ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-07-14

  • ЦIыхушхуэхэм  я  гупсысэхэр
  • ГъащIэм къыпызыщэр
  • Насыпыншагъэм и нэхъ шынагъуэ дыдэр закъуэныгъэрщ.
  • Свенцицкий Валентин.
  • ЦIыхум гъуэгур бгъуфIэ хуэщIынущ, ауэ гъуэгум цIыхур уардэ хуэщIынукъым.
  • Конфуций.

  • Адрей Iэмал псори къэбгъэсэбэпа иужькIэщ Iэщэр къыщыпщтэн хуейр.
  • Макиавелли Николэ.
  • ЦIыхур псэуфыну къыщIэкIынтэкъым гуфIэгъуэ гуэр пэплъэу щымытамэ, пщэдейрей гурыфIыгъуэращ цIыхур гъащIэм хуэзыгъэушыр.
  • Макаренкэ Антон.
  • ГъащIэм къыщытщIа Iуэхугъуэм гурыфIыгъуэр къыщыпэкIуэр нэгъуэщI цIыхум абыкIэ дыдэгуэша нэужьщ.
  • Моруа Андре.
  • Шхыныгъуэхэр
  • Мэл кIапэ гъэварэ нартыху хьэлIамэ цIывынэрэ
  • Мы ерыскъыгъуэр бжьыхьэ, щIымахуэ шхыну ящIу щытащ. ЯпэщIыкIэ мэл кIапэр ятхьэщI, тIууэ зэгуагъэж, псы щIыIэ зэрыт шыуаным халъхьэри мафIэшхуэкIэ зэ къытрагъэкъуалъэ. Тхъурымбэр чымчыркIэ къытрах, шыгъу хадзэ, мафIэр цIыкIу ящIри и щхьэр тепIауэ ныкъуэвэфI хъуху трагъэт. ИтIанэ халъхьэ бжьыныщхьэ укъэбза мыупщIэта, губгъуэпхъ, адыгэ шыбжиищхьэ упщIэта. КIапэр хьэзыр хъуху ягъавэри лэпсым къыхахыж, тепщэчым иралъхьэ, тIэкIу ягъэупщIыIури г 25 — 30 хъууэ тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ, тепщэчым иракIутэ, лэпс пщтыр щIакIэжри хьэлIамэ цIывынэ ящIыху щагъэтщ. Iэнэм щытрагъэувэнум и деж мэл кIапэ упщIэта пщтырыр тепщэч куум иралъхьэ, лэпс пщтырым чымчыркIэ къыхахыурэ абы и щIыIум цIывынэр тракIутэ, лэпс пщтыркIэ ящIа бжьыныху шыпсыр тракIэж. Зыри дыщIымыгъуу яшх, Iэмал имыIэу шэ хуабэ трафыхьыж. КIапэр зыхэвыкIа лэпсым хьэнтхъупс, шыпс ирипщI хъунущ. Мы шхыныгъуэр сэбэпышхуэщ зи тхьэмбыл узхэмкIэ, щIыIэ зыхыхьахэмкIэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • мэл кIапэу — грамм 300,
  • псыуэ — грамм 1000,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамми 100,
  • шыбжий сыр мыхьэжауэ — грамми 2,
  • губгъуэпхъыу — тхьэмпищ,
  • нартыху хьэжыгъэу — грамм 600,
  • гуэдз хьэжыгъэу — грамми 100,
  • бжьыныху укъэбзауэ — грамм 40,
  • шыгъуу, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз,
  • хьэлIамэ цIывынэ зэращI псывэу — узыхуейм хуэдиз.
