэплъейуэ сыкъэхъуащ, зэпымыууэ слъагъурт творчествэм зэрыхущытыр, ар зэригъэлъапIэр. Сыт щыгъуи сиущийрт, IэщIагъэр гум дыхьэу, дэрэжэгъуэ къуиту къыхэхын зэрыхуейр къызжиIэу. IэпщIэлъапщIагъэр къыхэсхащи, къапщтэмэ, зыгуэрым семылэжьу зы махуэ дэкIамэ, абы сыхуэзэшу щIызодзэ. Ар апхуэдэу щымытмэ, узыпэрыт IэнатIэр умыуейуэ аращ — си адэшхуэм ар хьэкъыу зэрыспхигъэкIам щхьэкIэ фIыщIэ хузощI», — жеIэ Марьянэ.
- ЦIыпIынэр зэрысабийрэ художественнэ, хореографие школхэм зыщигъасэу къыдэкIуэтеящ. 2005 гъэм курыт еджапIэр къыщиухым, и Iыхьлыхэми къыдаIыгъри, КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым гъущIхэкIхэм щелэжь и кафедрэм щеджэну щIэтIысхьащ. ЦIыхубзым и дежкIэ ар IэщIагъэ нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэми (псалъэм папщIэ, дыщэидэм елъытауэ), Марьянэ гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм хьэпшып дахэ къызэрыхищIыкIым дэрэжэгъуэ кърет.
- — Университетым икъукIэ къыщыдэгугъуащ ди егъэджакIуэхэр. Дэтхэнэми и зэфIэкIыр къызэрытхилъхьэным хущIэкъуащи, фIыщIэ яхузощI. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликсрэ ди егъэджакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Юсбашев Муратрэ емызэшыжу къызэрыддэлэжьар. ЖыпIэнумэ, иджыри ахэращ дызэчэнджэщу диIэр. Абыхэм ди IэщIагъэм и щэху куэд къыдагъэтIэщIащ. Хьэпшып дахэ тщIын къудейртэкъым дызыхуагъасэр, атIэ абы и мыхьэнэм, и тхыдэм куууэ дыпхрагъэплъырт, — жеIэ Марьянэ. — Накуэ Феликс ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ куууэ хещIыкI, псалъэм папщIэ, сыт и уасэ абы и «Знаковая адыгская система» лэжьыгъэм! Си дипломыр щызгъэхьэзырым, ар щIэгъэкъуэн къысхуэхъури, XIX лIэщIыгъуэм къагъэсэбэпу щыта сэшхуэ зэгъэпэщыжыным селэжьащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэ хьэпшыпым ущелэжькIэ псом япэу зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ абы и тхыдэм — сэшхуэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ фащэм кIэрылъми, къызэрыкIэрах щIыкIэми, куэдым елъытащ ар нэгъэсауэ пщIыныр. Зы щыуагъэ гуэр пIэщIэкIмэ, а Iэщэ-фащэм и мыхьэнэр кIуэдынущ. А псом гу лъызигъэтащ Накуэм икIи си насыпу къызолъытэ абы сыдэлэжьэну къызэрысхуихуар.
- Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр Марьянэ иджы къыщегъэсэбэп езым къызэIуихауэ щылажьэ «Адыгэ дизайн» студием. «Адыгэ лъэпкъым и гъащIэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ сыт щыгъуи щиIащ декоративно-прикладной гъуазджэм епха хьэпшыпхэм. Уеблэмэ дэтхэнэ я IэдакъэщIэкIми, ар цIыкIу-иным емылъытауэ, гупсысэшхуэ халъхьэрт. Абыхэм хуэдэ нобэ ди гъащIэм хэтыжкъым. Ауэ лъэпкъ музейм ущыщIэткIэ а зэманым зэрахьа пхъуантэхэр, сэхэр, цIуугъэнэхэр къэбгъэщIэрэщIэжыну уохъуапсэ. БлэкIам зэпымыууэ урипсэун хуейуэ, абы укъытекI мыхъуну къэслъытэркъым, ауэ ахэр ди гъащIэм къыхэтхьэжмэ лей зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым, — къыхегъэщ бзылъхугъэм.
