Китайм и лIыкIуэр хэту Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм адэкIи туризмэм зыщегъэужьыным пыщIа Iуэхухэм
2018-08-07
- Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ туризмэм зыщегъэужьыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., КНР-м и лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Ли, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов И. М.-С., КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм туризмэм дяпэкIи зыщегъэужьынымкIэ хэкIыпIэхэм.
- 7ЕтIуанэ махуэм Китайм и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIхэм щыгъуазэ ящIащ, кIапсэ гъуэгумкIэ Горабаши станцым нэс драшеящ. А станцыр метр 3850-м лъагапIэм щыIэщ икIи Европэм щынэхъ лъагэ дыдэщ. Ар 2015 гъэм хьэзыр ящIауэ щытащ икIи абы лъандэ- рэ Iуащхьэмахуэ курортым зыщызыгъэпсэхухэм илъэс хъурейм лыжэкIэ къажыхьу хуежьащ. А станцым щегъэжьауэ хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ метр 4600-м нэскIэ ратракхэмкIэ дэкIуеящ. ИужькIэ ахэр Чегет, Нартсанэ лъэгу щIыпIэхэм яшащ. ЗэIущIэшхуэм хэтахэр зэщIыгъуу еплъащ «Iуащхьэмахуэ лъапэ» дунейпсо курорт къызэгъэпэщыныр» инвестицэ проектым.
- Абы щытепсэлъыхьым Матовников А. А. къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист-реакреацэ комплексми экономикэм и адрей IэнатIэхэми зэрыщызэдэлажьэм зегъэубгъунымкIэ хэкIыпIэ псори зэрыщыIэр икIи дяпэкIэ зэгурыIуэныгъэ пыухыкIахэр зращIылIэнухэм ягурыIуэн зэрыхуейр. Матовников Александр къызэрилъытэмкIэ, туризмэм и IэнатIэм зегъэужьыным сэбэпынагъышхуэ иIэщ икIи ар нэгъэсауэ щIэгъэкъуэн къэщIын хуейщ. Президентым и полномочнэ лIыкIуэм зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIадзами, Китайм къикIахэр зэплъын куэд Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и адрей субъектхэми щыIэщ.
- Китайм и лIыкIуэу Урысейм щыIэ Хуэй Ли къыхигъэщхьэхукIащ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэм зегъэубгъунымкIэ зыхуей псори ди республикэм зэрыщыIэр.
- Китайм и лIыкIуэхэр къызэрыкIуам икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къилъытащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и вице-спикер Умаханов Ильяс. Шэч лъэпкъ хэлъкъым лъэныкъуитIыр зытепсэлъыхьа Iуэхухэм ящыщ куэд гъэзэщIа зэрыхъунум, жиIащ абы.
- МахуитI лэжьыгъэм къарикIуахэм щытепсэлъыхьыжым, КIуэкIуэ Юрий къыхилъхьащ адэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр зыубзыхун лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну. КъБР-м и Iэтащхьэм Китайм къикIа хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ ди республикэм и зэфIэкIхэм набдзэгубдзаплъэу щыгъуазэ зэрызащIам папщIэ.
- Иужьрей махуэм КНР-м и лIыкIуэхэр щыIащ Урысей Ипщэм щынэхъ ин дыдэ бдзэжьей хозяйствэм, Тырныауз аргъейхэр щагъэхъуу щыIэ IуэхущIапIэм. Абы гектари 10 еубыд, илъэсым бдзэжьейуэ тонн 50, бжьэй хугуу тонни 3,3-рэ къыщалэжь.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.