  •  
  • КIэртIоф хьэнтхъупс, хугу хэлъу
  • КIэртIоф укъэбзар зэпэплIимэ цIыкIуурэ яупщIатэ. Шыуаным ит псы къэкъуалъэм шыгъу хадзэри кIэртIофри абы халъхьэ, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъитху-хыкIэ ягъавэ. Абы зэIащIэурэ хугу лъэсар хакIутэ. Тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. МафIэр цIыкIу ящIри, шыуаныщхьэр тепIауэ хьэзыр хъуху — дакъикъэ 20 — 25-кIэ — ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри къэмывэу дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт, нэхъ IэфI хъун щхьэкIэ. Iэнэм фалъэ куукIэ трагъэувэ. Шатэ халъхьэ, къуэнтхъурей трагъэщащэри пщтыру яшх. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
  • псыуэ — грамм 550-рэ,
  • хугуу — грамм 30,
  • кIэртIофу — грамм 50,
  • къуэнтхъурейуэ — грамми 8,
  • шатэу — грамм 40,
  • шыгъуу — узыхуейм хуэдиз,
  • бжьын гъэлыбжьам халъхьэр:
  • тхъууэ — грамм 15
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 15,
  • шыбжий плъыжь сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым  къитхыжащ.
  •  
  • ЩIалэгъуэ
  •  
  • Иджыблагъэ Налшык къалэ хьэгъуэлIыгъуэ дахэ щекIуэкIащ. Адыгэ пщащэр Австрием щыщ щIалэм дэкIуащ икIи я хьэгъуэлIыгъуэм и зы Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ. Чэрим Тамилэрэ Шонк Кристианрэ хамэ къэралхэм щыщ я ныбжьэгъухэмрэ я благъэхэмрэ ящIыгъуу адыгэ хабзэм тет дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIащ. Австриец щауэми щитIэгъащ адыгэ фащэ, абы къыщымынэу, абы кIэрылъ дэтхэнэ пкъыгъуэм къикIри зригъэщIащ, псэгъу ищIа пщащэм и лъэпкъ хабзэхэр зригъэцIыхуащ. ХьэгъуэлIыгъуэм Тамилэрэ Кристианрэ дахэу адыгэ къафэр щагъэзэщIащ. Зэрыша ныбжьыщIэхэм я ныбжьэгъу швед, нэмыцэ, америкэ, австрие, канадэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ екIуу хэтащ гуфIэгъуэ зэхыхьэм, адыгэ фащэр ящыгърэ адыгэ макъамэхэм къыдэфэу.
  • Сурэтыр Къущхьэ Эльдар трихащ.
  • ГушыIэхэр
  • Уэра хьэмэрэ сэра?
  • Профессорым студентым экзамен къреIых. «3» нэхъ мыхъуми хуигъэувыну хуейщи, упщIэ къызэрыгуэкI дыдэхэр ирет, студентым зыри ищIэркъым.
  • — Хъунщ, си упщIэхэм я жэуапыр пщIэркъым, нэхъ мыхъуми узэдэIуа лекцэхэм ящыщ зым щызэхэпхар къызжеIэж.
  • ЩIалэм зыри жиIэркъым.
  • — Лекцэ къыфхуеджам и цIэ-унэцIэр пщIэжрэ, нэгъуэщI мыхъуми?
  • Студентыр щымщ.
  • — Хъунщ, иужьрей упщIэр узотри, жэуап къыумытмэ, «2» пхузогъэув: хэт лекцэ къеджар уэра хьэмэрэ сэра?
  • Зыгуэр къысхуэфщIэ
  • Полицэм хэт щIалэхэм лIы гуэр гужьеяуэ къабгъэдолъадэ:
  • — Ныбжьэгъу, си машинэр ирахужьащ, сакIэщIэмыхьэурэ сIэщIэкIащ, зыгуэр къысхуэфщIэ.
  • — Тлъэгъуащ, тлъэгъуащ, Iуэхум хуэIэзэ гупщ езыхужьар, — жаIэ хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм, зыкIи мыпIейтейуэ.
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • ХъумпIэцIэджхэр зэи  жейркъым
  • ВымпIухэм я щхьэр ямыгъэсысу къахуэкIухьыркъым.
  • ЦIыхур щыпырхъкIэ пщIыхь илъагъуркъым.
