ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2018-11-03

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
  • А гуфIэгъуэм ди лъэпкъхэм я тхыдэм щыщу ящымыгъупщэж я напэкIуэцI хэхахэр къыхощ, ди Хэкум и гъащIэм нэхъ мыхьэнэшхуэ щызиIа Iуэхухэр ди нэгу къыщIегъэхьэж, Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм щIыналъэр фIыуэ лъагъунымкIэ, зэкъуэтынымкIэ лIэщIыгъуэ Iэджэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр дигу къегъэкIыж. Иджырей зэманым къигъэув Iуэху мытыншхэм дащыпэщIэт лъэхъэнэм дэ ди щIэгъэкъуэну щытын хуейщ къэралым и блэкIа хьэлэмэтыр, ди адэжьхэм зауэми лэжьыгъэ IэнатIэми щызэфIагъэкIахэр икIи абыхэм я лIыхъужьыгъэм, ди тхыдэ гъуэзэджэм дахуэфащэу, Хэкум худиIэ лъагъуныгъэм дызэкъуигъэувэу дыщытыпхъэщ. ЗэгурыIуэныгъэмрэ граждан зэкъуэтыныгъэмрэ, дзыхь зэхуэщIынымрэ зэакъылэгъуу щытынымрэ я хабзэхэр тхъумэурэщ дэ къытпэщыт лэжьыгъэхэр зэрыдэдгъэкIыфынур, ди республикэм зэпIэзэрыту зегъэужьынымкIэ къалэнхэр зэрыдгъэзэщIэфынур, цIыхухэм я псэукIэр зэредгъэфIэкIуэфынур.
  • Псоми ехъулIэныгъэ, мамырыгъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.