Ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр дихьэщIэщ
2018-08-07
- Тырку, Иордание, Израиль къэралыгъуэхэм, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэр щызэхаша гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм шыщхьэуIум и 7-м яхуеблэгъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм (иджы министерствэм) къызэригъэпэщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэ куэд адэжь щIыналъэм щыIэну Iэмал гъэщIэгъуэн ягъуэт. Мы гъэм хэкужьым кърагъэблэгъа цIыху 80-м программэ щIэщыгъуэ хузэхагъэуващ. Абы и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ, хэкум и IэфIагъыр, бзэм и дахагъэр, къуэпсым и къарур зэхрагъэщIэныр.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэрэ IуэхущIафэкIэ фIыуэ зыцIыху адыгэ щIэблэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну зэIущIэм къекIуэлIат. Тхьэмадэр тепсэлъыхьащ хэхэсхэм ятеухуауэ езым ищIа къэхутэныгъэхэм, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм, хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэм. Апхуэдэуи абы щIэблэр къыхуриджащ ди деж къыщызэрагъэпэщ зэпеуэхэм къыхыхьэну, лъэпкъ Iуэхум хуэжыджэрыну.
- ЗэIущIэм псалъэмакъ щхьэпэ щекIуэкIащ, лъэпкъым зихъумэжын щхьэкIэ щIапхъэхэм, нэхъапэ игъэщыпхъэ Iуэхухэм, бзэр зэбгъэщIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм ятеухуауэ. Апхуэдэуи адыгэхэр зэрыубыдыжа хъунымкIэ ныбжьыщIэхэм хэкIыпIэу ялъагъумкIэ акъыл зэхэдзэ ирагъэщIащ.
- ХьэфIыцIэм щIэблэм щапхъэу яхуигъэлъэгъуащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зи бзэмрэ хабзэмрэ къызыхуэтыншэу зезыхьэхэр. «Лъэпкъым и уасэр и бынщ» псалъэжьыр щIэми жьыми ящымыгъупщэу, къызыхэкIам зэрыхуэфэщэным хущIэкъуу, адэжьхэм я щIыхьыр зыгъэулъиин ямылэжьу псэуну къыхуриджащ абы ныбжьыщIэхэр.
- Тхыгъэри сурэтри Щомахуэ Залинэ ейщ.