  • Псы пщтырыр нэхъ хьэлъэщ псы щIыIэм нэхърэ.
  • Айсберг мыиным и хьэлъагъыр тонн мелун 20-м щIегъу.
  • Лимоным фошыгъу нэхъыбэ хэлъщ мэракIуэм нэхърэ.
  • Креветкэхэм я гур я щхьэм илъщ.
  • Блэм и фэр щызэтридзым деж и нэхэр нэф мэхъу.
  • Аслъэным и цым и закъуэкъым къуэлэныр, атIэ и фэри къуэлэнщ.
  • Джейм и гур зы дакъикъэм 9 къоуэ.
  • ХъумпIэцIэджхэр зэи жейркъым.
  • Гепардым зы сыхьэтым километри 130-рэ ежыф.
  • Ар пэжщ
  • Бзэ дапщэ  зригъэщIэфыну цIыхум?
  • Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик 2003 гъэм и жэпуэгъуэм упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».
  • «Си адэшхуэрагъэнщ!», — къыхуитхыжащ абы зы щIалэ, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.
  • Тхыгъэм и автор США-м щыпсэум жиIэрт и адэшхуэ итальяныр блэкIа лIэщIыгъуэм и 10-нэ гъэхэм Сицилием къикIыу Амери-кэм зэрыIэпхъуар, ар зэи школ зэрыщIэ-мысар, ауэ бзэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрипхъуатэр. ЩIэныгъэ зимыIэ сицилиецым и ныбжьыр щыхэкIуэтам бзэ 70 ищIэрт, абыхэм ящыщу 56-м иритхэфырт, иреджэфырт.
  • Ар Нью-Йорк щыIэпхъуам и ныбжьыр илъэс 20 хъууэ арат. ГъущI гъуэгу вокзалым хьэлъэзехьэу щылажьэу арати, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ящыщ цIыхухэм ирихьэлIэрт, арагъэнщ бзэхэм яхуищIа лъагъуныгъэр къызыхэкIар.
  • Хьэлъэзехьэм и Iуэхур фIы дыдэу екIуэкIырт, ахъшэ хъарзыни къилэжьырт, зрихьэлIэ цIыхухэм елъытауи, бзэщIэхэр къищIэрт. Абы и къуэрылъхум зэрыжиIэжымкIэ, 50 гъэхэм адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ дунейр мазихкIэ къызэхакIухьащ. Сыт хуэдэ къэрал къыщыхута- ми — Венесуэлэ, Аргентинэ, Норвегие, Инджылыз, Португалие, Италие, Алыдж, Тырку, Сирие, Мысыр, Ливие, Мароккэ, ЮАР, Пакистан, Индие, Таиланд, Малайзие, Индонезие, Австралие, Филиппинхэр, Гонконг, Японие — дадэр цIыхухэм зэрепсэлъэн бзэр ищIэрт, фIыуэ игъэшэрыуэрт.
  • Таиландым щынэсам лIыжьыр тай бзэм щыгъуазэтэкъым, ауэ тхьэмахуитI щыIати, я къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу псэлъэф хъуат. Тхыгъэм и автор къуэрылъхум дзэм къулыкъу щищIэу Таиландым зы илъэсрэ ныкъуэрэ щыIауэ къэкIуэжати, абы зэрызригъэщIам нэхърэ нэхъыфIу зэгуэр тхьэмахуитIкIэ а къэралым щыIа дадэр псалъэрт.
  • Полиглотым и къуэрылъхум жиIэрт, бзэхэр фIыуэ зыгъэшэрыуэр и адэшхуэм зэримызакъуэр, атIэ абы и адэжми бзэуэ щэм нэблагъэ ищIэу зэрыщытар.