- Шалъэ, сампIэ, зэрызагъэдахэ хьэпшыпхэр, сэшхуэ, нэгъуэщI куэди ещI Марьянэ. Тубай Мурат и гъусэу, ар елэжьащ пасэрей пхъуантэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным. Хъыджэбзым сыт хуэдэ хьэпшыпми гу хуабагъ хилъхьэну хущIокъу, нэхъапэм къагъэсэбэпу щыта тхыпхъэхэм гулъытэшхуэ хуещI икIи ахэр нэхъ хъума зэрыхъуным йогупсыс.
- IуэхущIапIэр къызэрызэIуихрэ илъэс еянэ мэхъури, Марьянэ ищIа зэ къэзыщэхуахэм къыщытрагъэзэж куэдрэ къохъу. Ар и щыхьэтщ бзылъхугъэр и IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым. Апхуэдэуи 2011 гъэ лъандэрэ ЦIыпIынэр Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ ныбжьыщIэ центрым щолажьэ, лъахэр джыным сабийхэр щыхигъэгъуазэу. ЦIыкIухэр абы музейхэм ешэ, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэр ярегъэцIыху.
- — Ди лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэм и къулеягъэр къыпхуэмыIуэтэн хуэдизщ. Аращи, абы зыгуэркIэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуэсщIыфым срогушхуэ икIи зэпымыууэ зэрызызужьын хуейм срегъэгупсыс, пэгъунэгъу сыхъуу къысщохъури, срогушхуэ, — дыщIегъу Марьянэ.
- ЦIыпIынэр и телъхьэкъым пасэрей тхыпхъэхэм нэгъуэщI гупсысэщIэ хэлъхьэным. Иджыпсту ар йолэжь дыжьынымрэ вы бжьакъуэмрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр зэрагъэщIэращIэм. ГъэщIэгъуэнращи, вы бжьакъуэр Вьетнамым, Индием, Китайм, нэгъуэщI къэралхэми къригъэшын хуей мэхъу. Ауэ апхуэдэ гугъуехьхэр зырикIщ IэщIагъэр фIыуэ щыплъагъум деж. «Си хьэпшыпхэр къыщацIыхукIэ си гуапэ мэхъу, си гур хохъуэ», — жеIэ Марьянэ.
- КъэкIуэну зэманым абы и мурадщ гъущIхэкIхэм зэрелэжьу щыта Iэмалхэр къитIэщIыжыну, ахэр къигъэсэбэпыну. КъищынэмыщIауэ, йогупсыс зауэлIхэм я Iэпкълъэпкъыр къэзыхъумэу щыта афэ джанэ зэрищIынум.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- ЛъагапIэр зи плъапIэ
- Иджыблагъэ республикэм ще-кIуэкIа «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэм ящыщщ «Стартап» егъэджэныгъэ центр» ООО-м и унафэщI Къущхьэ Инал.
- Инал щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу иIэщ: КъБКъУ-м и «Прикладная информатика в экономике» (2009 — 2017 гъэхэм) специалитетымрэ «Журналистикэм» и магистратурэмрэ (2014 — 2016) къиухащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу еджа щIалэм адэкIи и щIэныгъэм щыхегъахъуэ аспирантурэм икIи диссертацэм зэрелэжьым хуэдэу, 2014 гъэм «Стартап» егъэджэныгъэ центр» ООО-р къызэригъэпэщащ. IуэхущIапIэр школ къэзыуххэм ядолажьэ, ахэр къэрал экзаменхэм хуигъэхьэзыру. Зи адэ-анэр егъэджакIуэ, ахэр зи щапхъэ Инал дежкIэ сабийхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэныр Iуэхум я нэхъыщхьэщ. Къапщтэмэ, ар зи унафэщI Iэна-тIэр сэбэпышхуэ зэрыхъум и щыхьэтщ ныбжьыщIэхэм экзаменхэмкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр.
