«Афиян псынщIэ» щыIэкъым
2019-01-31
- Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэ центрхэм я къэхутэныгъэщIэр сэбэп яхуэхъунущ щIэпыр «Афиян псынщIэу» икIи ар тутыным хуэдэу ящэми хъуну жызыIэхэм япэщIэтхэм.
- АтIэ, щIэныгъэлIхэм къахутаращи, балигъ ныбжьым нэмыса щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр тIэу, щэ фIэкIа афияныр зэрамыхьэлIами, я щхьэкуцIым зэран хуохъу, дохутыр еIэзэкIи яхуэмыгъэхъужу. Илъэс14 ныбжьым итыр щыгъупщэх мэхъу, тэмэму гупсысэжыфыркъым. Ауэ ныбжьыщIэм ар къыпхугурыгъаIуэркъым, уеблэмэ щIэп зэзыхьэлIэр яфиянафэу къилъы-
- тэркъым. Пэжщ, КъухьэпIэм щIэпым щхьэкIэ ущаубыдынукъым. Голландием ар хуиту щащэ, хэт хуейми къищэхуу. Ауэ лейуэ утемыпсэлъыхьми хъуну щIэныгъэлIхэм къахутащ: щхьэусыгъуэншэу «гукъыдэжышхуэ» иIэу мэхъу языныкъуэхэр, зыгуэрхэр щтэIэщтаблэу къонэ, къэмэхыпи къахокI. ЩIэп ефэр акъылыншэ мэхъу, апхуэдэр Iэмал имыIэу нэгъуэщI афиянхэм хуокIуэ. Мы къэкIыгъэм утекIуэнукъым: зыбгъэнщIыркъым, сыт хуэдиз уефэми. Аращи, зыхуейр къащыхуимыщIэжкIэ, а щIэп дыдэм къыхах гашишым е гашиш дагъэм хуокIуэ. Абыхэм щхьэкIэ «химкэ» жаIэ, щагъэхьэзыркIэ химие пкъыгъуэ зэрыхалъхьэм къыхэкIыу. ЗэрытщIэщи, щхьэкуцIым и Iыхьищым щыщу тIур къызыхэщIыкIар клеткэ дагъэщ, абы (клеткэм) афияным хэлъ химиер щылъэIэскIэ егъэткIу. Зэман гуэр докIри, щхьэкуцIым и Iыхьищым щыщу тIур мылэжьэжу, кърилъэсыкIам хуэдэу, мэхъу.
- Шынагъуэ дыдэр ныбжьыщIэм зиужьыным и пIэкIэ и акъылри, и узыншагъэри, и цIыхугъэри зэрыфIэкIуэдырщ, егъэлеяуэ залым хъу къазэрыхэкIырщ. «ЗыкъищIэжу» афиян ефэныр IэщIыб ищIыжыфми, апхуэдэхэм сабий къащIэхъуэркъым, пасэу жьы мэхъухэр.
- Швецием илъэс 27-кIэ къэхутэныгъэ щыдрагъэкIуэкIат цIыху мин 50-м. Илъэс 13-18 ныбжьым иту щIэп ефахэр балигъ хъуащ шизофрение уз гъэтIылъар яIэу. ЩIэп ефахэм я процент 70-р афиян нэхъ хьэлъэхэм хуэкIуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, сытым тет ди Iуэхур?
- Ди республикэм и Наркологие диспансерым 2013 гъэ лъандэрэ къудамэ иIэщ афиянафэхэм щеIэзэу. Нэгъабэ абы и учётым щытащ цIыху 611-рэ, (2017 гъэм — 560-рэ), абыхэм ящыщу 24-р цIыхубзщ, 7-р — балигъ ныбжьым нэмысахэщ. Гу лъывэзгъэтэнут — ахэр зы илъэсым къриубыдэу учётым ягъэувахэращи, афиянхэкIхэр узыфэ яхуэхъуауэ е и узыншагъэм егуэуа зыгуэр зрихьэлIауэ. Мы гъэм дэ дытехьащ апхуэдэ сымаджэу 1803-рэ диIэу. Ди насыпт учётым щытым фIэ- кIа мы Iуэхум хилъэса димыIатэмэ, ауэ жылагъуэм щекIуэкIыр куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ.