  • Хадсон профессорым и упщIэм и жэуапу цIыхухэм къыхуатхащ итальян кардинал Меццофанти Джузеппе (1774 — 1849) бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытар, абыхэм ящыщу 39-мкIэ шэрыуэу псэлъэфу къызэрекIуэкIар. Апхуэдэ дыдэу мэжэр зэдзэкIакIуэ Ломб Като (1909 — 2003) бзэ 17-м ирипсэлъэфырт, иджыри 11-кIэ къеджэфырт. Нэмыцэ Кребс Эмиль (1867 — 1930) бзэ 60 ищIэрт, псалъэм папщIэ ермэлыбзэр тхьэмахуи 9-м къриубыдэу зригъэщIат.Абыхэм яхыубжэ хъунущ бзэ 24-рэ зыщIэу щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Энгельс Фридрихи.
  • Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм «гиперполиглот» яфIищащ Хадсон Дик. Абыхэм профессорым яхебжэ бзих е нэхъыбэ зыщIэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ЩIы хъурейм и языныкъуэ плIанэпэхэм щыпсэухэм бзитху шэрыуэу зыщIэхэр яхэтщ. Псалъэм папщIэ, Швейцарием къэралыбзиплI щыIэщ, ахэри ящIэ, етхуанэу инджылызыбзэри нэхъыбэм зрагъащIэ.
  • Лингвистхэм, психологхэм, нейробиологхэм зэхагъэкI апхуэдэ цIыхухэм я щхьэкуцIым и зэхэлъыкIэр нэгъуэщIу арарэ я егугъуныгъэкIэ зэрагъэщIарэ. Псалъэм папщIэ, Шлиман Генрих дунейпсо коммерсанту зэрыщытым ипкъ иткIэ, бзэ 15 зригъэщIэн хуей хъуащ, къимыгъэсэбэпу хъуртэкъыми. ЗэрыжаIэжымкIэ, кардинал Меццофанти Италием зэрыщыпсалъэ бзэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зыгуэр зы жэщым зригъэщIат, пщэдджыжьым щхьэпылъэ ящIыну зы щIалэ-щIэпхъаджащIэм и иужьрей псалъэхэм щIэдэIужын хуейти.
  • Бзэ куэд зыщIэ цIыхухэм ятеухуауэ мыарэзыныгъэ къэзыIуатэхэр сыт щыгъуи щыIэщ. Апхуэдэу языныкъуэхэм шэч къытрахьэ Меццофанти бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытам. А къомыр зэбгъэщIэн папщIэ зэман дапщэ текIуэдэну? Бзэ къэс псалъэ мин 20 зэрыхэтыр къэплъытэмэ, цIыхум зы дакъикъэм къриубыдэу зы псалъэ зэрыхузэгъащIэм тепщIыхьмэ, бзэ 72-рэ зэбгъэщIэн папщIэ илъэситхурэ ныкъуэкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-кIэ убгъэдэсын хуейщ. Апхуэдизыр зэбгъэщIа нэужьи, пщымыгъупщэжу урипсэлъэфын щхьэкIэ, зэман дапщэ тебгъэкIуэдэн хуей?!
  • Лингвистхэм къызэралъытэмкIэ, абы пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Массачусетс технологие институтым (США) щылажьэ Флинн Сюзаннэ къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и акъылыр бзэ дапщи хузэгъэщIэн хуэдэу ухуащ, зэман хурикъумэ. Гарвард университетым (США) щыщ Пинкер Стивени бзэ куэд зэбгъэщIэным ямылей хэлъу къыщыхъуркъым, ауэ зи ухуэкIэкIэ зэщхь бзэхэр пфIызэхэзэрыхьынкIэ хъунущ.
  • Китайм щыIэ Германие посольствэм зэдзэкIакIуэу щылэжьа, нэмыцэ гиперполиглот Кребс и щхьэкуцIым щхьэхуэныгъэ гуэрхэр иIэу къахутащ. Ауэ ар иIэу къалъхуарэ бзэ 60-м щIигъу зригъэщIа нэужь, апхуэдэу хъуарэ зыми ищIэркъым.
