ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хорватхэм  зыри къапэплъакъым

2018-07-14

  • ФутболымкIэ XXI дунейпсо чемпионатым и финалым щызэдэджэгунущ Франджымрэ Хорватиемрэ. Япэр абы зэрынэсынур куэдым хуагъэфэщами, етIуанэм апхуэдэ зэфIэкI къызэкъуихыну щыгугъар мащIэ дыдэщ.

  • Иджыри къэс зэи къэхъуакъым дунейпсо чемпионатым щытекIуэну пасэу зыхуагъэфэщахэм къищынэмыщIа абы и финалым щыджэгуауэ. Хорватием а хабзэр икъутащ. Лъэныкъуэ абы иригъэзари хэт?! Футболыр дунейпсо дэрэжэгъуэ тхуэзыщIа инджылызхэрщ.
  • Хорватхэр сыт щыгъуи лъэщу мэджэгу. Дуней псом нэхъ пасэу цIэрыIуэ щыхъуащ абы и футболист гъуэзэджэхэу Бобан, Шукер, Просинечки. Иджы нэхъыжьхэм я лъагъуэр бгъуфIэ ящI Модрич, Ракитич, Манджукич, Субашич сымэ, нэгъущIхэми. АрщхьэкIэ ахэр дунейпсо чемпионатым и финалым нэсыфыну жыпIэну дзыхьщIыгъуэджэт.
  • Илъэс тIощI ипэкIэ Хорватиер кIэух зэIущIэм нэсыпауэ къызэтеувыIащ икIи жэзымкIэ арэзы хъуащ. Абы щыгъуэм дунейп- со чемпионыгъэр къызыпэплъэ франджыхэр зэран къахуэхъуащ. Иджы дауэ хъуну пIэрэ?
  • Куэдым Франджым финалым щыпэщIагъэувэнут Инджылызыр. Iуэхур абы пэгъунэгъу хъуат, етхуанэ дакъикъэм Триппьер бжыгъэр къыщызэIуихам. Сыхьэтым щIигъукIэ шэч къытезыхьар мащIэщ къэралыгъуэ лъэщитIыр кIэух зэIущIэм зэрыщызэпэщIэувэнум. АрщхьэкIэ 68-нэ дакъикъэм Перишич псори зэхигъэзэрыхьащ, бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжри. Абы хорватхэм я лъэр щIигъэкIащ, инджылызхэр щIигъэтIысыкIащ.
  • Апхуэдэу щыт пэтми, зэныкъуэкъуныгъэр апхуэдизу гуащIэти, джэгум къыщIагъуа зэманыр и кIэм нэблэгъауэщ нэхъ лъэщыр щызэхэкIар. Манджукич дигъэкIа топыр хорватхэм я дежкIэ дыщэ пэлъытэщ. Зэи къэмыхъуауэ ахэр финалым щыджэгунущ.
  • Зыри пэплъакъым Франджымрэ Хорватиемрэ дунейпсо дыщэм папщIэ зэныкъуэкъуну. Абы зэхьэзэхуэр нэхъ хьэлэмэтыж ещI.
  • Жыласэ Заурбэч.