- Сыт зрахьэлIэр афияныр узыфэ зыхуэхъуахэм? Нэхъыбэм — опий, абы къыкIэлъокIуэ акъылыр зыгъэутхъуэхэр, ещанэр — щIэпращ, еплIанэр — «психостимулятор» жыхуаIэрщ. Наркоман лIэужьыгъуэхэращ иджыпсту зи гугъу тщIар.
- Иджы фыщыдгъэгъуэзэнщ цIыхум и узыншагъэм зэран нэхъыбэу хуэхъуа афияным — ар щIэпращ. 2018 гъэм учётым щытащ ар зэзыхьэлIэ цIыху 893-рэ.
- ЗэрылIам къыхэкIыу диспансер учётым ирахыжащ: 2017 гъэм — 39-рэ, 2018 гъэм — 43-рэ. Иужьрей илъэсиплIым афиян лIэужьыгъуэ псоми илIыкIар цIыхуи 176-рэ мэхъу.
- Нэгу къыщIэдвгъэгъэхьэт ди республи-кэ цIыкIум зы махуэм цIыхуи 176-рэ щыщIалъхьэу (афияным илIыкIхэм я закъуэ къатщтмэ), ди щхьэфэцыр тэджыну, зауэ IэнатIэ щэху дызэрыIутыр зыхэтщIэну къыщIэкIынт, арщхьэкIэ, ди унагъуэкIэ, ди IыхьлыкIэ къытлъэмыIэс къудеймэ, мы Iуэхум ди нэр хуэдуфIыцIыну дыхьэзыру допсэу. Ауэ щыIэщ нэгъуэщIхэри. Сом къалэжьыну ящIэ къудеймэ, уеблэмэ я хьэблэ школакIуэхэм иращэфынущ сабийхэм я акъылыр зыгъэутхъуэ, ахэри абыхэм я адэ-анэхэри, зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъри зыгъэунэхъу.
- Дриплъэнти бжыгъэхэм. Хабзэм къемызэгъыу афиянхэкI зэзыгъэкIуэкIхэм епха щIэпхъаджагъэхэр 2018 гъэм и япэ мазэм 1046-рэ хъурт, дыгъэгъазэм ирихьэлIэу 1003-рэ щыIащ. Абыхэм ящыщу щIэпхъаджагъэ хьэлъэр илъэсым и пэм 491-рэ, и кIэм 476-рэ хъурт.
- АфиянхэкI ягъэхьэзырыным, къащэхуным, зехьэным, нэгъуэщIхэм яIэрыгъэхьэным, ящэным епха щIэпхъаджагъэхэр 787-рэ хъууэ гъэр иухащ (2018 гъэм щIышылэм дытехьат 772-рэ щыIауэ).
- Ящэным, къагъэкIыным, акъыл зыгъэутхъуэ зэхащIэным епха щIэпхъаджагъэхэри мащIэкъым — бжыгъэ куэдым фыхэдмыгъэзэрыхьын щхьэкIэ къэдмыгъэлъагъуэу аращ.
- Къуажэ щыIэкъым абы къыщыхъур щахуэгъэпщкIуа, хэт сыт и дунейми щамыщIэ. Къэрал хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм нэхърэ нэхъыфIу мы гузэвэгъуэр къагъэувыIэфыну къыщIэкIынт япэхэм къуажэхэм щылажьэу щыта Хасэхэм, ар бзылъхугъэхэм, нэхъыжьхэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм ейуэ щрет, ауэ псори щымщ.
- Е нэхъыжьхэм я псалъэм пщIэ имыIэж-рэ, е ди гугъу къамыщI къудеймэ, ди хъуреягъкIэ щекIуэкIым ди Iуэху хэмылъу къэтлъытэрэ? А гузэвэгъуэр езыр-езыру уи унагъуэм къихьэмэ-щэ?