  • Къэбарт Мирэ.
  • Фэ  фщIэрэ?
  • Нартыху цIынэр  щагъавэкIэ  шыгъу  хадзэркъым
  • Ерыскъы Iей щыIэкъым, цIыху Iейщ щыIэр.
  • Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм — къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
  • ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
  • Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ, нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
  • Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Интернетым  дыкъыщоджэ
  • Къулеягъэм къикIыр
  • Зэгуэрым къулеижьыр цIыху Iущ гуэрым еупщIащ:
  • — Апхуэдизу зыщыбгъэгубзыгъэкIэ, къулеягъэ щхьэ убгъэдэмылърэ?
  • Къулеижьым дыщэкIэ хэдыкIауэ щыгъ къэпталым зыхуигъазэри, къригъэжьащ цIыху Iущым:
  • — Плъагъурэ, къэптал, сэ си къулеягъэр си гум щызохъумэ, армыхъумэ и щIыIукIэ щызгъэпIийркъым. А зи плIэ уилъыр щыжейм деж уэри, и пщылIхэри, и дыщэхэри — зыри фыкъыздищтэркъым. Жейм хилъафэрэ, аслъэнхэм кърахужьауэ епщIыхьмэ, и пщылIхэр дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуфынукъым. ХэкIыпIэу иIэр — псынщIэу къэжэнырщ. ЩIымахуэ уаем хиубыдауэ пщIыхь илъагъумэ, щIыIэм игъэдиинущ, уэ укъищтэу узытриубгъуэну Iэмал иIэнукъыми. МафIэ зэщIэгъэнэкIэ ищIэмэ — аращ къезыгъэлынур. ЦIыхум и къулеягъэр — хузэфIэкIырщ. Ар нэрымылъагъуу тхэлъу аращи, къызэрыдгъэлъагъуэр IуэхущIафэщ.
  • ЦIыху Iущыр и къэпталым зэрыдэуэршэрым къулеижьыр къигъэуIэбжьащ:
  • — Уи акъыл уикIауэ ара? Щыгъы- ным щхьэ уепсалъэрэ, ар зыщыгъ сэ сумылъагъуу?
  • ЦIыху Iущыр пыгуфIыкIащ:
  • — Мис апхуэдэщ цIыхухэм я нэхъыбэр. Iэпкълъэпкъым епсэлъэн я хьэлщ, ар зейм гу лъамытэу.
  • Абджыр щIэкъутэр
  • ЕгъэджакIуэр и гъэсэнхэм еупщIащ:
  • — Щхьэгъубжэм мывэкIэ уеуэмэ, абджыр щхьэ къутэрэ?
  • — Мывэр хьэлъэщи, — къыпищащ зым.
  • — Абджыр махэщи, — щIигъуащ адрейм.
  • — Мывэр къару лъэщкIэ ядзащи, — жиIащ ещанэм.
  • — Жэуап пэжыр зыми къэфщIэфакъым, — жиIащ егъэджакIуэм. — Абджыр щIэкъутэм и щхьэусыгъуэр щхьэгъубжэр зэрыхуэщIарщ. ЦIыхум и хьэл-щэнри абы ещхьщ. Фи гур зэIухауэ дунейм фытети, зы къару фIыцIи кIуапIэ хуигъуэтынукъым.