- — Си сабиигъуэр сигу къэзгъэкIыжмэ, ар тхылъхэмрэ щIэнгъуазэхэмрэщ. Апхуэдэуи зыхэслъхьэ щымыIэу сфIэфIу шахмат сыджэгуу щытащ, — жеIэ Инал. — НыбжьыщIэхэм шахматхэмкIэ я республикэ зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщысхьырт, КъБКъУ-м и гупым сыхэту акъыл жан зэпеуэхэм си зэфIэкI сыщеплъыжырт. 2013 гъэм си насып кърихьэкIри, дунейпсо мыхьэнэ иIэу Абхъазым щекIуэкIа апхуэдэ зы зэхьэзэхуэм сыхэтауэ щытащ. Сригушхуэу сигу къызогъэкIыж 2012 гъэм «КъБКъУ-м и студент нэхъыфI» сыхъуауэ зэрыщытари. А псор сэбэпышхуэ къыщысхуэхъуауэ къызолъытэ «ЛъагапIэщIэ» республикэ зэхьэзэхуэм сыпхыкIыным. Псом хуэмыдэу тест лэжьыгъэхэр щысщIыжым къыздэIэпыкъужащ шахматхэм сыдахьэхыу зэрыщытар. Къэбгъэлъагъуэмэ, балл 200-м щыщу 199-рэ къэсхьащ. «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр и мыхьэнэкIэ ебгъэщхь хъунущ «Урысейм и пашэхэр» къэралпсо зэхьэзэхуэм, абы къыхэкIыу икъукIэ сыщыгуфIыкIат ди щIыналъэм ар зэрыщекIуэкIынум. Шэч хэмылъу, сфIэгъэщIэгъуэнт си щIэныгъэр здынэсыр къэспщытэжыну. Зэхьэзэхуэм зыщыхуэзгъэхьэзырым, школ программэ куэд щIэспщытыкIыжын хуей хъуащ. Абы къегъэлъагъуэ мыпхуэдэ зэпеуэхэм цIыхум и зыужьыныгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. КъищынэмыщIауэ, абы наIуэ ищIу къысщохъу республикэ унафэщIхэр ди зыужьыныгъэм зэрытегузэвыхьыр. Пэжыр жыпIэмэ, сыщогугъ «ЛъагапIэщIэм» республикэм зыужьыныгъэфI иритыну, зэхьэзэхуэм хэтахэм хуэдэхэр дыщиIэкIэ, ар къыдэхъулIэну къыщIэкIынщ. ФIыщIэ хузощI «Россия — страна возможностей» IуэхущIапIэм апхуэдэ зэпеуэ къызэрытхузэригъэпэщам папщIэ. Зы къулыкъу гуэрым хэхауэ сыхущIэкъуу схужыIэнукъым, мы зэманым сызэлэжьыр си гум къыдохьэ. Ауэ сыт хуэдэ IэнатIэ къысхуагъэлъагъуэми, си къару себлэжынукъым, нэхъыщхьэр — цIыхубэм сэбэп узэрыхуэхъуным ухущIэкъунырщ.
- Къущхьэ Инал хьэрычэт Iуэхуми хозагъэ. 2013 гъэм абырэ и щхьэгъусэ Радимэрэ лъэпкъ фащэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ ягъэхьэзыра проектыр «Мэшыкъуэ» зэпеуэм утыку къыщрахьауэ щытащ икIи я нэхъыфIхэм хабжэу къыхуагъэфэща сом мини 100-мкIэ я Iуэху къызэрагъэпэщыжащ. Зэщхьэгъусэхэм 2017 гъэм къызэIуахащ лъэпкъ фащэхэмрэ нысащIэ бостейхэмрэ зыщIэлъ «Rada Kush» тыкуэныр. Радимэ езым лъэпкъ фащэхэр ед, зэфIэкIышхуэ иIэщ. «Мэшыкъуэ — 2018» зэпеуэм УФ-м и Президент Путин Владимир къыщыкIуам, и насып къихьри, къэрал унафэщIыр я Iуэхум щигъэгъуэзащ. Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ щIалэгъуалэм узрагъэхъуапсэ, къэкIуэну дахэ зэраухуэфынури уи фIэщ мэхъу.
- АЛЪХЪО Дыжьын.