Урысейм и Президент Путин Владимир «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» федеральнэ проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхегъэщ
2018-08-18
- Мы проектыр Путин Владимир и пащхьэ щралъхьащ «Мэшыкъуэ-2018» щIалэгъуалэ зэхыхьэм. Президентым абы теухуауэ жиIащ: «Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ»
- «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» стендым къыщагъэлъэгъуащ щIыналъэхэм ящыщу фадафэхэр гъэмэщIэным нэхъ жыджэру яужь итхэри, а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл зыщIхэри. Проектым тету къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм фадафэхэр гъэмэщIэным хуэунэтIа рейдхэр щрагъэкIуэкI, спортым зыщыхуагъасэ утыкухэр къыщызэрагъэпэщ.
- Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мы Iуэхум жылагъуэ лIыкIуэхэр зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы жиIащ фадэм дихьэххэр къэралым нэрылъагъуу нэхъ мащIэ зэрыщыхъуар.
- «Дэ ди проектым Президентыр щыгъуазэ тщIыну икIи ар къызэрыщыхъуар зэхэтхыну хуабжьу дыхуейт. Къэралым и унафэщIым и псалъэхэм къагъэлъэгъуащ дэ ди гугъуехьыр зэрымыпщIэншэр, гъуэгу тэмэмым дызэрытетыр», — жиIащ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» проектым и унафэщI Хамзаев СулътIан.
- Фадафэхэмрэ наркотикхэм ятхьэкъуахэмрэ ебэныным теухуауэ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» федеральнэ проектым къыщыхалъхьа Iуэхухэр щызэхуэхьэсыжа докладыр нэхъ япэкIэ иратащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Абыхэм яхэтщ фадэ зращэну хуитхэм я ныбжьым хэгъэхъуэным теухуа жэрдэм. Апхуэдэу проектым хэтахэм къалъытэ наркотикхэм ятхьэкъуахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ жыпхъэ пыухыкIахэр ягъэувын хуейуэ.
- Докладым хэт къыкIэлъыкIуэ жэрдэмыр спортым зегъэужьынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къыхалъхьащ псэупIэ хьэблэщIэхэм спортым зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр зэрыщаухуэу щыта хабзэхэм хуэкIуэжын хуейуэ. Апхуэдэу проектым хиубыдэу къагъэуващ хабзэм къемызэгъыу фадэ зыщэхэм яхь жэуапыр ягъэткIиину.