  • ЗэзыдзэкIар   Дохъушокъуэ   Синэщ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:5. Лэскэн районым хиубыдэ къуажэ, цIыхуу щыпсэум и нэхъыбапIэр къущхьэу (осетину). 6. Хьэцэпэцэм и хьэдзэхэр зрищIэкI щхьэкIэ. 9. ТегужьеикIауэ зи мылъкур зэзыгъэзахуэ, нэпсей. 11. … и кIэм зеукIыж. 12. Лъагэу зэтекIута гуэр. 13. Диным зэрыжиIэмкIэ, зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. 14. Жыг лъабжьэм и гъумыпIэ. 16. Налшык къалэм и Iэтащхьэ. 18. … лъакъуэрэ джэд лъакъуэрэ зыубыда щыIэ? 20. Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ. 22. ЩыхупIэ задэ е псы нэпкъ лъагэ. 23. Зи кIапэ лъэныкъуэр упIэщIа гъущI, пхъэ быдэр иризэгуауду. 24. … джэлам ущIэмынакIэ. 25 Псэхэлъхьэж. 26. … зэуар аркъэным щощтэ. 29. … и щIагъ нанэ щыIэкъым. 30. … ипэ псэр ихуэ. 32. МафIэс ин. 33. … и къуэгъурэ вы и гъуррэ. 34. ЩакIуэм фочышэу къигъэсэбэп бдзапцIэ хъурей цIыкIу. 35. … ил и лэпсщ. 37. Узыдэмыхьэ къуэладжэ … дэзщ. 39. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 40. А унэцIэр зэрахьэ: Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэкIэ щыIэ университетым и ректору щытам; Щхьэлыкъуэ щыщ тхакIуэ Iэзэм. 42. Зи бжьэ лъэныкъуэр теуда Iэщ. 43. Мыдрисэм щеджэ ныбжьыщIэ. 45. И лIым къилэжьым и ныкъуэр игъэпщкIуу фызым … ещI.
  • Къехыу:1. Зил къыпщIэмыузым уи … хуумыIуатэ. 2. Гагариныр здэлъэта щIыпIэ. 3. … имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 4. ПшахъуэщI. 5. Нарт лIыхъужь. 7. УсакIуэ цIэрыIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къуажэ. 8. Махъсымэр куэдрэ зэрыт кумбыгъэм и лъащIэм щIотIысыкI. 10. Бжэныфэм къыхащIыкI къэп. 12. Пшынауэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 15. ХадэхэкI. 17. Ди гъунэгъум мэл … иIэщ. 19. ЦIыхубзхэм я напэщыхуэ. 21. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 23. ЦIыху жумарт. 27. Ди республикэм и цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом, «Iуащхьэмахуэ» журналхэм щылэжьа. 28. Джэдкъазым я къандесыр зыхэлъ лы Iыхьэ. 30. Совет властым и зэманым бригадэ зэпеуэм щытекIуам а щэкI плъыжь цIыкIур хуагъэфащэрт. 31. Жыг закъуэ … хъуркъым. 34. Шы егъэзыпIэ. 36. Колхоз хуэмыхум и Iэщ мэжалIэр зэпщIыхь шхыныгъуэ. 38. « … закъуэ» — Нало Заур и новеллэхэр щызэхуэхьэса тхылъ цIэрыIуэ. 40. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ пщагъэ. 41. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ театрым и художественнэ унафэщI. 44. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 46. Лым трищIэ пшэрыпIэ.
  • Зэхэзылъхьар   Мыз  Ахьмэдщ.
  • Бадзэуэгъуэм и 7-м  ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:3. Жыгей. 5. Бжьыдзэ. 7. Медан. 9. Жасы. 10. Умар. 11. Къэзэр. 17. Хьэрэ. 18. Шытх. 23. Къыр. 24. Хьэмидей. 25. Гуэдз. 26. Къулей. 29. Перу. 33. Шэрэдж. 37. ЩIопщ. 38. Бжьиз. 39. Дарий. 40. Щэбэт. 41. Джэбын.
  • Къехыу:1. Iужажэ. 2. Нэкурэ. 4. Ерыщ. 6. Жьауэ. 7. Макъ. 8. «Нур». 12. Зым. 13. Тхьэрыкъуэ. 14. Гъур. 15. Мы. 16. Яхэгуауэ. 19. Пкъы. 20. Кумб. 21. Гъудэ. 22. Бдзы. 27. Ер. 28. Жыр. 30. Егъу. 31. ПщIащэ. 32. Iущхьэ. 33. Шыд. 34. Джей. 35. Губгъуэ. 36. Кхъузанэ.